112

Psyna no.9, 2010

Embed Size (px)

DESCRIPTION

Issue no. 9 of Psyna magazine

Citation preview

Page 1: Psyna no.9, 2010
Page 2: Psyna no.9, 2010
Page 3: Psyna no.9, 2010
Page 4: Psyna no.9, 2010

I

ПСЫНЭ (РОДНИК)Общественно-публицистический журнал о жизни и культуре адыгов. Выходит один раз в три месяца.На адыгском языке

Главный редактор Альберт Шогенцуков

Редактор Мурат Табишев

Зам. редактора Марьяна Жемухова

Дизайн Руслан Гаштов, Женару Гаштова

Фото Руслан Гаштов, Зураб Казанов

Менеджер по рекламе Алена Зеушева

Менеджер по продажам Расита Кумыкова

Переводчики Анфиса Фирова-Канукова, Мурат Табишев, Мухамед

Нафадзоков

Над номером работали авторы:Бэлла Аброкова, Тимур Алоев, Альберт Беков, Аксана Бжедугова,

Зинаида Габуниа, Азамат Дзагаштов, Тимур Дзуганов,

Суфьян Жемухов, Алена Зеушева, Асият Кармова, Мусадин

Карданов, Замира Нашапигова, Мадина Паштова, Мурат Табишев,

Анфиса Фирова-Канукова, Аминат Хутова, Молидхан Ченишхова.

Адрес редакции, издатель:ООО «Синержи-Арт»360000, КБР, г. Нальчик, пр. Кулиева, д.12, оф. 28Телефон/факс: +7 (88662) 47-70-04e-mail: [email protected]

ПСЫНЭАдыгэ гъащIэмрэ щэнхабзэмрэ хуэгъэпса журнал Мазищым зэ къыдокI

Редактор нэхъыщхьэ ЩоджэнцIыкIу Iэлберт

Редактор Табыщ Мурат

Редактор къуэдзэр Жэмыхъуэ Марянэ

Дизайн Гъащтэ Руслан, Гъащтэ Жэнэру

Сурэттеххэр Гъащтэ Руслан, Къэзан Зураб

РекламэмкIэ менеджер Зеущэ Аленэ

Щэн-зэбгрышынхэмкIэ менеджер Къумыкъу Раситэ

ЗэдзэкIакIуэхэр Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ, Табыщ Мурат,

НэфIэдзокъуэ Мухьэмэд

Мы къыдэкIыгъуэм елэжьахэр: Аброкъуэ Бэллэ, Ало Тимур, Бэч Iэлберт, Бжьэдыгъу Iэксанэ,

Габуниа Зинаидэ, Дзэгъащтэ Азэмэт, Дзыгъуанэ Тимур,

Жэмыхъуэ Суфян, Зеущэ Аленэ, Къармэ Асият, Къардэн

Мусэдин, НэщIэпыджэ Замирэ, Пащты Мадинэ, Табыщ Мурат,

Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ, Хутэ Аминат, Чэнышхэ Молидхъан.

Ди хэщIапIэр, къыдэзыгъэкIыр:«Синержи-Арт» ООО360000, КъБР, Налщыч къалэ, Къулийм и цIэкIэ уэрам, 12, 28-нэ пэшТелефон/факс: +7 (88662) 47-70-04e-mail: [email protected]

ПСЫНЭ

Жинтым: Шахэ кIей адыгэ къуажэхэм (Хы Iуфэ Шапсыгъ) я курыт еджапIэм и унафэщI Гъуафэ (Гъошъо) Аслъэн

На обложке: Директор средней школы черкесских селений долины Шахе (Причерноморская Шапсугия) Аслан Гвашев

Издание зарегистрировано в Кубанском Управлении Федеральной службы по надзору за соблюдением законодательства в сфере мас-совых коммуникаций и охране культурного наследия.Регистрационный номер ПИ № ФС 14-0783 от 10.10.2007Отпечатано в типографии ООО «Принт-Сервис»Ростов-на-Дону, пр. Шолохова, д.11 «6»Тираж 3000 экз.

Iэрытххэр редакцэм къыщIонэ.

Къытхуэтхэхэм я гупсысэкIэмрэ журналым щылажьэхэм

я Iуэху еплъыкIэмрэ зэтемыхуэнкIэ мэхъу.

Рукописи не рецензируются и не возвращаются.

Редакция журнала может иметь мнение, отличное от

изложенных авторами статей.

2 ПСЫНЭ №9

Page 5: Psyna no.9, 2010

3№9 ПСЫНЭ

Page 6: Psyna no.9, 2010

ПСЫНЭ ЖУРНАЛЫРКЪЫЩЫВГЪУЭТЫНУР

ПСЫНЭ № 9 2010

ИНТЕРНЕТ-ЩАПIЭ: http://psna.ru/shop/

НАЛЩЫЧ: «Роспечать» щапIэхэмТХЫЛЪ ЩАПIЭХЭУ: «Букинист», Лениным и цIэкIэ уэрам, 39, (8662) 42-53-53 / «Эврика», Лениным и цIэкIэ уэрам, 22 (8662) 40-87-35 / «Дом Книги», Лениным и цIэкIэ уэрам, 10, Тел.: (8662) 42-33-71 / «Пресса», Московскэ уэрам,6 / «Канцтовары», Московскэ уэрам, 6 / «Дом книги», Къэрэщейм — Бехтеревым я цIэкIэ уэрамхэм я зэхэкIыпIэм / «Меридиан», Кулиевым и цIэкIэ уэрам, 6, (88662) 47-75-34ШХАПIЭХЭУ: «Лимонадный Джо», Мэлбахъуэм и цIэкIэ уэрам, 19 / «Тамерис», Кулиевым и цIэкIэ уэрам, 3 / «Лейла», Нэгумэм и цIэкIэ уэрам, 74. ЩАПIЭХЭУ: «Адыгэ унэ», Лениным и цIэкIэ уэрам, 49, Тел.: (8662) 42-61-71 / ТЦ «Вестер Гипер», Кулиевым и цIэкIэ уэрам, 2 / ТЦ «Оазис», Кулиевым и цIэкIэ уэрам, 2 / «Кенгуру», ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэкIэ уэрам, 25а, 44-28-35 / «Босфор», Лениным и цlэкlэ уэрам, 41 / «Том и Джерри», Мусэм и цlэкlэ уэрам, 16 / «Космос», 2-нэ Таман дивизием и цlэкlэ уэрам, 7 / «Детский мир», Лениным и цlэкlэ уэрам, 34 / ТЦ «Караван», ЩоджэнцIыкIум, Чернышевскэм, КIыщокъуэм, Шортэным, Кировым я цIэкIэ уэрамхэм / «Университи», Толстойм — Чернышевскэм я цIэкIэ уэрамхэм я зэхэкIыпIэм / ТК «Юго-Западный / «Орбита» Кировым и цlэкlэ уэрам, 1б / «Султан», Iэхъуэхъум и цIэкIэ уэрам, 16/ «Авангард», Хьэтэжьыкъуэм и цIэкIэ уэрам, 2 / Пушкиным и цIэкIэ уэрам,100 / «Продукты», Московскэ уэрам, 6, 14; Чайковскэм — Чернышевскэм я уэрам зэхэкIыпIэм; И.Арманд и цIэкIэ уэрам, 122; КIыщокъуэм и цIэкIэ уэрам, 151; Мэлбахъуэм и цIэкIэ уэрам, 32 / «Симба», Ватутиным и цIэкIэ уэрам, 29 / «Оазис», Тэрчокъуэм и цIэкIэ уэрам, 50 / «Юпитер» Ватутиным и цIэкIэ уэрам, 18 / «Мила», Ватутиным и цIэкIэ уэрам, 38 / «Светлячок», Кулиевым и цIэкIэ уэрам, 19 / Гастроном №2, Лермонтовым и цIэкIэ уэрам,16 / «Юкон», Чернышевскэм и цIэкIэ уэрам, 171 / «Ласточкино гнездо», Суворовым и цIэкIэ уэрам / «Эльдорадо», Мэлбахъуэм и цIэкIэ уэрам, 28 а / «Олимп», Мэлбахъуэм и цIэкIэ уэрам, 34 б / «Соло», Щаденкo и цIэкIэ уэрам, 26 / «Улар-1», УхуакIуэхэм я уэрам, 30 / «Копилка», УхуакIуэхэм я уэрам, 30 / Налщыч НТВ-ПЛЮС, Кулийм и цIэкIэ уэрам, 18 / «НЮР» тыкуэн, ЩоджэнцIыкIум и цIэкIэ уэрам, 8 / «Мастер и Маргарита», Кешоковым и цIэкIэ уэрам.Республикэ сымаджэщым, Чернышевскэм и цlэкlэ уэрам, холл / Къалэ сымаджэщым, Головком и цlэкlэ уэрам / Кардиологие центр, Дубки

Къалэ киоскхэм

БАХЪСЭН: ЩАПIЭХЭУ: «Саида», Шыкуэм и цIэкIэ уэрам, 11 / «F1», Революционнэ уэрам , 10 / «Лиана», Лениным и цIэкIэ уэрам, 55 / «Батыр», Революционнэ уэрам, 94 / Мини-маркет, Революционнэ уэрам, / Гастроном, Лениным и цIэкIэ уэрам, 57ХЬЭТУЕЙ: Къуажэ тыкуэн, Лениным и цIэкIэ уэрамАРЩЫДАН: Центральнэ тыкуэнДЗЭЛЫКЪУЭКЪУАЖЭ: «Темерлан», Пятигорскэ уэрам, 19 / Киоск, Бжениговэ уэрам, 30 / Тыкуэн № 5, Комсомольскэ уэрамДЫГУЛЫБГЪУЕЙ: «Продукты», Бахъсэн шоссе уэрамЛЭСЧЭН ЕТIУАНЭ: «Все для дома» тыкуэнЗЕИКЪУЭ: Торговый дом, Кировым и цIэкIэ уэрам, / Мини-маркет, Кировым и цIэкIэ уэрам, 282 / «Продукты», Кировым и цIэкIэ уэрам, 363 / «Альфред», Кировым и цIэкIэ уэрам.ИСЛЪЭМЕЙ: пощт унэКЪАРМЭХЬЭБЛЭ: «Продукты», Кугъуэтым и цIэкIэ уэрам, 3 / Пощт унэКЪЭХЪУН: Киоск, Къандэхъум и уэрам, 17 / «Продукты», Лениным и цIэкIэ уэрам, 85 / «Продукты», Лениным и цIэкIэ уэрам, 46КЕНЖЭ: «Элиза», Степная уэрам, 1КЪУЛЪКЪУЖЫН ИЩХЪЭРЭ: «Продукты», Октябрьскэ уэрам, 199МАЛКЭ: «Продукты». Хъураным и цIэкIэ уэрам / «Продукты», Лениным и цIэкIэ уэрам, 55 / Тыкуэн № 5, Лениным и цIэкIэ уэрам / Мини-маркет, Лениным и цIэкIэ уэрам, 123 / «Канцтовары», Лениным и цIэкIэ уэрам .НАРТКЪАЛЭ: ЩАПIЭХЭУ: «Слава», Къэхъун уэрам, 29аПРОГРЕСС: « 777», Пятигорскэ уэрам, 3СЭРМАКЪ: Тыкуэн № 4, Лениным ицIэкIэ уэрам, 228 / «Силикон», Лениным и цIэкIэ уэрам, 100 / Пощт унэ, Лениным и цIэкIэ уэрам, 289 / «Продукты», Лениным и цIэкIэ уэрам / Тыкуэн № 17, Лениным и цIэкIэ уэрам, 388.ТЭРЧ: ЩАПIЭХЭУ: «Магнат», Къэбэрдей уэрам, 235 / Тхылъ щапIэ, Лениным и цIэкIэ уэрам,24 / «Эльбрус», Панагуэм и цIэкIэ уэрам, 151 / «Людмила», Беслъэнейм и цIэкIэ уэрам, 3 / «Теремок», Лениным и цIэкIэ уэрам, 51 / Телефон щапIэ, Лермонтовым и цIэкIэ уэрам, 56 / «Роспечать» киоскхэм / Жып телефонхэр щащэ «Стекляшкэ» тыкуэн / «Ланелон», Лермонтовым и цIэкIэ уэрамТЫРНЫАУЗ: «Роспечатым» и щапIэхэм / Терскол / ЧегетЩХЬЭЛЫКЪУЭ: «Продукты», Лениным и цIэкIэ уэрам, 55 / Пощт унэ, Лениным и цIэкIэ уэрам, 155 / «Дарина», Лениным и цIэкIэ уэрам, 138 / Тхылъ щапIэ тыкуэн № 66, Лениным и цIэкIэ уэрамШЭДЖЭМ I: «Продукты», Бахъсэн шоссе уэрам / Дом Быта, Бахъсэн шоссе уэрам, 22

Журналыр къыщывгъуэтынущ адыгэ щыпсэу дэтхэнэ жылагъуэми.

4 ПСЫНЭ №9

Page 7: Psyna no.9, 2010

5№9 ПСЫНЭ

Page 8: Psyna no.9, 2010

уи адэра хьэмэрэ уи анэра?», - жаIэурэ упщIэ къызатырт сыщыцIыкIум. Абы жэуапу пэз-дзыжынур къысхуэмыгубзыгъыу Iэнкун сыхъурт. Дауэ-тIэ, уи адэмрэ анэмрэ уазэрыхэдэнур?! Сабий акъылым къызэритIасэмкIэ, а тIур зэхуэдэщ, зыр зыгуэрым щхьэкIэ фIыуэ уолъагъу, адрейр нэгъуэщI зыгуэрым щхьэкIэ. Анэр анэщ. Ар гурыIуэгъуэщ, дэтхэнэ цIыхуми ещIэ абы и IэфIыр, ауэ нэсу зэи къыпхуэIуэтэнукъым. Апхуэдэ дыдэу си адэри фIыуэ слъагъурт», - къахощыж абы и тхыгъэхэм.

Балигъ ухъуауэ ущызыщIэгупсыскIэ, зыпщIэ- жыркъым сабийуэ ущытауи, сабиигъуэм щыщу зыгуэрхэр пщIэжуи. Апхуэдэ гукъэкIыж IэфIхэр зигу къинам сабиигъуэ-гу къабзэгъуэм щыщ гуэр къыпкърынауэ, абы адрей цIыхухэм уакъыхигъэщхьэхукIыу къыщIэкIынущ.

Зи гугъу тщIы лIы Iущым теухуауэ жаIар мащIэ-къым, абы нэхърэ нэхъыбэ къэтIуэтэну дыпэрыувэми, хэт ищIэрэ, къыдэхъулIэнкIэ хъунущ, ауэ абы зэманышхуэ ихьынущ. КъищынэмыщIауэ, ди журналым и напэкIуэцI-хэр ирикъунукъым. Арами, илъэс куэдкIэ Апсныр зыщIэхъуэпса хуитыныгъэр къэзыхьа унафэщI пашэм теухуауэ псалъэ дахэ жытIэну ди гуапэщ. Апхуэдэ «цIыхушхуэм» ущытепсэлъыхькIэ, сабиигъуэ, зыгъэфIэгъуэ имыIауэ, зауэлIу къалъхуарэ щIэныгъэлIу дунейм къытехьауэ къыпщохъу. Ауэ, езы Ардзинбэ къыщIэныжа тхыгъэхэм, и гурыгъу-гурыщIэхэр зригъэзу щыта тхылъымпIэхэм уахуеплъэкIмэ, къызэ-рыгуэкI цIыхуу зэрыщытар зэхощIэ. «Сэ, дэтхэнэ сабийми хуэдэу, «хэт нэхъыфIу плъагъур:

Габуниа ЗинаидэФырэ-Къаныкъуэ Анфисэ

Къэрал узэщIакIуэ гъуэзэджэ, кавказовед цIэрыIуэ Ардзинбэ Владислав къигъэщIа ныбжьым ирихьэлIэу цIыхухъур и акъылыфIэгъуэ дыдэм хыхьэу аращ: лIыпIэ йоувэ, и Iуэхурэ и дуней тетыкIэкIэ жэуап ехьыжыф, жыпIэнурамэ, и фIыгъуэ дыдэщ. Арами, гъащIэр зытетым къытекI имыIэу тетщ, езыр здыхуеймкIэ еунэтI…

6 ПСЫНЭ №9

Page 9: Psyna no.9, 2010

Апхуэдэт Владислави: гу къабзэт, цIыху щабэт, нэгуфIэт, лъагъуныгъэ къабзэ зи гум илъ цIыхут.

Владислав «цIыхушхуэ», хэкупсэ зэрыхъунум и щыхьэтт тхылъу щIиджыкIымрэ щIэныгъэм зэрыхущIэкъумрэ. «СыщыцIыкIум усэ седжэну сфIэфIт… Ину, гъэхуауэ, си гум щIыхьэжу... Апхуэдэу ди лъэпкъ къафэхэми сыдахьэхырт. Уеблэмэ еджапIэ зэпеуэм пашэу сыкъыщыфауэ щытащ. Псом хуэмыдэу си адэ къуэшым сыдэIэпыкъуну, зыгуэрхэр дэсщIэну сфIэфI дыдэт. Псалъэм папщIэ, ар щывэкIэ, сыдихьэхыпауэ, сеплъырт. Моуэ, къемыхьэлъэкIыххэу, зы IэкIэ игъэIэкIуэ пхьэIэщэр сIыгъащэрэт, сриварэт жысIэурэ, сехъуапсэрт. А Iуэху «къызэрыгуэ-кIым» япэу сыщыпэрыувам, пхьэIэщэм псэ къыIу-кIауэ зызридзэ си гугъат: лъэныкъуэкIэ сидзрэ схуэмыгъэсабырыжу сигъэгужьеят. Абдежым къызгурыIуат увэныр зэрыгугъу дыдэр, псом хуэмыдэу вакIуэр мыкIуэмытэмэ…», – етх Ардзинбэ.

Владислав щIэныгъэ щызыIэригъэхьа ехъулIэ-ныгъэхэм утепсэлъыхьмэ, ар дуней щхьэхуэщ. Абы хьэтхэмрэ кавказ лъэпкъхэмрэ я тхыдэр джыным хилъхьа щIэныгъэр къэплъытэну яужь уихьэмэ, ар къыпхуэмыIуэтэным хуэдизу инщ. Ардзинбэ и лэжьыгъэхэр апхуэдизкIэ купщIа-фIэт, щIэщыгъуэти, мы унэтIыныгъэмкIэ къэху-тэныгъэ гъуэзэджэхэмкIэ дунейр къыщыгу-гъырт абы. «…КъуэкIыпIэм щыпсэу лъэпкъхэмрэ щэнхабзэхэмрэ щадж щIэныгъэ академием и аспирантурэм сыщIэтIысхьат. Сыт хуэдэу еджапIэ гъэщIэгъуэнт ар: синологхэр, египтолог-хэр, индологхэр, къинэмыщIхэр щыкуэдт, ауэ зы хеттолог яIэтэкъым. Сэ зи ужь ситыр а Iуэху-гъуэрати, институтыр гуапэ дыдэу къыспежьащ. Пэжыр жысIэнщи, сызыпэрыувар Iуэху тынш-тэкъым – диссертацэр хьэтыбзэкIэ тхын хуейт, сэ зы псалъэ сщIэтэкъым! Ауэ сыпэлъэщащ. Си лэжьыгъэм ипкъ иткIэ, къэрал зэмылIэужьы-гъуэхэм сыщыIащ: Тыркум, Инджылызым, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм. 1971 гъэм си диссертацэр пхызгъэкIри, а институт дыдэм лэжьапIэ сыкъащтащ. Зы илъэс нэхъ дэмыкIыу унагъуэ сыхъуащ».

СыткIи и Iуэхухэр дэкIырт Владислав: фIыуэ илъагъу лэжьыгъэ, унагъуэ дахэ иIэт, и цIэр Iуат, къацIыхут, щIэныгъэм щагъэлъапIэрт. Ауэ Абхъазым и гугъуехьыгъуэм ирихьэлIэу Ардзинбэ и хэкум игъэзэжын хуей хъуащ. Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор цIэ лъапIэм нэса щIэныгъэлIым Iуэхушхуэ къыпэщылът, и хэкуэгъухэри, зэи хуэмыдэжу, къыхуэныкъуэт.

7№9 ПСЫНЭ

Page 10: Psyna no.9, 2010

къудейр. 1992 гъэм шыщхьэIум и 14-м Совет Нэхъыщхьэм и зэIущIэ екIуэкIынум щыхэплъэн хуейт а Iуэхум. Ауэ… Куржым и дзэр шыщхьэIум и 13-м Абхъазым теуащ. Абы иужькIэ Шеварднадзэ демократу пхужыIэнутэкъым, апхуэдэу зигъэлъэгъуэну хущIэкъуми.

ДыкъэзыгъэщIауэ дызыгъэпсэу Тхьэшхуэр зи фIэщ хъухэм къагурыIуэнущ Ардзинбэ властым къыхуэкIуэну езым и закъуэ мыхъуу, абазэ лъэпкъ псом и натIэм къритхауэ зэрыщытар. Къызэщывгъэхъут, а лъэхъэнэм абазэ щIына-лъэр нэгъуэщI зыгуэрым и IэмыщIэ илъауэ… Ардзинбэ фIы дыдэу къыгурыIуэрт и лъэпкъыр дунейм текIуэдыкIыжынкIэ шынагъуэ зэрыщы-Iэр. Хьэтхэм къащIэна фэеплъхэм деж жэщ-махуэ куэд щызыгъэкIуа Ардзинбэм къехьэлъэ-кIырт а къэралыгъуэ телъыджэр зэгуэр зэры-кIуэдыжар. Гупсысэшхуэхэм хэтт ар, хьэтхэм я махуэр абхъазхэм я натIэ хъумэ, жиIэурэ.

Куржы щIэпхъаджащIэхэм ялъэкI къагъэна-къым: Ардзинбэ зи унафэщI институтыр щIым щыщ ящIащ, Абхъазым и къэрал архивыр ягъэсащ (абы епщыкIуханэ лIэщIыгъуэм щы-щIэдзауэ яхъумэ тхыгъэхэр щIэлът), Апсны къэрал университетыр хьэбэсабэ ящIащ, лъэпкъ музейр зэхадыгъуащ. А псоми я щхьэжу цIыху мин бжыгъэхэм я гъащIэр халъхьащ. Илъэсым щIигъукIэ екIуэкIа зауэм аращ кърикIуар. Ар Абхъазым и лъэныкъуэкIэ.

Куржым и лъэныкъуэкIи Шеварднадзэ и Iуэху-хэр щIагъуэжтэкъым – и лъэпкъым пщIэ къыхуищIыжыртэкъым, къэрал бжьыпэр хуэ-Iыгъыжтэкъым. КъухьэпIэр сыткIи къыдэ-Iэпыкъуну щыгугъами, ахэри ней-нейуэ фIэкI къыхуеплъэкIыжыртэкъым.

Владислав занщIэу и Iуэху иужь ихьащ: щIэны-гъэмкIэ екIуэлIапIэ лъэщ къызэригъэпэщащ, иужькIи къэралым и унафэщI къулыкъур и пщэ къыдалъхьащ.

ЛIэщIыгъуэхэм къахохъукI апхуэдэ цIыху хахуэ, лъэпкъ псом щхьэкIэ пщэдэкIыж ихьу, а Iуэху мытыншым телъыджэу пэлъэщу. Апхуэдэт Владислав къызыхуигъэщIар, нэхъ тэрэзу жы-пIэмэ, зыхуалъхуари арат.

Зэгуэр езым и пащтыхьыгъуэ иIэжу къэрал щIэращIэу щыта Абхъазыр Урыс-Кавказ зауэ-жьым и ужькIэ Совет Союзым щыщ зы щIыпIэ цIыкIу хъуху «яхузат». 1921 гъэм республикэ щхьэхуэ ящIыжри, илъэсипщI зэрыдэкIыу, залымыгъэкIэ Куржым «гуапхащ». Абдеж Апсны и теплъэр кIуэдын щIидзащ: абазэ еджапIэхэр зэхуащIыжащ, абазэбзэр ягъэкIуэдыжын Iуэху зэрахуэрт, къалэ, къуажэцIэ- хэр, унэцIэ-хэр куржыбзэкIэ зрадзэкIырт, а псом къищынэ-мыщIыжа, куржыхэр мин бжыгъэкIэ Абхъаз щIыналъэм къитIысхьэрт. 1950 гъэ хъуху къе-кIуэкIащ а лъапсэрыхыр.Шеварднадзэ къэрал унафэщI щыхъуам Iуэхур нэхъри зэIыхьащ. Мис абы щыгъуэ, иджыри къэс къращIа псоми и жэуапу, Абхъазым къигъэуващ щIыналъэ щхьэхуэ хъужу 1920 гъэхэм иIа хуитыныгъэхэр зэфIагъэувэжыну. Куржымрэ Абхъазымрэ я зэхуакум хьэргъэ-шыргъэшхуэ къыдэхъуэу Iуэхухэр щызэхэзэ-рыхьам, Апсным и унафэщIхэм я лъэр пхакIэт. Ауэ Ардзинбэ тегушхуэри, и щIыналъэр хуит къищIыжыну, Куржым и лъэкIыныгъэмрэ хуитыныгъэмрэ хуэдэ Абхъазым къыхуихьыну пэрыуващ. Абхъазым зыхуейр тэрэзу къыжи-Iами, Ардзинбэ къыхигъэщат Апсны Куржым къызэрыгуэмыкIыпэр, атIэ зэхущытыкIэ, зэдэлэжьэкIэ IэмалыщIэхэм зэрылъыхъуэ

8 ПСЫНЭ №9

Page 11: Psyna no.9, 2010

Лъэпкъым «АрдзинбэщIэ» къызэIуихат. ЦIыху щабэ, гу къабзэ, щIэныгъэлI щэныфIэм пхъашэу зыкъигъэлъагъуэу и лъэпкъ къыщыщхьэщы-жын, къару къуэлъыр къыщигъэлъэгъуэн IэмалыфIи къыхуихуат. Зауэр зауэщ. Зауэр –цIыху гъэунэхупIэщ. Хэгъэгу щхьэхуитщIыжа-кIуэ зауэм Ардзинбэ Владислав и цIэр дуней псом къаригъэцIыхуащ, и лIыгъэр здынэсри на-Iуэ къищIащ. Зауэр щаубла махуэм щыщIи-дзэри, абазэ лъэпкъым зыхищIащ къуэшыр, дамэгъур зищIысыр. Псом хуэмыдэу Ардзинбэ зыIэтар адыгэхэрщ. Абхъазыр хьэщхьэвылъэ-хэм къыщаухъуреихьым, адыгэхэри гужьеигъуэ ихуат.

УрысеймкIэ щыпсэу абхъазхэм къахуэнэжыр зыт – Псоу мыдрыщIкIэ къыщыту архъуанэм ирилъафэ щIыналъэм кIэлъыплъу нэпс гуащIэ-хэр щIэгъэкIынырт. Абазэ лъэпкъым я щхьэр хуагъэщхъ абы щыгъуэ а лъэпкъ мащIэр гужьеигъуэм къизыша, ядэIэпыкъуа адыгэхэм.Псоми фIыуэ къагуроIуэ апхуэдэ унафэщI а зэманым Абхъазым имыIатэмэ, зауэм и кIэр хьэдагъэ къудей мыхъуу, лъапсэрыхыу зэрыщытынур.

Унафэ зыщIыр и лъэщагъым, унафэм щыте-кIуэдэж къохъу. Ардзинбэ хуэдэ зырызхэращ цIыхуу къызэтенэжыр. ЗэрыжытIащи, зауэр – цIыху гъэунэхупIэщ. НаIуэ хъуат Ардзинбэ къылъыкъуэкIа акъыл абрагъуэр, и лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэ щIэншэр, гупсысэ куур, цIыхугъэр, гущIэгъур...

…ТекIуэныгъэм и уахътыри къэсащ. Сыхъум хуит къыщащIыжым, а зэхэуэм псори хэтащ: зауэм хэкIуэдахэри, Iэщэ яIэщIэлъу хъыжьэу къалащхьэм щIэзэуахэри. Апсны щхьэкIэ зи гъащIэ зытахэм я псэр уэгум щыуфэразэт, цIыхухэм текIуэныгъэ фIэкI нэгъуэщI зыри я гум илътэкъым. Абхъазым и пашэм и щIыхьы-мрэ и захуагъэмрэ зыгъэлъапIэр балигъхэм я закъуэтэкъым, атIэ пщэдей махуэр зи IэмыщIэ илъ сабийхэри апхуэдэт.

Кавказыр зи хэку дэтхэнэ зы цIыхуми ещIэ и къэкIуэнур, тхыдэр, щэнхабзэр, бзэр апхуэдизу зыгъэдахэр щыпсэу щIыналъэ, щIыпIэ телъы-джэр арауэ зэрыщытыр. Аращ абхъазхэри зы-щIэзэуар. Дауи, псори хуейт лъэпкъыр щыху-пIэм къизышыжа Ардзинбэ сыткIи зэпэщ хъуа щIыналъэ щхьэхуитым и унафэщIу иджыри илъэс IэджэкIи щытыну, хьэтхэм я тхыдэм хэлэжьыхьын щIидзэжыну. Ауэ… Сытым дежи мы «ауэр»… Зэманым къыпхуегъэгъазэркъым, Тхьэм и ухыгъэми ухэIэбэфыркъым.

Дунейм ехыжам цIыхухэм ягу фIыкIэ къинэным нэхъ хъуэпсэгъуэ сыт щыIэ?! Арауэ къыщIэ-кIынущ цIыху цIыкIур къызыхуигъэщIари – лъэужь дахэ къигъэнэным, цIыхум ягу имыху-ным. Абы ипкъ иту упсалъэмэ, Ардзинбэ Владислав цIыху насыпыфIэщ. А лIы Iущым къызэринэкIа лъэужьыр мыкIуэдыжынщ, лъэпкъым ящымыгъупщэнщ, политикэ дунейм щымыбзэхыжынщ. Мы псалъэхэм я шэсыпIэу Нало Заур мыр жеIэ: «ЦIыху телъыджэхэмкIэ тхыдэр къулейщ. Апхуэдэ цIыхухэм яхызобжэ Ардзинбэ. Фриплъэжыт, фигу къэвгъэкIыжыт абы илэжьа Iуэхушхуэр – хамэ насыпымрэ даха-гъэмрэ щIэбэгыу, хьэщхьэрыIуэм хуэдэу губжьарэ иужьрей Iэщэ бзаджэхэмкIэ зэщIэузэдауэ абазэм теуа лIыукIхэм къаIэщIитхъыжыфащ, щихъу-мэфащ и хэкур, щэнхабзэр, цIыхухэр! Ардзинбэ ХьэтIэхъущокъуэ Кургъуокъуэ сигу къегъэкI. ЗэрытщIэщи, абы шууей мини 10-р пэщIигъэу-вэфауэ щытащ зауэлI мин 80 ирикъу тэтэрыдзэм икIи къэна щIагъуэ щымыIэу, хьэбэсабэр къах-ригъэхат. 1707-1708 гъ.гъ. Кургъуокъуэ игъэхъа лIыгъэм ещхьщ Ардзинбэ хузэфIэкIар. Сызэригу-гъэмкIэ, адыгэхэр ХьэтIэхъущокъуэмкIэ дызэры-пагэм хуэдэу, абазэхэри Ардзинбэ иропагэ.

Ардзинбэ къызэрысцIыхуар и тхыгъэхэмкIэщ, щIэныгъэмкIэщ. ИужькIэ политик лъэщу зыкъигъэлъэгъуащ. КъызэрыщIэкIыжамкIэ, икIи дзэпщ лъэрызехьэт! Илъэс Iэджэ щIауэ Шинкубэ Багърат си щхьэр хузогъэщхъ. Мис апхуэдэ къабзэу Ардзинбэ Владислави пщIэ ин хузощI,

9№9 ПСЫНЭ

Page 12: Psyna no.9, 2010

къытесхьэркъым Ардзинбэ Владислав и цIэр лIы щэджащэ хуэдэу лъэпкъ тхыдэм къызэрыхэнэнум. Абхъаз уафэм къиувэ вагъуэбэм нэхъ къахэлындыкIыну вагъуэри зеинури аращ!»

Щхьэгъусэ. Щхьэм и гъусэ. Псэгъу. Уи псэм къыхуигъэщIа, сыт хуэдэ гугъуехьри къыбдэзыгуэш цIыху мы дунейр зи инагъым къыщыбгъуэтыжыну насыпышхуэщ. Гу къабзэ псэ дахэкIэ зи щхьэгъусэм бгъэдэта Джергение Светланэ и гукъэкIыжхэр: «Насыпыр зэикI ауэ сытми къакIуэркъым. Ар е гугъуехьыр пылъу къыболэжь, е уиIэххэкъым. Сэри Владислав си гъащIэр щыпысщIэм къызгурыIуэрт и зэманыр си закъуэ къыстеухуауэ зэрыщымытынур. Ар щIэныгъэм, тхыдэм дихьэхыпат, куууIуэу хыхьа-кIэт. Зебгъэсэн хуейт упэплъэфу, уежьэфу... Сэри сытхыдэджти, къызгурыIуэрт Владислав и Iуэхур зыIутыр. ШыIэ зэрысхэлъынум сыху-щIэкъурт. Ауэ си гугъуехьыр нэхъри къыщеблар щхьэгъусэр политикэм щыхыхьаращ. Пэжщ, езыми а псор къемыхьэлъэкIыу схужыIэнутэ-къым: щIэныгъэм игъэзэжыну, абы зритыжыну щIэхъуэпсырт, ауэ лъэпкъыр къыщыгугъти, къэгъазэ щыIэтэкъым. Иджы ар псоми яйт: унагъуэми, щIэныгъэми, политикэми, лъэпкъми. Сытыт абы жепIэфынур?! Зы псалъэкIи сехъур-джэуэфынутэкъым, и Iуэхухэр, гупсысэхэр, гуращэхэр дэсIыгъын фIэкIа.

къытхэмытыжми, хуэсщIынущ сыпсэуху».

Апхуэдэу Ардзинбэ теухуауэ псалъэфIхэр жеIэ Топольян Альберт (1992-1996 гъэхэм Абхъаз Республикэм и Парламентым и вице-спикеру, Совет Нэхъыщхьэм и УнафэщIым и къуэдзэу лэжьащ): «Абхъазыр, и щIыналъэр, и хэкур, и цIыхухэр псом япэ иригъэщт абы. Арат Ардзинбэ и гъащIэм мыхьэнэ зиIэу илъытэр. Абы гу лъыу-мытэнкIэ, ар уи фIэщ мыхъункIэ Iэмал иIэтэ-къым. ИкIи дэ псори, зи щIыналъэр фIыуэ зылъа-гъуу и хуитыныгъэм щIэбэныну мурад зыщIахэр, Владислав дыкъуэувауэ щытащ, зауэр къыщы-хъеям. Ди фIэщ хъурт абы текIуэныгъэм дызэры-хуишэнур. ИкIи зауэм и кIыхьагъкIэ цIыхум зыхищIэфыну Тхьэшхуэм къигъэщIа гурыщIэ псори дгъэунэхуат – гузэвэгъуэм и гуащIагъри текIуэныгъэм и IэфIагъри. Гъуэгу зэхэгъэкIыпIэт а зауэр. ДыкъэзыгъэщIам елъагъу а гъэунэхупIэр зышэчыфахэри зыхуэмышэчахэри. Дауэ мыхъуа-ми, Ардзинбэрэ и лъэпкъымрэ зыхущIэкъуар къалъысат – текIуэныгъэмрэ хуитыныгъэмрэ къыдахащ. Абы щыгъуэ си гум илъамрэ си гущIэм щыщIамрэ къэсIуэтэну зэман симыIами, нобэ хуиту сытепсэлъыхъыфынущ а псом: Ардзинбэм и фIэщхъуныгъэмрэ лъэкIыныгъэмрэ мыхъуатэмэ, нобэ хуитыныгъэ димыIэнкIи хъунт! ГупщIэуз хахыным хуэдэу щта лъэпкъыр щыхупIэм къришыну хузэфIэкIащ абы. Сэ шэч

10 ПСЫНЭ №9

Page 13: Psyna no.9, 2010

Владислав езыр цIыху пэжт, гуащIафIэт, псалъэ итар имыгъэзэщIауэ псэху ищIэнутэкъым. ЦIыху псори апхуэдэу щытын хуейуэ, псори пэжкIэ къыбгъэдэтын хуейуэ къыщыхъурт. СщIэрт абы и лъэпкъ мащIэм и гуIэкIэр дуней псом зэхамы-хауэ, хуитыныгъэр къахуимызэуауэ зэрымызэ-гъэнур.

Владислав а псом уз хихащ. И узыншагъэр зэ-фIэувэжын папщIэ зэман хуейт, ауэ а зэманрат абы зэи хуримыкъур. ИкIи хурикъуакъым… И щхьэ Iуэху зэи зрихуакъым, «си узыншагъэ» жиIакъым, псэемыблэжу и лъэпкъым хуэлэжьащ. КъэувыIэу зыхуеплъэкIыну хущIыхьэр ди пхъурылъхурат. Абы и нитIым Абхъазым и къэкIуэну дахэр щIилъагъуэурэ зигъэпсэху къыщIэкIынт…».

Гугъущ, псэм къохьэлъэкI цIыху телъыджэу зауэм хэта Ардзинбэ утепсэлъыхьыну. Гуауэм

гупсысэхэр щIеуфэ, псалъэхэр гъэру еубыд. Ардзинбэ лъэпкъым и пщэдейм къыхэнэнущ, сыту жыпIэмэ, и дыгъуасэр аращ зыгъэмэхуар. Псори «зыри» зыщIыж зэманыр пэлъэщы-нукъым, пэщIэувэфынукъым Владислав и цIэм. Ар абазэ лъэпкъым и фIэщ мэхъу. Ар цIыхухэми я гум щахъумэнущ.

11№9 ПСЫНЭ

Page 14: Psyna no.9, 2010
Page 15: Psyna no.9, 2010
Page 16: Psyna no.9, 2010
Page 17: Psyna no.9, 2010

Лъэпкъэу зыщыщым ианахь цIыф Iушыхэу, чыжьэрыплъэхэу щытых тхэкIо шъыпкъэхэр. Непэ тхакIоу щыIэр бэ, тхылъхэри жъугъэу къыхаутых, ау тхэкIо шъыпкъэу ахэмэ къахафэ-рэр зырыз ныIэп. Джащ фэдагъ зиIэпэIэсэныгъэ Тхьэм ыгъэнэфагъэу щытыгъ Адыгэ Хэкум инароднэ тхакIоу Еутых Аскэр.Еутых Аскэр иныбжьыкIэгъум къыщегъэжьа-гъэу литературэм, театрэм афэщагъэу щытыгъ.ТхакIом иусэхэр зыдэт тхылъхэу илъэс 50-60-м къехъукIэ узэкIэIэбэжьмэ къыдэкIыгъэхэу «ТхыдакI», «Насып», «ТищыIакI» зыфиIохэрэм шъхьэу афишIыгъэхэм къаушыхьаты щыIэкIа-кIэу хэгъэгум щагъэпсыщтыгъэм идэгъугъэ къызэрэзэкIэмкIожьыщтымкIэ тхакIом шIошъ пытэ зэриIагъэр.Ежь зэрэтхэрэм дыкIыгъоу Еутых Аскэр урыс литературэм ианахь произведение дэгъухэр ныдэлъфыбзэкIэ зэридзэкIынхэмкIэ Iофышхо ышIагъ. Дэгъоу къыгурыIощтыгъэ ащыгъум тхэкIо ныбжьыкIэу щытыгъэ Еутыхым адыгэ литературэр гъэбаигъэнымкIэ зэдзэкIын литературэм ишIогъэ ин къызэрэкIощтыр. Ащ ишыхьат 1939-рэ илъэсым Хьаткъо Ахьмэд Пушкиным ытхыгъэхэм ащыщхэр адыгабзэкIэ зэдзэкIыгъэу тхылъ шъхьафэу къызытырадзэм ащ игущыIапэ Еутыхым зэритхыгъагъэр. Ежь Аскэр Лермонтовым ихэшыпыкIыгъэ усэхэр адыгабзэкIэ зэридзэкIхи, тхылъ шъхьафэу 1940-рэ илъэсым Мыекъуапэ къыщыдигъэ-кIыгъ. Джащ фэдэу Еутых Аскэр, Пэрэныкъо Мурат игъусэу, Некрасовым ипоэмэу «Хэта Русым зишIугъоу исыр?» зыцIэр адыгабзэкIэ зэдзэкIыгъэу 1941-рэ илъэсым къыхаутыгъагъ.А уахътэм къыхаутыгъ Еутых Аскэр ианахь повесть дэгъумэ ащыщэу «Сшынахьыжъ», ащ нэмыкIхэри. Ау блэкIыгъэ лIэшIэгъум ия 60-рэ илъэсхэм тхакIом ищыIэныгъэ ыкIи итворческэ гъогу рагъэплъэжьыгъ ыкIи шъыпкъэIоным игъогу мыпсынкIэ игъашIэкIэ дэмыхынэу тыращагъ. Ащ ишыхьатыгъ Еутых Аскэр иапэрэ

роман иIэпэрытхэу я 60-рэ илъэсхэм Адыгэ тхылъ тедзапIэм къаригъэхьыгъэр.Еутыхым утегущыIэныр псынкIэгъо Iофэу щытэп. БлэкIыгъэ лIэшIэгъум ия 60-рэ илъэс-хэм демократией ишапхъэхэр тихэгъэгу щагъэуцухэу къежьэгъагъ – нэужым ащ «отте-пелькIэ» еджагъэх. А илъэсхэм Урысыем иписатель цIэрыIуабэмэ шъыпкъэр къызщаIорэ тхылъхэр къыхаутыхэу аублагъ. Ахэмэ зэу ащыщыгъ Еутых Аскэри.Тиадыгэ литературэкIэ апэрэу Еутыхым шъхьэ-ихыгъэу тищыIакIэ зыфэдэр къыгъэлъагъоу ригъэжьагъ. ЛэжьэкIо къызэрыкIохэм пкIэ горэ зимыIэ трудоденьхэр къызэралэжьыщтыгъэр, колхоз тхьаматэхэм ящыIэкIэ тхъагъо зыфэ-дагъэр, бригадирхэм яхъор-шэрычъэ зынэсыщ-тыгъэр, «хэгъэгум ипый» ацIэу лэжьэкIо тхьамыкIэжъхэу къагъэшIагъэм ячылэ нахь чыжьэу мыкIуагъэхэр зэрагъэпщынэщтыгъэхэр апэу адыгэ литературэм Еутыхым къыщигъэ-лъэгъуагъэх. «Оттепелыр» псынкIэу текIыгъыкIи шъыпкъэр пIоным лъэшэу зыщытещыны-хьэщтыгъэхэ зэманыр къэсыгъ (ежь тхакIом ар къыIуагъ, лIыгъэ къыхэфагъ). Ащыгъум Совет хабзэм илIыкIохэм мыдаIохэрэм ажэ псынкIэу «зэтрарагъалъхьэщтыгъэ».ТхэкIо анахьыжъхэу, тетыгъор зыIыгъхэу Iэпэ-рытхым еджагъэхэм агу рихьыгъэп. Ар хэгъэ-кIыри, аштагъэп. «Ащ фэдэ мэхъуа, мощ фэдиз шIуагъэ Совет хабзэм зыфишIэгъэ адыгэ тха-кIом щыIэкIэ дахэу дгъэпсырэм, насыпым игъо-гоу тызэрыкIорэм яшIуагъэ зэхишIэрэп, ышIошI хъурэп», – джары ахэр зэрегупшыса-гъэхэр.Адыгэ тхылъ тедзапIэм Iэпэрытхыр чIэкIодагъ. АгъэкIодыгъ пIомэ, нахь тэрэз. Адэ, нэмыкI тхакIо горэм итхыгъэ кIодыгъэпи! Ау «Iэпэрыт-хыхэр стыхэрэп», – ыIогъагъ урыс тхэкIошхоу М. Булгаковым. Ытхыгъэ романыр, зы гущыIэ хэмызэу, Еутыхым ыгу илъыгъ ыкIи адыгабзэ-кIэ тхыгъэу агъэкIодыгъэр тхакIом урысыбзэкIэ

15№9 ПСЫНЭ

Page 18: Psyna no.9, 2010

Iэбэжьымэ щыслъэгъугъэр ары. Зыщеджэхэрэ залым Еутыхым фэгъэхьыгъэу а уахътэм къыхаутыгъэхэм сяджэ сшIоигъоу сыкIуагъ. Ау гъэзетхэу къысатыгъэхэм янахьыбэхэм статья-хэр лезвиекIэ ахэупкIыгъагъэх. Хэта ар зышIа-гъэхэр? Ежь мышъыпкъэр зытхыгъэ «критик-хэр» ара хьаумэ ахэмэ якIалэхэу ятэмэ зэгорэм ашIагъэм непэ атеукIытыхьажьыхэрэр ара? КъэшIэгъуай ар. Ау уахътэм нафэ къышIыгъэр зы: Еутыхым илъэс пчъагъэрэ ебэныгъэ титха-кIохэу колхоз щыIэкIэ дахэм щыкIагъэ горэ имыIэу зытхыщтыгъэмэ ятхылъхэр непэ сэпа-лъэу щылъых. Еутых Аскэр итхыгъэмэ непи яджэх ыкIи атегущыIэх.ТхакIом ироманхэу «Двери открыты настежь», «Глоток родниковой воды», «Баржа» зыфи-Iохэрэр илъэс зэфэшъхьафхэм Мэзкуу къыщы-дэкIыгъэх. Ахэр зэкIэ зыфэгъэхьыгъэхэр тха-кIом ихэку гупс, ичIыпIэ дахэхэр, ицIыф хьалэлхэр ары. Ау ежь Еутыхым ащ фэдизэу шIу ылъэгъущтыгъэ хэкум илъэс пчъагъэхэм игугъу щашIыгъэп. ЩымыIэжь пIалъэу щытыгъ. Ащ нахь щынагъоу сыда тхакIомкIэ хъун ылъэ-кIыщтыр? Ау ежь Аскэр зыми ышъхьэ фиуфа-гъэп, елъэIугъэп. Ар ишэн-хэбзагъ.Еутых Аскэр Мэзкуу дэт литературнэ институ-тэу М. Горькэм ыцIэкIэ щытым щыригъаджэщ-тыгъэмэ (1979-1984) сэри сащыщыгъ. Тхьама-фэм зэ, гъубджым, тызэIукIэщтыгъэх. А мафэр тэ, студентхэмкIэ, хэунэ мыхъун мафэу щытыгъ. Тшъхьэ тIэкIу мэузыми, пэтхъу-Iутхъу тыхъу-гъэми а мафэм институтым тымыкIоныр къед-гъэкIущтыгъэп. Ежьыми, илъэситфым къыкIоцI, зэ нэмыIэми, а зэIукIэгъухэр хинагъэхэп. Район гъэзет цIыкIоу Адыгеим къыщыдэкIыхэ-рэм афырикъужьэу Аскэр къыIэкIахьэщтыгъэх, яджэщтыгъэ. Адыгэ тхэкIо ныбжьыкIэхэм къыдагъэкIыгъэ тхылъ цIыкIухэм ащыгушIу-кIыщтыгъэ, алъыплъэщтыгъэ. Анахьэу ыгукIэ Еутыхыр зытхъэщтыгъэр кIымэфэ е гъэмэфэ зыгъэпсэфыгъо уахътэм, тихэку тызыщыIагъэм ыуж, тызызэрэугъоижьыкIэ арыгъэ – ащыгъум къызкIэмыупчIэ гори къыгъанэщтыгъэп.Институтыр къызэтэухы ужым къыкIэлъы-кIогъэ илъэсхэм тызэфатхэщтыгъэ, телефонкIэ тызэфытеощтыгъэ, тызэIукIэщтыгъэ. Зэ нэмы-Iэми цIыф горэ ыубыгъэу зэхэсхыгъэп. ИкIэсагъэп...1992-рэ илъэсым зэпэIэпчъэ охътэ кIыхьэм ыуж Еутых Аскэр апэрэу типравительствэ ригъэ-благъи, Мыекъуапэ къэкIогъагъ. Ащыгъум дахэу пэгъокIыгъэх. Итхылъэу «Бычья кровь» Мыекъуапэ 1994-рэ илъэсым къыщыдэкIыгъ. «Сшынахьыжъ» зыфиIорэ повестыр икIэрыкIэу адыгабзэкIэ къыхаутыжьыгъ, гурыт еджапIэ-

кIитхыкIыжьыгъ. 1965-рэ илъэсым урысыбзэ-кIэ романэу «Улица во всю её длину» зыцIэр Мэзкуу къыщыхаутыгъ. Джаущтэу Еутых Аскэр урысыбзэкIэ тхэн фаеу хъугъагъэ...Романыр къызыдэкIым тхылъыр зэIэпахызэ еджэщтыгъэх, агъэбылъыщтыгъэх, сыда пIомэ хабзэм ар ыдагъэп, чIыпIэ заулэми тхылъхэр ащагъэстыгъ. Тхылъ цIыкIум зэIукIэшхохэр тырашIыхьэщтыгъэх, цIацIэщтыгъэх, зэрэшхы-жьыщтыгъэх. Ащ къеушыхьаты хабзэм илIы-кIохэр тхакIоми, ащ итхылъи зэращыщынэщ-тыгъэхэр.ЦIыф пэпчъ ежь иеу шIошI пытэ иIэн фае, щы-Iэныгъэм фыщытыкIэу фыриIэр хэгъэунэфы-кIыгъэу, хэушъхьафыкIыгъэу щытын фае. ЕтIани а цIыфыр тхакIо зыхъукIэ ащ фэдэ шIошъхъуныгъэ пытэ уиIэным мэхьанышхо иI. ЩыIэныгъэр зыфэдэр зытетым тетэу къэб-гъэлъэгъон, анахь гухэлъ дэгъум паеми, пцIы умыусыныр – джары тхэкIо шъыпкъэм иIофыр. Ащыгъур ары ар ТхэкIошхо зыхъурэр.Илъэс 50-60-м къехъугъэмэ а уахътэр дэгъоу къашIэжьы. Тыгъэпс мэфэ шIагъом шыблэ о мэкъэшхо зэхэпхымэ сыд фэдэна? Джащ фэдэ шыблэ о макъэу тиадыгэ литературэкIэ хъугъэ романыр. ЦIыфхэр аугъоищтыгъэх, джыри лэжьакIохэр зэмыджагъэхэ тхылъым игугъу къышIыщтыгъэ тхакIомэ ащыщ горэм, партко-мым исекретарь, чэмыщ е комбайнер пэры-тым... А тхылъым ахэр еджагъэхэкIэ арэп, ащ фэдэ екIолIакIэр ышъхьагъкIэ къикIыгъэущыIагъ.ЗэIукIэм унэшъо пытэ щашIыщтыгъэ тхылъыр адыгэхэм ямыщыкIагъэу, еджэхи мыхъунэу... Ахэмэ сакъытегущыIэнэу пшъэрылъ зыфэзгъэу-цужьырэп. Ащ фэдэ мыхъун зышIагъэхэм янахьыбэхэм непэ ядунай ахъожьыгъ. Адрэ дунаим зэкIэ щызэхафыжьыныщтын...Сэ зигугъу къэсшIы сшIоигъор гъэшIэгъонэу ти Лъэпкъ библиотекэ илъэс 20 горэкIэ узэкIэ-

16 ПСЫНЭ №9

Page 19: Psyna no.9, 2010

хэми япрограммэ хагъэхьажьыгъ.Сыгу къэкIыжьы а къэкIогъум творческэ интел-лигенцием IукIэнэу театрэр зычIэт унэм Аскэр зэрэрагъэблэгъэгъагъэр. ЦIыфыбэ а пчыхьэм тхакIом къыпэгъокIыгъ, журналистхэри щыIа-гъэх, ау кинокамерэхэр, фотоаппаратхэр агъэ-кIосэнхэу къялъэIугъ, тырахынэу афидагъэп. Гукъау, ау ащ фэдэ цIыфым ымакъэ Адыгэ радиом тетхагъэу чIэлъэп...УпчIэхэм яджэуапхэр къызаретыжьы нэуж, поэмэу «Хъырахъишъ» зыфиIорэм адыгабзэкIэ Еутыхыр къафеджагъ. ЫпэкIэ а тхыгъэр журна-лэу «Зэкъошныгъэм» заретым, къыхаутыгъа-гъэп, еджэхэрэм къагурымыIонэу ары зэраIо-гъагъэр. Ау поэмэр едэIугъэхэм къагурыIогъэ къодыеп, агухэм анэсыгъ. Iэгутео мэкъэшхомрэ щхы макъэрэ игъорыгъоу залым зыкъыща-Iэтыщтыгъэ. Нэужым гъэзетэу «Социалистиче-скэ Адыгеи» (непэ ар «Адыгэ макъ») поэмэр къыхиутыгъ, ау тхакIом изы тхылъи а поэмэм непэ ущеджэн плъэкIыщтэп.ЦIыф къызэрыкIоу щытыгъэп Аскэр, аущтэуи хъун ылъэкIыщтыгъэп. Сыда пIомэ, ар щы-Iэныгъэм ыпэ итыгъ, ыуж итхэм шъыпкъэм игъогу къытфигъэнафэщтыгъэ.1990-рэ илъэсым Iоныгъом и 25-м къыдэкIыгъэ гъэзетэу «Социалистическэ Адыгеим» инэкIуб-гъуищыми Еутыхым дэсшIыгъэ зэдэгущы-Iэгьур къыхиутыгъагъ (ыныбжь илъэс 75-рэ зэрэхъугъэм ипэгъокIэу). Еутых Аскэр ыцIэ цIыфхэм ащымыгъупшэнымкIэ макIэп а уахъ-тэм гъэзетым ышIагъэр. А зэдэгущыIэгъур згъэхьазырыным фэшI Еутых Аскэр дэжь Мэзкуу командировкэ сагъэкIогъагъ ащыгъум гъэзетым иредактор шъхьаIэщтыгъэу Мэрэ-тыкъо Рэмэзанэрэ ащ иIэпыIэгъу ХьакIэмыз Биболэтрэ. (Тхьам джэнэт лъапIэ къарет!)Хэутыным зэдэгущыIэгъур фэдгъэхьазыры зэхъуми тхакIом къыIуагъэм зы гущыIэ хагъэ-зыгъэп (ащ фэдэ зэзэгъыныгъэ Еутыхым дыси-Iэу Мэзкуу сыкIогъагъ), фэсакъыгъэх, гъэзетыр зыщыхаутырэм чэщ кIахэ охъуфэ щыIагъэх. А уахътэм уредакторэу ащ фэдэ шъхьэихыгъэ зэдэгущыIэгъур къыхэуутыныр псынкIэгъуа-гъэп. Нэужым Аскэр мызэу-мытIоу редакцием къедгъэблэгъагъ, зэдэгущыIэгъу гъэшIэгъон пчъагъи дытиIагъ...ТхакIом иаужырэ илъэсхэр АскэркIэ къин дэда-гъэх: игъашIэ къыздигъэшIагъэ ишъхьагъусэ дунаим ехыжьыгъ, ежьитIум Алахьэм сабый къаритыгъагъэп – ар егъэшIэрэ гумэкIэу къыз-дырахьэкIыгъ Аскэри ишъхьагъуси. Узыри къытекIощтыгъэ. Зэкъоныгъэри лъэшэу къехьылъэкIыщтыгъэ...1999-рэ илъэсым ишэкIогъу мазэ адыгэ тхэ-

кIошхоу Еутых Аскэр идунай ыхъожьыгъ ыкIи къалэу Мэзкуу щагъэтIылъыжьыгъ.ЗэрэтхэкIошхом дыкIыгъоу цIыф гъэшIэгъон дэдэу щытыгъ Еутыхыр зышIэщтыгъэхэмкIэ. IукIэщтыгъэхэмкIэ, гущыIэгъу фэхъущтыгъэ-хэмкIэ ар насыпыгъэу сэлъытэ, сыда пIомэ Аскэр цIыф Iуш дэдагъ, губзыгъэу гущыIэщ-тыгъэ, шIугъэм уфищэщтыгъэ, бэмэ гу алъыуи-гъатэщтыгъэ, уиакъыл анигъэсыщтыгъэ.Еутых Аскэр ищыIэныгъэ гъогу псынкIагъэу пIон плъэкIыщтэп. Непэ а тхакIор бэмэ лъэшэу якIас, нэмыкIхэр ыцIэ зэхахынэуи фаехэп. ЦIыф пэпчъ ащ еплъыкIэ, фыщытыкIэ ежь иеу фыриI. Ары ыкIи къызхэкIырэр тхакIом ыцIэ онтэгъоу зыхэмкIэ зыкIэхъурэр, адрэхэмкIэ –а гущыIитIум бзыу тэмэ псынкIэм фэдэу зыз-кIапхъуатэрэр.«ЦIыф лъэужхэр зэфэдэп, зым ар псынэкIэчъ-кIэ къыгъэнэфагъ, адрэм чъыгхэр ыгъэтIыс-хьагъ, адрэм лъэмыдж зыщытемылъым ежь ыIэшъхьитIукIэ лъэмыдж тырилъхьагъ, мыщ а илъэс къинхэм ежьыри ышъхьэ ыубыжьыгъэп, адрэхэри ыубыгъэп, сыд къехъулIагъэми шъыпкъэм илъагъо текIыгъэп...» – мы пычы-гъор Еутых Аскэр иповестэу «ЦIыфым илъэуж» щыщ. Анахьэу мы аужырэ гущыIэхэр зыфэбгъэ-хьынхэ плъэкIыщтыр ежьыр ары. Сыд къехъу-лIагъэкIи шъыпкъэм илъагъо темыкIыныр ицIыф гъэпсыкIагь. Ау шъыпкъэр пIоныр сыдигъокIи къиныгъ. Ащ дыкIыгъоу, цIыфыбэ-ми шъыпкъэр япIоныр якIэсэныр хэгъэкIыри, адахэрэп.Мы илъэсым ишэкIогъу мазэ Еутых Аскэр къызытхэмытыжьыр илъэсипшI мэхъу. Джыри мэкIэ-макIэзэ ащ ыцIэ тпэчыжьэ мэхъу, къылэ-жьыгъэм фэдизэу игугъу тшIыжьырэп. Ау тэ шъыпкъэр дгъэкIодын тыфитэп. Тауж къи-кIыщт ныбжьыкIэхэу неущ адыгэ лъэпкъым итарихъ лъызгъэкIотэщтхэм ар ящыкIагъ.

17№9 ПСЫНЭ

Page 20: Psyna no.9, 2010

– Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытми, цIыхубзыр цIы-хубзу къэнэжын хуейщ, ар унафэщIыуи, пхъэнкIа-кIуэуи щрети. Пэжщ, лэжьыгъэу узыпэрытым Iэ-малыншэу зрегъэхъуэж уи щэным. ТкIийуэ ущы-щытыни, Iуэхур дэкIын папщIэ цIыхубз Iэмалхэм ущыхуекIуэни къыпхуихуэнущ. – Телевиденэм дауэ укъэкIуа хъуа? Абы ущылэ-жьэныр уи хъуэпсапIэу щыта? – Сэ си гъащIэм ауэ зыри къыщыхъуакъым. ИлъэситхукIэ газетым сыщылэжьа нэужь, къызгу-рыIуащ нэхъыбэ сызэрыхуейр. ЖысIэфынкъым

СыкъыздыщIыхьар ямылейуэ зыгуэри зыщIэмыт пэш Iэхуитлъэхуитщ. Iэнащхьэм тет епэр хужь дахэхэм къыуагъащIэ ар зейр зэрыцIыхубзыр. Сытым дежи зи нэгу зэIуха, унафэщIу умыщIэну, и жьауэм щIэт и лэжьакIуэхэм ныбжьэгъу щыпкъэу ябгъэдэт Урысейпсо КъТРК (ВГТРК) федерал Iуэ-хущIапIэм и КъБР къудамэм и унафэщI Къэзанш Людмилэ гуапэу къыспожьэ. ФIэхъус зэрызэтхыу, япэ си гум къридзамкIэ соупщI: – ЦIыхубз унафэщIу ущытыныр зэ щхьэкIэ гугъукъэ? ЦIыхубзыр щабагъэкъэ, зэтетыгъэкъэ?»

Къэзанш Людмилэ 1994-1999 гъэхэм корреспонденту, къудамэм и пашэу «Адыгэ псалъэ»

газетым щылэжьащ. 2000 гъэм Урысейпсо КъТРК къудамэм отделым и пашэу иригъажьэ-

ри, шеф-редактору, IуэхущIапIэм и унафэщI къуэдзэу щытащ. 2009 гъэм компанием и

унафэщI хъуащ. 2008 гъэм КъБР-м и Президентым и ЩIыхь тхылъыр, 2010 гъэм «Илъэ-

сым и цIыхубз» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщащ. Унагъуэ исщ, бынитI иIэщ.

Рекламэ

18 ПСЫНЭ №9

Page 21: Psyna no.9, 2010

газетымрэ журналымрэ ущылэжьэну мыгъэщIэ-гъуэну, ауэ телевиденэм творчествэ и лъэныкъуэ-кIэ Iэмал нэхъыбэ къыует. Ара си гугъэщ мыбы сыкъэзышари. – Компанием илъэсым щIигъуащ и унафэщI узэрыхъурэ. Ар куэдкъым, ауэ зыгуэрхэр пщIауэ къыщIэкIынщ абы зегъэужьыным теухуауэ. Сыт пхузэфIэкIа мы зы гъуэгукIэ? – Унафэ щIыгъуэр къыщыслъысам дунейпсо кризисым и гуащIэгъуэт. Си пэкIэ телевиденэм и унафэр зыIэщIэлъу щыта Жаным Руслъан Мэзкуу къыщацIыхурт, пщIэ щиIэти, и фIагъ къызэкIащ. Дзыхь къызагъэзамкIэ сыкъыщIэмыхуэн папщIэ щIэгъэхуэбжьауэ сылэжьэн хуейт. Псом япэ изгъэ-щар къыдэплъ цIыхухэм я бжыгъэм хэзгъэхъуэ-нырщ, технологиехэр шэщIауэ къэгъэсэбэпы-нырщ. Ди ехъулIэныгъэм щыщщ Кавказым псом япэ интернет-телевиденэ къызэрызэдгъэпэщар. Абы и фIыгъэкIэ къэрал 47-м ди нэтынхэм ущеп-лъыф хъуащ. «ХъыбарыщIэхэр» инджылызыбзэ-кIи зэдодзэкI. ЛъэпкъыбзэхэмкIэ нэтынхэри гъэхьэзырынми щIэддзэжащ. ЩIэуэ къыхэтлъхьа-ри мащIэкъым. Псалъэм папщIэ, «Къалэ», «Уна-гъуэ альбом», «Зэманыр. КъэхъукъащIэхэр. Iуэху еплъыкIэхэр» нэтынхэм щIэупщIэ яIэщ, абыхэм цIыху куэд йоплъ. «Россия 2» каналымкIэ спорт нэтынхэр къыдот. – Къэбэрдейм къэрал телеканалищ итщ. Щхьэж и къалэн ягъэзащIэ, ауэ, дауэ щымытми, щэхуу фызэпеуэу къыщIэкIынщ. Сыт адрейхэм факъызэ-рыщхьэщыкIыр? – ЗанщIэу жысIэнщи, ВГТРК-м дрикъудамэщ, аращ ахъшэр къытхуэзутIыпщыр. Каналищым щыщу ди закъуэщ «ХъыбарыщIэхэр» къэзытыр. Техникэ и лъэныкъуэкIэ ди компанием нэхъ зэпэщ яхэткъым. Зэрытрах IэмэпсымэкIи транспорткIи къызэгъэпэща гупи 8 махуэ къэс съемкэ ирагъэ-кIуэкI. Дэнэ щIыпIи щытрихыфу камерэ 12 зиIэ ПТС-кIэ зэджэ къэзыкIухь техникэ станци диIэщ. Автопаркыр машынэ тIощI мэхъу. Ахэр псори толажьэ хъыбарыщIэхэр махуэм 8 каналым кIуэ-ным. Ауэ ахэр къэзыт корреспондентхэрщ, дауи, зэлъытар ди нэтынхэр фIы хъуным. Каналым зиужьыным куэд хилъхьащ Хьэмжу Ларисэ зи пашэ коммерцэ къудамэм. – Сыт дяпэкIэ фызэлэжьынур? – НобэкIэ тхухах сыхьэтитI-щыр къыдомэщIэкI. Иджыпсту «Россия 1», «Россия 2» каналхэм эфирыр къызэрыдатыр зэманкIэщ. 2011 гъэм ехъулIэу «цифровой телевиденэкIэ» зэджэм дыхуэкIуэну ди гугъэщ. ВГТРК-м телеканалу 5-рэ радиоканалу 3-рэ къэзыубыд спутник Iэмэпсымэ-хэр къытхуиутIыпщынущи, абы Iэмал къыдиты-

нущ «Вести 24» каналым дызыхуей дыдэм хуэдиз зэманкIэ ди нэтынхэр щыдгъэлъэгъуэну. Ди республикэм и цIыхухэр абыхэм пщIэншэу еплъы-фынущ. – НэгъуэщI каналхэм ягъэхьэзыра нэтынхэм сыт хуэдэнэкIэ узэреплъыр? – Зыгуэрхэр къыхызох, зэпызолъытэ... – Ди псалъэмакъым и кIэухыу сыномыупщIын слъэкIыркъым: сыт зыхужыпIэжыфын, ар уэрмы-рауэ къызыщыбгъэхъумэ? – Гъугъущ абы зыгуэр къыпыбдзыну. Къызэрыс-фIэщIымкIэ, Къэзанш Людмилэ дэтхэнэ зы цIыху-ми хуэдэу икIи щабэщ, икIи пхъашэщ. Щезэш къыхэкIми, ипэкIэ маплъэ, щIэщыгъуэ гуэрхэм лъыхъуэ зэпытщ. – УнасыпыфIэ? – Си гугъэнтэкъым а узыщIэупщIам и жэуап сэ уэстыжыфыну. СынасыпыфIэщ. Шэч хэмылъу… Си псэм фIэIэфI IэщIагъэр си Iэпэгъущ, унагъуэ дахэ сиIэщ, си Анэр псэущ, цIыхуншэ зэикI сыхъур-къым, гугъэхэр сохь, салъахъэ, сызэрахъэ…. Аракъэ-тIэ насып хъужыр езыр.

Рекламэ

19№9 ПСЫНЭ

Page 22: Psyna no.9, 2010

ХьэщIэщ

20 ПСЫНЭ №9

Page 23: Psyna no.9, 2010

Творческэ зэчийкIэ зэджэ а псори зыбгъэдэлъ Мурадин хахуагъэ, лIыхъужьыгъэ зэрыхэлъыр, хэкупсэ нэсу зэрыщытыр наIуэ къещI ар куржы-абхъаз зауэр къыщыхъеям ди къуэшхэм зыщIагъэкъуэну япэ дыдэу кIуа гупым зэрахэтам. Лей къызытехьа лъэпкъым и псэ емыблэжу дэIэпыкъуныр япэ иригъэщат абы. И творчествэр лъэныкъуэкIэ иригъэкIуэтэкIат псэзэпылъхьэпIэм щихуам. АрщхьэкIэ, хейм и Iуэху сыт щыгъуи докI…

Думэн Мурадин сыIущIэну театрым сыщыкIуам, ар и лэжьапIэ пэшым щIэст, цIыхубэм я пащхьэ кърихьэну и зы IэдакъэщIэкIым елэжьу. Си насып къикIащ абы итха уэрэдыщIэм псом япэ седэIуэну икIи згъэунэхуащ Думэным бгъэдэлъу сызыщыгъ-уазэ зэфIэкIхэм нэмыщIи уэрэд жыIэныр мыIейуэ къызэрехъулIэр. ЛъагапIэ гуэрым нэса цIыхур а гъуэгуанэм зэрытехьа щIыкIэр пфIэмыгъэщIэгъуэ-ну къанэркъым. Мурадин щэнхабзэм и дунейм хыхьа зэрыхъуарщ, зыпэрыт IэнатIэм и къежьа-пIэрщ зытеухуар си япэ упщIэр.

- Дэтхэнэ зы щIалэщIэми хуэдэу сэри спортым сыдихьэхыу щытащ, ехъулIэныгъэ гуэрхэри зэзгъэхъулIат абыкIэ. Ауэ театрыр зыпэсщI щы-Iэтэкъым, къуажэм къаша спектакль е концерт зэи блэзгъэкIыртэкъым. Налшык сыщыкIуам дежи си нэгу зыщезгъэужьыну сфIэфIыр адыгэ театрырат. УщыцIыкIум бгъэунэхуа гуэр гум фIэфIу къонэж. Мис апхуэдэщ Iэзэу пшынэ еуэу щыта си анэм сызыщIигъэдэIуу щыта пшыналъэхэр. Арагъэнщ макъамэм хузиIэ пыщIэныгъэр къыщежьэр.

- ЩIэныгъэм нэхърэ зэчийр япэ щибгъэщын хуей IэнатIэхэр щыIэщ. Абыхэм ящыщщ уэ узыпэрытри. КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетыр къэбуха нэужь, сценэм укъызэ-рихутам къытхутепсэлъыхьыжыт.

- Дзэм къулыкъу щысщIэу къэзгъэзэжа нэужь, актер IэщIагъэм сызэрыщIэхъуэпсым къыхэкIыу, еджакIуэ Мэзкуу ягъэкIуэнухэм захезгъэтхэну сыкIуащ. АрщхьэкIэ ахэр къыхахри ирагъэжьауэ къыщIэкIри, сакъыкIэрыхуащ. ИужькIэ, Шэрджэс къэрал драмэ театрым Налщыч зыкъыщигъэлъэ-гъуэну къэкIуауэ, артист гъуэзэджэу, куэдым пщIэ зыхуащIу щыта Акъ Мухьэрбэч нэIуасэ схуэхъуат.

ХьэщIэщ

21№9 ПСЫНЭ

Page 24: Psyna no.9, 2010

- Шэрджэс къэрал драмэ театрым сыхэту Налщыч зыкъыщыдгъэлъэгъуэну дыкъэкIуауэ, «Кабардин-кэ» ансамблым цIыху къищтэу зэхэсхащ. Абы сыхыхьэну жэрдэм сщIыри, къэзгъэзэжауэ щытащ си лъахэм. Къафэр зэрызгъэунэхуар хуабжьу сэбэп къыщысхуэхъужащ си гъащIэ гъуэгуанэм. Сэ сызэреплъымкIэ, сыт хуэдэ къалэн игъэзащIэу артистыр сценэм итми, псоми хищIыкIын хуейщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, артистым къэфэнри, уэрэд жыIэнри хузэфIэкIыу, зыIыгъыкIэ дахэ иIэу утыку итыпхъэщ. Сэ сыкъапщтэмэ, «Кабардинкэм» сызэрыхэтари, си щIалэгъуэм макъамэ Iэмэпсымэ-хэм сеуэу зэрыщытари сэбэп къысхуэхъужащ.

- Мурадин, сценэм ит артистхэм я къалэнхэр зэщхьэщыхащ. Уэ узэреплъымкIэ, сыткIэ зэщхь, сыткIэ зэщхьэщыкIрэ, псалъэм папщIэ, джэгуакIуэмрэ къэфакIуэмрэ я лэжьыгъэр?

Абы хуэсIуэтат си гурылъыр, сеупщIат театрым ухыхьэн папщIэ щIэныгъэ убгъэдэлъыныр Iэмал зимыIэу щытрэ щымытрэ. Къызэплъри, теплъэкIэ укъокI, ауэ уи зэфIэкIыр здынэсыр къэдгъэпщытэ жиIэри, чэнджэщ къызитащ. Езыхэр труппэ лъэрызехьэт ахэр, Тбилиси щеджауэ къэкIуэжа къудейт. Збгъэдэлъ зэчийр ягъэунэхуа нэужь, я гупым срагъэблэгъащ. Апхуэдэу Шэрджэс театрым япэу утыку сыкъыщихьауэ щытыгъащ икIи илъэситIкIэ садэлэжьащ.

- Абы иужькIэ Налщыч укъокIуэжри, «Кабар-динкэ» къэрал академическэ ансамблым ухохьэ…

- «КъэфакIуэу ущымытми хъунущ, ауэ артист Iэзэу укъыщIэкIыныр хьэкъщ», - жиIэгъащ къэфакIуэ Iэзэ гуэрым. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, сценэм ит дэтхэнэ зыми псом нэхъыщхьэу зэчий бгъэдэлъы-пхъэщ. УкъэфакIуэми, ууэрэджыIакIуэми, уджэ-гуакIуэ къызэрыгуэкIми, узыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэпщIыкIмэщ, сценэм кърахьэ зэфIэкI уиIэмэщ

ХьэщIэщ

22 ПСЫНЭ №9

Page 25: Psyna no.9, 2010

цIыхубэм ягу ущыдыхьэнур. Абы къищынэмы-щIауэ, зы лъэныкъуэ закъуэкIэ Iэзагъ къэзыгъэ-лъагъуэ цIыхум зэчиифIэкIэ седжэфынукъым. Артист нэсу ущытыным хохьэ къэфэнри, уэрэд жыIэнри, псэлъэкIэ дахэ уиIэнри, бзэ шэрыуэ пIурылъынри, зыIыгъыкIэ екIу къэбгъэлъэгъуэн-ри, нэгъуэщI куэди. Артист цIэр зыфIэпщыжкIэ артист ухъунукъым, атIэ цIыхубэм я пащхьэ иплъхьэфым хуэдизкIэщ уи цIэр зэрыIунур. - А псом къыдэкIуэу театр щхьэхуэ къызэбгъэ-пэщу бгъэлэжьэныр егъэлеящ. Уи деж щынэ-рылъагъущ цIыху зэчиифIэм и къэухьымрэ и зэфIэкIымрэ гъунэ зэримыIэр.

- Сэ къызэзгъэпэща «ГушыIэмрэ ауанымрэ я театрым» нэхъыбэу щыдгъэлъагъуэр сэ стхахэрщ. Пэжщ, нэгъуэщI спектаклхэри догъэув, ауэ мылъ-кушхуэ зэрыткъуэмылъым къыхэкIыу, роль нэхъ мащIэ зыхэтхэращ дгъэлъэгъуэфыр.

- Мурадин, уи IэдакъэщIэкIхэм лъабжьэ яхуэхъу Iуэхугъуэхэм нэхъ убгъуауэ утезгъэп-сэлъыхьынут. - ГушыIэхэмрэ ауанхэмрэ зытеухуар адыгэм тхэлъ хьэл мыхъумыщIэхэрщ, ныкъусаныгъэхэрщ, ижь-ижьыж лъандэрэ ди адэжьхэм къадекIуэкIыу щыта хабзэфIхэм дызэрытекIырщ. Iэмал зэхуэмы-дэхэр къэбгъэсэбэпкIэрэ ар цIыхухэм иумыгъэ-лъэгъужмэ, дызыхуэкIуэнкIэ хъунур шынагъуэщ. Сытым дежи жаIэ, лъэныкъуэкIэ укъыщыту узэплъыжмэ, нэхъыбэм гу зэрылъыптэжыр. Абы ипкъ иткIэ, ауанкIэ, гушыIэкIэ зы мыхъумыщIагъэ гуэр зэсхъуэкIыжыфыну пIэрэ, зыгуэрым зищIэжу хьэл Iей гуэр зыхиныну пIэрэ жысIэу аращ сызы-тет гупсысэ нэхъыщхьэр. Ди театрым къакIуэурэ еплъхэм ящыщу зыбжанэм я щыуагъэхэр къызэре-мызэгъым гу лъатэжмэ, хъарзынэкъэ?!

Пэжщ, зыгуэрхэр къызэрытхуэпсалъэри, сэ стхы-хэр зигу иримыхь зэрыщыIэри сощIэ. Ауэ апхуэдэ-хэм къагурыIуэну сыхуейщ сэ зыри къызэрызмы-гупсысыр, лъэпкъым дэслъагъухэр, иджырей зэхэтыкIэм дэзгъуэхэр къэзгъэлъэгъуэж къудейуэ зэрыарар. ГъэзэкIуэжын хуей Iуэху щыщыIэкIэ, абы цIыхухэм гу лъебгъэтэжыныр сэ нэхъ сфIэ-къабылщ.

Лъэпкъ псо щыхъукIэ, хьэлыфIи, хьэл мыхъумы-щIи урихьэлIэнущ. Ауэ иджырейхэм яхэлъу си жагъуэ дыдэ хъур ди бзылъхугъэхэр тутын зэре-фэрщ. Ар, сызэреплъымкIэ, пщалъэ гуэркIи къыпхуэмылъытэну икIагъэщ. Фадэм, тутыным бзылъхугъэр дихьэхмэ, ар лъэпкъым щIэблэ

зэримыIэнум, къэкIуэнум зэрыхуэхейм и нэщэнэ-щи, мис абы нэхъ сегъэгузавэ.

- ЦIыхухэм я ныкъусаныгъэхэр Iэмал дахэкIэ зэребгъэлъагъужыфым къыдэкIуэу, абыхэм дэрэжэгъуэкIи уазэрыхуэупсэм дыщыгъуазэщ. Уэрэд тхыныр уи гум къызэрыщыушам, уи Iэдакъэ къыщIэкIахэр япэу утыку къызэрип-хьам дыщыбгъэгъуэзэн?

- Куэд щIащ сэ уэрэд тхыным гу зэрыхуэсщIрэ, ауэ ар утыку къизмыхьэурэ екIуэкIащ. Къэбэрдей театрым сыкъыщыкIуэжам, осетин драматург Хугаев Георгий «Си щхьэгъусэм и щхьэгъусэ» и пьесэр щыдгъэувым, Фырэ Руслан жесIат абы хэтын хуей уэрэдхэр сэ сигъэтхыну. Апхуэдэ Iуэхур дзыхь зыхуащIыр музыкант лъэрызехьэхэ-рами, Руслан акъылэгъу къыздэхъури, пщэрылъ къысщищIащ уэрэдхэр стхыну. Мис абы щыгъуэ си Iэдакъэ къыщIэкIа уэрэдитхур цIэрыIуэ хъуащ. Сэ си уэрэд япэ дыдэу жызыIар «ЗэгурыIуэ» и фIэщыгъэцIэу щыIа ансамблращ, иужькIэ Мэре-мыкъуэ Хъусенщ. Абы дахэу зэригъэзащIэм, еда-Iуэхэм ягу зэрырихьым сытригъэгушхуащ адрей къыкIэлъыкIуа уэрэдхэм. ИтIанэ ахэр ягъэзащIэу щIадзащ Нэхущ Чэрим, Сокъур Ольгэ, Кърым Иринэ, Хъыжьрокъуэ СулътIан, Тхьэгъэлэдж Светланэ, нэгъуэщIхэми.

ХьэщIэщ

23№9 ПСЫНЭ

Page 26: Psyna no.9, 2010

- Зэгуэр спектаклым щхьэкIэ птхахэр нобэ цIыхубэм фIыуэ ялъагъу уэрэдхэщ. Усэ тхыныр, абы макъамэ щIэлъхьэжыныр къызэ-рохъулIэм щэху гуэр хэлъ, Мурадин?

- Абы хэлъ щэхур гумрэ псэмрэ къыбгъэдэкIыу щытын зэрыхуейрщ. СытIысынщи, мыбы теухуауэ уэрэд стхынщ жыпIэкIэ, ар нэгъэса хъунукъым. Пэжщ, си IэдакъэщIэкIхэм яхэтщ цIыху къызэлъэ-Iуу стхахэри, сигу къыпылъэдахэри. Ауэ узытет-хыхьыну мурад пщIар псэкIэ зыхэпщIэмэ, абы ухуэусэн хуэдэу гум пэгъунэгъумэ, мис итIанэ къохъулIэнущ. Сэ сытым дежи жызоIэ, ар нэпсым хуэдэу къабзэу щытын зэрыхуейр.

Къыхэгъэщыпхъэщ, си лэжьэкIэр адрей уэрэдус-хэм зэремыщхьыр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, япэ къэзгъэщIыр макъамэращ, итIанэщ абы псалъэхэр къыщыкIэлъыкIуэр. Ар апхуэдэу щIыщытри? Уэрэдым и псэр псалъэракъым, пшыналъэрщ – сэ апхуэдэущ сызэреплъыр.

Уэрэд тхыныр фIыуэ къыщохъулIэнур макъамэмрэ псалъэмрэ зэхуэкIуэу щыщытым дежщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, пшыналъэмрэ псалъэмрэ нобэ зэрыша ныбжьыщIитIым хуэдэу щытын хуейщ – зэкIужу.

- Уи IэдакъэщIэкIхэр зэрагъэзащIэр уигу къы-дыхьэу, удэлэжьэну нэхъ уфIэфIу хэт сымэ къыхэбгъэщынт, Мурадин?

- Сэ псом нэхърэ нэхъ сфIэфIыр адыгэ уэрэдыжь седэIуэнырщ. Дэ дызыщIапIыкIа пшыналъэхэрщ, уэрэдхэрщ адыгэхэм я хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщ-хьэр. Къапщтэмэ, мис апхуэдэ уэрэдыжьхэр Нэхущ Чэрим жиIэу седэIуэну сфIэфIщ. Ди республикэм ис куэд акъылэгъу къыздэхъуну къыщIэкIынщ Мэремыкъуэ Хъусен пэсщIын уэрэджыIакIуэ дызэримыIэр жысIэмэ… Адрейуэ ди артист цIэры-Iуэхэми садэлэжьэну, я зэфIэкIым сыкIэлъыплъы-ну си жагъуэкъым.

- Мурадин, иджыпсту къэунэхуа уэрэджыIа-

ХьэщIэщ

Page 27: Psyna no.9, 2010

кIуэ ныбжьыщIэхэм зэчий зыбгъэдэлъ куэд яхэт, хьэмэрэ «вагъуэ» хъуну хуейхэр нэхъыбэ?

- Ди республикэм хуэдэу уэрэджыIакIуэ куэд зиIэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Абы щыгъуэми уэрэд-жыIакIуэ ди мащIэщ. Сыт щхьэкIэ? УэрэджыIа-кIуэм езым и унэтIыныгъэ иIэжын хуейщ, ар-мыхъумэ, адэ-мыдэкIэ зызыдзхэм я Iуэху щIагъуэу дэкIынукъым, абы щхьэкIи нэхъ Iэзэ хъунукъым. Лъагъуныгъэ уэрэд жаIэурэ, абы лейуэ зыдедгъэ-хьэхыIуа си гугъэщ. Дэ ттхын, жытIэн хуейщ хэкум, лъэпкъым теухуахэр, адыгэм и тхыдэр, и шыфэлIыфэр, хабзэ дахэр, хахуагъэр къызыхэщ-хэр. Зи блэкIам щымыгъуазэм и къэкIуэнури дахэ хъуркъым. ЩIалэгъуалэм уэрэдыр нэхъ къыщыха-хакIэ, абыкIэ ябгъэдэтлъхьэн хуейщ лъэпкъ зыхэ-щIыкIым и купщIэмрэ адыгагъэм и курыхымрэ.

Зым и дежкIи щэхукъым ахъшэкIэ Iуэху куэд зэ-фIагъэкIыу зэрыхъуар. Мылъкур къагъэсэбэпри, апхуэдэ гупыж зыщIар уэрэджыIакIуэ ящI, е зыкIи къэзымылэжьа гуэрым уэрэд хурагъэус. Абы де-гъэщхьэрыуэ, абы уэрэдым и пщIэр иреудых. ДызэвгъэплъэкIыжыт, хэт ижь-ижьыжым уэрэд зыхуаусу щытар? Зи лIыгъэкIэ, хахуагъэкIэ езым хуэдэ куэдым япэ ища, лIыхъужьыгъэ нэс къэзыгъэлъэгъуахэрт…

ЩIалэгъуалэм я гугъу щытщIкIэ, къыхэзмыгъэ-щын слъэкIынукъым иджырей ди щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я къэфэкIэми арэзы сыкъызэри-мыщIыр. Ди лъэпкъ къафэжьхэм уардэу къадэфэ-хэр гъуэтыгъуейщ. Абы и пIэкIэ ди хабзэм и кIапэ-лъапэу адэ-мыдэкIэ щызэбгрыщэщахэр къэзыгъэ-сэбэпхэм щапхъэ трахауэ, къажыхьри утыку итщ. «Уэркъ щIалэр щэ къафэркъым», – жаIэ. Пхэлъ адыгагъэри, хабзэри, шыIэныгъэри, дахагъри бгъэлъагъуэрэ, щIыкIафIэу утыку укъикIыжмэ, нэхъ екIукъэ?!

- Мурадин, цIыхум хухиха гъащIэ гъуэгуанэр къыщызэринэкIкIэ, щапхъэ зытрих, гъуазэ хуэхъу гуэрхэм ирохьэлIэ. Уи IэщIагъэм и щэхухэр къэпщIэнымкIэ, уи Iэзагъым хэбгъэ-хъуэнымкIэ хэт дэIэпыкъуэгъу къыпхуэхъуа?

- Си гъащIэм цIыхуфI, цIыху гъуэзэджэ куэд сыщрихьэлIащ сэ. Абы сыщегупсысым деж сына-сыпыфIэу зыкъызолъытэж. И IэщIагъэкIи, цIыху хэтыкIэкIи, гу къабзагъкIи япэ изгъэщу къыхэз-

ХьэщIэщ

25№9 ПСЫНЭ

Page 28: Psyna no.9, 2010

гъэщынт Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и артист цIэрыIуэу щыта Акъ Мухьэрбэч. Сыту адыгэлI нэст ар! «ГукIи псэкIи адыгэт» жыхуаIэм хуэдэт а цIыхухъур. Къэбэрдейм и гъунапкъэр машинэкIи, автобускIи къызэпиупщIыртэкъым абы, атIэ лъэсу къихьэрт, къызыхэкIам апхуэдиз-кIэ хуэпэжт, и адэжьхэм пщIэ яхуищIырти. АдэкIэ уIэбэмэ, сэ си насып къихьащ артист, режиссер гъуэзэджэхэм садэлэжьэну: Къаздэхъу СулътIан, Токъуий Хъусен, Сэкрэк Мухьэдин, Жыгун ТIимэ, Ерчэн Леонид, абы и щхьэгъусэ Казимэ, ДыщэкI КIунэ, Срыкъуэ ХьэмщIасэ, Къардэн Лъостэнбий сымэ, нэгъуэщIхэми. Си IэщIагъэм сытезыгъэгуш-хуар, абы зыгуэр хэсщIыкI хъуамэ зыбгъэдэслъ-хьэр нэхъ псэ къабзэ дыдэу къытхэта ТIыхъужь Алийщ. СыцIыкIуу, шэнтым сытесу, сеплъу щытащ абы и джэгукIэм, иужькIэ си насып кърихьэкIри, сыдэлэжьэнуи сыхунэсащ. Къэрмокъуэ Мухьэмэд итха «ИугъащIэ лъагъуныгъэм» пьесэращ япэ дыдэу сыщыджэгуар. ЩIалэщIэ къытхыхьар нобэ япэу утыку къихьауэ аращ жиIэри, хъуэхъу схуиIэ-тат а нэхъыжьыфIым. Ар си гум IэфIу къыхуинауэ дыкъыздекIуэкIащ, Iущагъ куэд дэслъагъуу, чэнджэщыфIкIэ къысхуэупсэу.

ГъащIэр къуабэбжьабэщ, абы бэIутIэIуншэу ури-кIуэнымкIэ сэбэп къыпхуэхъур нэхъыжьхэращ. ЦIыху гъуэзэджэу къытхэтащ Мысостышхуэ Пщызэбий, нобэ ди япэ итщ ЖьэкIэмыхъу КIунэ, Иуан Володя сымэ. Нэхъыжь зимыIэм нэхъыщIэ иIэкъым жыхуаIэращи, ахэращ дэ гъуазэ тхуэхъур. - Сабиигъуэм нэхъ пIалъэ IэфI хэмыту жаIэ

цIыху гъащIэм. Уи сабиигъуэр уигу къэгъэкIы-жыт, Мурадин.

- Сэ Нартсанэ (Кисловодск) сыкъыщалъхуащ. Сыкъыщыхъуар Псынэдахэрэ Бэтэхрэ я зэхуа-курщ. А тIум пэсщIын щIыпIэ иIэкъым щIы хъурейм. ЛъэпкъкIэ сызыщыщ жылэр Къармэхьэ-блэщ, ауэ зэман жыжьэм ягъэкIуэда лъэпкъхэм ящыщщ Думэнхэ. Аращ си адэр Нартсанэ къыщIы-щыхутар. Си адэмрэ анэмрэ лэжьакIуэшхуэу, цIыху пэжу дунейм тетахэщ.

Куэд и нэгу щIэкIащ сэ си адэм. Лъэпкъ кIуэдыр и натIэ зэрыхъуам и мызакъуэу, къигъэзэжа нэужь, фронтым Iухьащ, абы гъэр щыхъури, Югославием партизану щызэуащ. ИужькIэ, гъэру зэрыщытар зэран къыхуэхъури, ягъэтIысащ. Мис апхуэдиз кърикъутэкIащ абы. ЩIалитI дриIэти, сэри си къуэш Хьэсэнбии хабзэм, нэмысым дызэрыщIи-пIыкIыным иужь итащ. Сытым дежи къыдэу-щийрт уэркъ лъэпкъым дыкъызэрыхэкIар зыщыд-мыгъэгъупщэну.

Ди лъэпкъым къылъыса лейм, абыхэм яхэлъа цIыхугъэм, зэрахьа адыгагъэм теухуа куэд къыз-жиIэжащ абы икIи стхыжащ, къыдэзгъэкIынуи си мурадщ. И фэеплъыр зэрыдгъэпэжынырщ, дызы-хуигъэсам дызэрытетынырщ си къуэшми сэри нобэкIэ япэ идгъэщыр. Си сабиигъуэм и IэфIагъыр си нэгу къыщIэзыгъэувэжыр си анэрщ. Пшынауэ Iэзэт ар, сыту сфIэфIт абы и пшыналъэхэм седаIуэу сыщысыну…

ХьэщIэщ

26 ПСЫНЭ №9

Page 29: Psyna no.9, 2010
Page 30: Psyna no.9, 2010

Си бзэ – си псэ, си дуней

28 ПСЫНЭ №9

Page 31: Psyna no.9, 2010

«Зы бзэ пщIэмэ, зы цIыху уриуасэщ, бзитI пщIэмэ, цIыхуитI уриуасэщ, бзэ нэхъыбэ пщIэмэ, апхуэдиз цIыху упэлъытащ», – жаIэ. Нобэрей дуней зызыхъуэжым, дауи, бзэ нэхъыбэ ущыгъуэзэныр куэд и уасэщ. Абы уи Iэ кърилъхьэр нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIа цIыхур псэлъэгъу, уэршэрэгъу зэрыпщIыфыну Iэмалым и закъуэкъым, атIэ ар зытет дунейм и хабзэ-хэм узэрыщигъэгъуазэм ууейри гупсысэ щIэщыгъуэхэмкIэ, Iуэху еплъыкIэ гъэщIэ-гъуэнхэмкIэ бгъэбеину Iэмал къыует, зы гъуэгу къыпхуегъэлъагъуэ. Пэжщ, абы щхьэкIэ а хамэбзэм фIыуэ урипсэлъэн, абы щхьэжу зэрихьэ гупсысэ къэIуэтэкIэ-хэр, ахэр зэрызекIуэ щIыкIэхэр пщIэн хуейщ. Бзэр урипсэлъэн къудей щхьэкIэ мыхъуу, бзэр зезыхьэ лъэпкъым и щIэн-хабзэм щхьэкIэ зэгъэщIэн зэрыхуейм щIэныгъэлIхэр зыбжанэ щIащ зэреувалIэ-рэ. Абы цIыхур нэгъуэщI зы лъэпкъ дуней еплъыкIэ зэрыхишэм имызакъуэу, бзэм и IэфIыр къигъэIурыщIэну Iэмал кърет, уэрсэру ирипсалъэ мэхъу.

Лъэпкъхэр щызэхыхьэ-щызэхэкI мы лъэхъэнэ-хэм дэтхэнэ зы бзи и хъумэным, егъэфIэкIуэ-ным, щIэблэ къэхъунум лъэгъэIэсын зэрыхуейм куэд иропIейтей. БзитI е нэхъыбэ пщIэн хуейуэ къэзыгъэув гъащIэм нэхъ къагъэсэбэпу щытхэм нэхъ мащIэрэ зэрагъакIуэхэр дэкIуэдынкIэ шынагъуэ щыIэщ. Ар узыфIэмыкIын пэжщ, а щытыкIэм зихъуэжынуи фIэщщIыгъуейщ. Къэнэжыр – Iэмал гуэрхэм еIусауэ щIэныгъэр зи лъабжьэ хэкIыпIэхэр утыку къилъхьэнырщ. Нобэ бзэхэр щытыкIэ зэхуэмыдэ куэдым итщ. ЩыIэщ бзэ гуп ирипсалъэхэр мелуан щэ бжы-гъэкIэ къабжу, щыIэщ нэгъуэщI зы гупи мини-щэ бжыгъэхэм я бзэу, кIуэдыпIэ ит бзэ гупхэри мащIэкъым. Дэтхэнэ бзэми и «узыншагъэр» зэлъытар езы лъэпкъым и зэхэщIыкIырщ. Урысейм щызекIуэ бзэхэм я зэхуэдитIым «къэралыбзэ статус» зэраIэм къыхэкIыу, абы я хъумэныр къэралыгъуэ хабзэм и пщэ дэлъщ. Ауэ, зэрыхъур аращи, «къэралыбзэ статус» зиIэ бзэхэм нэхъыбэм я Iуэхур щIагъуэкъым, абыхэм ирипсалъэр кIуэ пэтми мащIэ хъу зэпытщ. Ар къызыхэкIыр, щхьэусыгъуэ куэдым ящыщу, щIыналъэбзэхэр щызекIуэ щIыпIэхэм лъэпкъ зэхуэмыдэ куэд зэрыщыпсэум къыхэ-кIыу урысыбзэр дэнэкIи щытепщэу, сыт хуэдэ IэнатIи къыщысэбэпу зэрыщытырщ.

ГъэщIэгъуэнщ къэхутэныгъэ ирагъэкIуэкIахэм

29№9 ПСЫНЭ

Page 32: Psyna no.9, 2010

кърикIуар: щIыналъэбзэр (анэдэлъхубзэр) дэхуэха хъуми, пхужыIэнкъым абы и гущIыIу къакIуэ бзэмрэ (къэралыбзэмрэ) щIэрыщIэу зэрагъэщIэж хамэ къэралыбзэмрэ цIыхум нэхъыфIу ищIа хъууэ. Абы и щапхъэ куэдым щыщщ ди щIыпIэр – Къэбэрдейр. Адыгэхэр нобэкIэ зэрыпсалъэ бзэр ар зыхуэмыныкъуэ хамэбзэ псэлъафэ куэдкIэ кудащ, зэрахьэ урысыбзэм и щытыкIэри зэгъ дыдэу пхужы-Iэнкъым, нэгъуэщI хамэбзэм зэрыщыгъуазэм и гугъу тщIыххэнкъыми. Ар къызыхэкI щхьэусы-гъуэр ищхьэкIэ къэдгъэлъэгъуащ: бзэр бзэм щхьэкIэ зэрызэрагъащIэрщ. Абы ныкъусаныгъэ къыхокI. Бзэр бзэм щхьэкIэ егъэщIэным къи-шэр бзэ зэхуэмыдэхэм я нэщэнэ зэтехуэхэр къыхагъэщкIэрэ, сабийм хамэбзэр зэрырагъа-щIэрщ. Ар хъунт, нэгъуэщIыбзэм сабийр къызэ-рыгуэкIыу щыбгъэгъуэзэн хуей къудейтэмэ. АрщхьэкIэ, нэхъыбэм зэрыхъур аращи, бзитIыр (нэхъыбэ хъункIи мэхъу) къэхъу щIэблэщIэм и гъащIэм куууэ хэпщIащ: зэдэкIуэу ящIэн хуей къалэныр яIэщ. Абы къокI бзэхэм я нэщэнэ зэтекIхэми а бзэр зэзыгъащIэ сабийр щыгъуазэу щытын икIи зэригъэщIэн зэрыхуейри. Сабийм и щыпэбзэмрэ щIэрыщIэу зэригъэщIэж бзэмрэ я нэщэнэ зэмыщхьхэр зэригъапщэкIэрэщ нэ-гъуэщI лъэпкъым и дунейм нэсу щыгъуазэ зы-щыхуищIыр, абы къыдэкIуэу а лъэпкъым и бзэр фIыуи щызэригъащIэр. Дэ тлъагъур аращи, зэгъэпщэныгъэ, щIэщыгъуэ гуэр зыхэмылъ бзэ егъэджэныгъэм сабийм и жьабзэр «IэшрыI» ещI: езым и анэдэлъхубзэри мышэрыуэу, абы къыдэкIуэу зэригъащIэ бзэри нэмыгъэсауэ къонэ. Ар нэрылъагъущ къалэдэс икIи къуажэ-дэс сабийхэм я псэлъэкIэр щызэпэплъыткIэ: къуажэдэсым и урысыбзэр егъэлеякъым, къалэ-дэсым и адыгэбзэр ухэзыгъаплъэщ.

Анэдэлъхубзэрэ къэралыбзэкIэ зэджэ бзэхэр махуэ къэс щызэжьэхэуэ мы гъащIэм ухуейми, ухуэмейми, зы бзэр нэхъ тIасхъэ ещI. Куэд дыдэрэ урохьэлIэ сабийм езыр зыщыщ лъэп-къым и бзэр щыIэщIэхуи. Бзэр щIэблэм зэрыб-гъэдалъхьэ щIыкIэм къызэщIиубыдэн хуейщ а яIэщIэхуа анэдэлъхубзэр (апхуэдэу абы уеджэ хъунумэ) щIэрыщIэу егъэщтэжын зэрыхуей гупсысэри. Бзэм и зэгъэщIэныр лъэныкъуэ куэд къызэщIэзубыдэ Iуэхугъуэщ.

Мы псалъэмакъым дэ ди нэIэ нэхъ зытетынур «бзитI системэм» тет еджапIэхэм ялэжьыпхъэм-рэ зэфIахыпхъэхэмрэщ. Зи анэдэлъхубзэ зымы-щIэж е абы фIыуэ щымыгъуазэм ар къегъэщтэ-жынымкIэ икIи къэралыбзэри зэпэщу егъэщIэ-нымкIэ зи гугъу тщIыну бзэ егъэджыкIэ Iэма-лыр хуабжьу щхьэпэщ. ГъэщIэгъуэнращи,

30 ПСЫНЭ №9

Page 33: Psyna no.9, 2010

бзэхэгъэгъуáзэкIэ зэджэ егъэджэныгъэ бгъэды-хьэкIэм Iэмал къыует лъэпкъым IэщIэху бзэр къытекIуа хамэбзэмкIэ ебгъэщIэжынуи. Арых-хэу, мы Iэмалым и къэгъэсэбэпыкIэр бзэм и щытыкIэм теухуауэ куэду зэщхьэщыкIынкIи хъунущ.

Сыт хуэдэ бзэри дунейпсо хъугъэфIыгъуэу зэрыщытыр щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм къазэ-рыгурыIуэм къишащ бзэр зэрегъэфIэкIуэн, зэрыхъумэн хуей Iэмалхэм егупсысын зэры-хуейр. Абы пэджэж хуэдэу мы лъэхъэнэхэм нэхъ зэдащтауэ бзэхэгъэгъуáзэкIэ зэджэ бзэ егъэджыкIэ Iэмалыр утыку итщ. Хэт деж ар къыщежьэр? Сыт абы къикIыр?

1965 гъэм Канадэ къэралыгъуэм хиубыдэ Квебек къалэм дэт зы сабий IыгъыпIэ къызэры-гуэкI гуэр тегушхуэри зы цIыкIу гуп хагъэхьауэ щытащ гъэунэхуныгъэ гъэщIэгъуэн – «бзэхэ-гъэгъуáзэ»-кIэ зэджэ егъэджэныгъэ Iэмалым. Абы щхьэкIэ къыхаха сабий 26-м инджылызыб-зэ фIэкI къагурыIуэртэкъыми, хьисэп ящIат къэралыбзэр (франджыбзэр) зэрыхъукIэ нэхъ псынщIэу ирагъэщIэну. IэмалыщIэр япэ дыдэу къэзыгъэсэбэпа егъэджакIуэри а къэралым щыщ, франджыбзэ фIэкI зымыщIэ цIыхубзт. Зэ еплъыгъуэкIэ мыгурыIуэгъуэ хуэдэт бзэр сабийхэм егъэщIа зэрыхъуну щIыкIэр: дауэ зи анэдэлъхубзэр зымыщIэ цIыкIухэмрэ бзэр зымыщIэ егъэджакIуэмрэ зэрызэгурыIуэнур? Дауэ сабийхэм бзэщIэр егъэщIа зэрыхъунур?

Бзэхэгъэгъуáзэр, урыс бзэщIэныгъэр «языковое погружение» -кIэ зэджэр, бзэ зэрызэрагъащIэ-зэрадж Iэмалщ. Егъэджэныгъэр къызэрызэра-гъэпэщыр сабийм и анэдэлъхубзэр къызэрищIэ-къызэрыхуэкIуэ щIыкIэхэм ещхьущ. Дауи, щы-Iэщ цIыхур бзэм зэрыщыбгъэгъуэзэн нэгъуэщI Iэмал Iэджи. Ауэ, шэч хэмылъу, сэбэпынагъ нэхъыбэ къызыпэкIуэр анэдэлъхубзэр сабийм зэрызэригъащIэ Iэмалырщ. Ар езыр-езыру къэхъу Iуэхугъуэщ, егъэзыгъэ зыхэмылъщ – бзэр сабийм кIуэрыкIуэм тету къыхуэкIуэу апхуэдэщ. ЖыпIэнурамэ, анэдэлъхубзэр сабийм дежкIэ къэзухъуреихь дунейм щыщ зы къэхъу-гъэщ, и зэхэщIыкIым хэхъуэху абы пэкIуэжын хуэдиз бзэми зыдиужьу. Зытет дунейм гуэх имыIэу епхауэ къыдекIуэкI бзэм хуэдэу хамэб-зэри ебгъэщIэн щхьэкIэ, сабийм а бзэр зэрызэ-ригъащIэ къызэрыкIуэ щытыкIэхэм пэджэж егъэджэныгъэ Iэмалхэр еджапIэм щIэлъхьэн хуейщ. ЦIыху балигъыр бзэщIэ зригъэщIэн щхьэкIэ гугъу йохь. Абы нэгъуэщI къэралыбзэ щызэригъащIэкIэ е и анэдэлъхубзэ, е фIыуэ зыщыгъуазэ нэгъуэщI зы бзэ гуэр къимыгъэсэ-

бэпу хъуркъым. Ауэ илъэси 3-6-м ит сабийр тыншу хэпщIа мэхъу мы Iуэхум. Япэ щIыкIэ, зэхимыщIыкIми, бзэ мыцIыхур къыфIэмыIуэху хуэдэурэ зэхех. Зэман докIри зэхихар жиIэжу щIедзэ. ТэлайкIэ, езым и фейдэ зэрыхэлъыр къещIэри, бзэр къыгурыIуэ мэхъу. ЗыужьыкIэр тыншщ: зэхех, йодаIуэ, жеIэж, къыгуроIуэ, иропсалъэ.

Дауэ-тIэ, а бзэщIэр зэрызэрагъащIэ Iэмалыр егъэджэныгъэм зэрыхалъхьар? – Бзэхэгъэгъуáзэ Iэмалым къелъытэ сабийм щIэныгъэ иратым и ныкъуэр е зэрыщыту бзэ зыхагъэгъуэзэнумкIэ яджын хуейуэ. Апхуэдэ щытыкIэм зэрыпсалъэ щыпэбзэр нэхъыкIэ мыхъуу еджакIуэхэр бзэщIэм гъунэгъу хуещI; – Мы егъэджэныгъэ бгъэдыхьэкIэм щеувэлIа-пхъэр сабий IыгъыпIэм е япэ классым дежщ, икIи егъэджэныгъэр псори зэрекIуэкIын хуейр мурадыр зэщIылIа бзэмкIэщ. Анэдэлъхубзэр (щыпэбзэр) яджын щрагъажьэр етIуанэ клас-сым и етIуанэ илъэс ныкъуэм щыщIэдзауэщ. ЕплIанэ классым деж анэдэлъхубзэкIэ ядж дерс-хэм я бжыгъэм хэхъуэу хуожьэ, етхуанэ клас-сым дерсу яджым и зэхуэдитIыр зэрыкIуэр анэдэлъхубзэщ; – Зи гугъу тщIы егъэджэныгъэ Iэмалым нэхъ кIасэу кърашалIэ сабийхэм деж еханэ классыр Iуэхум и щIэдзапIэщ. Мыбы щыгъуэми сабий-хэм я анэдэлъхубзэкIэ ядж предметхэм я бжы-гъэр хуэмурэ хэгъэхъуэн хуейщ, ебланэ-еянэ классхэм а бзэмкIэ ядж дерсхэм я бжыгъэр 75% нэсын папщIэ. АдэкIэ сабийхэм яджынур анэ-дэлъхубзэмрэ хамэ къэралыбзэмрэщ.

Бзэхэгъэгъуáзэ Iэмалым и ехъулIэныгъэр зэман трагъэкIуадэм елъытащ. Iуэхур къэзылъахъэр хамэбзэр джыным текIуэдэну сыхьэт бжыгъэ лейр еджапIэм къезытын къэрал зэрыщымы-Iэрщ. Ауэ бзэхэгъэгъуáзэм и фIыгъэкIэ еджа-кIуэхэм Iэмал яIэщ нэгъуэщI дерсхэмкIэ (есэ-пым, географием...) а бзэ хэхар зэрагъэщIэну, псалъэ бжыгъэу къащIэри и зекIуэкIэ-зэгъэ-пэщыкIэ лIэужьыгъуэ псомкIи ягъэбэгъуэну.

Бзэхэгъэгъуáзэр сыт и лъэныкъуэкIэ къызэгъэ-пэщауэ, зегъэужьын хуэмейуэ щыт егъэджэ-ныгъэ Iэмалкъым. Бзэр щытыкIэ куэдым ихуэнкIэ мэхъу: кIуэдыпэнкIэ шынагъуэ зиIэ бзэхэр щыIэщ, зэребгъэщIэжын Iэмалыр хуабжьу къыхэхыгъуей хъуауэ; щыIэщ бзэ, кIуэ-дынкIэ апхуэдиз шынагъэ щхьэщымытми, егъэфIэкIуэн, къэралыгъуэ хабзэм ипкъ иткIэ игъуэта статусыр абы нэгъэсын щхьэкIэ къэра-лым и дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу, н.къ. Бзэхэгъэгъуáзэ Iэмалым иIэр а зы пкъырауэ,

Си бзэ – си псэ, си дуней

31№9 ПСЫНЭ

Page 34: Psyna no.9, 2010

эстоныбзэм – къэрал щхьэхуэ хъуа пэтми, нэгъуэщI къэралым и бзэр (урысыбзэр) и щIыIу къызэры-кIуэр, къэралыгъуэ статус игъуэтам лъэщIымыхьэу зэрыщытыр, къэрал щхьэхуэр утыку зэрихьэн хуей бзэм бгъэдэлъыпхъэ зэфIэкIхэр эстоныбзэм нахуэу къыхэгъэщауэ зэрыщымытыр. А псом зэрыщхьэдэ-бэкъухыфыну Iэмалу къигъуэтари бзэхэгъэгъуá-зэращ. Эстонием эстоныбзэр и къэрал псом щызе-кIуэ къэралыбзэу иукъуэдийри, бзэм теухуа Унафэм мы Iуэхугъуищыр тегъэщIапIэ хуищIащ: – Зыщыщ лъэпкъым емылъытауэ, цIыкIухэм фIы дыдэу эстоныбзэр егъэщIэныр. Мыпхуэдэ бгъэды-хьэкIэм къэралым Iэмал къритащ езым и цIыхухэм анэдэлъхубзэм (эстоныбзэм) я гупэр хуригъэгъэзэ-ныр, бзэм и пщIэр къригъэIэтыныр икIи гъащIэм и дэтхэнэ зы IэнатIи зыубгъуауэ къыщыгъэсэбэпа хъуныр. – Сабийм и ныбжьым теухуауэ зыхуэныкъуэнум хуэдиз щIэныгъэ урысыбзэмкIэ иIэныр. Бзэм теухуауэ Эстонием къищта Унафэм къызэригъэу-вымкIэ, урысыбзэм ирипсалъэ дэтхэнэми (урысу щытми е нэгъуэщI лъэпкъым къыхэкIами) а бзэр зэрагъэщIэнкIэ, я сабийхэм ар еджапIэхэм ща-джынкIэ зэран щыIэкъым. Ар дерс щхьэхуэу къы-зэрагъэпэщ, ауэ къэрал хабзэм урысыбзэм хухиха сыхьэт бжыгъэр эстоныбзэм щхьэщыкIыу идэр-къым. Урысыбзэр зи «анэдэлъхубзэ» хъуа эстонхэ-ри щыIэщ. Мыбдежщ бзэхэгъэгъуáзэм и Iэмал кIуэрабгъу псори шэщIауэ къыщагъэсэбэпыр. ЕджакIуэхэм зэрафIэфIым тещIыхьауэ, абыи къэ-гъэсэбэпыкIэ лIэужьыгъуитI иIэщ. Зы гупыр, нэ-хъыбэу сабийхэрщ хиубыдэр, эстоныбзэкIэ фIэ-кIа еджэркъым, адрей гупыр (нэхъыбэу балигъщ хэсыр) урысыбзэр къагъэсэбэпурэ анэдэлъхубзэр (эстоныбзэр) зэрагъащIэж. Эстонием къызэрилъы-тэмкIэ, еджакIуэм и ныбжьым теухуауэ зыхуэны-къуэнум хуэдиз щIэныгъэщ урысыбзэмкIэ иIэн хуейр. Мыпхуэдэ «пэубыдыныгъэм» къикIкъым урысыбзэр «дэкъузэн» хъууэ; Эстонием и къэрал хабзэр а щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэр я бзэкIэ псэлъэну хуит зыщI щхьэхуитыныгъэм ебакъуэр-къым, ауэ къэралым и цIыхуу зызылъытэ е зызылъагъу дэтхэнэ зыми къэралыбзэ статус зыгъуэта эстоныбзэр ищIэн хуейуэ япеубыд. – Сабийм нэгъуэщI къэралыбзэр фIыуэ ищIэныр. Европей ЗэгухьэныгъэкIэ (ЕЗ) зэджэ къэрал зэхэтхэм зэрыщыщым къыхэкIыу, Эстониер хущIокъу и еджакIуэхэр хамэ къэралыбзэм фIыуэ ирипсалъэу къэгъэтэджыным. Нэхъыбэу еджапIэ-хэм щрагъэджыр ЕЗ-м и Правительствэр зэрыла-жьэ бзэхэрщ – инджылызыбзэ, нэмыцэбзэ, фран-джыбзэ, урымыбзэ, н.къ. ЖыIэн хуейщ, Урысейм щыхуэмыдэу, Эстонием хамэ къэралыбзэр егъэщIэ-нымкIэ сабийхэм Iэмал хъарзынэхэр къазэрыхузэ-ригъэпэщар.Мы къыхэдгъэщхьэхукIа Iуэхугъэхэр езыхэр,

дэтхэнэ зы бзэми и щытыкIэ щхьэхуэм теухуауэ абы и къэгъэлъэгъуэкIэ-бгъэдыхьэкIэ иIэжщ. Абы тещIыхьауэ жыпIэмэ, гу зылъытапхъэ мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр щыIэщ: – Егъэджэныгъэм епха IуэхущIапIэхэм (еджапIэ нэхъыщхьэхэм, курыт еджапIэхэм, сабий IыгъыпIэ-хэм) я лэжьакIуэхэм Iуэхур акъыл зэхэдзэкIэ ягъэ-кIуэтэныр я пщэрылъу икIи щхьэж и къалэн зэщ-хьэщыхарэ ар зыхуэдэр ящIэжу убзыхуныр; – ЕджапIэхэм я унафэщIхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ къыхэхыныр; – Бзэхэгъэгъуáзэ Iэмалым тещIыхьа егъэджэныгъэ пщалъэхэр, урысыбзэкIэ «образовательные стан-дарты» жыхуаIэр, гъэбелджылыныр;– Бзэхэгъэгъуáзэ Iэмалым къиубыд егъэджэныгъэ пщалъэхэм теухуауэ егъэджакIуэхэм я IэщIагъэм щIэчэ имыIэу хэгъэхъуэныр; – Мы Iэмалыр егъэджэныгъэм хэпщIа хъун пап-щIэ, егъэджакIуэхэр зыхуэныкъуэну дэIэпыкъуэгъу тхыгъэхэр гъэхьэзырыныр; – Iуэхур гъэзэщIа зэрыхъум кIэлъыплъыныр хабзэу гъэувыныр; – ЕджакIуэхэр щеджэну классхэр я ныбжьым елъытауэ зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр; – Сабийхэр япэ классым щыкIуэкIэ е пэщIэдзэ еджапIэм къикIыу курыт еджапIэм щыщIэтIысхьэ-кIэ зытеува егъэджэкIэ хабзэр къызэпымыудыныр, ар зэблэмыууэ адэкIэ гъэкIуэтэныр; – Анэдэлъхубзэрэ нэгъуэщIыбзэмкIэ яджыну дерсхэр зэщхьэщыгъэкIыныр; – Мурад зэщIылIа бзэр езыгъащIэ егъэджакIуэхэм я Хасэ къызэгъэпэщыныр, гъэунэхуныгъэм къыха-ха Iэмал-бгъэдыхьэкIэхэр зэIэпахын, зэдэIэпыкъун папщIэ.

Урысей къэралыгъуэм иубзыхуа егъэджэныгъэ системэм и лэжьэкIэр къызэзыгъэпэщ хабзэхэм зэращхьэдэх щыIэкъым къэдгъэлъэгъуа Iуэхугъуэ-хэр. Зыхуэныкъуэм тещIыхьауэ а хабзэхэр хэубы-дыкIа хъуа егъэджэныгъэ Iэмалым хуэгъэлэжьэн хуейуэ аращ.

БзэхэгъэгъуáзэкIэ зэджэ Iэмалыр утыку къызэри-хьэрэ илъэс плIыщIым щIигъу дэкIами, ар Канадэм щыпсэу еджакIуэ мин щищым щIигъум дежкIэ нобэкIэ бзэхэр зэрызэрагъащIэ Iэмалу къонэ. Ар икIи дуней псом нэхъ зыщызубгъуа егъэджэныгъэ бгъэдыхьэкIэхэм ящыщ зыщ. Америкэм щыщ щIэ-ныгъэлI цIэрыIуэ Стефен Крашен «зэгуэр зи гугъу ящIа, зэгуэр зытепсэлъыхьыгъа икIи сэбэп нэхъ ин дыдэ къызыпыкIа IэмалкIэ» еджащ мыбы. Къэра-лыгъуэр щIэгъэкъуэну иIэу мы егъэджэныгъэ Iэмалыр нобэ къыщагъэсэбэп Эстонием, Латвием, Нэмыцэм, Урымым, Испаным, н.къ. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, Эстонием и гукъеуэхэм ящыщт а лъахэм и щIыдэлъху лъэпкъым и бзэм –

Си бзэ – си псэ, си дуней

32 ПСЫНЭ №9

Page 35: Psyna no.9, 2010

зэрыгурыIуэгъуэщи, бзэхэгъэгъуáзэм и кIуэкIэ гъэнэхуахэрщ. Абы кърикIуар аращи, иужьрей илъэсипщIым эстоныбзэм хэпщIыкIыу зиужьащ, езы эстонхэм гулъытэ хэха абы хуащIу зэрыригъэ-сам къыщымынэу, къэралым щыпсэу цIыху куэдми зэрагъэщIэфыну Iэмал къритащ.Урысейми бзэхэгъэгъуáзэм ирилажьэ щIыналъэхэ-ри щыIэщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Удмуртиеми къыщагъэсэбэп мыбы къытращIыкIа бзэгъуэш Iэ-малыщIэр. ЩIэблэщIэм я анэдэлъхубзэр зэрамы-щIэм къыхэкIкIэ къызэрагъэпэща сабий IыгъыпIэр зэрылажьэ егъэджэныгъэ Iэмалщ бзэгъуэшыр. Зы бзэ пыухыкIам ирилажьэ гупым бзэгъуэшкIи уеджэ хъунущ. Бзэр кIуэдыпэнкIэ зэрыхъунум иригузавэ интеллигенциемрэ адэ-анэхэмрэ я гупыжкIэ илъэс 15 ипэкIэ Удмуртием къыщызэрагъэпэщащ апхуэдэ зы гуп. Бзэгъуэшыр егъэджэныгъэм хэзыпщэ егъэджакIуэхэр сабий IыгъыпIэм къыщызэхуашэса сабийхэм зэрепсалъэр удмуртыбзэщ. А бзэмкIэщ япэ дерсхэр сабийм зэрыбгъэдалъхьэри (есэпыр, дунейхэгъуазэр, лъэпкъ щэнхабзэр, н.къ.). Iуэхур къезыхьэжьахэм я гугъэщ мы зэтраубла Iуэхур зэпымыууэ пэщIэдзэ еджапIэми нахьэсыну. АдэкIэ егъэджэныгъэр дуней псом бзэхэгъэгъуáзэр егъэ-джапIэхэм къызэрыщагъэсэбэпым хуэдэу ягъэ-кIуэтэн мурад яIэщ. Куэдым зэращIэщи, Урысейм щыпсэу фин-угор лъэпкъхэм кIуэтэху къэс я анэдэлъхубзэр яIэщIоху. Уеблэмэ языныкъуэ щIэ-

ныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, илъэсищэ хуэдиз дэкI-мэ, удмуртыбзэкIэ псалъэ щыIэжынукъым! Мы лэжьыгъэм кърикIуэнум утепсэлъыхьыну иджыри пасэщ, атIэми къыбгурыIуэну гугъукъым абы гугъапIэу удмуртхэм ирапхыр зыхуэдизыр.Дызытепсэлъыхьа Iуэхугъуэр адыгэбзэм къедгъэп-щэнщи, мыбдежи лэжьыпхъэ мащIэкъым щыIэр. Адыгэбзэр зи бзэ лъэпкъыр нобэкIэ тIууэ зэщхьэ-щыкIа хъуащ: хэхэсрэ хэкурысу. Шэч хэмылъу, дэтхэнэ зы лъэныкъуэми езым егъэпщауэ зэфIэхын хуей Iуэхугъуэ куэд щыIэщ. Хэкурыс адыгэхэм я гугъу пщIымэ, мыбдежи лъэпкъым и щхьэ бжы-гъэмрэ анэдэлъхубзэм ирипсалъэхэм я бжыгъэмрэ зэщхьэщыкIыу хуежьащ. Ар ухэзыгъаплъэщ. Егъэджэныгъэ IэмалкIэ адыгэбзэм и Iуэхур къэIэ-тын, и пщIэр къыдэхын хуейщ. Ди гугъэщ, ищхьэ-кIэ къэдгъэлъэгъуа IуэхущIапхъэхэр ди еджапIэхэм къыщыдгъэсэбэпмэ, зэрызиужьым теухуауэ зэрегъэфIэкIуапхъэхэр иужькIэ къыдэплъытэжурэ, адыгэбзэм и щытыкIэр куэдкIэ нэхъыфI хъуну.Гу зылъытапхъэ: Бзэхэгъэгъуáзэм игъэхьэзыр-къым бзэр и щыпэбзэм ещхьу лъэщу ищIэу зы цIыхуи, апхуэдэкIэ абы ущыгугъи хъунукъым. Ауэ сабийхэр бзэ зыхагъэгъуэзам фIы дыдэу, е фIыуэ хуэIэкIуэлъакIуэу (щхьэж езым и зэфIэкIым теухуауэ) курыт еджапIэр къызэраухыфынум шэч хэлъкъым.

Си бзэ – си псэ, си дуней

33№9 ПСЫНЭ

Page 36: Psyna no.9, 2010

34 ПСЫНЭ №9

Тыркум и къалэу Къайсэррэ абы и Iэгъуэблагъуэхэмрэ адыгэу мин 120-м щIигъу ису хуагъэфащэ. Истамбыла-кIуэхэр щетIысэха Узун-Яйлэм (тырку-бзэкIэ «Плато КIыхь») и теплъэкIэ, климаткIэ Хэкужьым нэхъ ещхьу, шы бгъэхъункIэ тегъэпсыхьауэ къалъытэ-ри ди адэжьхэм я къуэшхэр Хы ФIыцIэ Iуфэм километр мин бжыгъэкIэ пэжы-жьэ щIыналъэм щепсыхыгъащ. Хэку-жьым ещхьми (Бещто хуэдэ бгылъэщ), Хэкужьым хуэдэ хъунт ар...

Page 37: Psyna no.9, 2010

35№9 ПСЫНЭ

Абы щыгъуэм, зэрыжаIэжымкIэ, вы тIысар къыхэ-мыщу удзыпцIэу щытами, иужькIэ климатым зихъуэжа е экологиекIэ зэблэуа (шыр, Iэщыр куэду яIыгъащ) – къэкIыгъэр хуабжьу мащIэ хъуащ, Тыркум и адрей хэгъуэгухэм къыщыкI хьэцэпэцэри, пхъэщхьэмыщхьэри, хадэхэкIри мы щIыналъэм щыпщIэныр икъукIэ гугъу хъуат. Зы зэман мыбы щыпсэу адыгэхэр къэралым гурыIуауэ дзэм шыр куэду хуагъэхъурт, иращэрт. Езым я «Къущхьэхъуи» яIэжт – ШокъурэкIэ еджэу хъупIэ. Шыр щыкIуэдым Узун-Яйлэр экономикэ и IуэхукIэ дэхуэха хъуащ (аргуэру шыгъэмрэ лIыгъэмрэ зэрыIыгъщ).Узун-Яйлэм и дунейр пхъашэщ, уэзэблэхъущ: илъэсым и ныкъуэр щIымахуэ уаещ (хыгум метр 1500-кIэ теIэтыкIащ), гъэмахуэр уэгъу-цIывыгъуэщ, жьапщэщ. Япэу мыбы къитIысхьахэри уэрэдкIэ тхьэусыхащ:Тхьэр зи жагъуэр, уэйрэйда,Мыпхуэдэ щIыгу гущэм иус,ЩIыуэ диIэр, уэйрэйда,Нывэ сэхущи къэмыкI.Мэкъу зыхуэкIри, уэйрэйда,И пащIэкIэми щIофие,Жьы фий макъми, уэйрэйда,Ди гужь бзаджэри тхурех.Маис мэшхэри, уэйрэйда,Жумэрэным ехъужыр,Уэсу къесыр, уэйрэйда,Къэнжалыщхьэси, мэджыджэ.Мы уэрэдыри, уэйрэйда,Дыриджэгуу жыдмыIэ,Мы уэрэдыри, уэйрэйда,Догузавэри жыдоIэ.Узун-Яйлэ къакIуэу мытIысыфахэм «Гъэмахуэм сабэ борэнуэ, щIымахуэм борэн зэпымычыжу» жа-Iэри ягъэзэжат, жи. Адыгэ лIакъуэу мыбы исщ къэбэрдейхэр, хьэтыкъуейхэр, абазэхэр, абэзэхэхэр, «черкесым» хабжэ шэшэн къуажитIи.

«Узун-Яйлэр» тырку псалъэми, Тырку къэралы-гъуэм и щIыналъэми, мыбы щыпсэухэм а псалъэм храгъэубыдэ адыгагъэм щыщ куэд, ностальгие лъэщ, уеблэмэ, зы культур дамыгъэу къагъэув, абы щыгъуэми иджыри зы псалъэ гъусэ щIыгъужу: «Узун-Яйлэ уэршэр».

Я нысашэм щегъэжьауэ жэназым щыщIэкIыжу дэтхэнэ дахэмрэ дэтхэнэ гъэщIэгъуэнымрэ утеп-сэлъыхьын... Узун-Яйлэ гушыIэкIэм, субкультурэм теухуауэ тхылъ псо птхыфынщ, ауэ уэршэрым къигъэщIа зекIуэкIэ-псэлъафэ лIэужьыгъуэхэм ящыщ мащIэм фыщыдгъэгъуазэмэ тфIэигъуэт. Япэу уигу къокIыр хэгъуэгум и тхыдэм лъагъуэ щыхэзыша уэршэракIуэхэр. Апхуэдэщ джэгуакIуэ IэщIагъэм, дуней тетыкIэм дэтхэнэ и зы лIэужьы-гъуэри (усакIуэри, хьэтиякIуэри, IуэрыIуэдзри, пшынауэри, псэлъакIуэ-хъуэхъуакIуэри, джэгурей-

Щэнхабзэ

Page 38: Psyna no.9, 2010

36 ПСЫНЭ №9

ри) къиубыду мыбдеж щызекIуэ жыIэкIэр. Iэмал имыIэу я цIэ къитIуэн хуейт ЖэткIэр Етэч (Сид-къуажэ), Мударей щыщ Мацу-Лъашэ (Мэсей Берд, «Жу Жансурэт и уэрэдыр», «ПсыIэрышэм укъи-мыкI», н. зыусар), Жырыщтей щыщ Дуар Жэндар, Къунашей щыщ Тхьэзэплъ Рэшад, ЛIыгъурхьэблэ щыщ Сэлихь-Лъашэ, Шэджэм (Къэрэкъуий) щыщ Iэунис Мурадин, Бырс Даут, IуэрыIуэдзышхуэу Ягъэнхэ я шыхъуэжь Хъудэ, н.

Езы «уэршэрын» псалъэм литературэбзэм къикI мыхьэнэм нэхърэ нэхъыбэ кърагъэубыд: «хуиту, гушхуауэ зэпсэлъэн» жыхуиIэм щегъэжьауэ «гушы-Iэн», «сэмыркъэуэн», «щIагъыбзэ куу хэлъу псэ-лъэн», «жьабзэ дахэ гъэлъэгъуэн», «псалъэншэу, гурыгъуазэу дамыгъэкIэ зэрыщIэн» жыхуиIэхэм нэсыжу. Нэхъыжьхэм мыпхуэдэ жыIэгъуэхэр къа-хьыр: хьэщIэщ уэршэр, щIалэгъуалэ уэршэр, лэгъунэ (псэлъыхъу) уэршэр, хъыджэбз хьэщIэ уэршэр, пхъужь уэршэр, удж уэршэр, нэгъуэщIхэри. Зы пса-лъэкIэ жыпIэмэ, уэршэрым мыхьэнэ нэхъыщхьэу иIар псалъэм уриджэгуфынрат, абыкIэ уэршэрэгъур къыдэпхьэхынрат. Зи щIалэгъуэр зигу къэзыгъэ-кIыж лIыжьхэм яжыIауэ, «екIуу ууэршэрын папщIэ хъыджэбзыр тIэкIу дахэн хуейс, мыдахэмэ уи уэршэрын къакIуэркъым».

Узун-Яйлэ адыгэхэм классик хьэщIэщ хабзэхэр икIэм нэс зэрахьащ. ХьэщIэщым, псоми зэращIэщи, хъыбар щызэIэпахт, къэхъуа-къэщIахэм щытепсэ-

лъыхьт, унафэ къыщащтэт – ирелъэпкъ Iуэху, ире-жылагъуэ Iуэху, иресату, иренысашэ, ирежэназы... Iуэхушхуэ щIагъуэ ямыIэми, хьэблэ лIыжьхэр хьэ-щIэщым щызэхуэсырт уэрэдыжь жаIэну, хъыбарыжь, таурыхъ яIуэтэну, щIэблэр яущиину. ХьэщIэщ уи пщIантIэ дэтыныр, ар цIыху кIуапIэу щытыныр уна-гъуэм дежкIэ напэт, фащэт. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж дэтхэнэ зыми и шыгъу-пIастэ, и хьэщIэщ жьэгу ма-фIэ, и тепIэн хуабэ, хьэщIэм и шым ирагъэшхыну и хьэщIэIус арпэр (хьэр) сыт щыгъуи хьэзырт. ХьэщIэ-щыр хьэщкъым... Мы псалъэжьри щыхьэт тохъуэ хьэщIэщыр «цIыхухъу лъэрыхьхэм я клуб» жыхуэ-пIэнум хуэдэу зэрыщытым, абы унафэшхуэ къыщащ-тэкIэ щIэмытыпхъэ зэрыщIамыгъыхьэм. Ауэ хьэ-щIэщ хабзэхэр дэIыгъынымкIэ бзылъхугъэми куэд елъытат: ФызыфI гъэтIылъыгъэншэ хъукъым. Унагъуэм ис хъыджэбзым е пхъужьым и IэкIуэлъэ-кIуагъэри къызэрапщытэр хьэщIэм кIэлъызэрихьэф хабзэрат, Iэнэ зэблэхыным щегъэжьауэ жьабзэм щыщIэкIыжу.

ХьэщIэщ зэкIэлъымыкIуэм хужаIа гушыIэхэри Узун-Яйлэ щызокIуэ: «Бысымым я гъунэгъу хьэда-гъэм хьэщIэр ирихьэлIат. «Си анэ тхьэмыщкIэ, а уздэкIуэм нэху щыIэкъым, шхын щыIэкъым, мафIэ щыIэкъым,» – жиIэурэ лIам и пхъур Iейуэ гъыт-бжэ-ти, хьэщIэр и бысымым зыхуигъазэри «Ей, мыр фи хьэщIэщыра здахьыр?» - жери еупщIащ, жи...».

Адыгэ нысашэм и зы махуэм хэхауэ махъсымафэ ящIт. Нысашэм емыпхами, махъсымэ зэращIа къудейм и цIэкIэ адыгэ уэрэдыжьрэ хъыбаркIэ Iэзэ лIыжьхэр зэхуашэсырти махъсымафэ уэрэд жрагъы-Iэхэрт. Махъсымафэ уэрэдхэр репертуар щхьэхуэщ, адыгэ IуэрыIуатэм и «классикэщ», Хэкужьым здыра-хыжа уэрэдыжь зыбжанэщ: «Дунеижьыр щымыджэ-мыпцIэм...», «Хьэтх Мыхьэмэт-гъуазэ и уэрэдыр», «Хьэтхым и Къуэ КIасэм и уэрэдыр», «Жэщтеуэжьым и уэрэдыр», «Къэбэрдей къаным и уэрэдыр», «Хъымсад-гуащэ и гъыбзэр», «Ажджэриикъуэ Кушыкупщ и гъыбзэр», нэгъуэщIхэри.

Махъсымафэм хэс дэтхэнэ зыми зы уэрэд едзыгъуэ жиIэти къыбгъэдэсым «нокIуэ!», «уэрщ!» жриIэти, махъсымэбжьэр хуишиирт. Адрейми Iимыхыу «гъуэгуфI!» жиIэт, зэ закъуэ хэфэрт, къыIихырти къыкIэлъыкIуэ едзыгъуэр жиIэрт. Аращ «зэрызафэ», «зы уэрэд едзыгъуэ едзын» жыхуаIэр. Куэдрэ ягу къокIыж зы хъыбар: лIы гуэрым (Дыджэш Шэмсэ-дин) едзыгъуэу къылъысын хуейм и псалъэхэр имы-щIэу къыщыщIэкIым, тэджщ, шым шэсри уэрэдыр фIыуэ зыщIэ лIыжьым деж кIуащ; едзыгъуэр жри-гъыIэщ, зригъащIэри, псынщIэу и чэзур къэмыс щIы-кIэ къэкIуэжщ, яхэтIысхьэжри едзыгъуэр иридзы-фащ. ЛIы щыпкъэр Iэмал имыIэу лъэпкъ хъыбарым-рэ хьэщIэщ уэрэдымрэ зэрыщыгъуэзэн хуейм мыр и зы щыхьэтщ, адыгэм «Уэрэдыр къыхадзэмэ, емыжьу-

Щэнхабзэ

Page 39: Psyna no.9, 2010

37№9 ПСЫНЭ

Астемырей. Къэрэшейхэ я унагъуэр.

Хьэзей-Быгъурбаш дыкъэсащ

уфыр хуэмыхущ, шыбэр къыщахукIэ къыдемыу-эфыр Iыхьэншэщ» зытражыIыкIари мы хабзэ-ращ. ХьэщIэщ махъсымафэр щаублэми, зекIуэ гъуэ-гуанэ щытехьэми япэу къыхадзэр «Хьэтх Мы-хьэмэт-гъуазэ и уэрэдырат», мыбы щхьэкIэ «гъуэгупэугъурлы уэрэд» жаIэ.

Тхыгъэм и щIэдзапIэм къэтхьа пычыгъуэр зыщыщыр «Узун-Яйлэм я уэрэдыращ», ар зыусар джэгуакIуэ цIэрыIуэу ЖэткIэр Етэчщ. Етэчыр езыр абазэт, Сидкъуажэ щыщт. ЦIыхухэр пыусы-хьыжурэ кIыхь ящIа мы уэрэдым пэмыщIу Етэч къыщIэнащ хъуэрыбзэ гъэщIэгъуэн. Локъуажэ щыщ щIалэ гуэр Пэзэрсу щыщ хъыджэбзым лъыхъуу къыдэкIуэн щимыдэм, хуэмыфащэу, хабзэми емыкIуу хъуэрыхъуэн гуащIэ хуригъэ-хьащ:Уэ удыщэ х’экI’ыкI’с*,Сэ сыкъикI’ыкI’ас**,Уэ укъикI’ыкI’мэ,Уэлэхьи, лъыпсейр згъэжэным***!*Удыщэ хэкIыкIщ – хъыджэбзыр унагъуэ бейти, «улъэпкъкъым, ахъшэкIэ укъыдэкIуеяуэ узыгуэ-рэщ», жриIэу аращ;**Сэ сыкъикIыкIащ – «си лъэпкъыр жыжьэ къыщожьэ», жи;***«Сылъэпкъщ-сыжэпкъщ, жыпIэкIэ, зэи пхуэздэнкъым, лъы згъэжэнщ», жыхуиIэщ.

Ар щхьэкIуэ зыщыхъуа хъыджэбзым къуажэ щIалэхэр зэхуригъэшэсщ, гуэгуш яхуиукIщ, Iэнэ яхуищIри, «мыбы и жэуап схузэвгъэпэщ» жиIэри ялъэIуащ. Хъуэрыр зыхурагъэхьыжын хуейр абазэти, унафэ ящIащ жэуапыр ЖэткIэр Етэч къашэу ирагъэусыну. Етэчыр хьэщIэщым къы-щихьэм, пщIэ хуащIу ирагъэблэгъащ, жьантIэм-кIи ягъэтIысащ, хъыджэбзым щIэрыщIэу Iуэхур зытетыр жиIэжащ. «Уэлэхьи, Етэч икIи нэхъы-жьым, икIи хьэщIэм, абы и жэуапыр езытыфы-нур арам», щыжаIэм, Етэчыр мыпхуэдэу къэу-сащ:Ар абазэ абазэс*,Ар абазэ акъылс,Ар акъыл ныкъуажэс**,Лоу къуажэ дэсымПэзэрсу дэсыр щимыгъуэткI’э,Къуэлаг’ей дырыреплъэ***!

*Абазэ абазэс – къэбэрдей абазэкъым, хабзэр нэгъэса-уэ иIыгъыфкъым, жыхуиIэщ;**Ныкъуажэ – цыр щаджкIэ Iуданэр зэдэкIуэу щымыту, зым деж нэхъ гъуму, зым нэхъ псыгъуэу щыщытым деж ныкъуажэкIэ (ныкъуэгъажэкIэ) йоджэ, мыбдеж – нобэрэ пщэдейрэ зи щэныр зэтемыхуэ, цIыху зэтемыс жиIэу аращ;***Абазэпщ Лохэ я къуажэм сыт щыгъуи щIыхьрэ пщIэшхуэрэ иIэт.

Хъуэстхьэблэ

Щэнхабзэ

Page 40: Psyna no.9, 2010

38 ПСЫНЭ №9

Хъуэрыбзэ нэсыр (псалъэ цIафтэу щымытрэ усэбзэ дахэмэ) цIыхум ирахьэжьэнт, ягу къинэжынт. Мы къэтхьа усэм, нобэрей гупсысэкIэм тету уеплъмэ, щхьэкIуэ хэзыхын щыIэщ. Ауэ пасэрей адыгэ гушыIэкIэ дахэм утетмэ, уэим хэлъкъым. Абы щыхьэт тохъуэ мыр: «Етэч и хъуэрыр» щыттхыжым дэзгъэт-хыжам игу къэзыгъэкIыжари, нэхъыбэу ириды-хьэшххэри езы абазэ лIыжьхэрат (фIыщIэ гуапэ яхудощIыр, дяпэ Тхьэм куэдрэ иригъэт!). Абазэ дадэхэм дагъэтхыжауэ иджыри щапхъитI: «Уи абазагъэр къомыгъэлъагъуэ», жиIэмэ, зэпIэзэрыту, губзыгъэу щыт, жыхуиIэщ; «Чэударыр нихьмэткъым, абазэр милэткъым» (ХьэпцIийр гъавэкъым, абазэр лъэпкъкъым) щIыжиIэр, «и бзэр нэгъуэщIми, тыркум, ермэлым, курдым хуэдэу хамэ лъэпкъкъым, адыгэщ», къригъэкIыу аращ.

Мыпхуэдэ усэхэр, анекдотхэр, псалъэжьхэр адыгэ лIакъуэхэр ижь ижьыжкIэ «зэрызэныкъуэкъу» Iэ-малт. Къалэну яIари цIыхур зэщыхъуэныр аратэ-къым, атIэ, лъэпкъ гушыIэ культурэм елэжьа инджы-лыз, урыс щIэныгъэлIхэм яжыIауэ, зэныкъуэкъу гуащIэ зияку дэлъхэр дахэу зэбгъэдэшыжынрат.

ИпэкIэ уекъунумэ, хывыхъуитI, икIэкIэ уекъунумэ, абэзэхитI. Маркерыр пцIыми пэжми, абы ипкъ иткIэ, абэзэхэр ерыщщ; курыхыу мы псалъэжьым къигъэ-лъэгъуэфар бгырыс адыгэ лIакъуэм и антропологие теплъэращ: абэзэхэр инщ, къупщхьэшхуэщ, хыв къа-рущ (фигу къэвгъэкIыж КIэрашэм и ГъущIыпсэр).

IуэрыIуатэ гушыIэ стереотипым жиIэр уи фIэщ пщIымэ, хьэтыкъуейр шыбжийкIэ ерыщщ. Аращ Узун-Яйлэм я усакIуэ-IуэрыIуэдз цIэрыIуэ Бырс Даут

и усэм лъабжьэ хуэхъуари:Шыбжийр «Я, Алэхь дыщэ, сэ сыкъэбгъэщIас, <ауэ> дауэ сыхъуну, <губгъуэм> сыкъытенэнус», - жиIэри Iейуэ тхьэусыхас. Абы хэту Алэхь дыщэм дежкI’э уэхьий къикI’ри,- Я, Шыбжий, уэ умыгузавэ, уэр фIэкI’а шхыныгъуэ ямыIэу сэ зы къом нэзгъэкIуэнус, - щыжиIэм,- Ар сыт хуэдэ къом? - щыжиIэм,- Я кI’эныр хьэкъуейуэ,Езыр хьэтыкъуейуэ, жиIас.Я шэмэджыкI’хэр къэуакъхэу*,

Езыхэр тIэкIу ауанакъхэу,Я цакуэ** цIыкIухэр яхуэкI’эщIу,Езыхэр куэду гъащIэкI’эщIу.Уахуэ...щIэху зауду,Адыгэбзэм и щIылъэныкъуэр гуауду.Мэш къахуэмыкI’ыу,Гъуэгум пхутемыкI’ыу,Гъэмахуэм я шхыныгъуэр нащэу,ЩэкI’ Iэрымылъхьэ Iейуэ ящэу,Я бжьыхьэсэр арпэу***,Я хъыг’эбзхэр гуэрпэу,Я лакъумыр зэрагъажьэр дзасэу,Я хъыг’эбзхэр Iейуэ кIуасэу,Я талэхэр**** тIонавэу,

* Къэуакъ (тырку.) – дзэл лIэужьыгъуэ;** Цакуэ – кIагуэ;*** Арпэ (тырку.) – хьэ (хьэцэпэцэ лIэужьыгъуэ);**** Талэ (тырку.) – губгъуэ;***** Мэндыл (хьэрып.) – пэрылъэщI бэлътоку.

Ефэнды Хъалид Жылэгуэш Мухъсин Уэрдым Билал

Page 41: Psyna no.9, 2010

39№9 ПСЫНЭ

Я фызыжьхэр Iейуэ щхьэгъавэу,Я лIыжьхэр сырыхуу,Я щIалэхэр уэгухуу,Я мэндылыр***** IэрыIыгъыу,Я псалъафэр «эксырикъугъу-нырикъугъуу»Зыкъом нэзгъэкIуэнус.

ПщIэшхуэ зиIэ хьэтыкъуей дадэ гуэр и псэ еджэу телъти, жи, хьэжыщI къикIыжа я гъуэнэгъум деж игъэкIуащ, «Iиман къихьамэ, тIэкIу къысхуэфхь», жери. Апхуэдэ лъэпкъ къызэримыхьамкIэ щиIуэжри гъунэгъум лIыкIуэхэр IэнэщIу къиутIыпщыжащ. «А гъуамэр Къайсэр кIуэмэ, шыбжий бэтмэн къихьы-фыркъым, хьэжым кIуэм Iиман къихьын!», - хъущIащ, жи, хьэтыкъуей лIыжьыр. Къэбэрдейм я «дагъуэр» яIуэтэн хъумэ, кIэ зимыIэ зэхэс, гъунэ зимыIэ псалъэ – ар «къэбэрдей уна-фэщ». «Унафэр къремышынэуэж!», – жэуап къатыж езы къэбэрдейм, унафэ къэхьыныр кIыхьлъыхьми, щыуагъэу къремыгъэзэж, жыхуаIэщ.

Лъэпкъ-лIакъуэкIэ «зэрызэныкъуэкъум» хуэдэу адыгэр къуажэ-къуажэкIи гушыIэурэ зоныкъуэкъу. Къуажэ хэхауэ, «пцIы телъхьэпIэу» яIэщ ШкIэбэ-хъуейр, анекдот цикл псо къещIэкIауэ.

Жаныкъуей къуажэм я усэр (КъардэнгъущI Зыра-мыку Хэкум щитхыжауэ зы вариант кIыхьи щыIэщ) Тыркум здырахыжри яхъумащ, тIэкIу зэрахъуэкIащ: Жаныкъуей Мусэр пыIэщхъуэс,Къуаргъыщхъуэжьыр хэвгъащIэс,«Къуаргъ!», Жаныкъуей!Уянэ и къуагъ сыкъу...э,Уядэ и фок’ым сицIыргъэ,«Къуаргъ!», Жаныкъуей!«Жаныкъуейм я усэр» зытраусыхьауэ жыхуаIэр нысашэ кIуа жаныкъуейхэм «адакъэщ» жаIэу къуаргъ зэрырагъэшхаращ. Къунашей щыщ гуэр шууэ и хьэр щIыгъуу Локъуажэ дыхьат, жи. Къуажэм дыгъужь къекIуэ зэпытти, хьэр дыгъужьу жаIэри Локъуажэхэм къаукIри и фэр

Лъостэн Рэджэбрэ Къэрэшей Нэждэтрэ ЛIыгъур Закий

Елъыхъу Исмэт дрихьэщIэщ Щоджэн Алийрэ Быж Саимрэ

Щэнхабзэ

Page 42: Psyna no.9, 2010

40 ПСЫНЭ №9

ящащ. Абы триусыхьащ Къунашей уэршэракIуэ Тхьэ-зэплъ Рэшад и усэр, «Хьэм и тхьэусыхэ» зыфIищар:«Куджмэ*, куджмэ!», - жаIэурэ фыкъызэщIошасэ,Уэр абазэу къэсыр сэ фыкъыстоухь.ХьэщIэ Билустэным щынабгъэр къещ,Хьэфэр зэращар сомитхус, жи.

Пхъэпшынауэ Iэзэу щыта усакIуэ Мацу-Лъашэ ЛIыгъур-хьэблэм яхуиусари къызытехъукIар ипэкIэ къэтхьа адыгэ IуэрыIуатэм фIыуэ илъагъу сюжетыращ – дыгъу-жьым пэтIыса «лIыхъужьхэм» джэдур къаукI:«Мацу-ЩIакъуэ ЛIыгъурхьэблэм яхуиуса уэрэд»Ихьсаныжьым фок’ къывет, Iа хьайрэу рирайрэ,Фэр ефтынкI’э къыфщогугъ, Iа хьайрэу рирайрэ,Г’атэ маисэм зыкъыфхуещI, Iа хьайрэу рирайрэ,Хьэкъы** ефщIар игу икI’ынIым, Iа хьайрэу рирайрэ,Хьэжмуридыр хуэпцIэгъуэплъс, Iа хьайрэу рирайрэ,Гъуанэм къиплъым къиукI’ас, жи, Iа хьайрэу рирайрэ,Уэлъпэн цIыкIум зыкъегъэхъу, Iа хьайрэу рирайрэ,Г’эдуухъур къэвукI’ас, жи. Iа хьайрэу рирайрэ,Ихьсаныжьым шэр къеутIыпщ, Iа хьайрэу рирайрэ,КI’эрутIыпщыр ЛIуп Нанус, Iа хьайрэу рирайрэ,Фунэхъуну фыщэкIуа! Iа хьайрэу рирайрэ.Г’эдуухъур къэвукIас! Iа хьайрэу рирайрэ.

Хьэкъы нэфыр вгъэунэхъуас! Iа хьайрэу рирайрэ.Адыгэ экспромт гъэпсыкIэм тетщ «Сэлихь-Лъашэ тутынащэхэм зэрахуэусари» (зытриусыхьар къуа-жэм къыдыхьа тутынащэхэм джэд зэрадыгъуарат):Г’эдыкI’итI зы хъурыщс*,АнэщIищыр сом ныкъуэс,Тутын уокъуэр** г’эдипщIс.ФIыцIэм и къуэ балид,Бзагуэм и къуэ Бадри,Фи уэрэдыр ирикъуIым,Фызхуэныкъуэр вжесIынс.Г’эд лъэхъар г’абэм ирожэ, жи!..

* Хъурыщ – тырку ахъшэ жьгъей;** Уокъуэ - килограмм.

ЩIэныгъэ еплъыкIэу убгъэдыхьэмэ, тыркум ис адыгэхэм нобэр къыздэсым яхъума уэршэрыкIэ хабзэхэр социокультур институт псо ирокъу. Абы епха IуэрыIуатэр Iэмал имыIэу тхыжын, зэдзэкIын-хэмрэ еIуэлIапхъэхэмрэ щIыгъуу къыдэгъэкIыжын хуейщ, мыпхуэдэ институтхэр лъэпкъыпсэр къэзы-хъумэ Iэмал нэхъыщхьэхэм зэращыщым къыхэкIыу.Тыркум щыпсэу нобэрей щIэблэр абы пэIэщIэми, адыгэ тхьэмадэхэм бзэ гъэщIэгъуэн яIурылъщ – пасэрей гупсысэкIэм тету зы адыгэбзэ, совет литера-турей стилым, официаль теле-, радио-, газетыбзэ Iэ-рыщIым «имыгъэутхъуауэ» IуэрыIуатэбзэ курых. «УЗУН-ЯЙЛЭ» жыхуиIэ дамыгъэм, культур кодым къеджэфым IупщIу и нэгу къыщIохьэ нэм къыщIэ-джагуэу зы шыфэлIыфэ, зы жьэгу мафIэ, зыми хо-мыгъэгъуэщэну зы псэлъэкIэ-гушыIэкIэ, лIэщIы-гъуэрэ ныкъуэрэкIэ мыбы иса цIыхухэм – лIыхъу тхьэмадэхэм, щIалэ хъыжьэхэм, хъыджэбз цIэры-Iуэхэм, пхъужь дахэхэм, джэгуакIуэ-усакIуэхэм, пшынауэ фIэрафIэхэм, ефэндыхэм, Iэзэхэм, шы-хъуэхэм – я жыIэхуэ, я псэхъуахуэ, я дунейкъута-хуэ...

«Къэбэрдеижьурэ жыгей жьэгужьым, дакъэжь мафIэу зэхэмыкIыжым» ущызиIэжащэрэт, си Узун-Яйлэ...

*Куджмэ (абазэбзэ) – дыгъужь. **Джэдур зейм и цIэ

P.S.Тхыгъэр щыдгъэхьэзырым дэIэпыкъуэгъу къыт-хуэхъуахэу Чэтауэ Ибрахьим (Синоп– Мейкъуа-пэ, «Дышъэпс» кафе), Егъэн Илдрай (Къэзан-чыкъ (Узун-Яйлэ) – Мейкъуапэ), Къайсэр къалэм (Талас) дэт Хасэм и тхьэмадэ Къэрэшей Нэждэт, н.къ. фIыщIэ яхудощI.

Шыбзыхъуэ Аруахь

Щэнхабзэ

Page 43: Psyna no.9, 2010
Page 44: Psyna no.9, 2010

ЗекIуэ хъуэхъухэмрэ

шы хуэIухуэщIэ

хабзэхэмрэ Табыщ Мурат

42 ПСЫНЭ №9

Хабзэрэ бзыпхъэрэ

Page 45: Psyna no.9, 2010

Шыр куэд щIауэ адыгэм къыдогъуэгурыкIуэ.

Адыгэм шым пщIэрэ гулъытэу хуищIар нэры-

лъагъу тщещI абы ехьэлIа лъэпкъ щIэныгъэу ди

деж къэсам. Шы хуэIухуэщIэ зэхуэмыдэ куэдым

я гугъум ущрохьэлIэ адыгэ IуэрыIуатэм. Абы и

дэтхэнэ зы лъэпкъыгъуэри къапщтэмэ, я нэхъ

мащIэу шым и фIагъым, и Iущагъым теухуауэ

зыгуэр жызымыIэ къыхэкIынкъым.

Гущэм хэлъ къуэрылъху щIалэ цIыкIур щыщIиупс-кIэкIэ, нанэм зэчыр макъамэкIэ игъэдахэурэ къи-Iущэщ гущэкъу уэрэдым хилъхьэр ар шууей зэкIэ-лъыкIуэ зэрыхъунурат:

Жей, си псэ, жей, си щIалэ,Жей, си щIалэ нэху,Нэхущыр уи щыпэежьэщ,Гъуэгу жыжьэхэр зыпэплъэ,Си шу хъыжьэ ябгэ,Уи псэ закъуэр мастэпэбдзи,Пхъуантэдэлъу пхузохъумэри,Тхьэм уэ цIыкIур укъихъуми.

«Адыгэшрэ адыгэлIрэ», – жеIэ псалъэжьым. Ахэр зэхуэмыщхьэпэмэ, лIыгъэр дэнэ къикIын, лIыгъэ-щIапIэри дэнэ къипхын? Илъэсищэм нэблагъэкIэ псэуа Унэж Хьэбибэ щIэупщIэгъат: «ЛIыр и нэпс щымыукIытэу щигъэлъагъуэр пщIэрэ?» – жери. И жэуапри хьэзырт: «Щэ къудейт зэрыплъэгъунур ар: и анэр лIауэ къаIэту дахын ипэ къихуэу, и ща-уэгъу щIалэ къепцIыжамэ, шыр фIэкIуэдауэ игъуэ-тыжынкIэ и гугъэр кIуэдамэ». Абы адэкIэ къыпи-щат: «ЛIым гуфIэгъуэ нэпси иIэщ, ар щигъэлъа-гъуэр пщIэрэ? Зы фочышэ иригъэкIынт къуэ къызэрыхуалъхуам щхьэкIэ, адрейуэ, иш и пщэ зришэкIынт, шыщIэ зэригъуэтам папщIэ». ГъэщIэ-гъуэнращи, адыгэм цIыхухъу нэпсрэ шы нэпсрэ зэхуегъадэ, нэхъ гуащIэр хузэхэгъэкIакъым. Адыгэ дадэт «АдыгэлIыр дэнэ щыIэ?» – жаIэу щеупщIым, – «Адыгэшыр здэщыIэм щыIэщ», – жиIэу жэуап зытыжар. «Адыгэшыр дэнэ щыIэ?» щыжаIэм,– «АдыгэлIыр здэщыIэм щыIэщ»,– жиIэгъат.

Апхуэдэ гъэсэтхыдэ гъэщIэгъуэн куэд ущрохьэлIэ лъэпкъ IуэрыIуатэм. Ахэр псори щIэныгъэ ирокъу, лъэхъэнэ кIыхьхэм кърикIуа ди лъэпкъ и лIэужь дэтхэнэри ипэ къэкIуэнухэм, щIэблэм зэрыдэгуэ-ша акъылрэ гупсысэщ.

Ди псалъэмакъыр зытеухуар адыгэ хъуэхъухэмрэ шы хуэIухуэщIэ хабзэхэмрэщ: айтIур зэрызэхэ-щIыхьарщ, зэрызэпэджэжырщ, зэрызэдызекIуэрщ. Сыт хуэдэ Iуэхуми и пежьэр хъуэхъущ. Шы хуэIу-

Сурэтхэр зыщIар Догбай Айтэчщ

43№9 ПСЫНЭ

Хабзэрэ бзыпхъэрэ

Page 46: Psyna no.9, 2010

хуэщIэ хабзэхэм, зекIуэм хъуэхъу теIуащ. Абы ипкъ иткIэ, зэпкърытплъыхьынури зекIуэ хъуэхъукIэ зэджэхэращ. Сыт абы къидгъэкIыр?

ИжькIэ шыр зыхуаIыгъри, зыхуагъасэри зекIуэщ. Шым фэрэ фIагъыу бгъэдэлъыр къэзылъытэу щы-тар жылагъуэрщ. Жылэм и напэр къыдэзых-къуэзылъхьэж хъугъэщIагъэ куэдым щыщт шым къызэкъуихыну зэфIэкIри. Арагъэнт сабий къалъ-хуам иращIэкI дауэдапщэхэм хуэдэхэр, е еплъыт хъунухэр, шыми щIращIэкIри. Шыми зы дуней къытехьэгъуэ иIэщ, апхуэдэ дыдэу зы дуней текIы-жыкIи иIэщ. Сабий хуэIухуэщIэхэм шым ейр къызэрыщхьэщыкIыр аращи, мыбы зэрагъэунэху хабзэ куэди хэлъщ. Ар зыхуэунэтIар зекIуэш къэ-гъэхъунрат. Шым и щыпэдэш-щыпэшэс хуэIухуэ-щIэхэм щегъэжьауэ зекIуэ гъуэгу теувэхункIэ дауэдапщэу ещIэкIам хъуэхъуу теухуарщ дэри зе-кIуэ хъуэхъукIэ дызэджэр.

Адыгэ пщы-уэркъхэр хуабжьу ерыщу пылъащ зе-

кIуэш къэгъэхъуным. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми шым къыхагъэща хьэл-щэныр я шы лъэпкъ нэщэ-нэу ягъэувыжурэ нобэ дызыщыгъуазэ шы лъэп-къыгъуэ гъэщIэгъуэнхэр дунейм къытехьэгъауэ щытащ: щолэхъу, бэлэтокъуэ, чэрэчанэ, трамэ, къундет, жырыщты, есэней, абыкъу, бечкъан, хьэгъундокъуэ, н.къ. Шым халъхьэфа, къызыкъу-рагъэха фIагъ псори хэIущIыIу щыхъум, зи цIэ къитIуа шы лъэпкъыгъуэхэр дунейм зэрыхэIуар адыгэшущ. Адыгэшым и пщIэр адыгэм зэриIыгъа щIэныгъэр къуэпсыбэщ, лъэныкъуэ куэд къызэ-щIеубыдэ. Абыхэм ящыщу зы Iуэхугъуэщ дэ зи щхьэ диIэбэнури.

ШыщIэр дунейм къыщытехьа махуэм и япэ жэ-щым ягъэпскIырт, зэрагъэпскIри нэху зытемыщ-хьа псыкIэт. И фIалъиплIым деж щрагъажьэрти, шыпщэ щIагъымкIэ къакIуэу, шы нэпкъым къыде-кIуэкIрэ шы сокум къехыжу, адэкIэ шы тхыцIэмрэ ныбэмрэ къыхыхьэу псыкIэ зэщIагъыхьэрт. Псыр къебгъэжэхыныр ягъэдахэртэкъым; хъыдан щабэр

44 ПСЫНЭ №9

Хабзэрэ бзыпхъэрэ

Page 47: Psyna no.9, 2010

псыф ящIырти, абыкIэ телъэщIыхьыурэ ягъэпс-кIырт. ШыкIэр ятхьэщIыртэкъым. ШыщIэр зейр хъуахъуэрт:

Ялыхь, зи гуащIэр ин!Мы къытхэхъуа псэущхьэрУнагъуэми, лъэпкъми угъурлы тхуэщI,И лъэр жанрэ быдэу,И гъуэгур кIыхьрэ бгъуэуэ,ЛIыуэ шэсынумкIэ махуэу,Гъуэгуу икIунумкIэ нахуэу,И шыпэр здэгъэзам хъерыр щыбэу,Батэр игъэшу,«Зышрэ зы шууейкIэ къамылэнджэжхэщ!» – къыхужаIэу,Зэхуэщхьэпэу,ЗэрымыгъэкIуэдуЯ дуней Iыхьэр егъэхь!

Нэхъыжьхэм зэрыжаIэмкIэ, шыпэм мэкъушыхь щабэкIэ теIуэтыхьу щытащ, и шхыпэ къытехьэ-лъэнкъым, жаIэрти.

Шыр къыщыхъуа жэщым унагъуэм тхьэлъэIу ща-щIырт. ШыщIэ къалъхуам и цIэкIэ унагъуэ кIуэ-цIым щаIэт тхьэлъэIуитIым языхэзщ ар. Адыгэр зэтауэ щыта мэкъумэш, Iэщ гъэхъун хуэIухуэщIэ-хэм теухуа дауэдапщэхэр зэраублэу щыта унагъуэ тхьэлъэIухэм къызэрыщхьэщыкI щыIэкъым мыри. Ауэ къыхэгъэщын хуейуэ Iуэхугъуэ зытIущ хэлъ-щи, абыхэм даблэкIынкъым.

ШыщIэр зыхуагъэфащэ щауэщIэ унагъуэм исмэ, абы япэ щIыкIэ зрагъэгъэпскIырт, Iэдакъэбжьэ хуэдиз хъун башым къешэкIа хъыданым жьэгу мафIэм и кIэгъуасэм щыщ и IэкIэ абы щрагъэцIэ-лъырти, иужькIэ ар шы натIэмрэ шы тхыцIэмрэ щрагъэхуэжырт. Абы зэреджэр, зэрызэхэтхамкIэ, нэтемыгъахуэ тхыгъэщ. Нэтемыгъахуэр шыщIэм щытращIэр дунейм къызэрытехьэрэ махуий ирикъуа нэужькIэщ. Унагъуэм исхэм фIэкIа хамэ кърихьэлIэкъым абы. Шы гъэхъуныр IэщIагъэ зыхуэхъуа лъэпкъхэм унейуэ, щхьэжу зэрахьэу щытащ апхуэдэ нэтемыгъахуэ тхыгъэхэр. ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ щыщ Щоджэнхэ я лъэп-къым шыщIэм тращIэу щыта нэтемыгъахуэ тхыгъэм и теплъэм къытекIауэ «хьэгъэджэгу бжыхь» жаIэу щытащ. Сыт хуэдэ итхъэкIэ-щыхуэ-кIэ иIэт абы – иджыкIэ тхузэхэгъэкIакъым.

Щапхъэ къэтхьар дыхуейт нэгъуэщI зы Iуэхугъуэ етпхыну. Сабий дунейм къытехьар гущэм хапхэху нэ лей трагъаплъэртэкъым. Арагъэнт гущэхэпхэ щащI махуэм зыщIрамыгъэIэтыщэри, гъунэгъу фызыжь зыплIытху нэхъыбэ къыщIрамыгъэбла-

гъэри. ГущапIэ зыхуащIа сабийр хъыдан жэрумэм кIуэцIалъхьэн ипэ къихуэу гущэхэпхэ тын жаIэр-ти, хэти дзыгъуэ джанэ, хэти гущэ щхьэнтэтелъ, хэти гущэгурыгъ кърахьэлIэрт. Абы иужькIэ хъыдан жэрумэм сабийр кIуэцIалъхьэрти, гущэм хапхэрт. «Фэм и щабэр мэхъуэшщ, махуэ еянэм хокI» жаIэрти, а гущэхэпхэ махуэрат нэтемыгъа-хуэр сабийм тепщIэ хъуну къыщалъытэр. Щабэ дыдэу, сакъыурэ натIэкум хуэзэу кIэгъуасэр ща-хуэрт. ГъэщIэгъуэнракъэ, тещIэкIэхэр зэтехуэр-къым. Хэти Iэпхъуамбэшхуэм и щабэр щхьэкум хуэгъэзауэ кIэгъуасапIэр хуэкIыхь-хуэкIыхьу тре-щIэ, хэти, а Iэпхъуамбэшхуэ дыдэр натIэкум хуегъазэри кIэIунэ теплъэ иIэу трещIэ, хэти зыгъэлъагъуэ IэпхъуамбэмкIэ кIэIуантIэу трещIэ, хэти Iэпхъуамбэ жьакIэмкIэ къыхэщ къудейуэ хъуреишхуэ трещIэ. Уегупсыс хъунут щхьэж зэрыхуэIэижьым хуэдэущ нэтемыгъахуэр зэры-трищIэр жыпIэу. АрщхьэкIэ ныуэжьхэм жаIэу зэхэпхынут: «нанэ мыгъуэр лъаIуэу щытащ си лъабзэрэ нэтемыгъахуэрэ фымыгъэкIуэд, кхъыIэ, абы фыкIэлъыплъ» жаIэу. Мыбдеж къыщыхъури, шыщIэм тращIэ тхыгъэри зы гупсысэм и Iэужьу къэплъытэ хъуну тфIощI. Абы иджыри къокI лъэпкъ щэн яхуэхъужауэ куэдым нэтемыгъахуэ тхыпхъэхэр щхьэжу яIэу зэрыщытар.

Нэтемыгъахуэр тращIэу унагъуэр жьэгум къекIуэ-лIэжа нэужьщ абы и щIыхькIэ Iэнэ щагъэувыр. Жьэгум и пащхьэ унагъуэм и нэхъыжьым и гупэр егъазэ, тхьэлъэIу шхыну ягъэхьэзыра ху мэжа-джэм щыщ бзыгъэ Iэ ижькIэ къещтэри мэхъуахъуэ. Абы зэреджэр шым и нэтемыгъахуэ хъуэхъущ:

Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ,Куэдыр зи гуащIэ,Псэущхьэ зи щхьэ дгъэлъапIэрКъэгъэхъу щолэхъуу,И щхьэр игъэкIыу,И кIэр игъэпщу,И лъэр псынщIэу,КIуэрыкIуэныфIу,И жэр хэмыщIу,ЩыщIагъ имыIэу,Къомыгъапщэ нэ жагъуэ,ХуэщI пэIэщIэ нэ бзаджэм,И махуэр хуэщIэрэ,И дунейр щIэщыгъуэ зэпыту,ФIыуэ траIуэр къехъулIэу щыгъыIэ!

Хъуэхъум иужь мэжаджэ бзыгъэм щыщ зы дзэкъэ-гъуэ хегъэщI, абы щыщ Iыхьи адрей щытхэм зыIуагъахуэ. Лъабжьэ зиIэ теплъэгъуэщ мыр: мэ-жаджэм щыщ дзэкъэгъуэ зыIугъэхуэныр сыт хуэдэ дауэдапщэ Iэнэми хабзэу хэлъащ. Абы куэд трат-

45№9 ПСЫНЭ

Хабзэрэ бзыпхъэрэ

Page 48: Psyna no.9, 2010

хыхьащ, куэди тепсэлъыхьыгъащ.

Шым и цIэкIэ етIуанэу унагъуэр жьэгу пащхьэм къыщызэхуэсынур шыр зекIуэш хъурэ зекIуэр къыщыхуагъэфащэм дежщ.

Шым ныбжьищ иIэщ, жаIэ. МащIэу дытепсэлъы-кIынщи, жытIэнщ, зи гугъу тщIыр ныбжьыр къызэралъытэ илъэс бжыгъэр ару зэрыщымытыр. Шы ныбжьым кърагъэкIыр кIэлъыплъыгъуэ зэблэкIхэрщ. ШыщIэр гъэритI ирикъуху къэзылъ-хуамрэ зеймрэ я нэIэ тетщ. Ар япэ ныбжьщ. Гъэри-тIым щегъэжьауэ гъэрих хъухункIэ шыр зеймрэ абы и гъэсэнымрэ я нэIэ тетщ. Ар етIуанэ ныбжьщ. Гъэрихым щегъэжьауэ адэкIэ кIуэр – шыр зеймрэ езы шымрэ къызэхуонэжри – ещанэ ныбжьщ. Шым зыщиужьри мыбы щыгъуэщ: «шым гъэри-блым зеублэри, гъэрибгъум зеубгъу», – жеIэ адыгэ псалъэжьым.

ШыщIэ дунейм къытехьагъащIэр щагъэпскIкIэ, шыкIэр ятхьэщIыртэкъым. Ар зытехуэр шыр гъэ-ритI щрикъу махуэхэрщ. ШыкIэтхьэщIкIэ зэджэ тхьэлъэIури къыщыдахыр абы щыгъуэщ: абы хъуэхъуи иIэщ, Iэни епэсащ. Нобэр къыздэсым адыгэбзэм ехъумэ псэлъафэ гъэщIэгъуэн «шыкIэ-тхьэщI хуэпщIаи» жиIэу. Шы къащэхуам иращIэкI тхьэлъэIум шыкIэтхьэщIкIэ еджэу щытауэ жеIэ «Адыгэбзэ фразеологизмэхэм я псалъалъэм». Дэ нэгъуэщIущ абы кърагъэкIыр къызэрыдгурагъэ-Iуар, кърахри куэдкIэ иужькIэ игъуэта мыхьэнэ-ращ: хъерым и IуэхукIэ цIыхушхуэ къызэхуэсам и инагъыр къызэрагъэлъагъуэ зы жьабзэ ишыгъуэ щхьэхуэщ мы псэлъафэр. Ауэ Iуэхум Iуэху хэлъщ, жаIэ. Мыри щыпэ мыхьэнэуэ къэплъытэ хъуну-къым. Ар зытеIукIар зи гугъу тщIыну шы хуэIухуэ-щIэрщ.

ШыкIэтхьэщI щащI махуэм техуэу жылэм пщIэ зыхуащIу дэс лIыжьхэр къызэхуашэсырти, лIыжь зэхэс хуащIырт. Нэхъыжьхэм ящыщу зы жьакIуэ махъсымэбжьэр IэщIагъэувэрти, ягъэхъуахъуэрт. Хъуэхъур кIыхьу жаIэу щытауэ хъыбар щыIэщ, дэ къытлъэIэсыжа мащIэр мыращ:

Ялыхь,Нобэ дыщIызэхыхьа псэущхьэмИ ныбжьымрэ и гъуэгумрэ зэтес щIы,И шыпэ здигъазэм хъерыр къикIыу,И гупэр здиунэтIым кIэсыр щыбэу,БэкIэ и дахэ яIуатэу,КъикIуэт имыщIэу,И гъуэгужь къехъулIэу,ЛIы хуэщхьэпэщ, хужаIэу,Уанэ хуэфащэщ, хужаIэу,

ХужаIэ псори дахэуТхьэм иригъэкIуэкI!И шыкIэ мафIэ емыуэу,Ихъу-илъ и хьэлу,ХьэлыфIэу,ФIыгъуэхуэлъэу,И нэр здэплъэм и лъэр лъэIэсу,КIэсу тесыр напэхуу,Дахэм и хужьу,Жьым и гухэхъуэу,ЛIыхъуу мы шым шэсынурЕжьэмэ и гъуэгу бзэпсу,Ипс жэджэу,И гъуэгу занщIэу,Аужэдж и гъусэу,Имыгъусэ къехъуапсэу,Хъуэпсэгъуэ и бэ щIыгъуу,Хъер къыдэхъуу,Къуаншэ къемыхъулIэу,ЛIэныгъэм пэжыжьэу,

46 ПСЫНЭ №9

Хабзэрэ бзыпхъэрэ

Page 49: Psyna no.9, 2010

Псэуныгъэм пэблагъэу,ЩыIэкIэ иIэуБэрэ щыIэну дыхуолъаIуэ!

ШыкIэтхьэщIым епэса хъуэхъубжьэ махъсымэм хъуэхъу зыIэтар зэ хофыкI, къедэIуахэм къахуре-гъэкIуэкIри, бжьэр къызэрыIэрыхьэжу шым бгъэдохьэри шыкIэм махъсымэм щыщ кърегъэ-жэх, и фIалъэ лъабжьэхэм къинар щIекIэ. Мыращ шыкIэтхьэщI жыхуаIэр. Мы шы хуэIухуэщIэ хабзэр щыкIуэдыжым, абы ехьэлIауэ щыта псэлъа-фэмрэ Iуэхугъуэмрэ теужьыкIыжауэ аращ ищхьэ-кIэ къэдгъэлъэгъуа мыхьэнэри.

МахъсымэекIыхыр хъуэхъу зиIа дауэдапщэ хабзэщ. ВакIуэдэкIым ещIэкIа хабзэ зыкъомым щыболъагъу ар. Уегупсыс зэрыхъунумкIэ, шыкIэт-хьэщIыр шым и утыку щыпэрышэ хуэIухуэщIэщ.

Илъэс, илъэсрэ ныкъуэ нэхъыбэ мыхъуа шыр иджыри шыщIэу ябжырт. А ныбжьым фIамыгъэ-кIыу трагъахуэрт дамыгъэтедзэри. «Пасэу тебдзэ-мэ, пасэу пкърывыкIыжынщ» жаIэрти, арат зыт-ращIыхьыр. Дамыгъэтедзэ махуэр щытрагъахуэр гъэрэ щIырэ зэрызэхэкIрэ махуэ плIыщI дэкIа иужькIэщ. Дамыгъэтедзэр бадзэуэгъуэр къэмысу зэфIагъэкIырт, гъэмахуэ шылэр шым егуэуа мыхъун щхьэкIэ, жаIэрти. Ар къызыхэкIыр шым игъуэта уIэгъэм е екIуэнкIэ шынагъуэ щыIэм (хуабаем, гъудэбадзэм) пэIэщIэ хуащIыну зэрыху-щIэкъухэрат. Дамыгъэтедзэм хабзэ гъэщIэгъуэн куэд пылъщ. Абыхэм купщIафIэу тепсэлъыхьащ Ехъутэныдж Хьэсэн.

Дамыгъэтедзэр къыщыдах махуэм къуажэм щыщ нэхъыжь зытхух къызэхуашэсырти, дамыгъэр щытрадзэну щIыпIэм кърашалIэрт. Дамыгъэ те-дзэныр пщэдджыжьыпэм ирагъажьэрти, жьауэ-гъуэджэ хъухункIэ екIуэкIырт. ХабзэмкIэ тезыдзэн хуейр шыр зейм и къуэшщ е и унэкъуэщ щIалэщ, ауэ а Iуэхум хуэIэзэхэр къыщрашалIи щыIэт. Ехъутэныдж Хьэсэн зэритхымкIэ, дамыгъэр тезыдзэм и Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр зэхуэдэу, лъхугъэ иIэу, мыкуэсэуэ, Iэщ гъэхъуным хуэIэи-жьу щытын хуейщ. Дамыгъэ тедзэкIэ лIэужьы-гъуитI щыIащ: зыр – шыр ираудрэ дамыгъэр традзэу, адрейр – зэфIэту традзэу. Апхуэдэу ящIэу щIыщытам и щхьэусыгъуэр Ехъутэныджым шым и бэшэчагъым ирепх. Шым и пIалъэ фIыуэ щыгъуазэ Идарей Фаикъ къызэрыджиIамкIэ, лъхукъуэлIым дамыгъэр шым щытридзэкIэ игъэукIурийрт, уэркъышым дамыгъэр зэфIэту традзэу щытащ: щыту томыдзэм – уэркъышкъым. ИтIанэ гурыIуэ-гъуэ мэхъу Ехъутэныджым и лэжьыгъэм къыщихь «Щолэхъур зэрыкIуэдыжар дамыгъэтедзэм

къыщащIащ», «Щыту томыдзэм – щолэхъукъым» псэлъафэхэр.

Дамыгъэ тхыпхъэ пхыбзыкIар зытет щэкIыр псыф ящIырти, куафэм траубгъуэрт, итIанэт дамыгъэр къыщыхагъэжьыкIыр. Шыбзым дамыгъэр и пхэ-щIыщхьэм и лъахъшапIэм, хакIуэм и лъагапIэм традзэу щытащ. Дамыгъэр зэрытрадзэу уIэгъэм шэ фIэIуа, шху гуащIэ, шатэ, тхъу гъэвэжа хуэдэхэр щахуэрт. Узым игъэундэрэщхъуа шыр хуабэщIыпс Iус ирагъафэрт. ХуабэщIыпсыр хъудыр гуащIэпс пIащIэщ, и гур къызэфIэмылIэн, и лъым и зекIуэ-кIэр зэтеувэжын папщIэ шым хущхъуэгъуэу ира-хьэлIэу. Зрилъэфыхьу щытмэ, кIыщ уадэ цIыкIукIэ шым и лъэIэгъуэм мащIэу теIунщIэхэрт, фIалъэ лъэдиймрэ псэлъынтхуэмрэ зэлъагъэIэсырт, шыр ягъащтэрти, ирагъэлъырт. АбыкIэ шым и гур зэрагъэгъуэтыжырт.

Дамыгъэр зэрытрадзэм кIэлъыплъ нэхъыжьхэм Iуэхур къезыхьэлIа щIалэхэр зыпэрыс Iэнэм кърашалIэрти, абыхэм ехъуэхъухэрт, псалъэ дахэ жраIэрт. Дамыгъэтедзэ хъуэхъу куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщ мыр:

Ялыхь,Гъэ дызытехьэр тхуэмэхуэн щIы,Угъурлы щIы,ЩIылъэу дызытетыр щхъуантIэу,Уафэу дызыщIэтыр къащхъуэу,Бий диIэхэмкIэ дыщхъуэдзэу,ЩIасэу диIэхэм гузэрыдзэ едмыгъэщIу,Ди Iэ къихьэмкIэ гуапэу,Ди щIалэхэр узыншэ щIы,Ди дахэхэр гукъеуэншэ щIы,Жылэр бэIутэIуншэ щIы,Уи бэлыхьым щыхъумэ!Ялыхь,Я Iэщ къэхъумэ,Я Iэщыр гъэузыншэ,Дамыгъэр зытрадзам яхуэщын щIы,Амыщ и Iэщын палъэу къыщIэгъэкI,Насыпшэсхэу къыщIэгъэкI,ЗэдыщIэкIыу хъер кIуапIэ щIы!

Дамыгъэтедзэ хъуэхъубжьэр Iубыгъуищ мэхъу. Япэ щIыкIэ хъуэхъуар бжьэм хоIубыкIри, итIанэ ижьымкIэ щытым хуешийр; бжьэм къигъэзэжа иужькIэ, нэхъыжьым дамыгъэтедзэм хэта щIалэ-хэм ящыщ зым ар хуегъэфащэр. Джылахъстэней-хэм дамыгъэтедзэр IэнэкIэ яублэр, Iэщым гунэщIу ухыхьэ хъунукъым, жаIэри. Узун-Яйлэ ис хьэты-къуейхэм Iэнэр нобэ хуэдэм ягъэуврэ пщэдей хуэ-дэм езы дамыгъэтедзэр къыдахыу щытащ. ЩIалэм къыIэщIагъэува бжьэм хуэфащэ пщIэ хуищIу ири-

47№9 ПСЫНЭ

Хабзэрэ бзыпхъэрэ

Page 50: Psyna no.9, 2010

гъэгъэзэжа иужькIэ, тхьэлъэIу мэжаджэ бзыгъэрэ шхуIэфI фалъэрэ нэхъыжьым етIуанэу хуеший. Дамыгъэтедзэ тхьэлъэIум нышыпхъи хэтщ, шхын зэблэхри щыбэщ, ауэ хэхауэ абы и шхыныгъуэ епэсар мэжаджэмрэ шхуIэфIымрэт. И гъэхьэзыры-кIэм теухуауэ мэжаджэм цIэ зэхуэмыдэ игъуэтырт: Бахъсэн псыхъуэ дэсхэм пхъэхуей мэжаджэ жаIэу, Шэджэм псыхъуэ дэсхэм пхъафэ мэжаджэ жаIэу щытащ. Абазэ мэжаджэм и гъэхьэзырыкIэм хуэ-дэщ ищхьэкIэ зи цIэ къитIуахэм я пщэфIыкIэри.

Дамыгъэтедзэ Iэнэм IыхьэхэгъэкI жаIэри нэгъуэщI зы хабзи хэлъщ. Зедмыгъэукъуэдиищэу къедбжэ-кIынщ дамыгъэтедзэ Iэнэм и цIэкIэ хагъэкI Iыхьэ лIэужьыгъуэхэр: нэхъыжь Iыхьэ, анэш Iыхьэ, фы-забэ Iыхьэ, зеиншэ Iыхьэ, гъукIэ Iыхьэ, дахэ Iыхьэ, емыгъэз Iыхьэ.

Шы хуэIухуэщIэ хабзэхэр абдеж зэ щызэпоу шыр гъэрих ирикъухункIэ. «Пщым и щауэр гъэрихым мэшэс» жери зы едзыгъуэ хэтщ Iэпэрыбжэ къеб-жэкIым. Гъэрих щрикъум ирихьэлIэу жылэр щызэхуэсу дауэдапщэшхуэ зэхохьэ. Щыпэдэшщ абы зэреджэу щытар. Мыбдежт япэ дыдэ шыр

утыку щрашэр, шым и пIалъэ зыщIэхэм абы и фIа-гъымрэ и щыщIагъэхэмрэ къыщрагъэIуатэр, зе-кIуэш хъунрэ мыхъунрэ е гъуэгуш къудейуэ къэнэнрэ щызэхагъэкIыр. ИкIэм-икIэжым, щыпэ-дэшым и мыхьэнэри аращ: шым зекIуэ щэну хэ-лъыр къыхэгъэщынрат. Абы щхьэкIэ зэпеуэ, джэгукIэ куэд ирагъэкIуэкIырт. КъыхэжэныкIам зекIуэшыцIэр теIукIт, ар зейм абдеж щIалапщIэ (шыфI тын жызыIи щыIэщ), хуагъафэщэрт, хэти бгъэрыщIэ, хэти джэрыщIэ, хэти нал, хэт сыт хузэфIэкIми иратырт. Щыпэдэшым хъуэхъу Iэнэ епэсащ, ауэ абы теIуа хъуэхъу ттхыжыну къыдэ-хъулIакъым.

Абы иужькIэ шым шэсынур ерыщу абы зекIуэш къызэрыхищIыкIынум зыхуигъасэрт. «Чы щIыкIэ къомыгъэшар бжэгъу хъумэ, къэгъэшыжыгъуейщ» жаIэ, дауи, иджы къэса шым шыфI и щэн зыкъом хэмылъу хъунутэкъым: мэзым и курыкупсэм гурыгъуазэу укъыхишыжыныр, гъуазапIэм укъри-шэлIэжыныр, и жэрыр зэтес щIыныр, цIахуцIэуи уанэ зэщIэлъуи зэхуэдэу гъуэгур кърихьэлIэныр, мэкъумылэ хэхам тет зэпыту егъэсэныр.(къыкIэлъыкIуэнущ)

48 ПСЫНЭ №9

Хабзэрэ бзыпхъэрэ

Page 51: Psyna no.9, 2010
Page 52: Psyna no.9, 2010

50 ПСЫНЭ №9

КъардэнгъущI Зырамыку. «Тхыгъэ къыхэхахэр».

- Тхылъыр щIэджыкIакIуэ псоми яхуэгъэзащ.- захуегъазэ Нало Заур тхылъеджэхэм. - Мыр къэху-

тэныгъэ IуэхукIэ къагъэсэбэп хъунущ щIэныгъэлIхэми, еджапIэ нэхъыщхьэхэми, курыт еджа-

пIэхэм щеджэхэми, апхуэдэу сабий гъэсапIэхэм я лажьакIуэхэми, къызэрыгуэкI тхылъеджэхэми».

Iуэры1уатэм бзэр зэрихъумэм имызакъуэу, тхыдэр кIэщIрэ IупщIыу къеIуэтэж. КъардэнгъущI

Зырамыку и гъащIэм и кIуэцIкIэ уэрэдыжьрэ хъыбарыжьу ихъумэжар къыкIэлъыкIуэ щIэблэм

хэщIыныгъэншэу зэрыIэрыхьам и нэщэнэ дахэщ лъапэ махуэкIэ дунейм къытехьа тхылъыр.

Емышэ Жанти, «АдыгэбзэкIэ къэпсалъэ».

«Ди бзэр ди лъэпкъым и псэщ, ди къэкIуэныр – ди сабийхэрщ. Мы тхылъыр къыщIыдэкIам и

мыхьэнэр а тIури хъумэнырщ»,- аращ абы и тхылъым и япэ сатырхэр. А псалъэхэр и гум къыбгъэ-

дэкIыу Жанти зэритхам и щыхьэтщ ар Адыгэ Хасэм жыджэру зэрыщылажьэр, хамэбзэм хэшып-

сыхьыпэнкIэ шынагъуэ адыгэбзэр Хасэм къекIуалIэ сабийхэм щIэщыгъуэу яджа зэрыхъун Iэмал-

хэм зэрылъыхъуэр. Тхылъыр сурэткIэ гъэнщIащ, псалъэхэм я мыхьэнэр тыншу къыбгурагъаIуэу.

Адыгэбзэ зэзыгъэщIэну хуей дэтхэнэми Жанти и тхылъым зыхуей гуэр къыщигъуэтынущ.

Мамхэгъ-Мэжаджэ Рае. «Зэманым и бэджыхъым упхыплъыфмэ».

Рае и усэхэр сытым дежи щIэщыгъуэ ещI абыхэм купщIэшхуэ, уеблэмэ цIыхубзым хуумыгъэфэ-

щэн мыхьэнэ куу зэраIэм. Усэ тхылъыщIэр гъащIэм, абы псэ лIэужьыгъуэу тетым, лъэпкъым, ар

зэрыт «шейтIан лъэхъэнэр» зэрыгугъум, цIыху къызэрыгуэкIыр хьэлэлу зымыгъэпсэу «мэзщылъ-

хухэм» ятеухуащ. Ауэ езы цIыхури куэдрэ щоуэ. ГъащIэм щигъуэт текIуэныгъэ гуэрхэм къигъап-

цIэурэ, абы фIыр зэрымыщIэкIэ IэщIокI. Сыт хуэдиз къарурэ зэфIэкIрэ имыIами, цIыхур цIыху

цIыкIуу, и зэманымрэ и натIэ ит гъащIэмрэ я пщылIу къызэрынэжым теухуащ Рае и тхылъыщIэр.

Mамсыр Мухьэмэд Хъейр «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэ щIэнгъуазэ»

Iустаз доктор Мамсыр Мухьэмэд Хъейр и IэдакъэщIэкIыр Амман, Иорданием илъэс

блэкIам къыщыдэкIащ. Щ1энгъуазэр томих мэхъу. Нэхъ тыншу къэгъэсэбэпа хъун

щхьэкIэ, хэзыгъэгъуазэ папщIэу абы ебланэ тхылъыр дэщIыгъущ. Илъэситху лэжьыгъэ

зытекIуэда тхыгъэ абрагъуэр нобэкIэ дунейм къызэрытехьар хьэрыпыбзэщ. Ауэ дэфтэ-

ру абы къыщыгъэсэбэпахэр зэрытхар бзипщIым нэблэгъэнщ, абы алыджри, латинри,

нэмыцэри, урысри, хьэрыпри, югославыбзэри, тыркубзэри нэгъуэщI куэди хэту.

Къылышбий Исмагьил «МафIэм имыса усэхэр»

Гу къабзэрэ бзэ тыншкIэ тха сатырхэм занщIэу удахьэх. ЦIагъуэ Нурий, Дым Iэдэм, Щоджэн-

цIыкIу Алий сымэ я лъэхъэнэм псэуа, тхэнкIэ абыхэм къакIэрымыху Къылышбий Iисмагьил и

IэдакъэщIэкIхэр усэ тхылъу япэ дыдэ дунейм къытехьэу аращ. Уэркъ унэцIэ зэрызрихьэм щхьэкIэ

лъэпкъым и бий зыфIащахэм хиубыдэри усакIуэр тутнакъэщым исащ. ИужькIэ хамэщI щыпсэун

бэлыхьри игъэунэхуащ. Хэкум хуиIэ фIылъагъуныгъэм, дунейм, диным, гъащIэмрэ лIэныгъэмрэ

ятеухуа гупсысэ куухэм ухагъаплъэ бзэ IэфIкIэ тха Къылышбий Исмагьил и усэхэм.

Гъут Iэдэм «Лъэпкъ IуэрыIуатэр: хабзэмрэ нобэрей махуэмрэ»

Тхыгъэр теухуащ нарт эпосымрэ ар джынымрэ ехьэлIа Iуэхугъуэхэм. Мыбы щызэпкърыхащ Iуэ-

рыIуатэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэр иджыри къэс зэраджу щыта Iэмалхэмрэ а щIэныгъэм щIэуэ

къыхыхьахэмрэ.

Тхылъыр нэхъыбэу зыхуэгъэзар IуэрыIуатэм елэжь щIэныгъэлIхэращ. Ауэ IуэрыIуатэ джыным и

дыгъуасэмрэ и нобэмрэ зыфIэхьэлэмэт дэтхэнэ зыми тхылъым щIэщыгъуэ гуэр къыщигъуэтынущ.

ЩIэщыгъуэхэр

Page 53: Psyna no.9, 2010
Page 54: Psyna no.9, 2010

I. (Уэ) лIы пхъашэри (ра) шагъдий къурыкъумэЕжьу: Уо!(ара) щытескIэ (жи)Ежьу: Уоу-рирэщ, уэу-рирэу, уэ-рирари!

2. (Уэр) маисэурэ (уэ) и джатэ кIыхьымкIэрэЕжьу: Уо!(ар) а махуэмэ мэдалъэри (жи)Ежьу: Уо-рирэу, уау-рира, (ара-йай) мэдалъэ!Ежьу: Уоу-рирэщ, уэу-рирэу, уэ-рирари!

3. Шур зэдилъмэ, сосрыкъуэбжыр (иджы)Ежьу:Уо!(ар) а махуэмэ зыдащтэри (жи),Ежьу: Уэу-рирэу,уэу-рира, (ара-йай) зыдещтэ!Ежьу: Уоу-рирэщ, уэу-рирэу, уэ-рирари!

4. Яхэмынхэ фи дыщэ пхъэвымэЕжьу:Уо!(ар) а махуэмэ лъыр щIожри,Ежьу: Уоу-рирэу, уэу-рира, (ара-йай) лъыр щIож!Ежьу: Уоу-рирэщ, уэу-рирэу, уэ-рирари!

5. Елъэпэрхэ фи дыгъэ-мазэхэрЕжьу:Уо!(ар) а махуэм къухьэжщ,Ежьу: Уэу-рирэу, уэу-рира, (ара-йай) къухьэжкъэ!Ежьу: Уоу-рирэщ, уэу-рирэу, уэ-рирари!

6. (Ар) а махуэм ди Алий Дэгущ, – жиIащ,Ежьу:Уо!уэу-рирэу,уэу-рира!

7. Йонэпауэри (уа) мы табыныгумэ (уаредэ)нахехуэ (жи)!Ежьу: Уэу-рирэу, уэу-рира!

8. Шэр зэхэхуэмэ,(а) и пщIэгъуалащхъуэр(иджы)Ежьу: Уо!а махуэм щIагъэз (жи)Ежьу: Уау-рирэу,уэу-рира, (ара-йай) щIагъэзри!Ежьу: Уоу-рирэщ, уэу-рирэу, уэ-рирари!

9. ХьэпцIэ и къуитIыркъэ быфыкъуэ щIасэт (иджы),Ежьу: Уо!(ар) а махуэмэ бгъэпыхьэркъэ,Ежьу: Уэу-рирэу, уэу-рира, (ара-йай) бгъэпыхьэщ!Ежьу: Уоу-рирэщ, уэу-рирэу, уэ-рирари!

10. Жаныкъуейри унащхьэ пыхьэт (иджы)Ежьу:Уо!а махуэм дипщIыкIт (тIэ,жи)Ежьу: Уэу-рирэу, уэу-рира, (ара-йай) дипщIыкIкъэ!Ежьу: Уоу-рирэщ, уэу-рирэу, уэ-рирари!

11. (Ар) а махуэмэ (ар) Алътудмэ (иджы),Ежьу: Уо!(а дуней) Алътудщ, жиIащ, езыр!Ежьу: Уэу-рирэу, уэу-рира!

12. (Уэ) Бикъанри (уэ) зэрыщымытгуэрэЕжьу: Уо!а махуэм наIуатэ (жи),Ежьу: Уэу-рирэу, уэу-рира, (ара-йай) наIуатэ!Ежьу: Уо-рирэщ, уэу-рирэу, уэ-рирари!

13. (Уэ) Бикъанри (уа) зэрыщытыххэр (иджы),Ежьу: Уо!(ай дуней) вжесIэнщ (жи)!Ежьу: Уэу-рирэу, уэу-рира!

14. (Ар) хьэпцIащхъуэмэ (уэ) и джэдыкIафэр (иджы)Ежьу: Уо!(арэдэ) и фочщ!Ежьу: Уэу-рирэу, уэу-рира!

15. Дыщэчмэ (ар) къыхалъэфахэр (иджы)Ежьу: Уо!(ар) а махуэм и гъуазэщ!Ежьу: Уэу-рирэу, уэу-рира!

16. (Уэр) фоч гъуазэмэ (уэр) щIэмыпсэхуххэурэЕжьу:Уо!(ар) а махуэм мэзауэ!Ежьу: Уэу-рирэу, уэу-рира!

17. (Ар) а махуэмэ (уэ) и цей джэхушхуэр (иджы)Ежьу: Уо!(уей дуней) и афэщ!Ежьу: Уэу-рирэу,уэу-рира!

18. (Уэ) езыр (иджы, ра) шэ фие макъмэЕжьу:Уо!(арэдэ) доджэгу!Ежьу: Уэу-рирэу, уэу-рира!

19. (Уэр) и тажри (ра) пщэдджыжь дыгъэпсмэЕжьу: Уо!(уей дуней) полыд (жи)!Ежьу: Уэу-рирэу, уэу-рира!

20. (Ар) зауэшхуэмэ (уа) къахэлыдыкIыурэЕжьу: Уо!(уэ) Бикъаныр мэзауэ!Ежьу: Уэу-рирэу, уэу-рира!

КъэзыIуэтэжарШыпшхьэблэ (Къэхъун) къуажэ щыщНэзэр Машэщ, 1894 гъ.къ. 1966 г.,зытхыжар КъардэнгъущI Зырамыкущ.

52 ПСЫНЭ №9

Page 55: Psyna no.9, 2010

Къэбэрдей жэщтеуэм и уэрэдАдыгэ пщы-уэркъ щIалэгъуалэм я нэхъ шууфIхэм лъапсэрыхыр

къазэрыхуэкIуэрэ илъэс 230 ирикъуащ

1779-

2009

53№9 ПСЫНЭ

Page 56: Psyna no.9, 2010

Адыгэ тутыным дуней псор къызэрикIухьар

Жэмыхъуэ Суфян

тутын ефэн щIадзакIэт. Мэзкуу тхакIуэ Крижанич Юрий I666 гъэм итхащ: «Адыгэ лIыкIуэхэр Урысейм зэи тутыныншэу къакIуэкъым». КIахэ адыгэхэр а зэманым иджыри тутын ефэтэкъым. Француз сатуущI

Тавернье Ж. Б. I664 гъэм итхащ: «КIахэ адыгэхэр тутын ефэкъым». Ар дыдэр етх нидерланд лIыкIуэ Витсен Николаи. Тутыным иужькIэ нэхъ уэру зыщиужьар кIахэ адыгэхэм я дежщ. Тутын щIэным лэжьыгъэш-хуэ пылъщ. Тутын удзым хуабэ фIэфIщ, псы куэд хуейщ. Илъэс щищ и пэкIэ кIахэ адыгэхэм къа-гъэкIащ тутын лIэужьыгъуэщIэ «адыгэ тутын» и цIэу. Ар дуней псом цIэрыIуэ щыхъуащ. Европэм-рэ Америкэмрэ адыгэ тутыным щеджэт «Circassian tobacco», урыс-хэм «черкесский табак» жаIэт. «Адыгэ тутыныр» хуабжьу гуащIэ тутын фIыцIэ лIэужьыгъуэщ. Ар зыкIи ещхькъым тIэкIу хуэIэфI икIи мыгуащIэ «тырку тутыным». Ар «урыс тутынми» ещхькъым. Американ тутын щIэныгъэлI Биллингс Е.Р. и тутын псалъалъэм «адыгэ тутыныр» лIэужьыгъуэ щхьэхуэу къыщыкIуащ. 1711 гъэм француз лIыкIуэ Мотре А. зэритхамкIэ, кIахэ адыгэ куэд тутын ефэрт. Мотре уэркъ

гуэрым деж щыхьэщIэт. «Ди бысымым тутын естати, си тутыныр езым ейм нэхърэ нэхъыфIыу къызжиIащ», – етх абы. ЛIэщIыгъуэм и кум адыгэ псоми тутын хасэу хъуащ.

Япэ IыхьэАдыгэхэм тутын зэрагъэкIыу щытар

Адыгэбзэ«тутыныр» къытекIащ tütün тырку псалъэм. Илъэс щитI и пэкIэ Нэгумэ Шорэ зэхилъхьа псалъалъэм ущрохьэлIэ «тутен» псалъэм. Адыгэхэм «тутын ефэн» зэрыжаIэм къегъэлъагъуэ а псалъэр бзэм куэд щIауэ зэрыхэ-тыр. «Ефэн» жызыIэр тутыныр пасэу къэзыцIыхуа лъэпкъхэращ. Илъэс щиплI и пэкIэ тутыным и гъусэу псы ирафу щытащ. Тыркуб-зэкIэ жаIэ: «tütün içmek» псэлъафэ-ри абы ещхьщ. Пасэрей урысыбзэ-ми, адыгэбзэмрэ тыркубзэмрэ хуэдэу, «испить табаку» псалъафэр хэтащ, иужькIэ «курить табак» жа-Iэу хъуа щхьэкIэ. Адыгэхэм тутыныр езыгъэцIы-хуар тыркухэращ. Езы тыркухэм тутыныр 1580 гъэ лъандэрэ яцIы-хуу щытащ. 1637 гъэм тырку сулъ-тIан Мурад IV тутын уефэну ухуимыту унафэ ищIри, тутынафэ 18 щхьэпылъэ ищIыгъащ. ИлъэсипщI дэкIри сулътIан Ибра-хьим а унафэр икъутэжащ. Абы и ужькIэщ тутыным куэд ефэн щы-щIадзар. Тыркум щыпсэу алыдж-хэм тутын къэгъэкIыным куэд халъхьащ, икIи илъэс щищ ипэкIэ Хы ФIыцIэм и Iуфэ Iус лъэпкъхэр абы ирагъэсащ. Псом хуэмыдэу тутынымкIэ фIыуэ къыщIэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и бгы лъапэхэр. ЛIэщIыгъуищрэ ныкъуэ и пэкIэ къэбэрдеипщхэм

54 ПСЫНЭ №9

Тхыдэ

Page 57: Psyna no.9, 2010

къагъэкI хъуащ, къэзакъхэм иращэн папщIэ. А зэманым ирихьэлIэу Къэбэрдейм ислъам диным зыщиужьащ икIи ар тутын щIэным хуабжьу зэран хуэ-хъуащ. Диным и лэжьакIуэхэм къыхураджэт цIыхухэр тутын ефэныр зэханыну. ИкIи Къэбэрдейр шэрихьэт хабзэм техьа нэужь, тутын ефэнымрэ тутын къэгъэкIы-нымрэ цIыхухэм щагъэтащ. 1807 гъэм бадзэуэгъуэм и 10-м «Лъэпкъ хабзэ» къащтащ. Абы и 13-нэ Iыхьэм итт: «Къэбэрдейхэр дяпэкIэ хуиткъым я жьакIэр яуп-сыну, лулэ ефэну икIи тутын хасэну». Урыс унафэщIхэр хуабжьу игъэгузэващ адыгэхэм тутын ефэнымрэ диным имыдэ Iуэхугъуэхэмрэ зэрызэханым. Къэбэрдейм ит урысыдзэм и нэхъыщхьэм гузавэу урыс пащтыхьым хуитхащ 1808 гъэм: «Къэбэрдейхэм шагъыр ефэн зэха-нащ, тутын ефэжкъым икIи епэмыжкъым, муслъымэ-ным и IэкIэ хьэлэлу фIимыгъэжа Iэщи яшхыжкъым». Къэбэрдейм тутыныр щагъэкIуэдыжа щхьэкIэ, кIахэ адыгэхэм деж XIX-нэ лIэщIыгъуэм и пэм тутын гъэкIы-ным нэхъри зыщиужьащ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуащ адыгэхэмрэ къэзакъхэмрэ я сатум зэрызиужьар. КIахэ адыгэхэм деж тутыныр нэхъыбэ дыдэу хасэ хадэхэкI хъуащ, уеблэмэ ар унагъуэ къэс яIэт. 1823 гъэм урыс щIэныгъэлI Броневский С. итхащ адыгэхэм теухуауэ: «Унагъуэ къэс я хадэм тутын хьэсэ яIэщ». Ардыдэр же-Iэ нэмыцэ щIэныгъэлI Бларамберг И. Ф. 1833 гъэм: «Дэтхэнэ адыгэми тутын щигъэкI щIы кIапэ иIэщ».

Тутын гъэкIынымрэ тутын ефэнымрэ зэрызиубгъум къыдэкIуэу, тутыным ехьэлIа Iэмэпсымэхэми захъуэж. 1818 гъэм Марини де Тэбу итха тхылъым дыщрохьэлIэ адыгэ унэ кIуэцIым и сурэт. Абы итщ шэнтжьейм илъу тутын ефэ цIыхухъум и сурэт. Ар зэфэ лулэр кIэщIщ. Абы къегъэлъагъуэ XIX-нэ лIэщIыгъуэ и пэм кIахэ адыгэхэм лулэ кIэщIхэр къагъэсэбэпу зэрыхъуар. ДызэригугъэмкIэ, а зэманым лулэ кIыхьыр адыгэхэм къагъэсэбэпыжу щытакъым. Пэжщ, 1856 ящIауэ инджылыз сурэт щыIэщ, лулэ кIыхь ефэ адыгэ тутына-фэ иту. Ауэ а сурэтыр и зэманым зэрамыщIар наIуэщ. Абы ит зауэлIхэм шабзэрэ шэтемыгъахуэрэ яIыгъщ, ауэ щыхъукIэ а зэманым адыгэхэм шабзэрэ шэтемы-гъахуэрэ зрахьэжу щытакъым. Я щыгъынхэри абы щыгъуэ щыIа адыгэ фащэм ещхькъым. Ар зыщIа сурэтыщIым, шэч хэмылъу, адыгэ зэикI илъэгъуакъым икIи и сурэтыр илъэс щэныкъуэ и пэкIэ ящIа сурэтхэм трищIыкIыжащ. Аращи, а сурэтыр щыхьэт техъуэкъым абы къыщыгъэлъэгъуа лулэ кIыхьри а зэманым адыгэ-хэм зрахьэжу щытауэ. Тутыным ехьэлIа Iэмэпсымэхэм щыщу, лулэм нэмыщI, адыгэхэм тутынылъэ яIэт. Нэгумэ Шорэ 1840 гъэм итха адыгэ грамматикэм къыщехь щыIэцIэхэр къызэрыхъу хабзэхэр: «Хьэпшыпхэм я цIэхэм «лh» кIэухыр пыувэ-мэ, ахэр зэрылъ хьэпшыпхэм я цIэр къохъу. Псалъэм папщIэ: тутин – тутинилh». Француз щIэныгъэлI Монпере Ф. Д. 1833 гъэм зэритхамкIэ, «тутынылъэр адыгэ фащэм и зы Iыхьэт». Ар топсэлъыхь адыгэ тутынылъэхэм я дахагъым, ахэр IэкIуэлъакIуэу адыгэ-хэм зэращIым: «Абыхэм тутынылъэ дахащэ ящI».

Адыгэхэр а зэманым тутын лулэкIэ ефэт. Адыгэбзэм хэт «лулэ» псалъэр «lülä» тырку псалъэм къытекIащ. 1750-1762 гъэхэм Хы ФIыцIэм сату зэрыщекIуэкIам тетхыхьа Пейсонель М. итхырт: «Адыгэхэм егъэлеяуэ лулэ куэд къащэху». ЛIэщIыгъуищ ипэкIэ тутын зэрефэу щытар лулэ кIыхьщ. Лулэхэм я кIыхьагъыр зы метрэм нэст. Ар зэпкърыпх хъурт. 1793 гъэм нэмыцэ щIэныгъэлI Паллас П.-С. итха тхылъым итщ тутын ефэ адыгэ пщым и сурэт, гуащэ къыбгъэдэту . Апхуэдэ дыдэ лулэ кIыхь ефэ адыгэлIым и сурэтищ Ферарио Д. 1800 гъэм къыдигъэкIа тхылъым итщ. А сурэтым адыгэ гуп итщ, лулэ кIыхькIэ тутын ефэ лIыр щысщ. Француз тхакIуэ Марини де Тэбу итхыжауэ адыгэ хъы-барыжь къэнащ тутынафэ гуэр зэрылIамрэ абы теухуа-уэ хеящIэ зэрекIуэкIамрэ. ЛIитIым щIы зэгъусэу яIэт. Абы зы жыг гуэр къыщыкIт. ЛIитIым я зым жыгым и фэр тритхъащ. Зэман дэкIри, а лIыр нэгъуэщIыпIэ Iэп-хъуащ. Жыгыр гъуащ. ЩIыр псори къызыхуэна адрей лIым жыг гъуар игъэсыну мурад ищIащ икIи абы и лъабжьэм мафIэ щIищIыхьащ. Жыгыр ис пэтрэ, абы гъуэгурыкIуэ гуэр бгъэдыхьащ, и лулэм мафIэ ирищIэ-ну и мураду. Абдежым жыгыр къауэри, гъуэгурыкIуэ тутынафэр иукIащ. Тутынафэм и Iыхьлыхэм щIыр зейр хеящIэм иратащ. ХеящIэм унафэ гъэщIэгъуэн ищIащ. А унафэмкIэ къуаншэр жыгым и фэр тезытхъыу Iэпхъуэ-жа адрей лIырат. Абы пхъафэр тримытхъамэ, жыгыр гъунутэкъым, жыгыр мыгъуамэ, мафIэ ящIынутэкъым, мафIэ ямыщIамэ, жыгыр къэуэнутэкъым икIи тутына-фэр щIипIытIэнутэкъым. Мы хъыбарыр пэжым емыщ-хьу, ауэ хьэлэмэту жаIэж адыгэ хъыбархэм ящыщщ. Марини де Тэбу а хъыбарыжьыр фIэгъэщIэгъуэн хъури а зэманым псэуа адыгэ хеящIэ цIэрыIуэ Мэхьмэт жри-Iэжащ. Ауэ Мэхьмэт апхуэдэ Iуэху щIыкIэм пэжыфэ ириплъакъым. «Пасэм щыIа псор сэ сщIэкъым, ауэ адыгэхэм апхуэдэ хабзэ диIэу сэ зэи зэхэсхакъым»,– жиIащ хеящIэ Мэхьмэт. ЛIэщIыгъуитI и пэкIэ адыгэхэр тутын зэрефэ лулэм и кIыхьагъым зихъуэжын щIидзащ. Ар нэхъ кIэщI хъуащ. XVIII-нэ лIэщIыгъуэм икухэм адыгэ лулэхэм метрэ нэс я кIыхьагъыу щытамэ, лIэщIыгъуэм и кIэхэм ахэр мет-рэ ныкъуэм нэсащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсищэм и кIуэцIкIэ лулэм и кIыхьагъым сантиметр 30-м нэс хэщIащ. Ар къагъэлъагъуэ адыгэ щIэныгъэлI Мамсыр Мухьэмэд-хъер и «Адыгэ щIэнгъуазэм» къыщихь сурэтитIым: зым ит адыгэлIыр XVIII-нэ лIэщIыгъуэм щыщщ, абы и лулэр нэхъ кIэщIщ Палласрэ Ферариорэ я тхылъхэм итхэм нэхърэ; адрей сурэтым ит лIым иIыгъ лулэр илъэсищэ и пэкIэ яIыгъыу щытам хуэдэщ. Къэзакъхэм сату ящIэну Урысей пащтыхьым хуит ищIа нэужь, 1794 гъэм Бжьэдыгъукъалэ (Екатеринодар) сату пщIантIэ къыщызэIуахащ, бжьэдыгъухэмрэ къэзакъхэмрэ сату здащIэну. ИужькIэ Гудович и псы икIыпIэм деж иджыри зы пщIантIэ къыщызэIуахащ, хьэтыкъуейхэм папщIэ, итIанэ – Куркэм деж – шапсыгъхэм щхьэкIэ. Абы иужькIэ кIахэ адыгэхэм тутыныр нэхъыбэжу

55№9 ПСЫНЭ

Тхыдэ

Page 58: Psyna no.9, 2010

Сату пщIантIэ къыщызэIуаха адыгэ лъэпкъхэм я деж тутын щIэным зыщиужьащ: Анапэ деж щыпсэуа наты-хъуейхэм, Кавказ къуршхэм и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъапэм деж щыса медуейхэм, абыхэм я зэхуакум дэса шапсыгъхэм. Хы Iуфэ адыгэщIхэр 1835 гъэм урыс тIас-хъэщIэх Торнау Ф. Ф. къихутауэ щытащ. Абы къикIу-хьащ Бзыбэрэ Сашэрэ я зэхуакур икIи итхыжащ: «ЩIы-пIэ-щIыпIэкIэ фIыуэ тутын къыщагъэкI». Бжьэдыгъухэм тутын куэду Тыркум иращэт икIи Европэ къэралхэм нэст. Абыхэм тутыныр езыхэм хы Iуфэм Iуашэти, абдеж хамэ къэрал сатуущIхэм иращэт. Тырку сатуущIхэри бжьэдыгъу къуажэхэм дыхьэурэ тутыныр къыщащэху щыIэт. Нэхъыбэу адыгэхэм тутын зращэр къэзакъхэрат. Адыгэхэмрэ къэзакъхэмрэ я сату уасэхэр 1823 гъэм Марини де Табу итхащ. Нэхъыбэу адыгэхэм ящэхэм щыщт тутыныр. Абы зэритхымкIэ, адыгэ тутыныр зэрыщытыр мыращ: «Зэфэ тутын, хуабжьу гуащIэщ». Къэзакъхэмрэ адыгэхэмрэ сату лIэужьыгъуитIу здащIэт: ахъшэкIэ е шыгъукIэ. Абы къыхэкIыу, Марини адыгэ тутыным и уасэр ахъшэкIи шыгъукIи къехь. Зы адыгэ тутын путыр сомих и уасэт, е шыгъу пут пщыкIутIкIэ къахъуэжт:

нымрэ махоркэмрэ я институт. Адыгэхэм я тутын хэсэкIэм тету зызыужьа къэзакъ къуажэхэм язщ, псалъэм папщIэ, Северскэ къуажэр. А щIыпIэм иса адыгэ къуажэр ирахуа нэужь, Северскэ къэзакъ полкыр абдежым тIысащ икIи полкым и цIэр къуажэм фIащыжащ. Брокгаузрэ Эфронрэ я щIэнгъуа-зэм зэритымкIэ, XIX-нэ лIэщIыгъуэм и кIэм Северскэ къуажэдэсхэм псоми тутын хасэт икIи тутын пут 15000 щIигъу илъэсым къытрахт. Тутын хэсэкIэ Iэмалхэм ядэщIыгъуу, къэзакъхэм адыгэ хабзэ гуэрхэри щапхъэ яхуэхъуащ тутын хэсэным ехьэлIауэ. Къэзакъ къуажэ гуэрхэм тутын Iухыжыгъуэм деж мыпхуэдэ хабзэ щыIауэ ятхыж: тутын удз нэхъ ин дыдэр щэкIрэ удз гъэгъакIэрэ яхуапэти, ар тутын хьэсэр зейм къищэхужт, абы иужькIэ тхьэлъэIу ящIыжт. Ар, шэч хэмылъу, адыгэ пасэрей хабзэхэм ящыщщ.

ЕтIуанэ IыхьэАдыгэ тутыным инджылыз тутыныр Урысейм

зэрыщригъэкIуэтар

Урысейм адыгэ тутыныр къыщацIыхуар XVIII-нэ лIэ-щIыгъуэм ипэращ. ИпэкIэ абы зэран хуэхъуу щытащ IуэхугъуитI. Япэрауэ, 1634 гъэм урыс пащтыхьым унафэ къыдигъэкIащ урысхэр тутын ефэну хуимыту икIи а унафэр зымыгъэзащIэхэр Сыбыр ягъакIуэт е щхьэпы-лъэ ящIт. ЕтIуанэрауэ, 1673 гъэм урыс пащтыхьым нэ-гъуэщI унафэ къыдигъэкIащ адыгэхэмрэ нэгъуэщI хамэ лъэпкъ сатуущIхэмрэ Ащтырхъан нэхъ жыжьэ ямыгъэ-кIуэну, урыс сатуущIхэм я Iуэхур нэхъ дэкIын папщIэ: «Ащтырхъан мыдэкIэ къэвмыгъакIуэ, армыхъуамэ абыхэм сатур урысхэм трахынущ, пащтыхь ахъшалъэм нэхъ мащIэщ къихъуэнур. Мэзкуурэ нэгъуэщI къалэхэм-рэ къакIуэмэ, адыгэхэм я хьэпшыпхэр лъапIэу ящэнущ, абы къыхэкIыу урыс хьэпшыпхэр нэхъ пуд хъунущ». Петр I пащтыхьыгъуэр иубыда нэужь, Iуэхум зихъуэ-жащ. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа унафитIри Петр I икъутэ-жащ. 1698 гъэм Лондон кIуауэ Петр I инджылызхэм ягурыIуащ илъэсиблкIэ абыхэм я закъуэ Урысейм тутын щащэну хуит ищIыну. А зэманым Америкэр Инджылы-зым и унафэм щIэтт, икIи инджылызхэм тутын щагъэкIт Америкэм и Вирджиние штатым. Вирджинием и уна-фэщI лорд Кулпепер Томас зэрыжиIэмкIэ, штатым илъэ-ситхукIэ зрикъун тутын къыщагъэкIати, зэращэныр ямыщIэу зэтрихьат. Урысейм тутын щищэну зэрыгуры-Iуар Инджылызым дежкIэ фейдэшхуэ хъуащ, 1698 гъэм фунт мин 87-рэ къашэн щIадзэри, илъэситIым 1450-м нэсащ. Урысейм и сату псом щыщу процент 1,2 хъуащ тутыным и закъуэ. А зэман дыдэм ирихьэлIэу 1700 гъэм Петр I унафэ къыдигъэкIащ Кавказ лъэпкъхэм сату дэщIэн хуейуэ, псом хуэмыдэу, Хъыспиихым къещIылIа щIыналъэхэм. Абы иужькIэ адыгэ тутыныр Урысейм яшэн щIадзащ. Адыгэ тутыныр нэхъ ящэху хъуащ, ар куэдкIэ нэхъ пудт инджылыз тутыным нэхърэ. Инджылыз сатуущIхэр тхьэусыхэу хуежьащ: «Илъэс псокIэ сатур тэмэму екIуэ-кIакъым. Инджылыз тутыным фIэкIа нэгъуэщI ямыщэ-ну жызыIа урысхэр я псалъэм епцIыжащ. Урысейм

1846 гъэм Мэзкуу къыщыдэкIащ унафэ адыгэхэмрэ къэзакъхэмрэ сату зэрызэдащIэну хабзэхэр иубзыхуу. Урыс щIэныгъэлI Покровский М.В. зэритхымкIэ, адыгэхэм деж къэзакъхэм къыщащэхухэм нэхъыбэ ды-дэу щыщт тутыныр. Адыгэхэм нэгъуэщI лъэпкъхэм тутын иращэу зэрыщытар ятхыжащ хамэ къэрал тха-кIуэхэми, псалъэм папщIэ, Маки Милтон. Адыгэ туты-ным пеуэн папщIэ, 1841 гъэм Урысейм и къэрал мылъку министерствэм унафэ ищIащ Хы ФIыцIэм Iус къэзакъ-хэм американ тутын лIэужьыгъуэ хасэну икIи жылэ куэду Кавказым къригъэшащ. Ауэ американ тутыныр къэзакъхэм деж къыщыкIакъым. Апхуэдэу, адыгэхэм тутын гуащIэ къагъэкIыу икIи уэру ящэу щытащ, 1864 гъэм адыгэ-урыс зауэр иухыу адыгэхэм я нэхъыбэр Тыркум Iэпхъуэху. Хэкум ирахуа нэужь, ахэр щыпсэуахэм деж къэзакъ зауэлIхэр итIыс-хьэри мэкъумэшыщIэ хъуахэщ. Ахэр щIым телэжьыхьу хуежьащ адыгэхэм я щапхъэм тету. Тутынри адыгэхэм ещхьу къагъэкIыу хуежьащ. Тутын гъэкIыным къэзакъ-хэм деж хуабжьу зыщиужьащ. Адыгэхэр икIын ипэкIэ къэзакъхэм тутын къащэхуу щытамэ, адыгэхэр зэрикIрэ илъэс щэныкъуэ дэкIа нэужь, Урысей псом щагъэкI тутыным и процент пщыкIутхур Псыжь къэзакъхэм къагъэкIыу хъуащ. Илъэс къэс Псыжь щIыпIэм мелуа-нипщI и уасэ тутын къытрахыу хъуащ. Совет зэманым Бжьэдыгъукъалэ (Краснодар) къыщызэIуахащ туты-

ШыгъукIэ (пут)

АхъшэкIэ (сом)

Зэфэ тутын, хуабжъу гуащIэщ (зы путыр) 12 6

56 ПСЫНЭ №9

Тхыдэ

Page 59: Psyna no.9, 2010

куэду адыгэ тутын къашэри дэни щащэу хъуащ». Къы-кIэлъыкIуэ илъэсым инджылыз тутыныр зэращэм хэ-щIащ. Инджылыз тутын сатуущIэхэр хуабжьу къигъэгузэващ Урысейм адыгэ тутын зэрыщащэм щхьэкIэ. Ар дыдэр жаIэт Америкэм щыIэ тутыныщIэхэм. Наполеон лъэхъэ-нэм и тхыдэтх Кросби Алфред етх: «Американхэр гузавэт я тутыным ипIэкIэ урысхэм тутын я гъунэгъу адыгэхэм деж кърашынкIэ, е езыхэм къагъэкIын щIа-дзэнкIэ, тутын тхьэмпэ цIынэхэм узэфэ тутын хьэзыр къызэрыхащIыкIыр къызэращIэу». Инджылызым къраша тутыным и ныкъуэр узэфэ хъуну тутын гъэгъуарэ хьэжа хьэзырт. ЛъапIэми туты-ныфIти, абы адыгэ тутыныр пеуэфынутэкъым. Ауэ инджылыз тутыным и ныкъуэр тхьэмпэ цIынэу къашат. Ар ямыщэхуу щылът, кIуэ пэтми фыуэ. ИкIи ар пеуэфы-нутэкъым адыгэ тутын пудым. Ар зэрымыкIуэдын Iэмал къигупсысыну Мэзкуу къэкIуащ Спилман Джеймс. Абы къыгурыIуащ адыгэ тутыныр щыIэу инджылыз туты-ныр цIынэу зэрамыщэхунур. Инджылыз тутыныр ящэн щхьэкIэ ар узэрефэным хуэдэу хьэзыр щIын хуейт. Американ тхыдэтх Прайс Д. етх:

«Урысей тутын сатуущIэхэм куэду адыгэ тутын ящэу хуежьащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, инджылыз IэмалымкIэ гъэгъуа тутынхэри фIыуэ ящэхут, ауэ урысхэм тутын гъэгъукIэ ящIэтэкъым. Урысхэм Iэмэпсымэ яIэтэкъым, тутыным халъхьэн хуейхэр ящIэтэкъым, Iэмалхэм ха-щIыкIтэкъым. 1704 гъэм инджылызхэм Урысейм ягъэ-кIуащ тутын гъэгъункIэ хуабжьу хуэIэзэ лIитI – туты-ныр зыпызыгъэж Пикок Френсисрэ тутыныр зыгъэгъу Маршалл Питеррэ. Абыхэм яIыгът зыхуей Iэмэпсымэ-хэмрэ хэлъхьэн хуейхэмрэ. Абыхэм псынщIэу Мэзкуу тутын мануфактурэ къыщызэрагъэпэщащ цIыху 200 щылажьэу – апхуэдэу Урысейм итыр а зырат».

Петр I мурад ищIащ тутын зэрагъэгъур инджылызхэм деж къыщищIэу адыгэ тутыныр игъэгъуну. 1705 гъэм мэлы-жьыхь мазэм абы унафэ ищIащ адыгэ тутыныр Украинэм къыщагъэкIыну икIи къэралым фIэкIа зыми тутын Урысейм щищэну хуимыту. Къэралым хуит имы-щIауэ тутын зыщэхэм я мылъкур трахти, Азов яхут. Бзэгу зыхьхэм Iыхьэ плIанэр иратт. ЗыщIэу бзэгу зымыхьахэм я мылъкум и ныкъуэр трахт. Инджылыз тутыныщIэхэр хуабжьу игъэгузэващ Урысейм езым тутын щагъэгъуну зэрыхуежьам икIи абы Iэ-щIагъэлIхэр я Iэмэпсымэхэр яIыгъыу зэрыкIуам. 1705 гъэм мэлыжьыхьым и 23-м пэщтыхь Анна деж тутыныщIэ 66-м дэфтэр ирагъэхьащ. Пащтыхьым ар Парламентым Iэригъэхьащ икIи абы накъыгъэм и 10 унафэ къищтащ: «Ар ди сатум хуабжьу зэран хуэхъунущ икIи псори адыгэ тутыным ефэу ищIынущ.

Абы Урысеймрэ Балтикэмрэ сату щыдиIэр икъутэнущ. Адыгэ тутыным налог хуэфэщэн телъхьэн хуейщ». АбыкIэ и гур мызагъэу, сатумкIэ инджылыз консулыр накъыгъэм и 3I-м пащтыхь Анна зыхуигъэзащ Урысейм ягъэкIуа тутынгъэгъу IэщIэгъэлIхэмрэ ирагъэхьа Iэмэ-псымэхэмрэ теухуауэ: «Абы кIуа цIыхухэмрэ здахьа Iэ-мэпсымэхэмрэ Урыс пащтыхьым инджылыз тутыным и закъуэкъым къызэригъэсэбэпынур. Абы и мурадщ адыгэхэм деж къраш тутынми елэжьыну». Пащтыхь Анна унафэ къищтащ Мэзкуу кIуа инджы-лыз тутын IэщIагъэлIхэр икIэщIыпIэкIэ Урысейм къи-кIыжыну икIи дяпэкIэ «Мэзкуу тутын зэрагъэгъу щэху-хэр зыщIэ IэщIагъэлI ямыгъэкIуэну, Iэмэпсыми ирамыгъэхьыну». 1706 гъэм адыгэ тутыным инджылыз тутыныр Iуигъэ-кIуэтащ. Инджылыз тутыным и уасэр хуабжьу ехуэхащ: 1700 гъэм зы фунтыр кIэпIейкIэ 45 и уасэу щытамэ –

57№9 ПСЫНЭ

Тхыдэ

Page 60: Psyna no.9, 2010

1706 гъэм ар кIэпIейкIи 9-м нэс ехуэхащ. Адыгэ туты-ныр куэдкIэ нэхъ пудт: зы фунтыр кIэпIейкIэ 1,3-рэ и уасэу арат. Урысейм щащI адыгэ тутыныр ямыщэхуну Инджылы-зым игъэува налогышхуэм щхьэкIэ ар Европэм иджыри куэдрэ щащэфакъым. Ауэ Америкэм революцэ къы-щыхъуу ар щхьэхуит хъуа нэужь, Вирджиние штатым тутын кърашын щагъэтри адыгэ тутыныр Европэми щащэу хъуащ.

Ещанэ IыхьэАхъшэ папщIэ Сыбыр щыхъуу адыгэ тутыным

китай тутыныр зэрыригъэкIуэтар

XVIII-нэ лIэщIыгъуэм и кум адыгэ тутыныр Сыбыр яшэн щIадзащ. Урыс тхыдэтх Костомаров Н. И. зэрит-хымкIэ, пащтыхь Елизавета и зэманым адыгэ тутыныр Украинэ ирашурэ «Урысеймрэ Сыбырымрэ яшэну хуит ящIащ налог трамылъхьэу». 1748 гъэм дэ ар къыщыд-гъуэтащ Иркутск яша сату хьэпшыпхэм яхэту. Иркутск къэрал архивым щIэлъ тхылъым зэритымкIэ, 348 сату хьэпшып зэмылIэужьыгъуэм «адыгэ тутын» яхэтщ. Американ тхыдэтх Сиарс Р. етх: «Ленэпсым телъ мылыр зэрыткIуу сатуущIхэм Иркутск кърашалIэт сату хьэп-шыпхэр, абыхэм яхэту «адыгэ тутын дыджыр». Адыгэ тутыныр Сыбыр щашэм, ар пеуэн хуей хъуащ китай тутыным. Абы «китай тутын хъурейкIэ» еджэт. Петр I урысхэр тутын ефэну хуит ищIа нэужь, Сыбыр китай тутын яшэу хуежьащ. Ар сатуушхуэ щызекIуэ бухъар гъуэгумкIэ яшэт. Китай тутыныр адыгэ тутыным ещхьтэкъым, абы зэрефэр нэгъуэщI Iэмалт. Тутынафэр псы еIубти, ар жьэдэту китай тутыным тIэу-щэ екъурт, жьыр къыжьэдримыгъэхужу. Абы щхьэр игъэуназэт, тутынафэр гъуэлъти, сыхьэт ныкъуэкIэ щылът. Адыгэ тутыныр Сыбыр яшэн щыщIадза зэманымрэ бухъар сату гъуэгур къамыгъэсэбэпыж щыхъуамрэ зэтехуащ.

Урыс тхыдэтх Шаповалов А. В. зэритхымкIэ, китай тутыныр псынщIэу «адыгэ тутын гуа-щIэм иригъэкIуэтащ». Лэхьжылэ (Польшэ) тхыдэтх Трусевич Х. зэритхыжымкIэ, китай тутын хъурейм нэхърэ адыгэ тутыныр нэхъ гуащIэт, абы Сыбыр щыпсэухэр нэхъ псын-щIэу чэф ищIт. Нью-Йорк икIыу Париж щIы защIэкIэ къэзыкIухьа американ къэхутакIуэ Уиндт Гарри тутын щабэт зэфэр. Ар ешауэ якут гуэрым иригъэблэгъат. Уиндт етхыж: “I declined our host’s offer of a pipe of Circassian tobacco, which would probably have finished me off completely” («Си якут бысымым адыгэ тутын лулэ къыщызитым къеIысхакъым, абы сыкъриудыпэнкIэ сышынэри...»). Адыгэ тутыным и гуащIагъымрэ и дыджагъымрэ я гугъу ещI американ Сыбыр къэхутакIуэ цIэры-Iуэ Кеннан Дж. А: «Адыгэ тутын лулэм ди гъусэ чукчэр нэжэгужэ къищIыжри, абы ди

хьэпшыпхэр къыддызэщIикъуащ», – щетх абы и гукъэ-кIыжхэм. ЛулэкIэ нэмыщI адыгэ тутыныр тхылъымпIэм кIуэцIышыхьауи ирафт. Кеннан Дж. етхыж: “Homemade cigarettes of acrid Circassian tobacco rolled in bits of old newspaper” («Сыбыр тутнакъэщым исхэр газетыжь кIапэм кIуэцIышыхьа адыгэ тутын дыджым ефэт»). ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, адыгэ тутыным ихъуэжащ Сыбыр щызэрахьэ тутын Iэмэпсымэхэри.Лулэм и тутын илъхьэпIэр нэхъ ин хъуащ. Иджы лулэм тутын нэхъыбэ ихуэрт. Китай тутын хъурейр псынщIэу жьэдашэт, абы и Iугъуэр псыкIэ щIэгъэпщын хуейт. Адыгэ тутыныр хуэмурэ жьэдашэт, абы и Iугъуэр жьэдэ-пшэ хъурт псы къыумыгъэсэбэпу. Сурэтым къыщыгъэ-лъэгъуащ Сыбыр лулэм зэрызихъуэжар: китай тутын ефэкIэм (№1-4) къытекIыу адыгэ тутын ефэкIэм (№5-8) техьэху.НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ, адыгэ тутынми зихъуэжащ. Япэм ар тхьэмпэу фIэкIа ящэтэкъым. Иджы адыгэ тутыныр, китай тутын хъурейм ещхьу, ящэу хуежьащ икIи абы «адыгэ тутын хъурей» цIэр игъуэтащ: Circassian ball (инджылызыбзэкIэ), черкесский шар (урысыбзэкIэ). Адыгэ тутыныр Сыбырым апхуэдизкIэ къыщагъэсэбэпти, ар ахъшэ пэлъыт хъуащ. “We provi-ded ourselves аlso with six or eight puds of Circassian leaf tobacco to be used instead of money” («Ахъшэ папщIэу адыгэ тутын тхьэмпэ путих-блы къыздэтщтащ»), – итхт Кеннан Дж. Адыгэ тутынрэ аркъэрэ умыIыгъыу Сыбыр укIуэ хъунутэкъым. Американ къэхутакIуэ Уиндт Гарри чукчэ къулей сатуущI Коунянгэ деж щыхьэщIат. Коу-нянгэ американхэр игъашхэри, зыхуей хьэпшып куэди яритащ икIи ахъшэ къаIрихакъым. «Ар насыпт, – етхыж Уиндт. – Ди экспедицием и мылъкур псори зэрыхъур: ди хьэхэмрэ Iэжьэхэмрэ, адыгэ тутын фунт 14-рэ аркъэ шэтвэррэт». Бэзэр къызэзыгъэпэщхэр япэ щIыкIэ адыгэ тутыным и уасэмкIэ зэгурыIуэрти, абыкIэ сату ящIэт. Урыс къэхутакIуэ цIэрыIуэ Матюшкин Федор 1821 гъэм

58 ПСЫНЭ №9

Тхыдэ

Page 61: Psyna no.9, 2010

щызекIуэт. Адыгэ тутыныр Аляскэ зышэр урысхэрат. Ар куэду ящэхут. «Адыгэ тутыныр урысхэм деж фIэкIа щыбгъуэткъым. Ар хуабжьу гуащIэщ икIи псом нэхърэ нэхъ ящэху», – етх американ щIэныгъэлI Далл Уильям.Урыс быдапIэхэм адыгэ тутын «валютэр» щахъуэжт. Индеецхэм деж кIуэ сатуущIхэр япэ щIыкIэ урыс быда-пIэхэм кIуэти абы адыгэ тутын къыщащэхут. ИтIанэ абыкIэ индеецхэм фэ, лы, бдзэжей кърахъуэжт. Къызэ-рахъуэж адыгэ тутыныр лIэужьыгъуитI хъут: тутын папыхърэ тутын хъурейрэ. Папыхъыр – лулитху хуэдиз зрикъун тутын тхьэмпэ гъэгъуа Iэрамэщ. Тутын хъурейр зэ ефэгъуэт. Зы папыхъыр тутын хъуреитхум пэувт. «Адыгэ тутын хъурей е гын зэ гъэуэгъуэ – аращ сату зэращIэр. Сыт хуэдэ хьэпшыпри абыхэмкIэ къэпщэху-фынущ», – итхт Далл Уильям. Абы и тхылъым къыщехь коюкун лъэпкъым я деж къыщекIуэкIыу щыта уасэхэр:

итхыжащ апхуэдэ бэзэр къызэрагъэпэщу зэрыщыта щIыкIэр.

«Бэзэр хъумэу чукчэ зауэлI 100-150-рэ зэхуэсащ. Бэзэ-рыр къыщызэIуахым ягъэуващ адыгэ тутын путитIыр бажафэ 16 е дзыдзафэ 20 и уасэу. Апхуэдэу адрей хьэпшыпхэмкIи зэгурыIуащ. Абы урыс сатуущIхэм къаритт фейдэ процент 250. Псори зэхэту урыс сатуущI-хэм сом мин 120 и уасэ адыгэ тутын иращащ чукчэхэм. ФIэщ хъугъуейщ ар, ауэ а Сыбыр бэзэр къызэрыгуэкIым зы тхьэмахуэм и кIуэцIкIэ хьэпшыпу ящащ Таллин дэт сату унэшхуэм тхьэмахуэ ныкъуэм ящам хуэдиз!»

Сыбыр лъэпкъхэм деж псори пуду къыщахъуэжт Уры-сеймрэ Америкэмрэ къикIа сатуущIхэм. “The indigent Jakut exchanges his most valuable furs and skins for a few ounces of the “Circassian weed” («Якут тхьэмыщкIэм и фэ нэхъ лъапIэ дыдэхэр къепхъуэжыфынут адыгэ удз грамм тIэкIукIэ»), – етх американ щIэныгъэлI Биллингс Е. Р. Адыгэ тутыныр и хьэлъагъымкIэ зэращэм нэмыщI тхьэмпэ зырызури ящэрт. АбыкIэ аргъей къахъуэжурэ Бытырбыху ирагъашэрт. Американ щIэныгъэлI Далл У. зэритхымкIэ: “The largest, weighting sixty pounds, can be bought for a single leaf of Circassian tobacco” («Фунт 60 зи хьэлъагъ аргъей нэхъ ин дыдэр за адыгэ тутын тхьэм-пэкIэ яхъуэж»). Ауэ гъэщIэгъуэнщ, корякхэмрэ чукчэ-хэмрэ я хабзэт щыхь псэу ямыщэу: «Абыхэм щыхь лIа-ищэ тутын фунтищэкIэ къуащэфынут. Ауэ тутын фунт щитхукIи абыхэм зы псэущхьэ псо къуащэнутэкъым», – етх Кеннан Дж. Нэмыцэ щIэныгъэлI Гартвиг зэрит-хымкIэ, адыгэ тутыныр ахъшэ папщIэу къагъэсэбэпт сыбыр чукчэхэмрэ аляскэ эскимосхэмрэ сату щызэда-щIэкIэ.

ЕплIанэ IыхьэАмерикэ индеецхэм деж адыгэ тутыныр ахъшэ

папщIэ зэрыхъуар

Аляскэр Урысейм щыщу щыщыта зэманым сату псори щащIэр Росс быдапIэрат. Росс быдапIэм 1812 гъэм щегъэжьауэ урыс унагъуэ 25 дэсащ. Абы тхылъ гъэщIэ-гъуэн дыщрихьэлIащ: тыкуэн щIыхуэ тхылъ. Абы итщ урыс IэщIагъэлI Пермитин Василий и щIыхуэр. Перми-тин и улахуэр илъэсым сом 350-рэт. Ар илъэсиблкIэ лажьэмэ, Урысейм кIуэжыну хуитт, щIыхуэ темылъмэ. Ауэ абы и улахуэмкIэ унагъуэр пхуэгъэшхэнутэкъыми, щIыхуэ къимыщтэу хъутэкъым. Ар Росс быдапIэм илъэс 20-кIэ къыдэнащ и унагъуэр и гъусэу. Илъэс тIо-щIкIэ абы Росс дэт тыкуэным илъэситI улахуэ и инагъ щIыхуэу къыщищтащ. ЩIыхуэ тхылъым зэритымкIэ, Пермитин Василий щIыхуэу къищта ерыскъыхэм яхэтщ адыгэ тутын фунт 22 (абы нэмыщI, хьэжыгъэ пут 42, зы лы пут, шыгъу пут I4, фошыгъу пут 27, н.).Аляска ахъшэ папщIэу фоч гынымрэ адыгэ тутынымрэ

Адыгэ тутын хъурейуэ

Гын гъэуэгъуэу

Псы бланэм и кIапэ

Щыхь бгъэлэгубэ гъэгъуа

Щыхь бзэгу

Бабыщ

Къаз 7

5

6-9

4-5

5

Урысейм и унафэкIэ адыгэ тутын фунтыр Аляскэ цент 30 щиуасэт икIи Аляскэ яшэ зы адыгэ тутын фунт къэс Урысейм норкэ фищ кърашын хуейт. Ауэ индеецхэм тутыныр нэхъ лъапIэу иратт. Зы адыгэ тутын фунтыр дзыдзэ фих е норкэ фэ пщыкIуткIэ индеецхэм ира-

59№9 ПСЫНЭ

Тхыдэ

Page 62: Psyna no.9, 2010

хъуэжт. Далл Уильям етх: «…Hence, while the Company’s price of a pound of Circassian tobacco was thirty cents, and the bidarshic was expected to balance his account with the Uprovalisha of his district by returning , say, three mink for the tobacco; yet the native received nothing like a pound for three mink skins. The tobacco comes done up in small bundles called papooshki. There maу be from two to six of these in a pound; yet for each one, large or small, the native must give a marten skin or two mink skins» («Урысейм адыгэ тутын фунтыр цент 30 и уасэу кърашри, абы пэ-кIуэу норкэ фищ яшэж. Ауэ урыс сатуущIхэм ар нэхъ лъапIэу индеецхэм иращэж. Тутыныр «папыхъкIэ» еджэу тхьэмпэ шыхьа цIыкIуурэ къашэ. Зы фунтым папыхъ 2-6 къикIыфынущ. Ауэ и инагъым емылъытауэ индеецым зы папыхъ къэс зы дзыдзэм е норкитым я фэ

ирет...»). А зэманым дуней псом фэ нэхъыбэ къыздрашыр Аляскэт. Псалъэм папщIэ, 1775 гъэм Бытырбыху къа-шауэ щытащ псы бланэм и фэу 46460, къундузым и фэу 7143.

Алеут индеец лъэпкъым щыщу цIыхухъухэри цIыхубз-хэри адыгэ тутыным нэхъ ефэт. Алеут лъэпкъ пашэ гуэр адыгэ тутын зэрефэр американ къэхутакIуэ гуэрым илъагъури итхыжащ. Алеут пашэм пхъэ лулэ дахэ иIэт: абы и кIуэцIыр бдзапцIэкIэ къигъэжыкIат, гъуаплъэ церп фIэщIат. Пашэм япэ щIыкIэ лулэм щыхьыц тIэкIу ирилъхьащ, Iугъуэр щыжьдишэкIэ тутын щыкъуейхэр иримылъэфын щхьэкIэ. Адыгэ тутын фIыцIэ щыкъуей зыщыплI лулэм ирилъхьэри хуэмурэ жьэдишащ. Зэ фIэ-кIа жьэдишакъым – ауэ а зэр хурикъуащ пашэр Iейуэ игъэщтэну икIи и нэпсыр къыщIихуащ, Iугъуэр къы-жьэдригъэхужа нэужь.Адыгэ тутыныр хуабжьу гуащIэт икIи узыншагъэм деж-кIэ зэрант. Тхыдэтх Биллингс Е. Р. етх: “The effect of the Circassian tobacco on the lungs is extremely bad, and among those tribes who use it many die from asthma and congestion of the lungs. This is principally due to the saltpeter with which it is impregnated” («Адыгэ тутыныр тхьэмбылым дежкIэ хуабжьу зэранщ. Абы ефэ индеец лъэпкъхэм куэд йолIыкI астмэмрэ тхьэмбыл узымрэ. Ар къызыхэкIыр тутыным селитрэ зэрыхалъхьэращ»).

Етхуанэ IыхьэАмерикэм щащэу щыта адыгэ тутыныр

Америкэ Штат Зэгуэтхэм нэгъуэщI «адыгэ тутын» лIэу-жьыгъуэ къыщыщIагъэкIыу щытащ. ЛIэщIыгъуитI-щы ипэкIэ узэIэбэкIыжмэ, адыгэ цIыхубзхэм я дахагъым теухуауэ Европэмрэ Америкэмрэ хъыбар куэд къыще-кIуэкIт. Сурэтхэм ит, романхэм хэт адыгэ цIыхубзхэр нэхъыбэу тырку сулътIаным и сэрейм щIэст загъафIэу, лулэ дахэкIэ мэ IэфI къызыпих тутын щабэ ефэт. А хъы-бархэм тету американ тутыныщI Лориллард къыщIи-гъэкIыу хуежьащ «адыгэ тутын нэс». Лориллард и адыгэ тутыныр щабэт, мэ IэфI къыпихт. Абы уефэ, бгъэ-ныщкIу икIи уепэм хъурт. А зэманым Европэм тутыныр хущхъуэгъуэу къалъытэрт. Лориллард и адыгэ тутынри

хущхъуэу жиIэт. 1812 гъэм американ газетхэм адыгэ ту-тыным и рекламэ къытрадзэрт, абыхэм щыщт «Salem Gazette»: «Псоми ящIэ адыгэ цIыхубзхэм я дахагъэр, псом хуэмыдэу, тырку сулътIанхэм я фызхэм. Ауэ куэ-дым ящIэкъым – ар къызыхэкIыр ахэр адыгэ тутын зэ-рефэращ. Тутыныр щабэщ, икIи дзэхэр ехъумэ, жьэм мэ дахэ къыжьэдрегъэх, Iэпкълъэпъыр узым нэхъ бэшэч хуещI, икIи цIыхур нэхъ зэпIэзэрыт ещI. Абы шхыныр гъэткIугъуафIэ ещI, нэжэгужи уещI, ауэ аркъэрэ шагъы-рымрэ хуэдэу зэранкъым. Адыгэ тутыныр мэхъу бгъэ-ныщкIуи, уефи, IэпэкIэ бгъэщабэу уепэми».Адыгэ тутын ящэм нэмыщI Америкэм къыщыдагъэкI тутынхэм адыгэ цIыхубзхэм я сурэт тращIыхьт, абыкIэ унагъуэ хуабагъэрэ цIыхубз гуакIуагъэрэ къагъэлъа-гъуэу. Ди зэманым псэу американ тхыдэтх цIыхубз Салем Лори гу лъитащ мыпхуэдэ Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэ-ным. Америкэ тутынхэм тет цIыхубз сурэтхэр зэщхь-тэкъым. Адыгэ цIыхубзхэм я сурэтхэр дахэу ящIт, ахэр щыст гуфIэу икIи загъэпсэхуу. Негр цIыхубзхэм я сурэтхэр лажьэу е пщафIэу ящIт. ЛIэщIыгъуитI и пэкIэ Америкэм къыщыдагъэкIащ «тутын куэзыр». Абыхэм язт Гинтер Ален къыдигъэкI «дунейм и тутынафэхэр» куэзыр коллекцие гупыр. Абы и 33-нэ къыдэкIыгъуэм «адыгэ куэзыр» и цIэт: «Circassian card from Allen Ginter №33 world’s smokers series». Адыгэ куэзырхэм тетт тутын ефэ лIы адыгэ фащэ щыгъыу.

«Псоми ящIэ адыгэ цIыхубзхэм я дахагъэр, псом хуэмыдэу, тырку сулътIанхэм я фызхэм. Ауэ куэдым ящIэкъым - ар къызыхэкIыр ахэр адыгэ тутын зэрефэращ. Тутыныр щабэщ икIи дзэхэр ехъумэ, жьэм мэ дахэ къыжьэдрегъэх, Iэпкълъэпъыр узым нэхъ бэшэч хуещI, икIи цIыхур нэхъ зэпIэзэрыт ещI. Абы шхыныр гъэткIугъуафIэ ещI, нэжэ-гужи уещI, ауэ аркъэрэ шагъырымрэ хуэдэу зэранкъым. Адыгэ туты-ныр мэхъу бгъэныщкIуи, уефи, IэпэкIэ бгъэщабэу уепэми».

Американ тутыныщI Лориллард, 1812 гъ.

60 ПСЫНЭ ˜9

Тхыдэ

Page 63: Psyna no.9, 2010

«Налмэсым» щекIуэкIа Мэт Валерэрэ Шыгъушэ Дианэрэ я хьэгъуэлIыгъуэ джэгур.

Page 64: Psyna no.9, 2010

IуэрыIуатэр Iум къиIукI бзэращи, ар зэхох, Iэпэ-Iэсэр зэрыпсалъэр Iэпэм и бзэрщи, уолъагъури зэхощIэ. ЗэхащIащ ди IуэрыIуатэр дуней псом, абы лъэпкъ фащэу щызэблэкIым япхрыкIри къащхьэщыувэжащ, японым я кимономрэ инджылызым я фракымрэ ящIыгъуу. Гурыхь ящыхъуащи, зигу ирихьым и пкъым хуегъэхъу, и бзыпхъэр трах, и тхыпхъэри… абы бзэ иIэу ямы-щIэу щрагъэкIум традэ.

Дэр-щэ? Дэ дохъумэ ди фащэр, зэманыр кIуэтэху нэхъ гъунэгъу къытхуэхъуж нэхъей, и щэхухэр къэтхутэрэ и «бзэр» зэдгъащIэу, ди гуфIэгъуэ иритIэту, ауэ абы я щIыIу къохъуж нэхъ лъапIэныгъэ дыдэу ди гъащIэм

Псэм фIэIэфI Iуэхум Iэр хуопсынщIэАБРОКЪУЭ БЭЛЛЭ

щыдиIэ хьэгъуэлIыгъуэри–ар къытлъыкъуэкIмэ, псэгъу зэхуэхъуаитIым ящыдотIагъэ. Хъуэхъуу ди бзэм къыпыкIым пидмыдзыхын хуэдиз тхьэлъэIу пкърылъщ езым а бзылъхугъэ фащэм, – насыпырыхь хъуну дызыщыгугъым. Мы тхыгъэр зытедухуар Iэпэ-Iэсэщ. И дэрбзэр пэш метр зэбгъузэнатIэ 60 фIэкIа мыхъум абы мастэ-IуданэкIэ дыгъуасэмрэ пщэдеймрэ щызэпедэ, дыщэидэкIэ ирокIуэжри, нэтемыгъахуэ дэнлъэчыр щхьэщегъэтIыcхьэж. Дэрбзэр ХьэцIыкIу Мадинэ щIэныгъэ пщалъэкIэ и Iуэхум бгъэдыхьэми, абы игъэлажьэ пщащихыр щIыгъуу яда адыгэ фащэ-хэр щIыкIафIэу, уфафэу утыкум къыщофэ, хьэщIэу къытхуэкIуэр ирагъафIэ, музейхэм щофIэрафэ.

62 ПСЫНЭ №9

IэщIагъэ

Page 65: Psyna no.9, 2010

IэпэIэсэм иIуатэр пщащэ гурыхуэм и щэхущ

Мастэ-Iуданэ зэфIиIуф зэрыхъуу, пасэрейм и пща-щэр иригъэтIысылIэрт и нысащIэ фащэр идыжыну. Ар апхуэдизкIэ лэжьыгъэ гугъут, пэщэщэнейти, и дэкIуэгъуэ хъуху ерагъыу хуэгъэхьэзыру арат. Псэуэ иIэр хилъхьэт.

– ЛъэпIэнтэкъэ-атIэ ар зыхущитIагъэ Iуэхугъуэр? – ЛъэпIэнт! – Техъушышыхьынтэкъэ унагъуэ жьэгур хъумэ-ным? – Техъушышыхьынт! – Абы и уагъэ-щагъэр щызэрихъэм тхьэлъэIуу къи-Iущэщар дапхуэдиз? – Абы ущIэмыупщIэ! – АтIэ, езы фащэм сыт къритыжа пщащэм? – ШыIэныгъэ – зэман кIыхькIэ зыпэрыт Iуэхум те-мызашэу (а щэныр адыгэ пщащэр цIэрыIуэ зыщIам ящыщщ); Iущыгъэ – пасэ дыдэу и Iэпэ джэдыкIэхэм-кIэ пэщащэу лэжьэн щIэзыдзам и гупсысэм зэрызиу-жьым къыхэкIыу; дахагъэ – фащэр щигъэдахэкIэ ирихьэлIэ Iэзагъыракъым ар, атIэ тхьэлъэIурщ, Тхьэм узэрыпищIэрщ, мэгъу къару зыхэплъагъуэ тхыпхъэхэм узэрелэжьырщ ар къызыхэкIыр.

Мы дунеижьыр щымыджэмыпцIэм абы и «псэ лъынтхуэм» къыпхилъэфа Iуданэ закъуэр зэрихъэм-ишыхьурэ, гъуни-нэзи зимыIэ ЩIым хуэдэу хъурей-уэ дэнлъэч къыхищIыкIщ аби, ихьри и пыIэ щыгум тригъэтIысхьэжащи, къихъумэу ноби тесщ. Ар и щэхущ пасэрейм и пщащэ гурыхуэм.

Псэм фIэфI Iуэхум Iэр хуопсынщIэ

Зи гугъу сщIыр ХьэцIыкIу Мадинэщ. СепсэлъылIат, мы тхыгъэр щызгъэхьэзырым. – Адыгэ бзылъхугъэ фащэр и пыIэм къыщыщIэдза-уэ фэ вакъэм нэсыху зыду, дэрбзэр унэу е цIыху щхьэхуэу дапщэ щыIэ, фэр нэмыщI? – И пкъыгъуэ щхьэхуэхэр ягъэхьэзыр мыхъумэ, а лэжьыгъэр зэуIуу утыку къэзыщI щыIэу сыщыгъуа-зэкъым. – Зы цIыхум, и закъуэу елэжьмэ, дапхуэдиз зэман-кIэ хуэдыну адыгэ бзылъхугъэ фащэ? – И лэжьыгъэм хуэIэкIуэлъакIуэмэ, нэхъ псынщIэу къехъулIэнкIи хъунщ, ауэ я нэхъ мащIэу илъэситI токIуадэ. – Зэман нэхъыбэ зыхьыр… – Дыщэидэращ, ар фащэм теплъхьэжынри кIыхь-лъыхьщ, ауэ гухэхъуэгъуэщ... – Адыгэ фащэм лэжьыгъэу ефхьэлIэм щыщу, уэ нэхъ узыхуэIэрыхуэр-щэ? Нэхъ уфIэфIри?.. – Уагъэ зэрысхъэным, бзыпхъэ хэсхыным нэхъ сы-дехьэх, ауэ псори сфIэфIщ, псоми сыхозагъэ. Згъэ-

63№9 ПСЫНЭ

IэщIагъэ

Page 66: Psyna no.9, 2010

щхьэкIэ, иджыри университетым сыщеджэу, къэфа-кIуэм сыхыхьауэ щытащ. ФIыщIэ яхуэсщIу зи цIэ къисIуэну сызыхуейхэм ящыщщ уагъэ щIынымкIэ ямылейуэ щхьэпэ къысхуэхъуа КIыщ Хьэзрэталий. Абы и лэжьапIэ пэшым сыкIуэурэ сигъасэт. Фащэ дыным яужь сызэрихьэрэ си лэжьыгъэр илъытэну си хъуэпсапIэу къокIуэкI дыщэкI Мэстафэ Славэ. – КъохъулIакъэ-тIэ? – КъызэхъулIащ, къысщытхъуащ. – Дыщэидэм хэт ухуигъэса? – Аспирантурэм сыщыщIэсым, абы «ФОП» жиIэу къыщызэIуаха факультетым егъэджакIуэу щылажьэт дыщэкI Iэзэхэу Шэт Джульеттэрэ Дагировэ Мари-неттэрэ. Ди къэралым зы еджапIэ закъуэ иIэу арат дыщэидэм щыхурагъаджэуи, Торжок къалэм ар къыщаухри а тIум къагъэзэжат, абыхэм сагъэсащ. Япэ дыдэу дэрбзэр Iуэхум сытезыгъэгушхуа си шыпхъу нэхъыжь Ленэ Тхьэм кърита и IэщIагъэщ ар, нобэми сщIыгъущ, къыздолажьэ. Абы нэхъ хуа-гъэфащэт а IэщIагъэр ди унагъуэми, сэр нэхърэ. Щхьэхуэу и гугъу сщIыну сыхуейщ Накуэ Феликс. ЩIэныгъэкIэ фащэм и тхыдэм сыпхрыплъу, абы и щэхухэр къэсхутэу, тхыпхъэхэм «бзэ» яIэу къызэ-зыгъэщIар аращ. Иджыблагъэ дунейм къытехьащ «Тхыпхъэ» зыфIища абы и тхылъри, дымыщIа куэд къэзыгъэнэхуэну лэжьыгъэм сыщогуфIыкI. – Адыгэ фащэм ехьэлIауэ нэхъ хьэлэмэт пщыхъуар сыт хуэдэ тхыпхъэ? – Бзылъхугъэм и Iэщхьэтхьэмпэм тедаращ: анэ – ар къокI, зэпыпплъыхьмэ, анэм ехьэлIа Iуэхугъуэ псо-ри иболъагъуэ. Ар дыдэм пасэм къащIэныжа бзы-лъхугъэ сыныжьхэми тету урохьэлIэ. – Ар анэIэр зыхъумэ тхыпхъэуи къыщIокI! Фащэм и пкъыгъуэхэм ящыщу нэхъ лъапIэ дыдэр арауэ пIэрэ? – ПыIэм нэтемыгъахуэу щхьэщыс бзууIухэри, дэн-лъэчри, бостеикIэм и къуапэм теда щимэ щIыхьри, нэгъуэщI тхыпхъэ куэдми мыхьэнэ куу яIэщ. – АтIэ, арат уи гъэлъагъуэныгъэ иджыблагъэ Нал-щыч и лъэпкъ музейм щекIуэкIам «Жыг-Гуащэ и псысэ» щIыфIэпщар? Псысэм зэриIуатэмкIэ, дунейм и щэхур пкърылъщ зи щхьэкIэр уэгум хыхьэу, зи

щIагъуэ пэтми схуэухкъым фащэм и бзыпхъэр гугъуехьышхуэ хэмылъу хэти зэрыхуэбгъэхъуфыр, ар щызытIагъэм и Iэпкълъэпкъри екIу зэрыщIэхъу-кIыр. – Илъэс дапщэ хъуауэ бдырэ фащэр? – Гъэ епщыкIущанэр йокIуэкI. – И къежьапIэ хъуар фейдэ къызэрыкIын гупсысэ, гур дэзыхьэха Iуэху хьэмэрэ хъумэжын мурад? – Япэ щIыкIэ сыдихьэхащ, итIанэ анэр быным зэрыхущыт гурыщIэр зэхызигъащIэу схъумэжыну сыхуей хъуащ, нобэм къэсхьыжыну, иджы фейдэ къысхухокI абы и дыным. – Сэ фэ зэресплъымкIэ, нобэрей зэманым адыгэ фащэр егъэкIуным удихьэхкъым. – Апхуэдэ лэжьыгъэ гуэрхэри сиIащ, ауэ, пэжыр жысIэнщи, и дахагъыр зэрыщыту тхъумэмэ, нэхъ къызощтэ. – Ди гъащIэм къыхэмыхьэу музейхэм къыщIэнэ-жынкIэ ушынэркъэ? Сыт ягъэ кIынт абы и бзыпхъэр къэдгъэсэбэпу, еджапIэхэм щеджэ ди сабийхэм ящыттIэгъамэ, я щIыIутелъыр зэщхьу къанэу, пща-щэхэм – я бгъэIулъхэр, щIалэ цIыкIухэм – къэптал-хэр плъыфэкIэ зэрахъуэкI хъууэ? – Хьэуэ. Сигу зэщыуа си гугъэщ, цейм – къызэры-гуэкI гъуэншэдж, абы – кроссовкэ къыпалъхьэу слъагъуурэ. Ягъэпудыну къысщохъу, кIуэ, къэптал-хэр иджыпсту щIалэгъуалэм яфIэфIу, я щыгъыным дахэу ирагъэкIуу зэрызэрахьэм сыщымыгуфIыкIыу схужыIэнукъым. ИтIанэ – музейхэм къыщIэнэжын-кIи сышынэркъым, сыту жыпIэмэ хьэгъуэлIыгъуэм и деж куэд щIоупщIэ. Нэхъапэм е фащэм и дыкIэр ягу иримыхьу е къэфакIуэ ансамблхэм къыIаха гуэ-ру къыхуагъэлъагъуэрти, нысащIэхэм ягу бгъэды-хьэртэкъым. Иджы щIэупщIэ нэхъ иIэщ. – Химие щIэныгъэм удихьэхауэ, кандидат лэжьы-гъэ хуэптхауэ, ар IэщIыб уэзыгъэщIыфа фащэм сыт щикъару уи псэм, хэти сэбэп къыпхуэхъуа абы уи гъащIэр пищIэну? – Сэ си дежкIэ си IэщIагъэр – си нэплъэгъуэщ, си псы Iубыгъуэщ, езгъэлейуэ къафIэщIынуи сыхуей-къым цIыхум. Адыгэ фащэр си пкъым ислъхьэн

64 ПСЫНЭ №9

Page 67: Psyna no.9, 2010

лъабжьэр щIым и курыхым нэс Жыг-Гуащэ… – Аращ. – Адыгэм и цейр дуней псом щызэлъащIэса фащи-хым ящыщ хъуауэ жиIэу зэхэсхащ Мэстафэ Славэ. Абы и щэхур сыт? – Зауэ IэнатIэ уIутмэ, шы утесмэ, псынщIэу зыбгъэ-зэнумэ, цейм нэхъ тыншрэ нэхъ дахэрэ цIыху тIысу къыхуэгупсысынтэкъым. – Уи хъуапсапIэр сыт? – ХъуапсапIэ дахэ сиIэщ. Сэ си лэжьапIэ пэшым хэ-ту, абы щекIуэкI лэжьыгъэр ялъагъуу гъэсэн цIыкIу-хэр пщIэншэу езгъэджэну сыхуейт, дэ тщIэр абыхэм адэкIэ гъащIэм хахьэу, ди IэщIагъэр мыкIуэдыжу. ЩахущIыхьэм – къекIуалIэу. Фащэм тет тхыпхъэ-хэм ди щIэныгъэлIхэр нэхъ куууэ елэжьмэ, абы и пщIэр нэхъри зэрыхэхъуэнуми шэч къытесхьэркъы-ми, ари си хъуапсапIэщ.

Нанэ и фащэр Щабэу пэщащэт… Щимэ дыщафэм ИщIт лъабэдий. Дарий Iэщхьэхур Жьыхуу хуэрахуэт, Iущащэ хуэдэ КIапэху бжьамийр.

Нанэ и фащэм Гуащэу зигъазэт… Сыхуэмыгъасэм – Гусэт Iэдийр. Дадийуэ пщIыпщIу Абы и тхьэмпэ ТещIыхьа тхыпхъэр ТхьэрыкI нэбзийт.

Псысэ Iущащэр Iум изгъэщащэу Фащэм и куэщIым КIущэу зисшыхьт… Шэхэх уэрэди ЩыIэу сымыщIэт, Бжьамий кIапэхур, Хурхэр си пщIыхьт.

…Iу бахъэ хъару ПщIыхьыр IуосыкIри, Тхьэшхуэ хуэуджу Зыдызошей. Си пкъыр хуэпабгъэу Фащэм сыпсэуми, СылъэмыIэсу сыхудоплъей!

«Нанэ и фащэ» усэр зейр Аброкъуэ Бэллэщ.

65№9 ПСЫНЭ

IэщIагъэ

Page 68: Psyna no.9, 2010
Page 69: Psyna no.9, 2010

(8662) 71-01-01; www.ranalchuk.ru

Page 70: Psyna no.9, 2010

Пщыкъан и хъыбар зэхахри къыкIэлъыкIуауэ арат ахэр, мыр здэтшэнщи деплъынщ, жаIэри. – Фынеблагъэ! – яжриIащ. – Дынеблагъэнукъым, зыщIыпIэ утшэну дыкъэкIуауэ аращ. – Ар тэмэмщ, ауэ си закъуэкъым, гъусэ сиIэщ, – жиIащ Пщыкъан. – Уи гъусэри къыздэщтэ, – жаIэри къыщIагъуащ Джылахъстэней къикIа шу гупым.

«Дэнэ сыздэфшэр?» жиIэу щIэмыупщIэу, Пщыкъаныр дэкIащ. Здашэнуми нэсащ. «Уей, мы шы гъэшха гупыр къытхуэмыдыгъуу укъыздэтщтауэ арам», – жаIэри къыжраIащ. И шы пэхужьым къепсыхщ, псым хэпкIэри зэпрысыкIащ. Абы щыгъуэ унэхэр бгъэныщхьэт. Бгъэныр зэлъыIуитхъури шыр щагъашхэ бом щIыхьащ. Шэщыбжэр Iуихри шыхэр къиутIыпщащ, зыш фIэкI къэмынэу. Бжэ IухамкIэ шыхэр щIэпхъуэри зэрызехьэу къажыхь хъуащ. «Мыбы зыгуэр къэкIуащ!»- жаIэри куэбжэм и щIыбкIэ щыIэм хъыбар кърагъащIэри, куэ-бжэр Iуахри ахэри къыдыхьащ. Абдежым мо шы епхауэ щытар джэгухэурэ къызэрыдэхащ. Пщыкъан шы къи-гъэнам и пщэм зыкъришэкIри, шыпщэ щIагъым

ЖылитI хэкум къыхуэзыхъумэфа

Зытхыжар

Ало Тимуррэ Табыщ Муратрэщ

Сурэтхэр зыщIар

Къэрмокъуэ Аслъэнщ

68 ПСЫНЭ №9

Page 71: Psyna no.9, 2010

щIэлъу къапхыкIащ къалмыкъхэм. Мыгувэу шыр къигъэувыIэщ, къэшэсри къежьэжащ. Къежьэжри и гъусэхэм къащыхуэзэжынум деж щаIущIэжри КъэбэрдеймкIэ къаунэтIыжащ.АрщхьэкIэ къалмыкъхэр гупышхуэ зэрыгъэхъу-ри къакIэлъыпхъэрахэщ. Iуэхур Iей къыщы-хъум, «Тэрч деж дыщызыхуэзэжынщ!» – жиIэри и гъусэхэм лъэныкъуэ зрагъэзыху Пщыкъан и Iэщхьэлъащхьэр дрихьейщ, сэшхуэр кърихри, япэщIэуващ пхъэрхэм. Пщыкъан и уэрэдым мы псалъэхэр хэтщ:

Мы дымыцIыху гущэхэр къыдоджэ,Къыдэджа гупым ныжэбэ жэщым дращауэщIэщ,Мы дымыцIыхухэм дымыцIыху щIыпIэм гущэ дынашэ,Дыздаша щIыпIэми нэгъуей шыхъуэжьхэр къед-гъэзи,Къэдгъэзэжати, нэгъуей пхъэражэу къэсащ.Щымыхъужыххэми Щоджэн шу закъуэм зегъэ-щIэращIэри мэзауэ,Ар щымыхъужыххэми Щоджэн шу закъуэми зыкъуедзэ,ЗакъыфIигъэпщкIурэ и гъусэхэм къакIэлъы-кIуэжщ.Мы хьэныбэщидзэу шы пцIэгъуэплъ ныбабгъуэрТэрчыжь мэхъаджэм ткIэщIехыр,ТIасхъэр щIэзыхыр шынэхъыщIэм и псалъэщ,Си щхьэр зи жагъуэм сизыжагъуэным хьэныбэ-щидзэм гущэ щIытаджэ,Уэ си наджэ-къаджэм си пшахъуэ ныджэм ноубэ,Сызыубыным махуэ и хьэдэ ирих,Уэ нэгъуей дзэпщ пашэ соукIыр…

Ахэр лъэныкъуэ езащ иджы щыжиIэм, езы Пщыкъанри, и шы пэхужьым елъэдэкъауэри, Тэрч деж къэмысу къалъэщIыхьэжащ. Арати, шыхэр Тэрч кърахущ, ящэщ, ахъшэр зэхуаугуэ-шыжри, гупыр зэбгырыкIыжащ.

А лъэхъэнэм кушмэзыкъуейхэр шыгъушэ кIуауэ чырэ гу зытIощIырыпщI хъун къыдрашеижт, шыгъу къашэу. Къурей губгъуэмкIэ къыкIуэцI-рыкIыж кушмэзыкъуейхэр ярихьэлIат мо зекIуэ къикIыжхэм, икIи Пщыкъанри Кушмэзокъуэри, дауикI, къацIыхуахэт. Мохэр Тэрч зэпрыкIыжа къудейуэ, къалмыкъыдзэр, Кушмэзыкъуейм я шыгъушэхэм загъэпсэхуну къызэтеувыIауэ щытхэу, къакIэлъысхэри къаухъуреихьахэщ. «Мыпхуэдэхэр флъэгъуа?» – жаIэурэ къытра-гъэчыныхьахэщ. Къалмыкъхэм къатеуахэр зэрыадыгэр къащIакIэт, сыту жыпIэмэ Пщыкъан гъунэгъу дыдэу сэшхуэкIэ яхэлъэщы-хьат. Абы ищIыIужым зыкIэлъыпхъэрахэм я лъэужьыр зыдэкIуэр КъэбэрдеймкIэт, икIи

абыхэм дежкIэ наIуэт мо бэлыхьу япэ имыща шууей гупыр мы шыгъушэхэм ямылъагъуу блэ-кIыну Iэмал зэримыIар. Къыхузэгуэп гуэри яхэту къыщIэкIынт шыгъушэхэми, Пщыкъаныр яIуэтащ, ауэ щыхъукIи Кушмэзокъуэр зекIуэлI-хэм зэрахэтар ябзыщIащ, и цIэр хэIущIыIу ящI-мэ, къуажэм димыгъэсынкIэ шынэхэри.

Iуэхур сабырыжыху зэман дагъэкIри къалмыкъ-хэм къытрагъэзэжащ. Пщыкъан и псэупIэр къащIэри, унэр шу гупышхуэм къиувыхьащ. Зы гупыр куэбжэм деж къэуври, «Пщыкъан!»- жа-Iэри къэджащ. Пщыкъан и анэшхуэр щхьэгъуб-жэм къыдэплъри: – Алыхь, куэбжэм деж шу гуп щызэхэтым; фIы ягу имылъ! – жиIащ. Абы щыгъуэ унэхэм шыгъуэгубжэкIэ еджэу унэ щIыбагъымкIэ ущIэкI хъууэ бжэ иIэт. – ШыгъуэгубжэмкIэ щIэкI, армыхъуамэ уау-кIынущ, – къыжриIащ и анэшхуэм Пщыкъан. – Уей, шыгъуэгубжэмкIэ сыщIэмыкIын! – жи-Iэри, и шхуэр къищтэри и бгым щIипхэщ, и сэшхуэр зыпщIэхилъхьэщ, и фочыр къищтэри къыщIэкIащ. Пщыкъан куэбжэмкIэ къыщыт шу гупым яхэуэщ, зэкIэщIихури, къафIыдэкIащ.

Абы иужь илъэсиблкIэ ЩоджэнцIыкIу Пщы-къан абрэджу къикIухьащ, жэщкIэ къекIуэлIэж-рэ и унагъуэ къахыхьэу, махуэкIэ гъэпщкIуауэ зэхэзекIуэу. ЗэраIуэтэжымкIэ, а зэманым зауэм хэт Хьэжрэтым ядэIэпыкъуу щытащ Пщыкъан, ауэ, дауэ щымытами, унэмкIэ щIэх-щIэхыурэ къыкъуэкIыжырт ар.

И зы къэкIуэжыгъуэ гуэрым пщы Къэсейхэ я къуэм IущIат Пщыкъан. Абы щыгъуэ Къэсейхэ я щIалэщIэ Урысейм щIэныгъэ щызригъэгъуэтри къэкIуэжат. ЩIэныгъэ зригъэгъуэта щхьэкIэ, Къэбэрдейм пщIэ щызыхуригъэщIын папщIэ, и ныбжьэгъу пщы-уэркъ щIалэгъуалэм я пащхьэ и лIыгъэ щимыгъэлъагъуэу хъунутэкъым. Зы шы гуартэ къихуфын хуейт. Дыгъуэш-дыгъуэлIхэм «Гумкъалэ бэзэрым докIуэри шы къыщыдо-дыгъури дощэ!» – жаIэу зэхихащ Къэсейхэ я щIалэщIэм. Зэи апхуэдэ Iуэху хэмыта, «хьэрис-фэрисхэр» зымыщIэ щIалэр Гумкъалэ бэзэрым кIуащ. АрщхьэкIэ хыхьэкIэ-хэкIыкIэ зымыщIэм сыт ищIэфынт?!

Къэсейхэ я щIалэм и пэр къыпылэлу тету, бэзэ-рым и кIэм Пщыкъан къытехьащ. Зэрыадыгэр къищIэри, Пщыкъан щIалэм бгъэдыхьащ. ЩIы-тет щхьэусыгъуэр къыщищIэм, Пщыкъан щIа-лэр зыщыщкIэ щIэупщIащ. И цIэр къыщриIуэм: – ХьитIым я кум къыдэкIа, адыгэ напэр тепхыу

69№9 ПСЫНЭ

IуэрыIуатэ – дыщэ пхъуантэ

Page 72: Psyna no.9, 2010

мы бэзэрым зыбгъэшу щхьэ утет? – жиIэри къехъурджэуащ щIалэм. – НакIуэ уи фэтэрыр сыгъэлъагъу», – жиIэри мо Iэнкун хъуа щIалэр и хэщIапIэм къишэжащ. – Иджы, ныжэбэ япэ сыкъыщыджэм укъыщIэ-мыкIмэ, уи щхьэр пызупщIынущ, – жиIэри Пщыкъан къыIукIыжащ.

Къэсей и къуэм зыгуэркIэ сыIурихмэ, жиIэри, лIыжь-фызыжь фэтэр къыздыIыриххэм елъэ-Iуащ: – А шу нетIэ мыбдеж къыIухьам ныжэбэ къыт-ригъэзэжынущи, зыгуэркIэ сыщхьэукъуэ хъумэ, Iэмал имыIэу сыкъэвгъэуш. Езыми и шым уанэ тримыхыу бом щIишэри ирипхащ. АпщIондэху Пщыкъаным шы гуартэ цIыкIу къихури Гумкъа-лэ и гупэкIэ къыщыт мэз гъуейм хиубыдащ. Къэсейхэ я къуэр зыщIэс фэтэрым игъэзэжри, Пщыкъан щIалэр къыдишащ. Мэз гъуейм къы-хишэри шыхэр къритащ.

– Еуэ, кIуэ иджы Наурызхэ, апхуэдэу иджыри адыгэ напэр тепхыу бэзэрым укъытехьауэ зэхэсхмэ, уи щхьэр пысхынщ, – жиIэри Пщы-къаным къыщIигъужащ. Къэсейхэ я къуэр «Хэтхэ уарей?» жиIэу къыщеупщIым, «Сэ сызейм сыкъагъуэтыжынщ, абы уи Iуэху хэлъкъым», – жиIэри аращ жэуапу къыпихар. Апхуэдэу Пщыкъан Къэсейхэ я къуэм шы гуартэ къритри къиутIыпщыжауэ щытащ. ЩIалэщIэм и адэм игъэщIэгъуащ: – ИгъащIэм мыпхуэдэ Iуэху ухэмытауэ дауэ къэпхуфа мыпхуэдизыш? –Уей, мыр сэмыра зыхузыфIэкIар, ди адэ. Бэзэрым зыри схузыхуэмыгъэхъуауэ сытету, зы лIы цIыкIу къысхуэзэри хуабжьу къызэшхы-дэщ, си фэтэрыр зригъэцIыхури, абы пэмыжы-жьэу кърихулIэщ шыхэри къызитащ.

И адэр аргуэру къыщIэупщIащ щIалэм: – Хэтхэ ей ар? – СыщIэупщIати, къызжиIакъым, сэ сызейм сыкъигъуэтыжынщ къысхуеймэ, жиIэри аращ жэуапу къыпысхар, – жиIащ и къуэм.И адэр аргуэру къеупщIащ и шыфэлIыфэкIэ, дапхуэдэу щытами и къуэм къыхуэупса лIыр. Ар щыжриIэм: – Кушмэзыкъуей щыщ ЩоджэнцIыкIу Пщы-къан жыхуаIэращ мы шыхэр къозытар! – жиIэ-ри пщым занщIэу къищIащ Iуэхур зытетыр.

ЗыхэщIыкI зыхэлъ щIалэу къыщIэкIащ Къэсей и къуэр. Нэхъ иужькIэ Налщыч тет хъури, Пщыкъан сэбэп къыхуэхъужащ ар. Къалмыкъ-хэр къакIуэт щIэх-щIэхыурэ, лIыкIуэ къагъа-

70 ПСЫНЭ №9

IуэрыIуатэ – дыщэ пхъуантэ

Page 73: Psyna no.9, 2010

кIуэурэ къыщIагъэупщIэт «Мыбы шы куэд къытфIихуащ, здэщыIэр къыджевмыIэу хъунукъым», жаIэурэ. «КъекIуалIэмэ, къэвубы-ди къыдэфт», – жаIэт. Арати, Къэсей и къуэм тхылъымпIэ зэхилъхьащ, Пщыкъан Къумыкъум дыгъуакIуэ щыIэу абы къыщаукIауэ иту. А тхылъыр Къалмыкъ лъэныкъуэмкIэ иригъэхь-ри, абы иужькIэ шы Iуэхум теухуауэ зыри къы-кIэлъыгъуэзэжакъым Пщыкъан. Апхуэдэу щыхъум, Къэсей и къуэр къыщIэупщIащ Пщыкъан, «Къысхуэфшэ!» жиIэри. Зыкъомрэ Пщыкъан и Iыхьлыхэм ар хьэгъэщагъэ гуэру къащыхъуурэ, абы и Iуэху зытетыр ямыщIэу жаIэурэ екIуэкIащ. Сытми, Къэсей и къуэм шынагъуэ зэрыщымыIэжымкIэ щыхьэт тхылъи къаригъэлъэгъуа нэужь, Пщыкъан къекIуэлIэж-ри Къэсей и къуэм деж Налщыч кIуащ. ЗдэкIуам IэплIэ къыхуищIри гуапэу къыIущIащ.

– Иджы, Пщыкъан, тхылъымпIэ пхуэзгъэхьэ-зыращи, уи унэ хуиту исыж, – жиIэри Къэсей и къуэм къыжриIащ. Абы иужь Пщыкъан унэм хуиту дэсащ. Ауэ абы щхьэкIэ зекIуэ кIуэни къигъэнакъым.Еуэри, Йохъущокъуэмрэ Кушмэзокъуэмрэ, Пщыкъан я гъусэу, къурмэн къахуну кIуэхэрт. ЗэгурыIуэри, Абыкъухьэблэ деж щызэхуэсахэт. Ауэ Абыкъу и къуэм идакъым: – Уей, мы лIы цыкъырэ цIыкIур здэзмышэну, мыр шым къеджэрэзэхрэ къанэмэ, лъэужь утIэсхъ тхуэхъунущ.

Пщыкъан зыкъыхуигъазэри къыщIэнакIэ щIы-кIэу: – Уэ, тхьэмадэ, мыбдеж щIэс, сэ къурмэныр къыпхуэсхунщ, – жиIащ Абыкъухьэблэм я пщым. Пщыкъани, зэрыжыпIэщ жиIэ щIыкIэу, зыри къыпидзыжакъым. Абдежым Кушмэзо-къуэмрэ Йохъущокъуэмрэ лъэIуащ мыр здэдв-гъашэ, димыгъусэмэ, зыри къытхуэхункъым,- жаIэри. Абыкъухьэблэпщыр ерыщ екIуати, жи-Iам яхутекIакъым. Апхуэдэу мо гупыр Пщыкъан яхэмыту ежьащ къурмэныху.

ЗекIуэлIхэр жьыIуэу нэсащ здэкIуам. Яшхэр ялъахъэри гъуэлъахэщ. Пщыкъан мо зызыгъэп-сэху гупым яхыхьэри, Йохъущокъуэмрэ Кушмэ-зокъуэмрэ яшхэм емыIусэу, мыдрейхэм яйхэр къызэщIикъуэри бысымым деж къэкIуэжащ. Гупыр къызэщыуа нэужь, ягъэщIэгъуащ Кушмэ-зокъуэрэ Йохъущокъуэрэ яшхэр къанэу мыд-рейхэр зэрыIуахуар. Кушмэзокъуэр дыхьэшха-ти, и гъусэхэр къеупщIащ: – СлIо, ущIэдыхьэшхыр? – жаIэри. – Уей, а къыздэфшэн фымыдарамэ а шыхэр

зыдыгъуар, уей, икIи къывимытыжыну, – жи-Iащ Кушмэзокъуэм. Абыкъухьэблэпщыр къэп-салъэри: – Уей, дишхэр абы ихуамэ, а лIы цыкъырэ цIыкIум къызитыжынкIэ сэ семыупщIыну, – жиIэри къыпидзыжащ. – Дауэ иджы шууэ дыкъыдэкIауэ лъэсу дгъэзэ-жу дыдыхьэжын? Фи шым фытетIысхьи уанэ телъу шы къытхуэфщэху, – жаIэри Пщыкъан и ныбжьэгъуитIыр кърагъэжьащ. А Iуэхур зэфIа-гъэкIри гупым шууэ жэщу Абыкъухьэблэ къа-гъэзэжащ. Гупым къыщагъэзэжынум пэплъэу, Пщыкъан хьэщIэщым щIэст. Мохэр пщIантIэм къыщыдыхьэжым, Пщыкъаныр япежьащ. Абыкъухьэблэпщыр «Уий!» жиIэу Пщыкъан къыщытегуауэм, «Уий, «уитI» хуэфащэ хьэмэ къилъхуа!» жиIэри еIэщ, шым къридзыхри къамэр кърихащ иукIыну. Пщыкъан Iэрыубыд ищIа Абыкъухьэблэпщыр абдежым къэлъэIуащ: – Алыхьым щхьэкIэ сомыукI, къысхуэгъэгъу! – жиIэри. Кушмэзокъуэри къыщелъэIум, Пщы-къан нэхъ щабэ зыкъищIыжащ, ауэ «шы тIэкIур» жаIэу къыщыдрашейм: – Шыр фыфеижкъым, къэзыхуар сэращи, иджы сысейщ, щхьэщэхуж къызэвмытауи фэстыжынукъым, – жиIэри япидзыжащ.ЗэрыжиIам хуэдэу, шы уасэр щIатщ, къыIахыж-ри, я зекIуэм пащэжри къурмэнри къахуащ. Пщыкъан къурмэн къихуам щыщу зы гуу къигъанэри адрейхэр игуэшащ – зимыIэхэм яритащ.

Пщыкъан лIыгъэшхуэм имызакъуэу къарууш-хуи бгъэдэлъащ. Еуэри, Пщыкъан и гуум пхъэшыкъу зэрытыр къикъутэщ, къуажэ гупэм къежэх псышхуэм къикIри, Зосхэ я пырхъуэ дурэшым дыхьащ. И анэшхуэм ар къилъагъури: – Алыхь, щIалэ, ди гуур Зосхэ я пырхъуэ зэхуакум дэтым машхэри, – жиIэри Пщыкъан хуиIуэхуащ. Пщыкъан джэдыгур зытридзэщ, къыщIэкIри, гуум и кIэбдз лъакъуэр къиубыдри гъуахъуэу псым зэпхрилъэфыжащ. ЦIыкIу щхьэкIэ апхуэдэу лъэрызехьэт.

Абыкъу и къуэм гужь хуищIащ Пщыкъан. Сыт хуэдэ Iэмалми, и гур тримыгъэзэгъэжу хъуну-тэкъым, фIырыфIкIэ зэрыхуримыкъужынури ищIэрт, арщхьэкIэ ирищIэнури ищIэртэкъым. Зэгуэрым, Абыкъухьэблэм джэгу щыIэу цIыху-цIэ зиIэр пшынауэ Iэзэ дыдэ игъэджэгухэрт. Iэзэ щхьэкIэ, и нэхэр назэти, и напIэр къиIэтам жылэр щэхуу игъэдыхьэшхыу апхуэдэт. Абыкъу и къуэр пшынауэм хуабжьу игу ирихьти, джэгу гъунэм къекIуэлIамэ, къригъэкI къафэм зэуэ пичти, «ая-я, ая-я» жиIэурэ ежьууэрэ мо щIалэм

71№9 ПСЫНЭ

IуэрыIуатэ – дыщэ пхъуантэ

Page 74: Psyna no.9, 2010

КъыщыпэтIыса щIыпIэм деж зы жыг закъуэ итт, гъуэгущхьэм тету. Абы и къудамэ гъумыщIэм зылI тест, Пщыкъаныр щыблэкIкIэ, зыкъытридзэн мурадыр иIэу. Гъуэгум и пIалъэ фIыуэ зыщIэ мо лIыми къищIащ а зы жыгыжьыр сэбэп зыхуэхъу-нур сытми. Жыгыжьым щыблэкIым, Пщыкъаныр дэIэбейри къелъэну зызыгъэхьэзыр лIыр иубыдщ, кърилъэфэхщ, фIихуэри, псыхъуэ цIыкIу йожэх абдежым, атIэ, а псыхъуэр зрижэ къуэ бэкъу цIыкIум дидзэжащ. АпщIондэху Абыкъу и къуэри, губжьым къызэщIигъэплъауэ, «Уэ хьэм къилъ-хуар» жиIэу жыг къуагъым къыкъуэжу щIопщыр къыщыхуигъэдалъэм, Пщыкъан ар IэщIитхъри, «Мы цIыкIур мыхъуам, уэ пхуэфI зэрыхъур уэзгъэлъэгъунт!» жиIэщ, епхъуэщ, и пыIэкур къриудри, «Мыр Кушмызокъуэхэ ятелъу къэп-лъыта Абыкъухэ фи щIыхуэрауэ бжы», – жиIэри ежьэжащ. Хъыджэбзыр Кушмызэкъуей къишэсри ЛIыгъурхэ ярихьэлIащ, «Кушмэзокъуэ и къуэр къану зэкIуэлIэжыр фэращ», – жиIэри. Апхуэдэу пшынауэм и гури игъэзэгъащ, Абыкъу и къуэри и щхьэр къыфIэхуауэ къэнащ.

Илъэсищэ ныбжьым нэблэгъауэ Пщыкъан Къущхьэхъу шыбз хъур-плъыру кIуат. А лъэхъэ-нэм ирихьэлIэу къармэхьэблэпщым и нэгу зригъ-эужьу Къущхьэхъу тетт. ПщыIэхэм техьэрэ щефэ-щешхэу, уэршэру къикIухьт. Пщыкъан шы цIахуцIэм тетIысхьауэ, ури иIыгъыу тест. – Дэнэ ар ур иIыгъыу здэкIуэр? – щIэупщIащ Къармэхьэблэпщыр пщыIэм тесхэм языхэзым. – Ныжэбэ шыхэр игъэхъуну макIуэ, – къыжраIащ щIэупщIам. Пщыкъан и теплъэмрэ ныбжьымрэ къигъэпцIа Къармэхьэблэпщыр къэпсалъэри: – Уэлэхьи, а лIы цIыкIум щхьэкIэ сэ шы здыгъун къэзмыгъэнэн, – жиIащ. Модрейхэми, а Iуэхур абы апхуэдэу тынш цIыкIуу къыщыхъуами, Къармэхьэблэпщыр зэрыщыуэр, «щхьэ мыузым боз зэрыришэкIыр» къыгурагъэIуэну иужь ита-хэщ. АрщхьэкIэ зыри къикIакъым. Арати, баз зэпихьахэщ Къармэхьэблэпщым жиIар хузэфIэкI-мэ, жэщищ-махуищкIэ джэгу къыхузэрагъэпэщы-ну.

Пщыкъан жьэгъум деж шыхэр щигъэхъут. Абдеж мыжыжьэ дыдэу, жэщыргъэн шыхэр щигъэува щIыпIэм, езыри Iэдакъэжьауэ зищIауэ къытелът. Къармэхьэблэпщыр «уий» жиIэри къытелъащ Пщыкъаным. – Уийм «уитI» хуэфащэщ, хьэмэ къилъхуа! – жи-Iэщ, урымкIэ къеуэри шыри лIыри нэпкъым къриудыхащ. КъыкIэлъепкIэщ, зыкIуэцIипхэщ, къамэр къыщхьэщишащIэри: – Алыхьыр согъэпэж, хьэ ныбэм къикIа, уи щхьэр пызмыупщIым, «уий» жыпIэу укъыщIы-

фIэфI и къафэм къыхидзэрт. Мыдрейми ар и жагъуэтэкъыми, фIэфIыпсу утыку къихьэурэ утыкум къыщефэкIырт. Арати, тIэкIуи чэф хъуауэ, Абыкъур апхуэдэ зы джэгум пшынауэм утыку къришащ, ауэ езыри абы къыдэфэмэ, зэримы-жагъуэр къригъащIащ. АрщхьэкIэ, мыдрейм пшынауэр зэримыпэсу хъыджэбзым и унэцIэр къыхигъэщри «Мыпхуэдэм я уэнжакъыр тIэкIу хуэIушэщ», – жиIащ. Пшынауэми занщIэу къыгу-рыIуэщ Абыкъу и къуэм зи гугъу ищIри, «уэн-жакъыр Iушэми, Iугъуэр захуэу йокI», – жиIащ. Къафэми пичщ аби, нэгъуэщI еуэу щIидзащ. Абыкъупщым зи гугъу ищIар мо пшынауэр зэры-назэрт, мыдрей тхьэмыщкIэм жиIам къикIри абы щхьэкIэ къэмынэу лажьэншэу зэрилъагъурт. Арыххэу, хъыджэбзми мурад ищIащ хъуэр бза-джэр къезыдзам хуэфI хъужыну.

А джэгу дыдэм Пщыкъани кърихьэлIат. Ауэ абы джэгу и Iуэхутэкъым. Хьэжыхэ япхъу дахэр Кушмэзокъуэ и къуэм къыхуашэнути, унэидзы-хьэу епхъуэну арат. Хъыджэбзри джэгур зейм благъагъэкIэ пыщIати, абы щыIэт. Хьэжыхэ япхъумрэ Кушмэзокъуэ и къуэмрэ зэгурыIуагъэх-хэт. Пшынауэ набдзэгубдзаплъэм къыгурыIуащ мо Пщыкъан зэщэр сытми, икIи фIы дыдэу щыгъуазэт Абыкъупщымрэ Пщыкъанрэ яку псалъэмакъ зэрыдэлъами, айтIур зэжьыхигъэуэну мурад ищIащ. Хъыджэбзым и анэшыр Абыкъу и къуэрати, ари делэ дыдэу къыщIэкIынтэкъыми, гурыщхъуэ мащIэ Пщыкъаным хуищIт хъыджэб-зым щхьэкIэ. ИфI зыкъришэж хуэдэурэ, пшына-уэр Абыкъу и къуэм хуэбзэгуфIащ. Къэхъум къэхъур апхуэдэти, лIыр къызэщIэплъащ, арщхьэкIэ сыт хуэдэ Iэмалми Пщыкъан зэщэр зэрызыIэригъэхьэнур ищIэрти, къайгъэ ищIу и напэр зытримыхыжу пщIантIэм дэкIуэсыкIри Кушмызэкъуей кIуэж гъуэгу пхэнжым къащыпэ-тIысащ, шууитI хъууэ. Пшынауэм джэгур игъэ-джэгуу хуэдэурэ Пщыкъан къытришэри Хьэжыхэ япхъур къригъэгъэфащ. Щигъэувыжым, пшына-уэм аргуэрыжьу Пщыкъан зыкъыбгъэдигъахуэри «Сыт, Абыкъухэ я щIыхуэ Кушмызокъуэхэ ятелъу ара?» жиIэри, къеупщIри нащхьэ къыхуищIыжащ. Пщыкъан псори къыгурыIуащ. И пIэм увыжщ, зы тIэкIурэ щытыжри, чэзур къэсауэ Пщыкъан гугъэ щищIым, шым тесу утыку къилъадэри хъыджэб-зым епхъуэри плъэгъуаи-умылъагъуаи, пщIантIэм дэбзэхыкIыжащ. «УитI-ситI» жаIэу зэрызехьэ щыхъум, фочауэ макъ гуэри къыщыIум, мыдэкIи къагурыIуащ Iуэхур зэрежьар.

Пщыкъаным гъуэгу пхэнжымкIэ дидзыхыу Абыкъум къыпекIуэкIын и гугъа щхьэкIэ, мор зэрымыакъылыншэ дыдэр кIэщIу къыгурыIуащ.

72 ПСЫНЭ №9

IуэрыIуатэ – дыщэ пхъуантэ

Page 75: Psyna no.9, 2010

зэщар сыт уэ хьэбыршыбырыр? – жиIащ.Абдежым Къармэхьэблэпщыр къэгурымащ, гущIэгъу щIэлъэIуу. Нэху щыху Пщыкъан имыутIыпщыжу иIыгъащ мо лIыр. Нэху щыри, шыбзыхъуэхэр текIри, шыхэр яритыжри, Пщыкъан и шы цIахуцIэ зытесам и плIэм лIыр дэлъу, Къармэхьэблэпщым и шыр Iэдэжу иIы-гъыу, пщыIэм къытехьэжащ. Мо лIыр къиутIы-пщыжри баз зыпихьахэм яжриIащ: – Уэлэхьи, мыр лIы мыхьэнэншэ си гугъа щхьэ-кIэ, сыщыуам, сиукIтэм бетэмалу! Арати, зэры-зыгурыIуам хуэдэу, лIыр Къармэхьэблэ къэ-кIуэжщ, пшынауи шыгъу-пIасти иришри, Iуэхум хэта псори жэщищ-махуищкIэ къигъэхьэщIа-хэщ. Къыщежьэжынум Къармэхьэблэпщым Пщыкъан дыжьын Iэлъын къритащ. А дыжьын Iэлъыныр мыхъур папщIэу ЩоджэнцIыкIухэ яIащ. Зеиншэу къэнауэ ЩоджэнцIыкIухэ Гуащэ-гъагъ жаIэри зы хъыджэбз цIыкIу япIыжауэ щытащ. Ар унагъуэ щихьэм дыжьын Iэлъыныр абы здихьри абы щыкIуэдыжауэ жаIэ.

Пщыкъан зызэрихъуэкIынумэ, гъэмахуэ-щIы-махуэ иIэтэкъым. Бахъсэныжь кIуэт, мылыр пхиудти, зигъэпскIт, и щыгъын зрихъуэкIти, къэкIуэжт. Пщэдджыжьым нэмэз ищIыну мэжджытым кIуэнумэ, гуэншэрыкъым лъэпэди зыри лъымыгъыу лъэдакъэ тригъалъэт, абы иувэт, кIуэрти, андез къыщищтэрт псыми, нэмэз ищIырт.Иджыри зы хъыбар. Джатэжьей жылэшхуэр лъэпкъ пщыкIутI нэхъ къэмынэу Тыркум иIэп-хъукIа нэужь, зэман дэкIри Кушмэзыкъуеймрэ Йохъущыкъуеймрэ заIэтащ. Жьэпкъ лъапэ деж (Иджыпсту ПсыкIэху къуажэ и сэмэгурабгъум деж зызыIэт джабэрщ) ЩоджэнцIыкIу Пщы-къан къапэщIэуващ жылитIым. Бжьэпэм къыте-ту къащIэупщIащ: – Дэнэ фыздэкIуэр? – жиIэри. Мобыхэми «Тыркум докI», – жаIащ. Пщыкъаныр къэпса-лъэри: – Щхьэщэхуж къызэвмытауэ зыщIыпIи фызгъэкIуэнукъым! – къажриIащ. Щхьэщэхужу абы игъэува уасэр мо гъуэгу теувахэм зэрамы-тыфынур ищIэт Пщыкъан. Ар къыщрамытым «Вгъазэ, абы щыфщIэн щыIэкъым фэ!» – жиIэ-ри къригъэгъэзэжащ. ИужькIэ а къызригъэгъэ-зэжахэм ящыщ закъуэ-тIакъуи икIахэми, Джатэжьейр зэрикIам хуэдэу зыри игъэкIуа-къым. Нобэр къыздэсым абдеж «Пщыкъан и лъагъуэкIэ» еджэу щIыпIэ иIэщ.

73№9 ПСЫНЭ

IуэрыIуатэ – дыщэ пхъуантэ

Page 76: Psyna no.9, 2010

Хэлъэт зиIэ спортсменыр къэрал зэхуэмыдэхэм щыIащ, таэквондомкIэ и IэкIуэлъакIуагъыр дэнэ дежи нэрылъагъу щищIу. 1995 гъэм ар Америкэм макIуэ, а илъэсым щыщIе дзэри Мурат а къэралышхуэм и лъэ щегъэув. Спор-тымкIэ зэфIэкI лъагэ иIэ пэтми, псынщIэтэ-къым хамэ къэралым и гъащIэр щызэтригъэ-псыхьыну. Ауэ щIалэ ерыщым игу ириубыдам зэрыхуэкIуар нобэ нэрылъагъущ.Ипщэ штатхэм къиIэпхъукIыу Нью-Джерси штатым куэшын къызыхэкIар а лъэныкъуэм адыгэхэр щыпсэууэ зэрызэхихарат. – Уи хэкум ущыпэжыжьэкIи, уи лъэпкъэгъухэм уахэтмэ, гум телъ бампIэр нэхъ егъэужьых. А гугъэ IэфIрат сэри Нью-Джерси сызыхьар, – жеIэ езы Мурат. А штатым щыпсэуну и мыгугъами, зыIущIа адыгэхэм къахэкIыжыну и гум идакъым. Нью-Джерси дэт Адыгэ фIыщIэ Хасэм запищIэри,

Лъэпкъыр зэкъуэчауэ зэрыпсэур гукъеуэшхуэщ, лIэщIыгъуэ зыбжанэ хъуауэ къыздетхьэкI «узщ». Ауэ ар хущхъуэншэкъым. Абы Iэзэгъуэ хуэхъуныр и къару къихьынущ адыгэ унагъуэм. Унагъуэм лъэпкъ зэкъуэудар зэрызэригъэгъуэ-тыжым, ар зы къуэпсу зэрызэрипхыжым и щап-хъэ дахэщ нобэ ди тхыгъэр зытеухуари, нэIуасэ фахудощI КIэщтхэ Муратрэ Сонярэ я унагъуэ телъыджэм.Мурат и цIэр зэхэзымыха мащIэщ ди щIына-лъэм исыр. 1990-рэ гъэхэм абы и цIэр Iуащ спортсмен лъэрыхьу. ТаэквондомкIэ Къэрэшей -Черкесым и федерацэм и къызэгъэпэщакIуэ-хэм, ар и лъэ тезыгъэувахэм ящыщщ Мурат. А спорт лIэужьыгъуэмкIэ зэкъым абы чемпион фIэщыгъэцIэр къызэрилъэщар. Урысейми Евро-пэми текIуэныгъэр мызэ-мытIэу къыщихькIэрэ, Мурат и ехъулIэныгъэхэм къыщызэтемыувыIэу хущIэкъут лъагапIэщIэхэр къихьэхуным.

«Лъэпкъыр быдэщ, быдэмэ унагъуэр»

Адыгэ хэкум и IэфIагъыр, абы и фIылъагъуныгъэр гум быдэу зэрыхэпщIар нэсу къыщыбгу-рыIуэнур абы и хьэуа къабзэм ухуэзэшауэ, и бгы уардэхэмрэ псы уэрхэмрэ уаIуплъэным ущIэлIэу зэман пычыгъуэ епхьэкIмэщ. Хамэ къэралхэм хэгуэшауэ щыпсэу ди лъэпкъэгъу-хэм нэхърэ ар дэ нэхъыфIу зыхэтщIэнукъым, абыхэм я щапхъэкIэ хэкуншэу гъащIэр зэрыкъэуатыншэр къыдгурымыIуэнумэ.

Хутэ Аминат

74 ПСЫНЭ №9

Page 77: Psyna no.9, 2010

лъэпкъ Iуэхур Америкэм жыджэру щызыгъэ-кIуатэхэм Мурат яхыхьащ. Тхьэмахуэ къэс Хасэм и хэщIапIэм щызэхуэс адыгэхэм Хэку-жьым къикIа щIалэр фIыуэ къацIыхуат икIи ягъэлъапIэт. Апхуэдэ зэхуэсхэм языхэзращ Мурат и гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ щигъуэтари. Ар нэIуасэ хуохъу адыгэ пщащэ къызэрымы-кIуэм. Хьэл-щэн дахэ зыбгъэдэлъ, пщащэ зэтеубыдауэ, адыгэ хабзэм тету гупым къахэлы-дыкI Соня уи гур къимыхьэхуну щыттэкъым. Ар Кушъу бжьэдыгъу лъэпкъым япхъут, и адэшхуэхэр Хэкужьым щиIэпхъукIым япэу псэупIэ яхуэхъуар Щамт. ИужькIэ Америкэм куэшыжхэри, нэмыщI я лъэпкъэгъухэм я гъусэу абдеж адыгэм и лъабжьэр щагъэтIылъащ.ЛIэщIыгъуэ куэд хъуауэ зэбгырыдзауэ, зэнэмы-Iэсу псэу адыгэхэр зэзыпхыжын унагъуэу Муратрэ Сонярэ зэдащIам и вагъуэр хэхэсхэр зыщыпсэу къэралым и мызакъэу ХэкужьымкIи къыщыблащ. Мурат и адэ-анэр, къыдалъхуахэр абы щымыгуфIыкIыу къэнакъым икIи нысэи-шыж хьэгъуэлIыгъуэр иужькIэ Iэтауэ ар къызы-дэкIа Хьэгъундыкъуей (Али-Бердыкъуэ) къуажэм щагъэлъэпIащ.Соня и дежкIэ а къэхъукъащIэр къызэрымы-кIуэт. Иджыри къэс апхуэдиз гуапагъэрэ даха-гъэрэ зыхужаIэу зэхиха адэжь щIыналъэм япэу къызэрихьам абы къару ин къыхилъхьауэ къыщыхъут.

– Хэхэсу псэу дэтхэнэ зы адыгэми и пщIыхьым хэкIкъым къежьапIэ хуэхъуа Хэкур. ЩыIэу къыщIэкIынкъым абы гукIэ усэ хуэзымыуса. Сэри абы си лъэ зэрытеувар насып мыкIуэщIы-жу зыхэсщIащ, – жеIэ Соня.Соня и адэ Ибрэхьим и адэжьхэр къызыдэкIа бжьэдыгъу хэгъуэгум зэкъым къазэреблэгъатэр. Абы и дежкIэ гуфIэгъуэшхуэт и пхъум Хэкум щыщ щIалэм унагъуэ зэрыдищIар. Ар и гуры-фIыгъуэуи дунейм ехыжащ, и хьэдрыхэ фIы ухъу!Адыгэ унагъуэ насыпыфIэу Муратрэ Сонярэ зэдопсэу, абы я гъащIэр къагъэнэху я пхъу цIыкIухэу Синэрэ Натальярэ. Зэгъусэу ахэр Хэкужьым куэд дыдэрэ къэмыкIуэфми, гъэма-хуэ мазэхэм я гур мыбыкIэ щыIэщи, Iэмал къагъуэтурэ къызэреблэгъэнум хущIокъухэ. Мы гъэмахуэм ар къадэхъуащ, икIи анэ-адэр ягъэ-гуфIэу ахэр Хьэгъундыкъуей щыхьэщIащ. – Жыжьэ сыщыIэу псэун щыщIэздзаращ си Хэкум и IэфIагъыр гум щызу щызыхэсщIар. ПсалъэкIэ пхуэмыIуэтэну Хэкур фIыуэ уэзыгъэ-лъагъу къару гуэрэм сызэщIиIэтэт, –жеIэ Мурат.

Адэжь щIыналъэр зэи имылъэгъуами, абы и теплъэм, и дахагъэм Мурат апхуэдизкIэ гу ихауэ тепсэлъыхьти, Соня и нэгум къыщIигъэхьэф хъуат бгы уардэхэм къаухъуреихь щIыпIэ телъыджэр. Ар япэ дыдэу щилъэгъуами къэщ-

75№9 ПСЫНЭ

Хы адрыщI

Page 78: Psyna no.9, 2010

ягъэзэж. Нанэ Баринэ яхуиупщэфIа адыгэ шхыныгъуэхэм, я дэлъху-шыпхъу цIыкIухэм ящIыгъуу зрагъэлъэгъуа Инжыдж цIыкIу псы-ежэхым ахэр зэрыхуезэшым шэч хэлъкъым. Аракъэ хэкум и фIылъагъуныгъэ жыхуаIэр?! – Адэжь щIыналъэм къэвгъэзэжыпэну фигу илъ? – а упщIэмкIэ зызыхуэдгъэза Муратрэ Сонярэ Iэнкун хъуауэ гу лъыптэкъым. Дауэми, абы ахэр зэкъым зэрырипсэлъар. – Жэщ-махуэ имыIэу абы согупсыс, – жеIэ Соня. – Тхьэм жиIэмэ, ар ди мурадщ. – Хэкум упэIэщIэу уи гъащIэ псор пхьыфыну-къым, зэми зэ абы и джэ макъым укъриджэжы-нущ. Дэри мыбыкIэ ди гур щыIэу игъащIэми дыпсэуфынукъым, дыкъекIуэлIэжынущ, – пещэ Соня и псалъэхэм Мурати.«Лъэпкъыр быдэщ, быдэмэ унагъуэр, ину блэ-нущ абы и вагъуэр», – щыжыIащ ди зы адыгэ уэрэдхэм ящыщ зым. Арагъэнщ зэпхар ди лъэп-къым и къэкIуэнури. «Икъухьа адыгэ лъэпкъыр зэзышэлIэжынур унагъуэм и къаруращ», – жы-пIэным фэрыщIыгъи егъэлеиныгъи хэлъкъым. Абы и щапхъэщ КIэщт Муратрэ Сонярэ щIыпIэ жыжьэм щызэдащIа адыгэ унагъуэр.

тащ, и пащхьэ къиувар нэгум щIэта сурэт дахащэрат.Нью-Джерси и Iуэху щыдэкIыу, абдеж ехъулIэ-ныгъэфIхэр зэрыщиIэм Мурат и адэ Пакъэрэ и анэ Баринэрэ, къыдалъхуахэр ирогушхуэ, ауэ псом хуэмыдэу ахэр зыщыгуфIыкIыр къызы-щалъхуа щIыналъэм пэжыжьэми, адыгэ унагъуэ хьэлэмэт хъуауэ зэрыпсэуращ. Мурат и спорт ехъулIэныгъэхэм здэщыIэ шта-тым нэхъри щыхигъэхъуащ жыпIэфынущ. Абы къызэIуихащ таэквондомкIэ, хуиту бэнэнымкIэ, кик-боксингымкIэ зыщрагъасэ спорт еджапIэ. ФIэщыгъэцIэу зэрихьэри инджылызыбзэкIэ «К-DOJO», ар адыгэбзэкIэ зэбдзэкIмэ «КIэщт и хэщIапIэ» жыхуиIэу аращ. Мурат щIы-гъуу еджапIэм и Iуэхухэр егъэкIуатэ лъэпкъкIэ Куэш-Хьэблэ къуажэм къыдэкIа Къардэн Щэмили. Ахэр лэжьэгъу пэж зэрызэхуэхъуам къинэмыщIауэ, къуэш щыпкъэу зэбгъэдэтщ, зыр зым щIэгъэкъуэн хуэхъуу. Мурат иухуа еджапIэм зыщызыгъасэхэм яхэтщ адыгэ ныбжьыщIэхэри. Апхуэдэу зи ехъулIэны-гъэфIхэм иригушхуэхэм ящыщщ къэбэрдей щIалэ Дыгулыбгъу Азэмэт. Дэтхэнэ и гъэсэнри Мурат зэригъэгушхуэнум пылъщ, адыгагъэм и щапхъэкIэ зэхущытыкIэфI уи якум зэрыдэлъы-фынур наIуэ яхуещI.Нобэ Америкэм зи Iуэхур щефIакIуэ щIалэм зэи зыщигъэгъупщэкъым спортым хэзыша, зэры-цIыкIурэ къыдэлэжьа гъэсакIуэхэр. Псом япэ щIалэм гу къылъитащ Хьэгъундыкъуей къуажэм хуиту бэнэнымкIэ гъэсакIуэу щиIа Къущхьэ Борис. Мурат лъагапIэщIэхэм нэсынымкIэ фIэщхъуныгъэ къыхэзылъхьахэм ящыщщ Борис. ИкIи фIыщIэу хуищIыр гъунэншэщ.Адыгэр лъэпкъыу щытынумэ, абы и лъабжьэр зыгъэбыдэн хуейр унагъуэращ. АтIэ, хэкум пэжыжьэу псэуми, Муратрэ Сонярэ я унагъуэм адыгэ лъапсэ иIэщ. Япхъу дыгъэ нурхэми зыха-щIэ адэжь лъахэм и IэфIагъыр. Къуажэм щагъа-кIуэ тхьэмахуэхэр абыхэм я дежкIэ гуимыхужу

76 ПСЫНЭ №9

Page 79: Psyna no.9, 2010
Page 80: Psyna no.9, 2010

УримэIу быдэщ уэ Къэбэрдей

тIуащIэм,си жылэ лъапIэу

ЦIыхур цIыху зыщIыж щэнхэм ящыщщ мы дунейм щIытетым, и щыIэныгъэм и мыхьэнэм, гъащIэм щиубыд увыпIэм фIэкIыпIэ имыIэу зэрырипIейтейр. Дыщыуэну къыщIэкIынукъым а гупсысэхэр зэтес щIынымкIэ, зэгъэзэхуэ-нымкIэ блэкIам зыхуэбгъэзэныр нэхъ IэмалыфIхэм ящыщщ жытIэмэ. Ар зэрыпэжыр нэхъри зэхыбощIэ лъэпкъыр гъуэгу зэхэкIыпIэм щытетым деж. Дыщыпсэу зэманым апхуэдэ утыку лъэпкъыр зэритым и нэщэнэ зыбжанэ щыболъагъу. АтIэ, ди блэкIар сыт хуэдэ? Сыт хуэдэ плъыфэкIэ зыкъыдигъ-элъагъурэ абы? Сыт хуэдэ лъэужь Къундетхэ къыщагъэна Къэбэрдей тхыдэм?

Къардэн Мусэдин, Ало Тимур

Къундетей, иугъащIэ!

78 ПСЫНЭ №9

Page 81: Psyna no.9, 2010

Къыщытлъыхъуэнщ а упщIэхэм я жэуапыр тхыдэм и тхы-лъымпIэ напэхэм. Абыхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, «Къундет» цIэм япэ дыдэ Къэбэрдейм и кIуэцIкIэ дыщри-хьэлIэр XV лIэщIыгъуэращ. Кавказым и тхыдэр куууэ зыджа Лавров Л. иджырей Плиево мышкъыш къуажэм деж щыт чэщанэм мыпхуэдэу топсэлъыхь: Борга-Къалэм тет хьэрып тхыгъэм дегъэлъагъу абдеж 1405-1406 гъэхэм Худайнад и къуэ Бэч-СулътIан зэрыщыщIалъхьар. Гу лъывэзгъэтэнут абдеж щIэлъым Къундетхэр къызытехъу-кIыжа фарсыцIэр зэрызэрихьэр». Гугъущ мыбдеж зи цIэ къитIуар лIакъуэлIэш Къундетхэ ящыщщ жыпIэну, ауэ къыжыIапхъэщ XV-XVI лIэщIыгъуэхэм зэтратхъуа къэбэрдей Iуащхьэхэм зыщиубгъуа щIыгум зэрыхиубы-дэр а тхыгъэр зыкIэрыт чэщанэр зыхуэзэ щIыналъэрКIэш Адэлджэрий (Къэлэмбий) и тхыгъэм къызэрыхэ-щымкIэ, Къэбэрдейм иса лIакъуэлIэш лъэпкъхэу Къун-детхэ, Тамбийхэ, Анзорхэ хэкур пщыхэр къэкIуэху зрахьащ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр гулъытэншэу къэбгъанэ хъунукъым, сыту жыпIэмэ лIакъуэлIэш фIэщыгъэцIэр къызытехъукIыжауэ зыхуагъэфащэр «лIакъуэ лъэщ» псалъитIырщ. Абы урегъэгупсысыр а лIакъуищыр лъэп-къым икIуэцIыкIыщIэм къикIыкIауэ икIи игъащIэ лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуауэ. Инал и бынхэм япэ абыхэм хэкум зэрызыщагъэбыдам ухуашэ, псалъэм пап-щIэ, тпэмыжыжьэу псэу лак лъэпкъым я лIы пажэхэр лIакъуищым къыхахыу зэрыщытам. ГъэщIэгъуэнщ 1784 гъэм Потемкин П. гу зылъитар. Абы итхыгъат: «Къэбэр-дей лъэпкъым и лъабжьэм къыхэкIыкIыу пщыхэр фIэ-лIыкIыу Хасэ ящIамэ, я жыIэр пщыхэм яйм нэхърэ нэхъ пхыкIыу щыIащ унафэщIхэр». Шэч хэмылъу, ахэр лIа-къуэлIэшхэращ.

Къэбэрдей тхыдэм Къундетхэ лъэужь мыкIуэдыжын къы-щагъэнащ. 1570 гъэхэм пщышхуэу щыта Идар Къамболэт и къуэм и цIэр Къундетт. Къундетхэ абы и быфыкъуауэ щытагъэнкIэ мэхъу. Псалъэм папщIэ, шапсыгъ уэркъхэу Абатэхэ (Хъан-Джэрий зэритхымкIэ, Къундетхэ я благъ-ар) Беслъэнейрэ Убыхрэ я цIэхэр Беслъэнеймрэ Убыхым-рэ зэрыщапIам къыхэкIыу къратахэщ. XVI лIэщIыгъуэм псэуа Андемыркъан и хъыбархэм Къундет Ес зи цIэ щIалэ къыхощ. XVII лIэщIыгъуэм хэкулI нэсхэу зыкъагъэлъэ-гъуахэщ Къундетхэ. Къэбэрдейм къумыкъухэм, нэгъуей-хэм, къалмыкъхэм я дзэ зэгуэтым зауэзэрылI ирищIэкIам Нэгумэ Шорэ щытепсэлъыхькIэ, Къарэ Къундет и къуэ Мырзэбэч нэгъуеипщ Къэшэлей бжыкIэ зэриукIар къыхощ. Абы иужькIэ урыс дэфтэрхэм а лIыцIэ дыдэр къыщыхощ Мусал и къуэ цIэрыIуэ Къасболэт епыджауэ. 1626 гъэм Шужьеипщыр зыгъэкIуэда Къазий и къуэ Хьэ-тIохъущыкъуэ ЦIыкIу хуабжьу иригузэвауэ щытащ яукIар зыгъэсэжа Къундетхэ абы бий къыхуэхъункIэ. IуэрыIуа-тэм зэрыжиIэмкIэ, абы къыхэкIыу ХьэтIохъущыкъуэ гъэпцIагъэкIэ Къундетхэ я гуащэр быдзышэ анэ ищIащ.

XVIII лIэщIыгъуэм Къундетхэ хэку гъащIэм жыджэру зэрыхэтар дэфтэрхэм нэхъ IупщIу къыщыхощ. 1708 гъэм,

79№9 ПСЫНЭ

Page 82: Psyna no.9, 2010

иужь ихьащ. Къундетхэ фIэкIа а Iуэхум пэщIэу-вэн къэувакъым. Абы къегъэлъагъуэ а лъэп-къым лъэщагъ ябгъэдэлъу щытар зыхуэдизыр. Къундетхэ пщыхэмрэ лъхукъуэлIхэмрэ я зэ-хуаку дэлэлу щыувын ялъэкIхэрт (1767) е Къэбэрдейм и лIыкIуэу хамэ къэрал ягъакIуэт (1764). Нэхъыщхьэращи, Къэбэрдейм и щхьэ-хуитыныгъэр къэхъумэнымкIэ ялъэкI къагъэ-накъым абыхэм.

1804 гъэм Къэбэрдейм къизэрыгуа Глазенап и дзэм Къундетхэ хахуэу япэщIэтыгъащ. Накъы-гъэм и 14 махуэм и закъуэ Къундетхэ я къуажэ 12 «мафIэ лыгъейр ирадзат». Къыхэгъэщып-хъэщ пщы куэдыр бийм щахэтым, Къундетхэ Къэбэрдейм и дзэпщхэм ящыщу урысыдзэм зэрыпэщIэувахэр. Урыс дэфтэрхэм дагъэлъагъу накъыгъэм и 14-м «уэркъ цIэрыIуэхэм щыщу Къундет Мысост» зэрыхэкIуэдар. Сыт хуэдэ кIэрыху ямыIами, Къундетхэ хэкум щаIа пщIэм хэмыщIу къекIуэкIащ. 1812 гъэм Къэбэрдейм и лIыкIуэ Бытырбыху кIуахэм Къундет Джатэ-гъэжь яхэтащ. 1820 гъэхэм Къэбэрдей-Урысей зауэ зэпэщIэтыныгъэм зэриублэжу, Къундетхэ я къалэн нэхъыщхьэу зыхуагъэувыж Хэку хъумэ-ныр. Псалъэм папщIэ, 1822 гъэм щIышылэм и 20-м Щхьэлыкъуэпсым деж урысыдзэм и гупы-шхуэм зэхэуэ дэзубла къэбэрдейхэм я дзэпщу щытар Къундет Хьэжысмелщ.

Къундетхэ зэпымыууэ Къэбэрдейм и щхьэхуи-тыныгъэр къэхъумэным хущIэкъухэу къекIуэ-кIащ. Хэку щхьэхуитыныгъэр яхъумэжыну Iэмал ямыгъуэтыж щыхъум, Къундетхэ я нэхъыбапIэр Псыжь и адрыщIкIэ щыIэ Къэбэр-дейм и щIыналъэм иIэпхъукIахэщ. Урысеидзэм хэт Петрусевич 1846 гъэм абы теухуауэ итхы-гъат: «Къундетхэ ящыщу Хьэжумар, Хьэжыс-мел, Умаркъуий, Кушыку сымэ ПсыжькIэ щIэп-хъуэжахэщ, Къундет Мыхьэмэт Щамил гухьэ-жащ». Хъан-Джэрий зэритхамкIэ, ПсыжькIэ Къундетхэ къуажитI къыщызэрагъэпэщауэ

Къэнжал зауэм ипэ къихуэу, Къэбэрдейм и пщышхуэ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ къалмыкъхэр дарэгъу ищIыну мурад ищIат. Ар зэфIигъэкIы-фынкIэ щыгугъыу Аюка хъаным деж игъэкIуэну и дзыхь зригъэзар Къундет Хъубэчт. 1721 гъэм и щIымахуэм Къетыкъуэ Аслъэнбэч Налщыч псы-хъуэ деж кърымыдзэмрэ абыхэм ягухьа Мысостхэрэ ХьэтIохъущокъуэхэрэ щызэхикъу-там, щхьэ егъэзыпIэ къэзылъыхъуэ тэтэрхэмрэ хамэдзэр хэкум къизыша пщыхэмрэ Къундетхэ я жылэхэм дагъэхьакъым. Къэбэрдейм щаIэ пщIэмкIэ Къундетхэ яхузэфIэкIынут абыхэм ядэIэпыкъун. Ар дагъэлъагъу 1844 гъэм зэхуахьэ-сыжауэ щыта Къэбэрдейм и хабзэхэм. Абы и 116-нэ Iыхьэм мыпхуэдэу щыжеIэ: «ПщитI зэ-зауэрэ зыр яукIмэ, укIыгъэ зыIэщIэщIам Къундетхэ зыщигъэпщкIумэ, яукIам и благъэ-хэм лъы ящIэжыну хуиткъым, ягъэмысэр Къундетхэ къыдэмыкIыжауэ…» Абы ипкъ иткIэ, жыпIэ хъунущ хэкум и быдагъыр къэзыгъэтIас-хъэхэм дэIэпыкъуэгъу Къундетхэ яхуэхъуну зэрыхуэмеяхэр.

Къундетхэ яIа щIыхьыр къыдгурагъаIуэ а тхы-гъэм и нэгъуэщI Iыхьэхэми. Псалъэм папщIэ, 117-нэ Iыхьэм мыпхуэдэу итщ: «Къундетхэ щы-псэу щIыпIэм пщыхэр щыхуиткъым брамтэуэ Iэщ къыщрахужьэну». 118-нэ Iыхьэм ипкъ ит-кIэ, Къундетхэ языхэзым и пщыр къихъумэу нэ-гъуэщI пщы IэщIэукIамэ, лъыщIэжкIэ зэхэзе-хуэн ящIыр езыратэкъым, атIэ къихъума пщы-рат. 119-нэ хабзэм ипкъ иткIэ, къызэрыгуэкI цIыхум лей къытехьэмэ, Къундетхэ абыхэм къа-щхьэщыжу хэт и пащхьи иувэну хуитыныгъэ яIэт.

Къундетхэ апхуэдэ хуитыныгъэхэр яIэныр къы-зыхэкIыу щытар я лъэкIыныгъэрат. Псалъэм папщIэ, 1744 гъэм абыхэм къуажэ 15 яIащ. 1753 гъэм Къэбэрдейр (Талъостэнеймрэ Джылахъ-стэнеймрэ хэмыту) пщыхэм тIууэ ягуэшыну

80 ПСЫНЭ №9

Дызыщышынэ упщIэхэр

Page 83: Psyna no.9, 2010

щытащ. Иджыри къыздэсым Адыгейм хиубыдэ Куэшхьэблэ къуажэм и зы хьэблэм зэреджэр Къундетейщ.

Псыжь и адрыщIкIэ къыщыщIидза адрей хьэж-рэтхэм хуэдэу, Къундетхэ ерыщу хэтахэщ хэкур къэхъумэнымкIэ абыхэм ирагъэкIуэкIа бэнэ-ныгъэм. Дэфтэрхэм наIуэу ди пащхьэ къралъхьэ 1820 гъэхэм икIэхэм 1830 гъэхэм ипэхэм Къундетхэ Хьэжыкъар, Мет, Умар, Долэтджэ-рий, Нэгъуей, Умаркъуий сымэ хьэжрэт шууей гупхэм хэту куэдрэ «Кавказ линием» зэрытеуа-хэр. Напэмрэ щIыхьымрэ щхьэкIэ псэзэпылъ-хьэпIэ итахэр, шэч хэмылъу, тхъур IукIэ язу Къэбэрдей тIуащIэм щыпсэуфынухэт. Зи цIэ къитIуа Петрусевич зэритхымкIэ, Къуршым щыщIэдзауэ Шэджэмыпсым и лъэныкъуитIыр къызэщIиубыдэу, Щхьэлыкъуащхьэ ипщэкIэ къыщежьэрэ Щхьэлыкъуэрэ Аруанрэ зэхэлъэ-дэжыху, абыхэмрэ Шэджэмрэ я зэхуаку дэлъ щIыр, иужьыр Бахъсэн хэлъэдэжыху, Къундетхэ я IэмыщIэ зэрилъар. Тхыдэм дриплъэжмэ, до-лъагъу пщыхэм яIыгъ щIыгухэм я фIэщыгъэцIэ зэрызрахьэжым ещхьу ищхьэкIэ къэдгъэлъэ-гъуа щIыналъэ псом КъундетейкIэ еджэу зэры-щытар. Я уэркъхэу Алътыдокъуэхэ, Адыгэунэхэ, Ахъуэхъухэ, КIэрэфхэ, Сасыкъхэ, Щоджэнхэ, Щауащхъуэхэ, Бекъшокъуэхэ, Агуейхэ, ДыщэкI-хэ, н.къ. я гъусэу Къундетей щIыналъэр къахъу-мэу, хабзэр щызэтраIыгъэу илъэсищэ бжыгъэ-кIэ къекIуэкIащ.

Къыхэгъэщхьэхупхъэщ хьэжрэт зэщIэхъеины-гъэм химубыдауэ, ауэ зи хахуагъэрэ лIыгъэрэ лъэпкъым щымыгъупщэу ди зэманым къихьэса Къундет Мыхьэмэт Iэшэ и цIэр. «Къундет и къуитIым я уэрэдым» и лIыхъужь Мыхьэмэт Iэшэ. Ар зытеухуар адыгэ уэркъ гуп, Мыхьэмэ-тыр я пашэу, 1846 гъэм нэгъуейхэм зэрытеуа щIыкIэрщ. Гупым къыщагъэзэжым, нэгъуей-хэмрэ къэзакъхэмрэ къакIэлъыпхъэрахэщ Къундетей щыщ зекIуэлIхэм. АдэкIэ Iуэхум зы-

зэриужьар уэрэдым къыхощ: япэ щIыкIэ уэркъ-хэр «Шэджэмыжь банэми фыхохьэ, Шэджэ-мыжь банэми фыхамыгъэс // Шэджэм чэщанэ-ми фафIохьэ, Ари хэщIапIэ фхуэмыхъут …// Шэджэм чэщанэми кърахури Аруан псыхъуэ фыдахуэ // Аруан псыхъуэми фыдахури Аргуда-ным фыныдохьэж». ИкIэм-икIэжым, Мыхьэмэт Iэшэ и гупыр къаухъуреихьри абдеж щаубла зэхэуэм зыкъомыр щыхокIуадэ. Хъыбарым зэ-рыжиIэжымкIэ, гупым щыщ Сасыкъ Исмел Шэшэным щтапIэ кIуэжащ, «къэзакъышэм хуэмыгъэтIысу». Къундет Мыхьэмэт Iэшэ (уэрэдым апхуэдэущ къызэреджэр) КIахэмкIэ иунэтIащ. Ауэ тхыдэ дэфтэрхэм дагъэлъагъур Мыхьэмэт Iэшэ къемылу мы зэрыхьзэрийм зэрыхэкIуэдарщ. Зи IуэхущIафэхэр лIыгъэкIэ гъэнщIа лIыхъужьыр лъэпкъым дежкIэ псэууэ къэнащ. Аращ ар IуэрыIуатэм «щIримыгъэпсы-хыжыр». Зэ IуплъэгъуэкIэ мы Iуэхум теухуауэ уэрэдым къуитыфыну зэхэщIыкIыр, дауикI, куэдым дежкIэ ирикъукъым абы щIэлъ щIэбзэр къэгъэлъэгъуэнымкIэ. Мыбдеж, шэч хэмылъу, тхыдэм и Iэмал зыбжанэ къыщыгъэщхьэпэурэ лэжьыгъэ пыухыкIа егъэкIуэкIын хуейщ.

Къундетхэ я гугъу щытщIкIэ, ищхьэкIэ зи цIэ къитIуахэм ящыщу Къундет Долэтджэрий нэхъ убгъуауэ дытемыпсэлъыхьу хъунукъым. Илъэс куэдкIэ ПсыжькIэ щекIуэкIа зауэ гуащIэм бийм джатэпэрыкIуэу щапэщIэтащ ар. Зауэр ягъэувы-Iэн хуей щыхъуами, Лабэ Iуфэ деж къыдэнэжа хьэжрэт къуажэхэм я зэхэтыкIэр, гъащIэ ухуэ-кIэр къэхъума хъун папщIэ, пхуэмыIуэтэну нэхъ къаруушхуэ зыкъуэлъ зэрыпхъуакIуэхэм я уна-фэр къызэпиудын хузэфIэкIт абы. Иджы дыдэ Къандур Р. утыку кърилъхьа дэфтэрым дегъэ-лъагъу 1860 гъэм адыгэ лъэпкъым лъапсэры-хыр къыхуэгъэкIуэнымкIэ нэхъ ерыща урыс генерал Евдокимовыр абы мыпхуэдэу зэригъэт-хьэусыхар: «…къэбэрдей уэркъ Къундет Долэт-джэрий Псыжь и адрыщIкIэ щыIэ къэбэрдей псоми я тхьэмадэу зегъэувыж… ди командирхэм

81№9 ПСЫНЭ

Дызыщышынэ упщIэхэр

Page 84: Psyna no.9, 2010

щIыпIэ щхьэхуэхэм зэпыщIэныгъэ зрагъэпэщхэр япиу-быдыну ирекуф икIи а хуитыныгъэр и пщэ делъхьэж».

Къундетхэ пщIэуэ яIар Шэджэм щIыналъэм и теплъэм къигъэлъагъуэу щытащ. 1958 гъэм Лавров Л. Лэшын-къей унэмыс щIыкIэ километррэ ныкъуэрэ – километ-ритI иIэжу Къундетхэ языхэзым и чэщанэ къиплъыхьауэ щытащ. Нэбзийуэ къыдращIея чэщанэм метр 2,1 и бгъуагът, къызэтена блынхэм метр 2,6 и лъагагът. XX лI. и 20 гъэхэм нэсыху Шэджэм псыхъуэр а щIыпIэм хуэзэу апхуэдэ чэщанэхэм яуфэбгъуауэ щытащ. Абы къегъэлъ-агъуэ Къундетхэ щыщIалъхьэкIэ пщыхэм хуэдэу кхъэ-лэгъунэшхуэхэр хуащIу зэрыщытар. Иджыпсту Къэсей-хьэблэ дэт пщы чэщанэм нэбзиплI фIэкI зэримыIэр къэплъытэмэ, Къундетхэ я кхъэлэгъунэ Лавровым илъэ-гъуар зыкъомкIэ зэрынэхъ инар IупщIщ.

1970 гъэхэм ди нэхъыжьхэм хъыбархэр кърагъэIуэтэ-жу щIэныгъэлI гуп щахэтам, иджырей Шэджэм къалэ щыщ зы лIыжь жиIэт, зекIуэлIхэм пщы дзэпщ я гъусэ нэхърэ Къундетхэ къызэрагъэпэща гуп хэту гъуэгу теу-вэмэ нэхъ къащтэу зэрыщытар. Иджы дыдэ ди къуажэ лIыжь а лъэпкъым хьэщIагъэ зэрахьэу щытамрэ хьэлэ-лагъ яхэлъамрэ къигъэлъэгъуэн папщIэ, жиIат, Къундет-хэ я Iэнэ зэи нэщI хъууэ зэрыщымытар.

Къундетхэ адыгэш зехуэнми хэлъхьэныгъэ хуащIащ. Адыгэ тхакIуэ КIэрашэ Тембот и зы тхыгъэ мыпхуэдэу ущрохьэлIэ: «Адыгэш лъэпкъым щыщу дэтхэнэр нэхъ дэгъуэ? – щIэупщIащ Анчокъу… Адыгэхэм шы лъэпкъ Iэджи яIэщ. Шагъдийм и лъапсэр къызыщежьар Къэбэрдей хэкурщ. ЛъэпкъыфIкIэ я цIэ Iуащ щолэхъум, жырыщтым, кърымщокъалым, къундетым, абыкъум… Хьэгъундокъуэ, шэджэрокъуэ, ачэтыр, трам, егъэн, есэней шы лъэпкъхэми шыфI дыдэ къахокI… Шы дахэ нэхъ къызыхэкIыр жырыщтыращ. Шым щIагъуэ хэзы-мыщIыкIхэр жырыщтым и дахагъым егъэплъакъуэ: лъа-гэ дыдэкъым, шы бжьыфIэщ. Ауэ лъапщэкIэ лъэрыхь-къым. Жырыщтыр пщамэ, уанэр нигъэсыжыфынукъым. Щолэхъум, къундетым, кърымщокъалым уанэр гъуэгум къытранэнукъым, унэм унахьэсыжынущ, сыт хуэдиз гъуэгуанэ зэпачами. Шы лъапщэрыхь дыдэщ ахэр. Лъэпкъ гъэщIэгъуэн дыдэр къундетращ. Абы нэхъ лъэп-къыфI щымыIэу жызыIэни урихьэлIэнущ. Илъэс зыхыблкIэ къэнахуэркъым а шы лъэпкъым и фIагъи и теплъи. ШыщIэ ныбжьым щитым, ар шы къызэрыкIуэм къыхэбгъэщыфынукъым – лъакъыцэ цIыкIущ, фей-цейщ, теплъэ иIэкъым. ИлъэситIым щхьэдэха нэужь, зихъуэжу щIедзэ: и цым зеукъэбз, и ныбэр зыщIешэ, и тхьэкIумэр жан мэхъу – теплъэ къищтэу хуожьэ…»

ДауикI, къэдгъэлъэгъуа едзыгъуэхэмкIэ зэфIэкIкъым Къундетхэрэ Къундетейрэ я тхыдэр; мыбдеж а тхыдэм и теплъэм зы мащIэкIэ пэгъунэгъу зыхуэтщIа къудейуэ аращ. Иджы а тщIэкIа тхыдэр нобэкIэ мы дызэрыт

82 ПСЫНЭ №9

Page 85: Psyna no.9, 2010

щытыкIэм етлъыт нэужькIэ, къыбгурымыIуэн-кIэ Iэмал имыIэу щытщ дыкъызыхэкIамрэ дызыщыщымрэ лъэпкъым тщагъэгъупщэн му-радкIэ ирагъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэр зи Iэдакъэ-щIэкIхэм къазэрехъулIар. Политикэм ухыхьэмэ, куэдым и гугъу пщIыуэ, цIыхум яжепIэну узы-хуеям утекIынкIэ хъунущи, а Iуэхугъуэм зедгъэ-шэщIынкъым. Абы къыхэкIкIэ, цIыхум игъуэта гупсысэкIэмрэ, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, и гупсы-сэкIэ зэтракъутамрэ ди тхыдэ тIэщIэхужымрэ я деж къэдгъэзэжынщ. Зыгуэрым зыхуэдгъадэ-зедгъэщхьурэ дызэщхьыр дымыщIэжу утыку дыкъыщинэр нэхъыбэ зэрыхъуам уимыгъэпIей-тейнкIэ Iэмал иIэкъым. Уеблэмэ лъэпкъыу ды-къызэтемынэнри шынагъуэщ. Абы зыгуэрми и гур егъэуз, зыгуэри и пащIэкIэ щIегъэгуфIыкI...

Тхыдэмрэ лъэпкъ дызыщыщымрэ тщыгъупщэ-жыныр къэзышам и щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыщ ди щIыпIэхэм, къуажэхэм, къалэхэм нэ-гъуэщIыбзэкIэ фIэщыгъэцIэ яIэхэр фоупсым хуэдэу ди бзэм зэрытелъыр. Унагъуэхьэр дэзыху хамэхьэм «хьыр» жриIэну укIыта бысымым и теплъэр ди къуажэгъу КIыщ Мухьэдин сурэту итхамэ, щIэупщIэшхуэ иIэну къыщIэкIынт.

Шэджэмыпсри ди псэщи, шэджэмыщIри ди лъабжьэ лъэщщ, ауэ зы псыхъуэм и кIуэцIкIэ а цIэм тхуэ ущрихьэлIэм деж (Шэджэм къалэ, Шэджэм II, Шэджэм Ищхъэрэ, Шэджэм Ипщэ, Шэджэмыпсыр), ар зэрыегъэлеиныгъэм шэч хэлъкъым. Адрей Шэджэмхэм я гугъу дымыщIу, дыхуейт ди адыгэ жылэжь иджыпсту Шэджэм II-кIэ зэджэм и цIэм теухуауэ диIэ гупсысэр къэтIуэтэну. Ауан укъащIынумэ куэдрэ, феупщIи феплъыт зи гугъу тщIы ди къуажэм дэсхэм «дэнэ ущыщ?» жыфIи. Нэхъыбэм, закъуэтIакъуэ нэхъ къахэмыкIыу, «Шэджэм Второй» жаIэнущ. Ар дауи къэлъытэ, ауэ жэуапыр апхуэдэ дыдэущ къызэрыIунур.

ЗэрыщыжытIащи, 1744 гъэм ирихьэлIэу Къун-детхэ Къэбэрдейм къуажэ 15 щаIэу щытащ. Iуэ-рыIуатэм зэрыжиIэмкIэ, япэ дыдэу а лIакъуэм тIысыпIэ ящIар иджырей ди къуажэр зытес щIырщ. Шэджэмыпсым зэпрыкIыу къуажэщIэ яухуа нэужь, «Къундетей адрыщI», «Къундетей мыдрыщI» жаIэу щытащ, псым и лъэныкъуэ здыIусым елъытауэ, армыхъуамэ Къундетей 1, Къундетей 2 Iуэхум хэтакъым. КъуажэцIэхэм зы, тIу, щы, «старэ» «новэ» «кIэрыдзэнхэр» гуэ-зыпхахэм нэхъ тыншу дыкърабжэкIын щхьэкIэ ящIащ. Тыншщ зи тхыдэр, зи бзэр, зи лъабжьэр зымыщIэжыр «сэмэгумкIэ, ижьымкIэ, япэр, етIуанэр» жыпIэу зебгъэкIуэну. Куэд щIэупщIэ-

нущ: къуажэцIэр тхъуэжмэ, сом нэхъыбэ къыт-хэхъуэну? Ди ныбэ нэхъ из хъуну? Хьэуэ, сомри нэхъыбэ хъунукъым, джийми зы хьэдзэ нэхъы-бэу ехынукъым. Апхуэдэу щIэупщIэхэм мы уп-щIэхэм жэуап кърыретыт: «Фи бынхэм я адэцIэ-хэр яхъуэжмэ, фэ сыт фхэщIынур? Зэманыжь джатэрыбзэм къыпхахыу къытхуагъэна хабзэр зетхьэжкъыми, сыт къытщыщIар?»

Лъэпкъым, Алыхьым дыкъиужэгъужакъыми, диIэщ нэхъыжьыфIи нэхъыщIэфIи. Дэтхэнэ зы-ми къызытекIар, зыщыщыр, и блэкIар ищIэжын хуейщ. ФеупщIи феплъыт фи бынхэм, лIэужь дапщэкIэ зэIэбэкIыжу фыкъызытекIахэм я цIэ къраIуэфми. ТIу? Щы? ЦIыхур щымыIэжми, лъэпкъым ягу илъыхукIэ, и лъэужь кIуэдыжыр-къым. Дунеижьыр гъуэрыгъуэ шэнтщ, шэнт нэщI хъуркъым, ауэ а шэнтым итIысхьэнум и пащхьэ зыгуэр къимынэмэ, къуэпсыр зэпыча-щи, лъэужьри кIуэдыжащ. ИгъащIэ лъандэрэ къуажэцIэ зетхьар къэтщтэжынущ жытIэу къы-щетхьэжьам, зыгуэр къэскIащ: «Апхуэдэ мылъку дэнэ къитхыну?» Абы ита упщIэр щы-хьэт тохъуэ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа гупсысэкIэ зэтекъута хъуам. Сыт хуэдэ лъэпкъми ягъуэт апхуэдэ Iуэхугъуэм текIуэдэну мылъкур, зымы-гъуэтыр е зыгъуэтыну хуэмейр дэращ. А мылъкури къыщIагъуэтыр къащIэхъуэну щIэб-лэрщ, зи тхыдэ зыIэрызыгъэхьэжыну хуейрщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, цIыхур гузэвэгъуэ хэхуа нэужьщ Алыхьым и лъабжьэ зэрыщIэтыр къы-щищIэжыр, сабийр зыгуэр хуэныкъуэ хъуамэщ и анэм щыхуэгумащIэр, адыгэм мыхъумыщIа-гъэ, хабзэншагъэ ялъэгъуамэщ зэрыадыгэр ягу къыщыкIыжыр. НэхъыфI мыхъуну пIэрэт зи лъабжьэ дыщIэтри, дыкъэзылъхуари, дызы-щыщри сыт щыгъуи тщIэжу щытамэ? ДауикI! АтIэ, абы, шэч хэмылъу, мылъку текIуэдэнущ, мылъкум нэхърэ нэхъыбэу къару ихьынущ. Зи гугъу тщIа Iуэхугъуищым щIэблэщIэр щIэтпIы-кIыфмэ, дызыгъэгулэзыну тлъагъу-зэхэтххэр нэхъ мащIэ, дауикI, хъунут.

Иужьу къыжытIэну дыхуейт фIыщIэ ин зэры-хуэтщIыр жылэм и лъабжьэр зыгъэтIылъам я цIэр къэщтэжынымкIэ акъылэгъу къыддэхъуа ди къуажэгъу щэ бжыгъэхэм.

Редакцэм къыбгъэдэкIыу: Шэч хэлъкъым, щIалэхэм Iуэхугъуэшхуэ кърахьэ-жьащ. КъэкIуэну зэманхэм лъэпкъыр лъэ быдэкIэ хэувэн, и гупсысэр зэтес щIын папщIэ, и блэкIамрэ и нобэмрэ зэпишачэу есэн хуейщ. Абы хуэунэтIа сыт хуэдэ зы лэжьыгъэри гулъытэншэу къэбгъанэ хъунукъым. Тхыгъэм къыщыIэта языныкъуэ гупсысэхэм редакцэм ейр темыхуэ, къыщхьэщыкI пэтми, ахэр зы Iуэху бгъэдыхьэ-кIэ щхьэхуэу, апхуэдэуи утыку къихьапхъэу къэтлъытащ. Адыгэ жылэхэм ятелъа цIэхэр егъэгъуэтыжын зэрыхуейм и гугъур къыщаIэтыр нобэкъым. Апхуэдэ гукъеуэ зиIэри къундетейдэсхэм я закъуэкъым. Ди гуапэ хъунт мы псалъэмакъым къыпыфщэрэ щхьэж и къуажэ теухуауэ щыIэ фи гупсысэхэмкIэ фыкъыддэгуэшамэ.

83№9 ПСЫНЭ

Дызыщышынэ упщIэхэр

Page 86: Psyna no.9, 2010

Зы хъыбар цIыкIу и кIапэлъапэ щыIэщ, шапсыгъхэм

къаIуэтэжауэ. «СыткIэ сыпхуэупсэн? – жиIэри Тхьэр

фIыуэ илъэгъуа зы лIыжь жьакIэху еупщIати, «Хъуну

щытмэ, мы дахагъэм сызэрыгурыIуэн бзэ къызэт!» –

жиIащ. Адыгэбзэр къритащ. «Сыт уигу къеуэу къанэрэ?»

– жиIэу Тхьэр къыщIэупщIэжати, «Уи си Тхьэ, а бзэм

дауэрэ сыдызекIуэну?», – щыжиIэм, «Сыт щхьэкIэ, хабзэ

уэстатэкъэ?!» – къыжриIэжащ. Пэж дыдэу, адыгэбзэ дахэ-

рэ хабзэ инрэ яхэлъу къекIуэкIащ нобэр къыздэсым

шапсыгъхэр. Тхьэтын лъапIэм шапсыгъхэм къыхаха

щIэныгъэм нобэ къихьэсыгъат…

…Ауэ иджыкIэ ахэр щыхупIэм щхьэщытщ. Абы уигъэлъа-

гъужкъым лъахэм и дахагъэри, и IэфIагъри. Зэхыуигъэ-

хыжкъым акъужьым и бауи, мэзыжьхэм я Iущащи, псы-

къелъэхэм я щхъыщхъи, бзу ушэ макъи…

Журнал щIыIум зи сурэт щыфлъагъу щIалэр Гъуафэ (Гъу-

ашъо) Аслъэнщ, зы шапсыгъ адыгэ щIалэщ. ЩIэупщIэн

щыIэнущ: и сурэт жинтым къытехуэныр абы сыткIэ къи-

лэжьа жиIэу. ИкIи захуэщ. Аслъэн хуэдэхэр зэгъэцIы-

хупхъэщ, щIэупщIапхъэщ. Аслъэн и хъыбар куэдрэ къоIу.

КъэIуху къэси икIи уогуфIэ, икIи уогухэ. УогуфIэ – и

гуащIэ и лъэпкъ зэрыхуигъэлажьэм щхьэкIэ, уогухэ – а

гуащIэдэкIыр зэхэзыщIыкIын умыгъуэтыжынкIэ шына-

гъуэ щыIэщи.

Шапсыгъым щыщ ШэхэкIеишхуэ зи цIэ адыгэ къуажэм

дэт курыт еджапIэм и унафэщIщ Аслъэн. ЦIыху къызэры-

гуэкIыу дунейм зэрытетым егъэин ар. И бзэ фIэкIуэдмэ,

зытет дунейр нэщI зэрыхъунум нэку-нэпс ищIу апхуэдэщ

Аслъэн. Адыгэр щымащIэрэ хамэр къыщебэкI и щIыгужь

гуащIэ мащIэ щыхъуа бзэр щымыкIуэдыжыным ху-

щIокъу, толажьэ. Зыгъэлажьэри и фIэщхъуныгъэщ, и хуи-

тыныгъэщ. Адыгэбзэр еджапIэм щIэзыхыжыну хэтхэм

япэщIэува Аслъэн и лIыгъэр Шапсыгъым и Iуэху зытетыр

зымыщIэм къыгурыIуэнукъым. «Iэпкълъэпкъ пщы-

кIутIыр зэхуэдэмэ…», – жаIэ хабзэщ. Шапсыгъ псэлъэкIэр

ди бзэм гуэзмэ, кIуэдыпIэм диувауэ аращ. Аращ а

лIыгъэм гулъытэ игъуэтмэ, хуэфащэщ щIыжытIэр. Ас-

лъэн и пщIэр зыIэтыр ар къызыгурыIуэхэм зэращы-

щырщ.

Дэри уи зэфIэкI емыкIакIуэу, уи кIуэр мыужьыхыу, узы-

хуежьэ сыт хуэдэ зы Iуэхури щхьэпэн хъууэ упсэуну

дынохъуэхъу, Тхьэм уригъэфIакIуэ бжыдоIэ!

Шапсыгъ щIыналъэ… АдыгэщIым япэ щрадзых лъэбакъуэр щеувэхыр аращ – Хы Iуфэ Шапсыгъырщ. Нэм къиплъыхьым псэр Iэпихыу дахэщ Шапсыгъ лъахэр. ТхьэщIагъ мэзыжьхэр, уафэм щIэгъэкъуэн хуэхъу бгы уардэхэр, фоупс псы уэрхэр – аращ дэнэкIэ зумыгъазэми уи нэплъэгъуэм къыщIэхуэр. Апхуэдэу Тхьэр зэта лъахэр нэхъри ягъэдахэ ар зи псэупIэ цIыхухэми – шапсыгъ адыгэхэм.

Гъуафэ Аслъэнрэ Шапсыгъ щIыналъэм и щэхухэмрэ Табыщ Мурат

84 ПСЫНЭ №9

ЗэвгъэцIыху

Page 87: Psyna no.9, 2010

85№9 ПСЫНЭ

Page 88: Psyna no.9, 2010

Бэч Азэмэт:Адыгэбзэ тIэкIур зыхэмызагъэ щыIэ?

EуэршэрылIар Зеущэ Аленэщ.

86 ПСЫНЭ №9

Гъуазджэ

Page 89: Psyna no.9, 2010

– Азэмэт, иджыпсту уэ уи цIэр куэдым зэхах. «Черкес» фильмыр езыр дискхэм тету хэIуа хъумэ, нэхъыбэжым укъацIыхунущ. Ди гуапэт, укъызыхэкIам, укъыщалъхуам укъытхутепсэлъыхьамэ. – Бахъсэнщ сыкъыщалъхуари сыкъыщыхъуа-ри. Ди адэ-анэм бынищ дызэдапIащ. Къуэш нэхъыжьрэ шыпхъу нэхъыжьрэ сиIэщ.

– Тхьэм пхуигъэпсэу! Сызэрыщыгъуазэм-кIэ, уэ узэрыцIыкIу лъандэрэ сценэм уиту, уэрэд жыпIэу апхуэдэщ. Ауэ уцIыкIуу уэрэд жыпIэныр зыщ, ар IэщIагъэ пхуэхъуныр – нэгъуэщIщ… – Уэрэд жыIэныр сыт щыгъуи сфIэфIт. Ауэ ар IэщIагъэ схуэхъун щхьэкIэ Iуэхум сыхуэзыгъэу-шар си анэш щIалэ Дым Елдарщ. Аращ уэрэд жыIэным хуезыгъасэ Аренгольд Сергей деж сызышауэ щытари. Абы иужькIэ, илъэсипщIым ситу, Лъашэ Владимир и деж сыкъэкIуащ. Курыт еджапIэр къэзухри ГъуазджэмкIэ Инсти-

тутым сыщIэтIысхьащ.

– Тхьэм узыншэу къуигъэух! «Хатти» гупым дауэ ухыхьа хъуа? – Упсэу! ЕджапIэм сыщIэтIысхьа нэужь нэIуа-сэ схуэхъуащ «Хатти»-м я шыкIэпшынауэ Хьэгъур Залымрэ пшынауэ Иуан БетIалрэ. Щыри абы дыщеджэти, ныбжьэгъу дызэхуэ-хъуащ. Адыгэ къафэр, макъамэр утыку кърахьэу гупу зэрызэхэтхэр къызжаIащ. УэрэджыIакIуэ яIэтэкъым. Гупым и унафэщI Балъкъэр Къазбэч «Укъытхыхьамэ, хъунт!» щыжиIэм, арэзы сыхъуащ. Хуэмурэ дызэсащ. Гупым ущыхэтым деж, дауикI, уэрэд пхужыIэкIэ е джэгу Iэмэпсы-мэ гуэр уеуэфкIэ зэфIэкIкъым, цIыху зыхущы-тыкIэми куэд иIыгъщ. ЩэнкIэ, акъылкIэ дызэ-техуэу къыщIэкIащ, илъэсищым нэблэгъауэ сыхэтщ. – Иджы, Азэмэт, киномкIэ псалъэмакъыр тетшэнщ. Сыт къежьапIэ хуэхъуар абыр?

«Кавказымрэ дунеймрэ» и фIэщыгъэцIэу Налщыч щекIуэкIа япэ урысейпсо кино-

фестивалым Къандур Мухьэдин и «Черкес» фильмыр щагъэлъэгъуащ. Псалъэмакъ куэд

зытехъеикIа мы гъэлъэгъуэныгъэр хамэщI ис адыгэхэри хэкурысри зыхэлэжьыхьа зы

IуэхущIафэщ. Псори зэхуэдэу арэзы имыщIами, япэ лъэбакъуэр ча хъуащ. Пэжщ, зыхуеп-

лъэкIыжын, зэгъэзэхуэжын, зэгъэпэщыжын хуейр мащIэкъым. Лэжьыгъэ утыку иплъхьэ

щыхъукIэ, абы и фIагъ-щыщIагъыр къэзылъагъур ар зыхуэгъэза цIыхурщ, лъэпкъ интел-

лигенцэрщ. Мыр псалъэмакъ щхьэхуэщ. Дэ нэхъ зытедгъэчыныхьыр фильмым щыджэгуа

ди артистхэм къызыкъуаха е якъуэлъ Iэзагъэрщ. Апхуэдэ гугъапIэ зэрыщыIэм дигъэгуш-

хуэри, куэдым ягу дыхьа, Нарт и ролыр игъэзащIэу кином хэта Бэч Азэмэт ди хьэщIэщ

уэршэр къедгъэблэгъащ.

87№9 ПСЫНЭ

Гъуазджэ

Page 90: Psyna no.9, 2010

– Кинор щытрахар Амман? – НтIэ, Амманрэ абы и Iэгъуэблагъуэмрэщ.

– Сыт хуэдиз зэман текIуэда? – МазитIым нэблагъэкIэ дылэжьащ.

– Кином щыджэгуахэм нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIахэри яхэтщ. Дауэ фызэхэзэгъа? – Пэжщ, хамэ къэралхэм къикIа куэд къытхэ-тащ. Псалъэм щхьэкIэ, макъыр зытхар Нэмы-цэм щыщт. ЦIыхубз роль нэхъыщхьэр зыгъэза-щIэр Палестинэм щыщ пщащэт, Амман щеджэу. Камерэр зезыгъэкIуа гупыр Мэзкуу къикIахэт. Амман дэс цIыхухэр инджылызыбзэм хуэшэры-уэщ, а бзэмкIэ дызэгурыIуэрт, бзэм хуэмыIэры-хуэм – тэрмэш яIэт.

– Апхуэдэу щыт пэтми, Нартрэ и псэ-лъыхъу пщащэмрэ зэгурыIуащ… – Хъыджэбзымрэ сэрэ дызэгурыIуэну гугъу-тэкъым. Адыгэбзэ тIэкIур зыхэмызагъэ щыIэ?

– Хамэ лъэпкъ щыщу къывдэджэгуахэм адыгэ хабзэр дауэ къащыхъурэт? Уэри сыт нэхъ щIэщыгъуэ, хьэлэмэт къыпщыхъуар? – Сэ си дежкIэ адыгэбзэм нэхъ дахи, ди

– Кинор тезыха Къандур Мухьэдин къы-щалъхуар Иорданиерщ, Амманщ. ХамэщI къыщыщIидза адыгэхэм гугъуехь куэд яшэчауэ къыщIэкIынущ, я псэукIэм теухуауэ. Абыхэм ящыщщ бзэр хъумэжынри. Сэ, псалъэм папщIэ, абы сыщыщыIам куэд срихьэлIащ «Хэкум дгъэзэжамэ, ди бзэ тIурылъу ди щIыналъэ дисыжамэ арат» жаIэу. Лъэпкъым и гур етауэ, хэкум хуэпабгъэу абы къыщыхъуахэм ящыщщ Мухьэдини. Къандур Мухьэдин режиссер къудейкъым. Ар икIи тхакIуэщ, композиторщ. «Черкес» фильмым лъабжьэ хуэхъуари абы и «Кавказ» тхылъыр аращ. Адыгэ тхыдэм зэрыте-ухуам щхьэкIэ, кином адыгэ дыдэ хигъэхьэну хуейт. Хэдэрыхэшыр (кастинг) щызэхашэм, Къумахуэ Мухьэдин къысхуиIуэхуащ, укъакIуэ-рэ уеплъамэ арат жиIэри. Мис апхуэдэу сахэхуа хъуащ.

– Уэ бгъэзащIэ Нарт и ролыр нэгъуэщI-хэми хуагъэлъэгъуа? – ЗэрызэхэсхамкIэ, ди театрым и актер щIа-лэхэми яхэдащ. Америкэм щыпсэу адыгэхэм ящыщ зы щIали еплъащ. ЗэрымыщIэкIэ, сэ сыкъыхаха хъуащ.

88 ПСЫНЭ №9

Гъуазджэ

Page 91: Psyna no.9, 2010

хабзэм нэхъ лъапIи щыIэкъым. Ауэ хамэ лъэпкъ щыщу сыздэлэжьахэми я гуапагъэр сигу къинэ-жащ. Узэрыадыгэр зэхахмэ, удрахьеиным хуэдэт. ЖыпIэнурамэ, си лIыхъужьыр – Нарт – шым шэсын и пэ зригъэцIыхуу зэрепсэлъылIэр хьэрыпхэм хуабжьу гъэщIэгъуэн ящыхъуащ. Езыхэм апхуэдэ хабзэ яIэкъым. Ди фащэри яфIэхьэлэмэтт. Дэтхэнэ пкъыгъуэми мыхьэнэ гуэр зэриIэр, хьэзырыр зищIысыр, сэшхуэри къамэри пщIыхэлъын щIыхуейр…

– Кинор нэгъуэщI щIыпIэ щагъэлъэгъуа? – Япэ Амман щагъэлъэгъуащ. ИтIанэ – Тыркум – Къайсэр. Мис иджы – Налщыч.

– Уэ уи дежкIэ, Азэмэт, мыр япэ актер лэжьыгъэщ. Уигу ирихьа актер IэщIагъэр? – СфIэгъэщIэгъуэн дыдэ хъуащ актер IэщIа-гъэр. Ауэ сызэрыхуемыджам къыхэкIыу, уэрэд жыIэным нэхърэ нэхъ гугъуу къысщыхъуащ. ДэIэпыкъуэгъу къысхуэхъуа Фырэ Руслъан, Шыбзыхъуэ Басир, Къумахуэ Мухьэдин сымэ фIыщIэ яхузощI.

– Уэ езыр «Черкес» фильмым сыт хуэдэ гупсысэм ухуиша? Сыт хилъхьэрэ ди щэн-

хабзэм? – ЦIыху псоми, дауикI, ягу зэхуэдэу удыхьэ-фынукъым. Ауэ адыгэбзэр зэхэпхыу, адыгэ фащэр экраным къищу кинотеатрым щыслъа-гъуну сэ си щхьэкIэ къысхуихуакъыми, абы теухуауэ ар пэщIэдзэ хъарзынэу къызолъытэ. АдэкIэ нэхъыфIыж хъумэ, дэгъуэт.

– Амман фыщыIэхукIэ абы щыпсэу адыгэхэм фахуэза? – Минищым щIигъу цIыхуу зэхуэсауэ, зы мэз лъапэ гуэрым деж джэгу щащIу дахэплъащ, тIэ-кIуи дыкъыщещIащ. Си гуапэ хъуащ апхуэдэу зэрызэрыIыгъхэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, бзэмкIэ гугъу йохьхэр, нэхъыбэр зэрыпсалъэр хьэрыпыбзэщ. Хасэм зэIущIэшхуэ амфитеатрым щащIауэ дыщыIащ. Аргуэрыжьти, зэрекIуэкIар хьэрыпыбзэт...

– Ди дежкIи ди бзэр Iэпэдэгъэлэл ящIауэ, адыгэбзэр щIэбджын щымыIэу жызыIэ куэд урохьэлIэ… – Пэжщ, си жагъуэ дыдэ мэхъу ар. Бзэр умы-щIэу сэ сыадыгэщ жыпIэкIэ сыт и мыхьэнэр? Уи бзэкIэ уэрэд жумыIэфынум, усэ укъемыджэфы-нум, IуэрыIуатэ жумыIэжыфынум...?

89№9 ПСЫНЭ

Гъуазджэ

Page 92: Psyna no.9, 2010

хабзэр къыпхэзылъхьэн къыпщхьэщытмэ, ар насыпышхуэщ. Лъэпкъым дыхуэлажьэ и цIэу, куэд дыдэ тхуэмыщIэми, ди гуащIэ къыдэкIым хуэдизкIэ уэрэд жытIэфу, дыкъещIэфу дыщыт-мэ, абыкIэ цIыхум ягу дыдыхьэмэ, ари насы-пышхуэщ.

– Сыт иджыри удэзыхьэхыр? – Зэманыр мащIэ дыдэщ, ауэ тхылъ еджэныр хуабжьу сфIэфIщ.

– НтIэ, мис а зэманыр къытхухэпхыу укъызэрытхуеблэгъам щхьэкIэ фIыщIэ пхузощI. Ди псалъэмакъым и кIэухыу, ди журналым и щIэджыкIакIуэхэм сыткIэ захуэбгъэзэнт? – АдыгэбзэкIэ журнал къызэрыдэкIыр икъу-кIэ си гуапэщ, Тхьэм и хъер абы и къыдэгъэкIы-ным елэжь фэри, зэрылъэпкъыуи дигъэлъагъу! Журналым еджэ дэтхэнэ зыми узыншагъэ, дэрэ-жэгъуэ Тхьэм къарит!

– Азэмэт, уи вагъуэр куэдрэ адыгэ лъэп-къым хуэблэн Тхьэм уищI! ГъащIэм хъуапса-пIэу ущиIэу хъуам Тхьэм утригъэIэбэ!

– Тыркуми ущыIауэ жыпIащ. Дауэ къып-щыхъуа абы ди хабзэр зэрыщызэрахьэр? – Тыркум адыгэ хьэгъуэлIыгъуэ сыщрихьэ-лIат. Дахэу йокIуэкI, «Адыгэ нысэ» уэрэдыр жа-Iэурэ унэ ирашэ, лъапэрисэ зэпымыууэ къофэ. Хабзэм и Iыхьэу мащIэ дыдэщ хэтыр, ауэ зэ-рыхъукIэ яхъумэ. Шапсыгъхэми дахыхьащ, зэрыIыгъхэщ, Тхьэм и фIыщIэкIэ. Ауэ згъэщIэ-гъуам щыщу и гугъу сщIыну сыхуейт Амман уэрам ущызэхэзекIуэкIэ, абы ирикIуэ цIыхухэр адыгэрэ хьэрыпкIэ зэхэпцIыхукIыфу зэрыщы-тыр. Абы и IуэхукIэ Тыркум нэхъ гугъущ, зэщхьыфэ хъуауэ къысщыхъуащ.

– Азэмэт, хамэщI ис адыгэхэмрэ хэкурыс-хэмрэ псори зэгъусэу дыкъапщтэмэ, лъэп-къым ди гур щIэкIуэдын гуэр плъагъурэ? – Бзэращ. Мес, убыххэм я щхьэ кърикIуар псоми дощIэ, я бзэр яфIэкIуэдащ. Адыгэлъ пщIэту, пIурылъыр урысыбзэу – ар къысхуегъэ-зэгъыркъым, хъункIи Iэмал зимыIэщ. Абы теухуауэ си щхьэкIэ бзэр зыщIэу абы елэжь цIыхухэм фIыщIэ ин яхузощI.

– Сыт нэхъ уи хъуапсапIэ, Азэмэт? – Си унагъуэкIэ, ди нэхъыжьхэмкIэ гукъеуэ щымыIэну… Абыхэм я жьауэ дыщIэтмэ, бзэр,

90 ПСЫНЭ №9

Гъуазджэ

Page 93: Psyna no.9, 2010

Сыт и уасэ гулъытэр, шыIэныгъэр, гуапагъэр...

Тырку шхыныгъуэхэр зыфIэфIыр куэд мэхъу!ФхудогъэтIыгъуэ шхыныгъуэ хэхахэр, тыркуIэфIыкIэхэр, хьэлу зэмылIэужьыгъуэхэр.Псоми ефIэкI тырку къэхьэуэ, шей къыфхуахьынущзыщывгъэпсэху дакъикъэхэм деж.

Page 94: Psyna no.9, 2010

Колумб Адыгэу щытауэ?!Пэжу пIэрэ Дзыгъуэнэ

Тимур

92 ПСЫНЭ №9

Пэжу пIэрэ

Page 95: Psyna no.9, 2010

Колумб и лъабжьэр къыщежьэм, и къуэпсхэр зэ-кIуэлIэжым теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зэмыщхь куэд щыIэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, абы и жэуап пэжыр иджыкIэ зыми иритыфакъым, дэфтэру къыкъуэкI-хэми Iуэхур къалъахъэ фIэкIа зэрагъэкIуатэ щыIэ-къым. Мы тхыгъэм къыщыIэта гупсысэхэр къыщежьэр испанхэм я дежщ, ахэр Колумб тражыIэхьа куэдым къапкърышэсыкI зы Iуэху еплъыкIэщи, щIэджыкIа-кIуэхэмкIэ гъэщIэгъуэн, щIэщыгъуэ хъун тфIощI.Куэд дыдэм Христофор Колумб Генуя къалэ е абы и Iэгъуэблагъуэхэм дунейм къыщытехьауэ яукъуэдий. НэгъуэщI зы куэдми зэрыжаIэмкIэ, лIы цIэрыIуэр Корсикэ хытIыгум щыпсэу къызэрыгуэкI джэнуэз унагъуэм 1451 гъэм къыщалъхуащ. Испан Iуэху еплъыкIэм тепщIыхьмэ, Колумб и къуэпсхэр къыщежьэр Вальядолид къалэрщ. Абы и щыхьэту къахь испан IуэрыIуатэм щыщ зы хъыбар. Хъыба-рым зэрыжиIэмкIэ, Христофор испан пащтыхь щауэ де Ван нэчыхьыншэу хуалъхуа и къуэщ; и адэм и пщIэр имыгъэлъэхъшэн папщIэ цIыху къызэрыгуэ-кIыу зигъэIуауэ аращ. Урым щIэнгъуазэ псалъалъэхэм Колумб журту зэрыщытар шэчи шубыхьэи къызытепхьэ мыхъун пэжу жаIэ. Абы щыхьэт техъуэ гупсысэ гуэрхэр къыхощ испан, португал тхыдэтххэм я лэжьыгъэхэ-ми. Абыхэм трагъэчыныхь Христофор Колумб чыристан диным ихьа журту, Италиеми зыри хуи-Iуэху щымыIэу. Зи гугъу тщIа щIэныгъэлIхэм я щыхьэтыгъэ нэхъыщхьэр Колумб картографиемрэ каллиографиемрэ – а зэманым псэуа журтхэм нэхъ зэрахьэу щыта IэщIагъэхэщ – дихьэхыу зэрыщы-тарщ. А еплъыкIэр къабыл умыщIми хъуну къыщIэ-кIынщ, Майорк къалэм къыщыунэхуа журтхэм ауэ сытми чыристан диншыуэ загъэлъагъуэу зэрыщы-тар къэплъытэмэ. Арагъэнщ, Колумб и тхыгъэхэм

«журт щыхьэтыгъэхэр» къыщIыхэщри. И лъэужь гъэгъуэщэным езы Колумби и Iыхьэ хилъхьащ. Псалъэм папщIэ, Португалым щыпсэуху Христофор Колумб къигъэсэбэпар португал къэпсэ-лъыкIэм тет Криштован Колон цIэ-унэцIэрщ, Испа-нием щыIэпхъуэм (1485 гъэм) испан къэпсэлъыкIэм езэгъыу Кристобал КолонкIэ зэджэу щIидзащ. ЗыплъыхьакIуэм къыщIэна Iэрытххэр зэпкъраха нэужь, наIуэ хъуащ Колумб итальяныбзэр зэикI къигъэсэбэпу зэрыщымытар. И Iэрытххэр зэрытха бзэмрэ абы тхыкIэ Iэмалу щызекIуэмрэ щаджым Колумб зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ цIыхуу зэрыщытар къыщIэщащ. Шэч хэмылъу, мыр зэрымыщIэкIэ

Илъэс щитхум щIигъуащ Христофор Колумб дунейм зэрехыжрэ. Ауэ нобэр къыздэсым абы и цIэм игъэпIейтейр мащIэкъым. Дауи, щхьэусыгъуэ зимыIэ зэныкъуэкъукъым Колумб и гъащIэ гъуэгуанэм иращIэкI псалъэмакъыр. Зы ма-щIэкIэ нэхъ мыхъуми, а зэныкъуэкъур гъэIэсэным хуэунэтIат 2006 гъэм и гъат-хэкIэм Вальядолид щекIуэкIа зэIущIэр. Тхыдэм, географием, палеографием, физиологием елэжь щIэныгъэлIхэр щызэIущIа а щIэныгъэ зэхуэсым къызэры-мыкIуэу доклад гъэщIэгъуэн куэд щащIыгъащ. Ахэр псори теухуат Колумб и гъащIэм, къызэринэкIа IуэхущIафэхэм, къызыхэкIа лъэпкъымрэ унагъуэм, и шыфэлIыфэ гъэпсыкIэм. Сыт хуэдиз къэхутэныгъэ Колумб и цIэм трамыщIы-хьами, иджыри зэIубз мыхъуа куэд абы и Iуэхум хэлъщ. Уеблэмэ ар зыщыщ лъэпкъыр, щалъхуа лъахэр иджыри нэсу зэхэгъэкIа хъуакъым.

93№9 ПСЫНЭ

Пэжу пIэрэ

Page 96: Psyna no.9, 2010

къэхъуа Iуэхугъуэкъым, щIэныгъэ зыбгъэдэмылъа цIыхум ЩIыщIэр (Новый Свет) къихутэну Iэмал зэримыIари гурыIуэгъуэщ. Колумб унагъуэ щищIар Португалиерщ. Щхьэгъусэ хуэхъуар къызыхэкIар 14-нэ лIэщIыгъуэм а къэралым къэIэпхъуа, мылъку хъарзыни зэзыгъэпэща, хуэщIауи псэууэ езыгъэжьа итальян унагъуэт. Христофор щыкъу хуэхъуа а унагъуэм я щIалэ нэхъыщIэ Бартоло-меу Перештерлу португал пащтыхь пщы щауэщIэхэу Жуанрэ Генрихрэ я щауэгъуу пащтыхь унэм дэсу щы-тащ. Абы етIуанэу къишэжа Изабелл Мониш португал унагъуэ бейм къыхэкIат. АйтIум зэдагъуэта пхъу закъуэрщ – Фелипа Монишщ – Христофор Колумб 1478/79 гъэм щхьэгъусэ хуэхъуари. Iыхьэгъу яхуэхъуа малъхъэм и дзыхь иригъэзри, Изабелл Мониш куэд дыдэ дэмыкIыу дунейм ехыжа и щхьэгъусэм къыщIэ-на Iэрытххэмрэ картэхэмрэ 1457 гъэм и малъхъэм кърет. Хуэбгъэфащэ хъунущ Христофор и щIэныгъэ къэухьым зыубгъунымкIэ дунейм ехыжа и щыкъу адэм и щIэинхэр сэбэп къыхуэхъуауэ. И тхыгъэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Колумб пасэу хым техьащ, щIыпIэ куэди къызэхикIухьащ. Христо-фор Колумб сатуущIэу къызэрежьам шэч къытрахьэр-къым, ауэ, хуагъэфащэ, кхъухьтет пщэрылъ иIэу абы кхъухьхэр мызэ-мытIэу иришэжьауи щытауэ. Дауэ мыхъуми, португал бэракъым щIэту и лъэ Инджы-

лызми, Ирландми, Исландми нихусащ. Абы щыфIэ-кIыжу Христофор Мадейри, Къайнар хытIыгухэми, уеблэмэ Африкэм и кхъухьэпIэм Португалым и сату тедзапIэу щыIа, иджырей Ганэм и щIыналъэм хыхьэ Хорхе-да-Минаи нэсыгъащ. Христофор Колумб Вальядолид къалэм 1506 гъэм накъыгъэ мазэм и 21-м дунейм щехыжащ. Абы и хьэдэр щIыпIэ куэдым къыщрахьэкIащ. Япэ дыдэ ар къыщыщIахыжар 1513 гъэрщ – абы щыгъуэ Христо-фор и хьэдащхьэр Севилье къашэжри щыщIалъхьэ-жыгъат. ИужькIэ, 1542 гъэм, зыплъыхьакIуэ цIэры-Iуэм къигъэна уэсятым ипкъ иткIэ, и къуэм щIэры-щIэу къыщIригъэхыжри Санто-Доминго (иджыри Доминикан къэралыгъуэм хеубыдэ) дэт члисэм щыщIилъхьащ. Франджыхэм а щIыпIэр яубыдын ипэ къихуэу, 1795 гъэм, Христофор зыдэлъ бэныр Гаванэ ягъэIэпхъуэ. Илъэсищэ хуэдизкIэ и гугъу ямыщIу щылъа бэныр испанхэм абы кърашыжри Севилье дэт члисэм щагъэтIылъыж. АрщхьэкIэ, куэдым зэрыжаIэмкIэ, Санто-Доминго ирахыу Гаванэ яшауэ щытар Христофор и хьэдэ-ракъым. Апхуэдэ псалъэмакъыр къызыхэкIар 1877 гъэм Санто-Доминго дэт члисэр щызэрагъэпэщы-жым «Varon ilustre y distinguido Cristobal Colon» тхыгъэр тету къагъуэта бдзапцIэ бэнырщ. А псалъэ-хэр зэбдзэкI хъунущ мыпхуэдэу: «ЩIыхьыбэр зыхуэфащэ, щхьэгъусэ пэж Христофор Колумб». 1992 гъэм Доминикан правительствэм иригъэщIа «Фаро а Колон»-кIэ зэджэ кхъэлэгъунэр а бэным дэлъым увыIэпIэ хуещI. Христофор Колумб и хьэдащхьэ кърикIуа псоми мыпхуэдизу кIыхьу утемыпсэлъыхьми хъуну къы-щIэкIынт. Ауэ абы гъэщIэгъун куэд кърикIуащ. Тхы-дэтх цIэрыIуэ Марсиал Кастро зэрыжиIэмкIэ, ДНК-кIэ зэджэ къэхутэныгъэхэр Севилье члисэм щIэлъ хьэдэ къупщхьэхэм щыдрагъэкIуэкIым ар илъэс 50-м ит цIыхухъум ейуэ къыщIэкIащ. А къэхутэ-ныгъэ Iэмал дыдэхэр Христофор Колумб и къуэшым и хьэдэ къупщхьэхэми ирахьэлIэу щрагъэпщэжым, япэу ДНК ящIа хьэдэр зыплъыхьакIуэ цIэрыIуэм зэрейм шэч зыми къытрихьэжакъым. Доминикан правительствэм бдзапцIэ бэным дэлъым зыри ири-гъэIусэн идакъым. Хесус Варелэ зэрыжиIэмкIэ, Христофор къызыхэ-кIам, къыщалъхуа щIыпIэм теухуа Iуэху еплъыкIэ зэхуэмыдэхэр щIыщыIэн щхьэусыгъуэ илъагъукъым – ар Генуя къыщалъхуащ, езыри урым (итальян) лъэпкъым къыхэкIащ. АрщхьэкIэ, Гранадэ универ-ситетым генетикэмкIэ къэхутэныгъэхэр щрагъэ-кIуэкI лабораторием и унафэщI, зи цIэ жыжьэ Iуа щIэныгъэлI Хосе Антонио Лоренто нахуэ къызэри-щIамкIэ, ДНК зращIэкIа хьэдэ къупщхьэхэр, ар ире-Колумб, е нэгъуэщI гуэруи щрет, зейр зи къуэп-схэр Кавказым екIуэлIэж цIыхущ. Хосе Антонио Лоренто и къэхутэныгъэ утыку кърилъхьам Христо-

94 ПСЫНЭ №9

Пэжу пIэрэ

Page 97: Psyna no.9, 2010

хэм адыгэщIым гъунэжу уащрохьэлIэ. КъатIэщIа щIыпIэхэм къыщыщIахащ Урымым къраша шылэм, данэм, къэдабэм къыхащIыкIа щыгъыныгъуэ лъа-пIэхэр. Арыххэу, Хы ФIыцIэм и Iуфэр тIысыпIэ-щы-сыпIэ зыщIа джэнуэзхэм сату тедзапIэхэр Кавказым и щIыналъэ куэдым къыщызэрагъэпэщащ, абы щхьэдэIэбыхырт Къэжэрми, Иранми, н.къ. сату да-щIу хуежьащ. Джэнуэзхэращ Хъыспиихым япэ дыдэ кхъухьхэр тезыгъэувар. Ахэращ а зэманым европей лъэпкъхэм ящыщу мы щIыпIэм япэу къэсауэ щыта-ри. Джэнуэзхэм зэфIэкIышхуэ яIащ, дунейпсо сату щIэным увыпIэшхуи щаубыду щытащ. Абыхэм щIы-пIэ куэдым сату дащIу, Италие псор хьэпшып, ерыс-къыхэмкIэ къызэрагъэпэщу щытащ. Ахэр ялъэIэ-сырт Хыкурых хытIыгухэми, Франджым, Испаным,

Нидерландым, Инджылызым, Шотландым, Ирлан-дым, Швецием, Данием, Норвегием, Урысейм, Къуэ-кIыпIэмкIэ Архипелагым, Урым империем, Анато-лием, Ермэлым, АфрикэмкIэ Мысырым, Мароккэм, нэгъуэщI къэрал куэдми. Къаффэ гъавэкIэ къуэкIыпIэ лъэныкъуэр къызэ-ригъэпэщыфу щытащ. Зы кхъухь тедзапIэм икIым адрейм кIуэуэрэ, Къаффэм и сатуущIхэр лъахэ куэ-дым къыщыщIидзырт. ГъавэкIэ, гъущIымрэ гъуап-лъэмрэ къыхэщIыкIа хьэпшыпкIэ, щэкI зэмылIэу-жьыгъуэхэмкIэ, хьэкIэкхъуэкIафэхэмкIэ Индым

фор и биографием нэгъуэщIынэкIэ урегъэплъыж, абы и джыным кIуэрабгъу гъэщIэгъуэнхэмкIэ убгъэдыхьэ хъунуи къыщIокI. Мис абы нэхъ убгъуауи дытепсэлъы-хьынщ. Пасэрей Зыхьэ (Зихия) къэралыгъуэм и щIына-лъэр хамэщI къикI зыплъыхьакIуэхэмрэ сатуущI-хэмрэ кIуапIэ зэрахуэхъурэ куэд щIащ. Тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, сатуущIхэм мы щIыпIэм ис лъэпкъхэм пыщIэныгъэ яхуиIэ мэхъу XII лIэщIы-гъуэм и пэщIэдзэхэм щегъэжьауэ. Абы и щыхьэтщ XII-XV лIэщIыгъуэхэм Италием къикIыу щытыгъа зыплъыхьакIуэхэм зэхагъэува картэхэм Адыгэ Хэкумрэ абы и хы Iуфэмрэ IупщI дыдэу къызэры-щыгъэлъэгъуар.

Кубан областым и щIыналъэ джэнуэз гъуэгужь-хэм я лъэужь щыплъагъуу щытащ XIX-нэ лIэщIы-гъуэм и 60 гъэхэм къэсыху. А гъуэгур Анапэ къы-щежьэрти, Холмскэ, Саратовскэ, Ханскэ, Царскэ, Псеменскэ станицэхэм блэкIырт, Кефар, Инжыд-жышхуэ зи цIэ псыхъуэхэмкIэ иунэтIырти, Марыхъу хуэкIуэрт, адэкIэ Тебэрдырэ Псыжьрэ икIырти, Къэрэщейм игъазэрт. Абдеж абы гъуэ-гуитI къыгуэкIырти, зым ЦыбылэкIэ (Цебельда) зишэщIырт, адрейм Тэрчыпсым гуэту Хъыспий Iуфэ иунэтIырт. Джэнуэз сату тедзапIэхэр абдеж щыпыхьэжырт Ищхъэрэ Тыркустаным, Ираным, Чыным. Зи гугъу тщIа щIыпIэхэм джэнуэзхэм псэупIэхэр щащIырт, быдапIэхэр щаухуэрт, сату тедзапIэхэр къыщызэIуахырт. Псалъэм папщIэ, Шэбжь пэмыжыжьэу «Джэнуэзхэм я Iуащхьэкхъэ-кIэ» еджэу щIыпIэ щыIащ. Хъыбарыжьхэм къызэ-раIуэтэжымкIэ, а Iуащхьэр ДжэнукIэ зэджэ лIы гуэрым хузэтратхъуэгъащ. Абы дыщэхэкI лъапIэ куэди дыщIалъхьауэ яIуатэрт. А Iуащхьэкхъэр адыгэхэм я щхьэхуитыныгъэм щыщIэзэу илъэсхэм шапсыгъхэм я зэхуэсыпIэу къагъэсэбэпу щытащ. Веселовскэм и унафэм щIэту 1896 гъэм Белореченскэ станицэм къыщатIэщIа Iуащхьэ 53-м къыщIаха хьэпшыпхэр XIV-XV лIэ-щIыгъуэхэм ящIауэ хуагъэфащэ. Апхуэдэ Iуащхьэ-

Хесус Варелэ зэрыжиIэмкIэ, Христофор къызыхэкIам, къыщалъхуа щIыпIэм теухуа Iуэху еплъыкIэ зэхуэмыдэхэр щIыщыIэн щхьэусыгъуэ илъагъукъым – ар Генуя къыщалъхуащ, езыри лъэпкъкIэ урымщ. АрщхьэкIэ, Гранадэ университетым генетикэмкIэ къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкI лабораторием и унафэщI, зи цIэ жыжьэ Iуа щIэныгъэлI Хосе Антонио Лоренто наIуэ къызэрищIамкIэ, ДНК зращIэ-кIа хьэдэ къупщхьэхэр, ар ире-Колумб, е нэгъуэщI гуэруи щрет, зейр зи къуэпсхэр Кавказым екIуэлIэж цIыхущ.

95№9 ПСЫНЭ

Пэжу пIэрэ

Page 98: Psyna no.9, 2010

къраха налкъутналмэсыр, Хьэбашэ къраша пыл къупщхьэр, мыстхъуэкIэ еджэу мэфI къызыпих хьэрып дагъэр, малабар шафраныр, н.къ. къахъуэ-жырт. Ауэ джэнуэзхэм фейдэ хэкIыпIэшхуэу яIар пщылI щэн-къэщэхуным епха сатуращ. Пэжщ, пщылIхэм уасэ хэха хуагъэувауэ щыттэкъым, сату щIэным Iуэ-хур нэсамэ, къалъытэрт теплъэр, Iэпкълъэпкъыр, ныбжьыр. Нэхъыбэу адыгэм ящэр езыхэм гъэр ящIа я лъэпкъэгъухэрт. Щэн-къэщэхунымкIэ дэлэл хъухэрт алыджхэр, журтхэр, ермэлыхэр, тэтэрхэр. Гъэрхэм я сабийхэр зэкIужмэ, дахэмэ, ахэри ящэрт, пщIэшхуи яIэт. Дэфтэрхэм къазэрыхэщыжымкIэ, Къаффэ щащэ пщылIхэм я нэхъыбэр Кавказым щыщхэт: абазэт, адыгэт, къумыкъут. ЛъэныкъуитIми фейдэ къахуищIу пщылI щэн-къэщэхуным псын-щIэу зиужьырт. АдыгэщIыр къулейт хъыджэбз дахэхэмрэ зауэлI хахуэхэмкIэ, – абыхэм щIэупщIэ-шхуэ яIэт. Тхыгъэжьхэм къазэрыхэщыжымкIэ, Кавказым ираш гъэр щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ къыщыщIи-дзыр хьэрып къэралхэм я закъуэтэкъым. Джэнуэз хъумапIэхэм Кавказым кърашу щыта пщылIхэм теу-хуауэ тхыгъэ куэд хэлъщ. Абыхэм къызэрагъэлъа-гъуэжымкIэ, шэрджэс пщылIхэм уасэшхуэ щIату щытащ. Псалъэм папщIэ, илъэс 14-м ит хъыджэбз цIыкIур аспар 500-кIэ ящауэ щытащ, абы щыгъуэ а ныбжьым ит къумыкъут хъыджэбзым и уасэр 370-рэт. Илъэс 14-м ит щIалэщIэ цIыкIур ящат аспар

750-кIэ. Илъэс щэщIым итын мэжар цIыхухъур аспар 130-рэт зэращар. Болгар цIыхубз илъэс 39-м ит, сабиитI зыщIэсым, хуагъазэр аспар 600-т. Илъэс 10-16 ныбжьым ит шэрджэс сабийхэм хуагъазэрт 250-м къыщыщIэдзауэ 750-м нэскIэ. Апхуэдэ щIы-кIэкIэ, Европэм и къэрал зэхуэмыдэ куэдым адыгэ куэд къыщыщIидзыгъащ. Адыгэхэмрэ урымхэмрэ унагъуэ щызэдаухуэ куэдрэ къэхъуащ, къемызэгъ гуэру ялъытэуи щыта-къым. Мылъку зэгъэпэщыныр, бей хъуныр и гура-щэу гъуэгуанэ жыжьэ теува щIалэхэм я хъуапсапIэ зэрытеIэбэу унагъуэ зэрагъэпэщырт. Я лъэпкъэгъу цIыхубзхэр къызэмэщIэкI джэнуэз сатуущIхэм нэхъыбэм щIыпIэм щыщ бзылъхугъэхэрт гъащIэ гъусэ ящIыр. Апхуэдэ унагъуэ зэхэпхъари мащIэ-тэкъым. Къапщтэмэ, Къаффэ адыгэ-джэнуэз унагъуэ фIэкIа дэмысу зы хьэблэ псо иIэт. Тхыгъэхэм къызэ-рыхэщыжымкIэ, абыхэм я бжыгъэр миным нызэры-хьэсу щытащ. Къыпхуэхьынущ щапхъэ пыухыкIахэ-ри. Нобилитетым и лIыкIуэ Симон де Гизольфи и къуэ Винченцио 1419 гъэм къыхуишауэ щытащ Бэр-зэджыпщым ипхъу Бичэ-гуащэр. Иужьрейм и адэм дыщырыкI папщIэу Мэтрэдж (Тамань) къалэр зэры-шаитIым яритауэ щытащ. Адыгэ тхыдэм и кIуэцIкIэ хуэдэ щымыIауэ зы къэхъукъащIэщ мыр. Абы и ужькIэ Мэтрэдж къалэр Гизольфи лъэпкъым я хаб-зэр щытепщэ унапIэ-псэупIэ хъуащ. Иджыри зы щапхъэ. Венициан республикэм и лIыкIуэу Къэжэ-рым щыIа Амброджо Контарини (XV лIэщIыгъуэм и

96 ПСЫНЭ №9

Пэжу пIэрэ

Page 99: Psyna no.9, 2010

етIуанэ Iыхьэм) щыхьэщIа колониехэм ящыщ зым пщылIу къыщищэхужа бзылъхугъэр щхьэгъусэу къишэжыгъауэ щытат. Апхуэдэ хъыбархэр мащIэ-къым. ЖытIам ипкъ иткIэ, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, Христофор Колумби апхуэдэ зы урым-адыгэ унагъуэ къыщыхъуагъэнущ. Къыщалъхуари Генуя лъахэр е Хы ФIыцIэм щыIа колониехэр арагъэнущ. Абы щыхьэт техъуэ хуэдэщ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа ДНК-къэхутэныгъэхэр. Мыхьэнэ зиIэ нэгъуэщI мыпхуэдэ зы Iуэхугъуи щыIэщ, къэдгъэнэIуа Iуэху-гъуэм я щыхьэт хъу хуэдэу. Португалиер псэупIэ ищIын ипэ къихуэу Христофор Колумб дэнэ щыIа-ми, сыт ищIами, ипэжыпIэкIэ зыри щыгъуазэкъым. XV лIэщIыгъуэхэм и 50-гъэхэрщ, ар Колумб Порту-галием къыщыIэпхъуа лъэхъэнэм хуозэ, Хы ФIы-цIэмрэ Кърымымрэ я Iуфэ щитIысыкIауэ щытыгъа джэнуэзхэр тыркухэм щызэтракъутар. Ар пэжмэ, итIанэ нахуэ хъу хуэдэщ Колумб Португалием къэ-мыкIуэ щIыкIэ здэщыIар дэнэми. Дауэ хъуами, я насып кърихьэкIыу тыркум яIэщIэкIа зырызхэм яхэту ар Генуя къэкIуэжагъэнщ. ЩIэныгъэлIхэм утыку кърахьа «кавказ» Iуэху еп-лъыкIэр зыкъомкIэ щхьэпэ хуэхъуну къыщIэкIынт урымхэмрэ испанхэмрэ зэпаубыда лIы цIэрыIуэр къыщалъхуа щIыпIэр зэхэгъэкIыным. Курыт лIэ-

щIыгъуэхэм цIыхур къыщалъхуа-щылIэжа зэманхэм мыхьэнэшхуэ ирату, а Iуэхугъуэхэр фIэкIыпIэ имыIэу члисэм щегъэтхын хуейуэ зэрыщы-тар къэплъытэмэ, фIэщщIыгъуейщ, зыплъыхьакIуэ цIэрыIуэр дунейм къыщытехьар Европэр пэжмэ, къыщалъхуа гъэр ямыщIэну щытауэ. Абы щыфIэкIыжу гурыIуэгъуэ хъу хуэдэщ «урым» Колумб и Iэрытххэм, и IуэхущIафэхэр къызыхэщыж тхыгъэхэм урымыбзэ къыщIыхэ-мыхуэр. Хы ФIыцIэм и Iуфэ Iута джэнуэз колони-ехэм урымыбзэм нэмыщIкIэ щызекIуэт адыгэбзи, тэтэрыбзи, алыджыбзи. СыткIэ япыщIауэ щыта Колумб Кавказым щып-сэу цIыхухэм? Абы и адэжьхэр роман лъэпкъхэм къахэкIауэ Кавказым къэIэпхъуахэм ящыща?! Е католик диныр къэзыщтэу Апениным къыщыхута адыгэхэм къахэкIа? Христофор къэзылъхуа и анэра адыгэм къыхэкIар? НобэкIэ ар букъуэдиину гугъущ. Иджыри зы. КъэхъукъащIэ зэхуэмыдэ куэдкIэ зи гъащIэр гъэнщIауэ щыта лIы цIэрыIуэм и унэ-цIэ Колумб Терра Рубрэм мыпхуэдэ гупсысэхэм ухуешэ: Христофор Колумб и адэжьхэр, хуэбгъэ-фащэ зэрыхъунумкIэ, латин лъэпкъым хэшэпсы-хьыжа адыгэпщхэм къахэкIауэ къыщIэкIынущ…

97№9 ПСЫНЭ

Пэжу пIэрэ

Page 100: Psyna no.9, 2010

«Вокальная студия»-м сокIуэ. Къул Ланэт щIэсри, къызэдэIуащ. Абы Къул Iэмир и деж сыкъеунэтI. СыкъыздэкIуам, цIыхур щIэзу щIэст. «УкъыщыкIуакIэ, дызэгъэдаIуэ!» жиIэри, абдеж зы уэрэд щыжысIауэ щытащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэр ди пIалъэу сыкъыщIигъэкIыжащ. А пщыхьэщхьэ дыдэм унэм сыкъэкIуэжауэ телевизорымкIэ «Амикс»-м и япэ концертыр НОТР-мкIэ къигъэлъагъуэу сы-Iуоуэ. «Уей, мыр сэ сыщигугъэм щымыIэ!» жызоIэри, си фIэ-бэр мащIэу етIуанэ махуэм Iэмир деж сыщIэлъэдащ, ар езы-ми гушыIэу нобэр къыздэсым жеIэж, «Iэмир, сэ иджыри сыкъофэ, уэрэд Iэджи жызоIэ», жысIэри. Япэ дыдэ къызита-уэ щыта фонограммэр 60-70 гъэхэм ягъэзащIэу щыта «Шофер» уэрэдырщ. Апхуэдэу къежьэри, хуэм-хуэмурэ сыхэпщIащ. Зыбжанэрэ сыкъафэу сыкъекIуэкIащ. – «Сэтэней» уэрэдращ, зэрысщIэмкIэ, нэхъыбэу цIыхум укъызэрацIыхуар.– ГъэщIэгъуэнщ, ауэ а уэрэдыр сэ си япэ «Амикс»-м хэта нэгъуэщI уэрэджыIакIуитIым ягъэзащIэу щытащ. Иужьым сэри езгъэтхри, клипи тредгъэхащ, пэжыр жысIэнщи, ар хит

хъунуи дыщыгугъатэкъым.

– Еджэнымрэ уэрэд жыIэнымрэ зэран зэхуэхъутэкъэ, Азэмэт?

– ДыкъызыгурыIуи, зэран къытхуэхъуи яхэтащ егъэджакIуэхэм, сыт хуэди

дрихьэлIащ. Уэрэд жытIэу кърихьэлIа егъэджакIуэхэм ягу дрихьамэ, къы-

щыдмылэжь къыхэкIми, «Уэрэд дахэу жыбоIэ, Тхьэм уригъэфIакIуэ» жаIэ-

урэ еджэныгъэр къытщагъэпсын-щIэрт, зэрыхъукIэ къыддэIэ-

пыкъухэрт. Яхэтащ «Уеджэну укъыщIэтIысхьамэ – еджэ,

уэрэд жыпIэнумэ – мыр хэ-щIапIэ пхуэхъунукъым»

жызыIэхэри. – Уэрэд жыIэныр IэщIагъэ пхуэхъуауэ жыпIэ хъуну? – ГъуазджэмкIэ инсти-тутыр къэзухамэ хъунут,

ауэ сызыхуеджар нэ-гъуэщIщ, сыхущIегъуэж-

къым. ГъащIэм зыкъызэ-рызэридзэкIыну псори

пщIэнукъым, IэщIагъэр зэикI лей хъунукъым. Ауэ уэрэд жы-

Iэнымрэ сызэрыпсэуну къыхэс-ха IэщIагъэмрэ зэран зэхуэхъуну си гугъэкъым.

– Япэ дыдэу уэ езым уи сольнэ

Иджырей хъыджэбзхэр зэрыбзаджэ защIэр, фIыуэ укъалъагъуми, къыпхуэ-мейуэ зэрызащIыр, щIалэ закъуэ унэр зэрахъуапсапIэр, гуащэ-тхьэмадэжьыр янэ-япсэу зэрызащIыр «мышынэу» утыку къизыхьэ ЦокIыл Азэмэт къэзымы-цIыху, игъэзащIэ уэрэдхэр зэхэзымыха куэд щыIэу къыщIэкIынукъым. «КъыпщIэупщIэм и щIакIуэ пхуэубгъуащ», – жи адыгэ псалъэжьым. Къуэгъулъкъуей жылэжьым щалъхуа, зи сабиигъуэр Урыху Iуфэ щызыгъэкIуа щIалэр зи хэтыр, зыщыщыр, зытет дунейр куэдым яфIэгъэщIэгъуэну къы-щIоупщIэ. Ар къэтлъытэри уэрэджыIакIуэ щIалэщIэр «Псынэм» и хьэщIэщым къыщедгъэблагъэм, и гуапэу зыкъытIуигъэщIащ.

– КъыпкъуэкIа уи зэфIэкIхэмрэ къыхэпха IэщIагъэмрэ щхьэ затемыхуэрэ? – Псоми жаIэ ар. ГъуазджэмкIэ институтыр къысхуагъэлъагъуэрт, сурэт щIыным е уэрэд жыIэным епх уи гъащIэр жаIэурэ, ауэ ди адэм къиухар КъБКъУ-м и инженер-ухуакIуэ факультетрати, абы сыщIэтIысхьэм нэхъ къищтэрт. Нэхъ иужькIэ, 7-8-нэ классхэм, геометриер къыхыхьэщ, чертежхэм сыдахьэх-ри, сэри абы тезухуащ. Ди адэм фIэкъабылым сэри сызыIэпишэжри, инженер-ухуакIуэ факультетым сыщIэтIысхьащ. – АдэкIэ «Амикс» гупыр… – Япэ курсыр къесхьэлIэху зыщIыпIи сыхы-хьэну сигу къэкIакъым, еджэным нэхъ сыкъи-гъэгузавэурэ екIуэкIащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэ-сым и бжьыхьэрщ «Амикс»-м сыщыхыхьар. Гъэ еджэгъуэщIэм щIэддзэжауэ, «Амикс», «Вокальная студия», «Каллисто», «Хор» университет джэгуакIуэ гупхэм цIыху къащтэу зэхэсхащ. «Амикс»-р зы театральнэ гуэр къы-щIэкIынщ жысIэри, и цIэм сыдимыхьэхыу,

– Уэрэд жыIэным ущIыдихьэхар, ар къохъу-лIэу уэ езым къыщыбгурыIуэжар сыт щы-гъуэ, Азэмэт?– ЗызэрысщIэжрэ уэрэд жыIэным сыдехьэх. Абы и щхьэусыгъуэри гъэщIэгъуэнщ. Си анэр пшынэ еуэу, уэрэд жиIэу ансамбль гуэрым хэту щытащ, абы дыдригъэхьэха сфIощI. Пщыхьэ-щхьэм унагъуэр дызэхуэсыжа нэужь, ансам-блым ягъэзащIэ уэрэдхэм, уэрэдыжьхэм щыщ къыджиIэм, дэри хуэмурэ дыдежьуурэ, зыгуэр-хэри зэдгъащIэ хъуат. ЕджапIэми уэрэд зэры-жытIэфым гу лъатэри, махуэщI хъуамэ, дыха-гъыхьэу, куейм щекIуэкI зэпеуэ зэмылIэужьы-гъуэхэми дашэ хъуащ. «Дашэт» щIыжысIэр си шыпхъуитIми уэрэд си гъусэу жаIэти аращ.

– Сурэт щIынри уи жагъуэтэкъым…– Нэхъыбэу сыдэзыхьэхри арауэ къыщIэкIынт, икIи къызэхъулIэт. ВидеокIэ дызэплъ псысэ, таурыхъхэм хэт псэущхьэхэм я теплъэхэр сщIырт. Си пэш блыным кIэрызу къегъэпщIэ-кIауэ мо таурыхъхэм хэт лIыхъужьхэр «къыз-дэпсэууэ» апхуэдэт.

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

ЦокIыл Азэмэт:

Епсэлъар Дзэгъащтэ Азэмэтщ.

98 ПСЫНЭ №9

Page 101: Psyna no.9, 2010

«Вокальная студия»-м сокIуэ. Къул Ланэт щIэсри, къызэдэIуащ. Абы Къул Iэмир и деж сыкъеунэтI. СыкъыздэкIуам, цIыхур щIэзу щIэст. «УкъыщыкIуакIэ, дызэгъэдаIуэ!» жиIэри, абдеж зы уэрэд щыжысIауэ щытащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэр ди пIалъэу сыкъыщIигъэкIыжащ. А пщыхьэщхьэ дыдэм унэм сыкъэкIуэжауэ телевизорымкIэ «Амикс»-м и япэ концертыр НОТР-мкIэ къигъэлъагъуэу сы-Iуоуэ. «Уей, мыр сэ сыщигугъэм щымыIэ!» жызоIэри, си фIэ-бэр мащIэу етIуанэ махуэм Iэмир деж сыщIэлъэдащ, ар езы-ми гушыIэу нобэр къыздэсым жеIэж, «Iэмир, сэ иджыри сыкъофэ, уэрэд Iэджи жызоIэ», жысIэри. Япэ дыдэ къызита-уэ щыта фонограммэр 60-70 гъэхэм ягъэзащIэу щыта «Шофер» уэрэдырщ. Апхуэдэу къежьэри, хуэм-хуэмурэ сыхэпщIащ. Зыбжанэрэ сыкъафэу сыкъекIуэкIащ. – «Сэтэней» уэрэдращ, зэрысщIэмкIэ, нэхъыбэу цIыхум укъызэрацIыхуар.– ГъэщIэгъуэнщ, ауэ а уэрэдыр сэ си япэ «Амикс»-м хэта нэгъуэщI уэрэджыIакIуитIым ягъэзащIэу щытащ. Иужьым сэри езгъэтхри, клипи тредгъэхащ, пэжыр жысIэнщи, ар хит

хъунуи дыщыгугъатэкъым.

– Еджэнымрэ уэрэд жыIэнымрэ зэран зэхуэхъутэкъэ, Азэмэт?

– ДыкъызыгурыIуи, зэран къытхуэхъуи яхэтащ егъэджакIуэхэм, сыт хуэди

дрихьэлIащ. Уэрэд жытIэу кърихьэлIа егъэджакIуэхэм ягу дрихьамэ, къы-

щыдмылэжь къыхэкIми, «Уэрэд дахэу жыбоIэ, Тхьэм уригъэфIакIуэ» жаIэ-

урэ еджэныгъэр къытщагъэпсын-щIэрт, зэрыхъукIэ къыддэIэ-

пыкъухэрт. Яхэтащ «Уеджэну укъыщIэтIысхьамэ – еджэ,

уэрэд жыпIэнумэ – мыр хэ-щIапIэ пхуэхъунукъым»

жызыIэхэри. – Уэрэд жыIэныр IэщIагъэ пхуэхъуауэ жыпIэ хъуну? – ГъуазджэмкIэ инсти-тутыр къэзухамэ хъунут,

ауэ сызыхуеджар нэ-гъуэщIщ, сыхущIегъуэж-

къым. ГъащIэм зыкъызэ-рызэридзэкIыну псори

пщIэнукъым, IэщIагъэр зэикI лей хъунукъым. Ауэ уэрэд жы-

Iэнымрэ сызэрыпсэуну къыхэс-ха IэщIагъэмрэ зэран зэхуэхъуну си гугъэкъым.

– Япэ дыдэу уэ езым уи сольнэ

99№9 ПСЫНЭ

ЩIэблэ

Page 102: Psyna no.9, 2010

IущIэ ящIри, мо дэ ди кIуэгъуэм ирихьэлIэу адэ-анэхэм къыдамыгъэкIар нэхъыбэщ. Ап-хуэдэу щыт пэтми, билетхэр зы къэмынэу ящэ-хуат. Ауэ, си гуапэ зэрыхъунщи, дэнэ къуажэ дымыкIуами, цIыхур нокIуалIэ.

– Къалэм щыпта концертыр нэхъ тегуш-хуэгъуейуэ къыщIэкIынт? – Пэжщ, тегушхуэгъуейт. Ауэ куэдым зыкъыс-щIагъэкъуащ. «Амикс» гупым и солистщ жа-Iэурэ КъБКъУ-м хузэфIэкI къигъэнакъым. Университетым и профсоюзхэм я зэгухьэны-гъэм и унафэщI Къумыкъу Iэуес сыткIэ зыхуэд-мыгъэзами, «хьэуэ» къыхимыгъэкIыу къыддэ-Iэпыкъуащ. «Амикс»-м къыздыхэтхэри щIэ-гъэкъуэнышхуэ къысхуэхъуахэщ. Сыхуейт си фIыщIэ зэхезгъэхыну «Фруктовый сад» зыгъэпсэхупIэм и унафэщI Мустапай Саиди. Сыт щыгъуи щхьэпэ къытхуэхъу зэпытщ ар. Мы къалэм щыстыну концертым гугъу къызде-хьахэр къызэрысщыгугъым хуэдэу сыкъыщIэ-мыкIыжмэ, жысIэу сыпIейтеящ, ауэ, зэрыжаIэ-мкIэ, ягу дрихьащ.

– Урысейм и сыт хуэдэ къалэхэм фыщыIа? Дэтхэнэр нэхъ уигу къинэжа? – «Амикс» гупым щIыпIэ куэдым зыщагъэ-лъэгъуащ сэ сыщыхэмыхьэми. Гупым сахэту япэ сыздэкIуар Ермэлыхьэблэщ (Армавирщ). Фестиваль дызыхэтамрэ къалэм и махуэмрэ зэтехуати, къыдэплъар куэд мэхъу. Тшар адыгэ

концерт дэнэ щIыпIэ щыптауэ щытар?– Сигу ислъхьат, сыт мыхъуми, сыщалъхуа жылэм, Къуэгъулъкъуей, япэ концертыр щыс-тынщ, жысIэри. КъызэхьэлъэкIащ, жысIэмэ, зыри жызмыIауэ аращ. Къоплъри къодаIуэри уи къуажэгъу защIэу, сыкъыщIэхуэмэ, хъуа-къым, жысIэу хуабжьу сыгузавэрт. Концертыр щыстыну махуэм сысымаджэуи сытехуати, ари къыстехьэлъэрт. Сыт къысщыщIми здэрт, кон-цертыр зыхуей хуэзэу зэфIэкIтэмэ. Пэжыр жысIэнщи, концертым и кIэм щынэсам сыкъэ-мыукIурийуэ сикIыжам арат жысIэу ситащ. Езы концертри кIыхьыфIу зэхэдгъэувати, Iэ-мир нащхьэ хуэсщIыурэ уэрэдитI-щы дезгъэ-гъэхуауэ щытащ. Апхуэдэу абдеж къыщежьэри хуэм-хуэмурэ «гъуэгу» дытеуващ. Куэдым къыдаIуэкIырт Налщыч сольнэу концерт щыт-тыну. АрщхьэкIэ абы сыхуэмыхьэзыру икIи сынэмысауэ къэслъытэурэ зыбжанэрэ къекIуэ-кIащ. ЦIыхухэм сыкъацIыхурэ си клипхэр ягъэкIэрахъуэу хъуа нэужь сщIынщ, жысIэрт.

– Концерт щыптыну уздэкIуа къуажэхэм цIыху къыщримыхьэлIа къэхъуа? – Апхуэдэ гуэри щыIащ. Еуэри, къуажэ зыбжа-нэ хэубыдыкIауэ дыкIуэти, махуэ бжыгъэ фIэ-кIа имыIэу КIэдыкIуейхэ Артуррэ ФатIимэрэ ди япэ иту абыхэм концерт щатат. Арати, зы къуажэ гуэрым апхуэдэу концерт щыIэу щIалэ-гъуалэ гуп щIагъэхьатэкъыми, зыгуэрхэр зэхащIыхьащ. ЕтIуанэ махуэм абы теухуауэ зэ-

100 ПСЫНЭ №9

Page 103: Psyna no.9, 2010

яужь дитщ зы гуп цIыкIу дыхъуу, ар къыдэхъу-лIэну сыхуейт. Сыхуейт «Амикс»-м къыздыхэт дэтхэнэ зы уэрэджыIакIуи я Iуэху дэкIыну, зыщIэхъуэпсхэр къайхъулIэну. Хъусин Анзор гупым нэхъ «ветерану» къытхэтщ, сэ дауэ япэ сищу концерт стын жысIэурэ сегупсысти, «умыгузавэ, ущыхьэзыркIэ иджыпсту щIы уи концертыр, сысейри зыгуэр хъунщ», жиIэри, япэ сригъэщыгъащ. «Амикс»-р зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ зэрылъ унагъуэм дыхуэдэщи, си гуапэщ абы иджыри дытетмэ.

– Нобэ уиIэ ехъулIэныгъэхэр хэт и фIыщIэу жыпIэ хъуну? – Пэжыр жыпIэмэ, куэд дыдэ сэбэп къысхуэ-хъуащ. Ауэ псом хуэмыдэу Къул Iэмир гъуэгу захуэ сытригъэуващ, зэрыхузэфIэкIкIэ къыздэ-Iэпыкъуащ. Къыхэзгъэщмэ сфIэфIт сыщеджа факультетым и унафэщIхэу Батыр Муратрэ Джэнкъулей Iэмырхъанрэ, КъБКъУ-м и лэжьа-кIуэ сыт щыгъуи щIэгъэкъуэн къытхуэхъухэр, апхуэдэ хуитыныгъэ абыхэм къезыт Къэрэ-мырзэ Барэсбий сымэ. Уэрэд згъэзащIэхэм я уэрэдыпкъым елэжь Щоджэн Алим, КъБКъУ-м и егъэджакIуэ Бещтокъуэ Беслъэн, сыщалъхуа Къуэгъулъкъуей къуажэ щыщ Блий Аслъэн сымэ. Ауэ мыужьыхыж фIыщIэгуапэ яхузощI сыт щыгъуи си щIыб къыдэт, зи псалъэрэ ущиерэ зэхэсх си адэ-анэм.

Пэжщ, и насыпщ апхуэдэ бын зиIэ адэ-анэм! ЩIалэ гъэсар, нэфIэгуфIэр утыку къызэрихьэу цIыхуми фIыуэ ялъэгъуащ, и уэрэдхэри дзапэ уэрэдхэм хуэдэу кърахьэкI хъуащ. Нэгъабэ КъБКъУ-р къиухри Азэмэт и IэщIагъэм адэкIи хигъэхъуэну аспирантурэм щIэтIысхьэжащ. Дэри, ди псалъэм и кIэухыу, дохъуэхъу абы уэрэд дахэ куэдкIэ утыкур игъэбжьыфIэну, лъэпкъ щэнхабзэм мыкIуэдыжын лъагъуэ щыпхишыну. Ар иджыпсту лъагъуэу ежьами, Азэмэт, гъуэгу бгъуфIэшхуэу зэрыхэпшын къару уиIэн хуейщ! Тхьэм уригъэфIакIуэ!

уэрэдт, къафэт. Ягу дыдыхьат, уэрамхэм дыкъыщацIыхужу апхуэдэу дыщыхьэщIащ. Илъэс къэси драгъэблагъэ. Щыттащ концерт абхъазхэм я дежи.

– Азэмэт, бгъэзащIэ уэрэдхэм яхэтщ къагъэщIэрэщIэжауэ адыгэ уэрэдыжь куэд, абыхэм нэхъ удихьэхыу, ахэр згъэзэщIащэ-рэт жыпIэу утыку къипхьэрэ? – АбыкIэ Iэмир икъукIэ сэбэпышхуэ къыс-хуохъу. И псалъэкIи, и гупсысэкIи зэщIэкъуа а уэрэдыжьхэр сыт хуэдэ лъэхъэни пэджэжу щыт сфIощI. «Иджырей хъыджэбзхэр» уэрэ-дыжьщ, ауэ зымыщIэ куэдым уэрэдыщIэ я гугъэщ. Си гуапэщ, сыхуейщ адыгэ уэрэдыжь-хэр щIалэгъуалэм зэхахмэ, – аращ ахэр къэд-гъэщIэрэщIэжурэ утыку къыщIитхьэр. Пасэ-рей уэрэдхэм псэм ират гупсэхугъуэм хуэдэ иджыпсту ятх уэрэд куэдым къуаткъым. Пасэрей уэрэдхэр гум иубыдыгъуафIэ щIэхъу-ри, дзапэ уэрэду къыщIрахьэкIри езыхэм ятеухуа хуэдэу, цIыхум иIэ гурыгъу-гурыщIэ-хэр къиIуатэу, къитIэщIу щытщи аращ.

– Уигу къеуэу, уигъэпIейтейуэ сыт щыIэ? – Сыт щыгъуи сигу къеуэу щытщ цIыхум фыгъуэр зэрыхэлъыр. ЦIыхум зыгуэр къехъу-лIамэ, абы Iэмал имыIэу зэран хуэхъун хуейуэ зыгъэувхэр мащIэкъым: ищIэр е хъуакъым, е мыхъумыщIэщ, жаIэу. ФIытэкъэ, ди ехъулIэ-ныгъэхэмкIэ дызэщыгуфIыкIыу, зым и щыуа-гъэхэр зым псалъэ купщIафIэкIэ зэдгъэзэхуэжу дыкъызэдекIуэкIатэмэ…

– Уэ ущIалэ фызкъэмышэщ, сыт хуэдэ щэн хэлъын хуей щхьэгъусэ схуэхъуарэт жы-хуэпIэу узэхъуапсэ пщащэм? – СызэреплъымкIэ, цIыхугъэ хэлъын хуейщ. ИтIанэ жьыми щIэми задригъэкIуфу щытын хуейщ. КIэщIу жыпIэмэ, дэ къэдгупсысу зыри жытIэн хуейкъым, ди япэ ита нэхъыжьхэм адыгэ нысэр зэрыщытыпхъэр, абы и фащэр, и теплъэр къагъэлъэгъуауэ щытщи, аращ зыдэп-лъеин хуейр. Уи унагъуэ къихьэм гуащэри, тхьэмадэри, бынри, цIыхури къыдихьэхыу щытмэ, пщIэуэ зыхуригъэщIым и жьауэ зэрылъэпкъыуи щIоувэ. Мыпхуэдэу утыку ущиткIэ, абы и Iуэхур нэхъ гугъущ, сыту жы-пIэмэ, «мыбы къыхихар хэт», «зи хуэдэр сыт» жаIэ, шэм куэдрэ ухэплъэм лъы уолъагъу жыхуаIэм хуэдэу, кIэрымылъ куэди къыхуа-гъуэтынуи иужь ихьэнщ (мэдыхьэшх).

– Сыт уи хъуапсапIэ, Азэмэт? – Ар жыпIэ хъунукъым! Зы Iуэху дахэ гуэр

101№9 ПСЫНЭ

ЩIэблэ

Page 104: Psyna no.9, 2010

Тау Хьэсэнбий:Нартхэм я лIыгъэмрэ я къарумрэ зэрымыкIуэдыжам и нэщэнэщ нобэрей адыгэ

щIалэхэм спортым къыщагъэлъагъуэ ехъулIэныгъэхэр. Европей, дунейпсо дзюдо

зэпеуэхэм куэдрэ щытекIуа, 2004 екIуэкIа Олимпиадэм жэз медалыр

къыщызыхьа, Урысей сборнэм и тренерым и къуэдзэ нэхъыжь Тау Хьэсэнбий

«Псынэм» и хьэщIэщ.

текIуэр нэхъ зылъэкIыр аращепсэлъар Бэч Iэлбертщ

102 ПСЫНЭ №9

Жаншэрхъ

Page 105: Psyna no.9, 2010

– Хьэсэнбий, уцIыху утыкуракIуэщ, уи цIэ куэдым ящIэ, ауэ щыхъукIи, узыщыщ, укъызыхэкIам я гугъу иджыри зэ къытхуэпщIамэ, ди гуапэт.

– ЛъэпкъкIэ Щхьэлыкъуэ сыщыщщ, ауэ сыкъыщы-хъуари cыщыпсэури Налщыч къалэщ. Ди адэ-анэм зэкъуэшитIрэ зэшыпхъуитIрэ дызэдапIащ. Сэ унагъуэ сиIэщ, бынитI къытщIохъуэ, тIури щIалэщ.

– Тхьэм къыпхуигъэхъу! Сыт я ныбжь уи щIалэ-хэм?

– Нэхъыжьыр илъэситIрэ ныкъуэрэ мэхъу, нэхъы-щIэр – илъэсым щIигъуащ.

– Спортым дауэрэ ухыхьа хъуа?

– АбыкIэ фIыщIэр зейр си къуэш нэхъыжь Сэфар-бийщ. Аращ си япэ тренер Емкъуж Мухьэмэд и деж сызышауэ щытар. Абы лъандэрэ спортым сыхэтщ.

– Хъарзынэщ. Уи ехъулIэныгъэхэм щыщIидзар дзюдом ухыхьа нэужьщ. Дауэрэ удэкIуэтея хъуа?

– ИлъэсипщIым ситт дзюдом сыщыхыхьам, ауэ нэхъ куууэ хэпщIа сыщыхъуар курыт еджапIэр къэзуха нэужькIэщ. Мейкъуапэ еджапIэ дыкIуэри, абы иужькIэ дунейпсо зэхьэзэхуэхэм дыхыхьэ хъуащ. Тренеру абы щызиIар Бэджыдэ Вячеславщ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт дзюдом сызэрыхыхьэрэ япэу тренеру сиIа Емкъужь Мухьэмэд щIэгъэкъуэнышхуэу си щIыб къызэрыдэтар. НэхъапэIуэ узэIэбэкIыжмэ, спортым хэтым мылъкукIэ зыщIагъакъуэу щытакъым. Ауэ, абы щхьэкIэ къэмынэу, Мухьэмэд ахъшэ къигъуэтурэ хуабжьу къыздэIэпыкъуащ. Абы къысхуищIар сщы-зыгъэгъупщэн щыIэкъым, Тхьэр арэзы къыхухъу!

– Дауи, а лъэхъэнэм спортым ухэтыныр тынш дыдэтэкъым.

– Пэжщ, нэхъ гугъут. Иджыпсту спортым и IуэхукIэ ди республикэм нэхъ зиужьащ, щIэгъэкъуэн хъухэри нэхъыбэщ.

– Мейкъуапэ, Налщыч фикIыу фызыхэта зэпеуэ-хэм дэтхэнэр нэхъ уигу къинэжа, Хьэсэнбий?

– Хамэ къэрал зэхьэзэхуэ япэу сыщыкIуам Мейкъуа-пэт дыздикIар. А зэманым щыщIэдзауэ нобэр къыздэ-сым дунейр къызэхыдокIухь. Дэтхэнэ зы зэхьэзэхуэри гукъинэжщ, дэтхэнэри щIэщыгъуэщ.

– Спортышхуэм дауэрэ ухыхьа, Хьэсэнбий? Урысей чемпионатыр япэу къыщыпхьар сыт хуэдэ илъэс?

– Урысейм – ныбжьыщIэхэм я чемпионатыр – 1997, 1998 гъэхэм, балигъхэм я чемпионатыр – 2000, 2001,

2008 гъэхэм къэсхьащ. Европей зэпеуэхэм зэ етIуанэ, зэ ещанэ увыпIэхэр къыщысхьауэ щытащ. Гуп зэпеуэкIэ Европэр щэ къэсхьащ.

– 2004 гъэм, Олимпиадэм жэз медалыр къыщыпхьащ. Абы щыгъуэ Хъупсырокъуэ Назир уи ехъулIэныгъэхэм гу лъитащ. Спортым хэт адыгэ щIалэхэм ядэIэпы-къун, нэхъ зэрызэкъуэтын Iэмал къахуэгъуэтын хуейщ жиIэри а гъэ дыдэм «Гладиатор» клубыр къызэ-ригъэпэщащ. Зэрыхъуа дыдэр къытхуэпIуэтамэ, ди гуапэт.

– Абы щыгъуэ сэ «Наварэ-Нивэм» сыхэтт. «Гладиатор» спорт клубыр Хъупсырокъуэ Назир и гукъэкIкIэ къызэIуа-хри абыи сыхыхьауэ щытащ. Куэду дэIэпыкъуэгъу къыт-хуэхъуащ. ЩIалэ куэд игъэгушхуащ. МылъкукIи псалъэкIи дызыгъэгушхуэн диIэ зэпыту дыкъекIуэкIащ 2008 гъэм нэсыху. Тхьэм игъэпсэу жесIэну сыхуейт Назир, пщIэшхуэ къытхуищIащ, дунейпсо лъагапIэхэм дынигъэсащ.

– Олимпиадэм лъандэрэ зэманыфI дэкIами, дауэрэ ухэхуа хъуа?

– 2000 гъэм щыщIэдзауэ а хьэлъагъ сыщыбэнам япэ сит зэпытт.

– КъыппеуаIа хъунтэкъым!

– Къыппеуэн сыт щыгъуи бгъуэтынущ, ауэ зэрыхъукIэ зыкъэдгъэлъэгъуащ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, псори тэмэму зэхуэхъуащ, сэри медаль къызэрысхьамкIэ арэзы сыхъуащ.

– УкъэкIуэжа нэужь, къекIуэкIа Iуэхухэм, дзюдом зегъэужьыным теухуауэ сытым зихъуэжа? Зы хэлъ-хьэныгъэ гуэр пщIауэ къыпщыхъурэ? ЩIалэгъуалэм нэхъыбэу зрата а бэнэкIэ лIэужьыгъуэм?

– Си гуапэ зэрыхъунщи, куэду зратащ. Псори зи фIыщIэр «Гладиатор»-ыращ. Ар къызыIуахри сабийхэм уэру кIуэн щIадзащ дзюдом. ЗэрыхъукIэ къуажэ къэсыхукIэ Хъупсы-рокъуэ унагъуэр ядэIэпыкъуащ, секциеми сыт и лъэны-къуэкIи зрагъэужьащ. Хъупсырокъуэхэ ди лъэпкъ спортым зрагъуэжьын щхьэкIэ куэд ящIащ, куэди яхузэфIэкIащ. Абыхэм я зыкъомкIэ я фIыщIэщ нобэкIэ уригушхуэ хъуну щIалэхэр дызэриIэмкIэ. Япэм щыгъуэ Къэбэрдейм щыщу зы цIыху, цIыхуитI сборнэм хэхуамэ, «Къэбэрдей, уей-уей!» жаIэу щытащ. Иджыпсту, Тхьэм и фIыщIэкIэ, зы адыгэ унагъуэшхуэ хуэдэу дыщыIэщ. Сызыщытхъужу аракъым, ауэ дэ дынэхъыбэщ, дынэхъ лъэщщ икIи нэхъ дызэрыIыгъщ.

– 2008 гъэм Пекин Олимпиадэм уэ етIуанэ номыруэ зэхуэсым ущыIащ. Япэ номыру щыта Першин, куэдым зэрыжаIэжымкIэ, укъыкIэрыхун дэнэ къэна, япэ уищыфыну, утек1уэфыну апхуэдэу щытурэ, а Iуэхур зыгуэрурэ хъуауэ щытащ. Сыт абы и къекIуэк1ыкIар?

– Сэ сы-спортсмену аращ. Абыхэм сытепсэлъыхьын

103№9 ПСЫНЭ

Жаншэрхъ

Page 106: Psyna no.9, 2010

хуейуэ къэслъытэкъым. Унафэ зыщIыр тренер нэ-хъыщхьэращ. ТIэкIу игу дрихьакъым, мор урыс щIалэт. ЩIалэм зыри и лажьэкъым. Спортсменым и Iуэхур бэнэнращ, адрейр – унафэщIым и Iуэхущ. Олимпиадэм щынэсам деж къарукIэ узэхуэдэми, те-кIуэр нэхъ зылъэкIыр аращ.

– Куэд щIауэ къэмыхъуауэ сборнэм иджыпсту тренерыр хамэ лъэпкъщ, Италием щыщщ, сыщы-мыуэмэ? Абы япэ итахэмрэ езымрэ зэбгъэпщэ-фын?

– Сэ сборнэм куэд щIауэ сыхэтщ, тренер куэд схъуэ-жащ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, а тренерхэр псори зэхэплъхьэмэ, уеблэмэ Урысейм тренеру щыIауэ хъуар зэхэплъхьэмэ, а иджыпсту тет щIалэм и уасэкъым. Iэджэми яфIэфIкъым хамэ лъэпкъыу зэрыщытым щхьэкIэ, ауэ ар зи лэжьыгъэр фIыуэ зыщIэ, фIыуэ зылъагъу цIыхущ.

– И цIэр къытхуиIуэжыт абы.

– Эццо Гамбо, ехъулIэныгъэ куэд иIэщ, Олимпийскэ чемпион тIэу хъуащ. Спортсмен игъасэхэр хуэарэзы-хэщ.

– Хьэсэнбий, бэнэн Iэнат1эм укъыбгъэдэк1ауэ щIалэгъуалэр богъасэ. Лэжьыгъэм дауэ уехъулIэрэ?

– Балигъ сборнэм и тренеру Эццо Гамбо сригъэблэ-гъауэ сыщыIэщ.

– Къэбэрдейм щыщу сборнэм хэту зи цIэ къипIуэн щыIэ?

– Балигъ сборнэм адыгэ щIалэу цIыхуипщIым нэс къокIуэ. Мы гъэм Налщыч щекIуэкIа Урысей чемпио-натым Къамбийм абсолютнэр къыщихьащ, Щад Мурат – япэ увыпIэр, Мудран Беслъэн – етIуанэр, Хъурсинымрэ Къуэдзокъуэ Муратрэ – ещанэр. Абы нэмыщIкIэ, иджыри щIалэ зыщыплI диIэщ гугъэ уагъэщIу. ЩIалэ нэхъ лъэщхэм ящыщщ Джэданэ Алим, иджыблагъэ Дунейпсо Кубокыр къихьащ. Алыхьым и шыкуркIэ, щIэблэ хъарзынэ диIэщ. Дэ тхузэфIэкIыр дгъэсэну аращи, зэрыхъукIэ тщIэр яхэтлъхьэнущ.

– Сборнэм щебгъэкIуэкI лэжьыгъэр сытым нэхъ етауэ щыт? Тренерым урикъуэдзэ нэхъыжьу аракъэ? ЦIыху дапщэ фыхъурэ?

– Аращ. ЦIыхуиплI дохъу: тренер нэхъыщхьэмрэ сборнэм и тренерхэмрэ. Сэ, пэжу жыпIэмэ, къызгуры-Iуакъым сыкъыщIащтар. Къэбэрдей Федерацэм къыс-хуращIыкIри хъыбар къызагъэщIащ: «Хьэсэнбий, сбор укIуэн хуейщ», – жаIэри. – Хьэуэ, – жызоIэ, – сэ

сыбэнэжкъым, Олимпиадэр зэфIэкIащ, си ныбжьыр нэсащ. – Хьэуэ, – жи, – тренеру сборнэм уокIуэ. СыкIуэри, зи цIэ къисIуа тренерыщIэр къызэпсэлъащ, къыздэлажьэмэ, зэ-ригуапэр къызжиIащ. Мазэ сыдэлэжьа нэужь зэрыцIыху пэжыр, лэжьыгъэм гурэ псэкIэ зэрыбгъэдэтыр къызгуры-Iуащ, сигу ирихьащ, сыдихьэхащ.

–Мэзкуу уздэщы1эм фыщыпсэун къывата, унагъуэр пщIыгъу?

– Илъэсым и нэхъыбэм Адлерщ дыздэщыIэр, базэр аращ здэщыIэр. Адлер нэхъ центрыфI щыIэкъым. Хамэ къэрал-хэми докIуэ. Мобы дыщымыIэм, модрейм дыщыIэщ. Унэм зэзэмызэщ къыщытхуихуэр дыкъэкIуэжыну.

– Совет Союзым и лъэхъэнэм Адыгейм дзюдомкIэ школ лъэщ яIащ, иужьым нэхъ дэхуэха хъуами. Сыту пIэрэ ар къызыхэкIар?

– Сэ сыщыщыIам, си тренер Бэджыдэ Вячеслав лъабжьэфI игъэтIылъат. Дзюдом и институт щыIэщ абы. МащIэми куэдми цIыху къокIуалIэ. Абы къокI узыдэлэжьэн, бгъэ-кIуэтэн зэрыщыIэр. Пэжыр жысIэнщи, сыщыгъуазэкъым я Iуэху къэзылъахъэм, куэд щIауэ сахыхьакъым. Ауэ щIалэ-гъуалэ хъарзынэ къыдокIуэтейри, абыхэми дащогугъ, ди лыщыщ-лыджанэщ, къуэшу фIэкIа нэгъуэщIу къэтлъытэх-хэркъым.

– Мы турнирым щыIэ иджыпсту Адыгейм я дзюдо-истхэр?

– НтIэ, щыIэщ.

– Ди щIалэщIэхэм я Iуэху дауэрэ екIуэкIрэ?

– ЗэкIэ сыт бжесIэн? НыбжьыщIэхэр къыдэгъэкIуэтеин хуейщ. Хуэмурэ делэжьынщ абы.

– ДызэрыщыгъуазэмкIэ, Назир бэнэным зыщыхуагъа-сэ унэ къригъэжьауэ Налщыч щеухуэ. Абы дауэ уеплъ-рэ? Зэхьэзэхуэ инхэр Къэбэрдейм щегъэкIуэкIыным сэбэп хуэхъуну къыпфIэщIрэ?

– Апхуэдэ унэу Кавказым итыр къызэрымыкIуэу мащIэщ. Иту щытми, ди республикэр, Налщыч апхуэдизкIэ дахэщи, цIыхухэр мыбы къакIуэмэ, яфIэфIщ. Зэ къэкIуахэм иджыри зэ дыкIуарэт жаIэ, ди цIыхухэм хабзэ яхэлъыр ягъэщIагъуэ. Ди лъахэм узыIэпимышэнкIэ Iэмал иIэкъым. Дэри зэрыхъукIэ дэтхэнэми гулъытэ зэрыхуэтщIынум дыхущIокъу. НэхъыфIу зыкъебгъэлъагъуху уи Iуэху нэхъыфIу екIуэкIынущ.

– Хьэсэнбий, сборнэм, уи лэжьыгъэм уи гури уи псэри етауэ уолажьэ, олимпиадэм фыкIуэнущ. Ди щIалэхэм нобэкIэ Алим пажэщ. Адыгэ щIалэхэм сборнэм пэгъу-нэгъу яхэт? Я цIэхэр къытхуипIуамэ арат.

104 ПСЫНЭ №9

Жаншэрхъ

Page 107: Psyna no.9, 2010

– НтIэ, яхэтщ. НетIэ зи цIэ къисIуа щIалэхэм куэдкIэ дащо-гугъ.

– Хьэсэнбий, зэхьэзэхуэ фыщиIэкIэ щIыпIэ куэдым фыкъыщыщIедз. Абыхэм уащрихьэлIэрэ адыгэ щIалэхэм - Тыркум, Щамым, нэгъуэщI къэралхэм щыщу?

– ЗэкIэ сарихьэлIакъым. Ауэ Тыркум и гугъу пщIымэ, сигу къинэжащ Мейкъуапэ дикIыу зэхьэзэхуэ «Адыгей» и цIэу дыкIуауэ зэрыщытар. Адыгэ Хасэм драгъэблагъэри пщIэ-шхуэ къытхуащIу дагъэлъэпIат. Зэхьэзэхуэр къагъэнауэ, псори джэгум хэтт.

– Ущыгъуазэми сщIэркъым, Хьэсэнбий, 2012 гъэм Адыгэ Олимпиадэ (Черкесиадэ) ирагъэкIуэкIыну апхуэдэ гуращэ щыIэщ. Тхылъи къыдэкIащ, Мэзкууи, Бытырбы-хуи, адыгэхэр щыпсэу хамэ къэрал зыбжанэми презен-тациехэр щекIуэкIащ. Дауэ къыпщыхъурэ мы кърахьэ-жьа Iуэхур

– Хъарзынэу къысщохъу. Адыгэм зезыгъэужь сыт хуэдэ зы Iуэхури фIы дыдэу, игъуэу къызолъытэ. Мес, журтхэми Маккабиадэр яIэщ.

– Ди журналым еджэхэм, ди лъэпкъэгъухэм сыт хуэдэ псалъэкIэ захуэбгъэзэнт?

– Нэхъыжьхэр Тхьэм куэдрэ дяпэ иригъэт, Тхьэм тхуигъэп-сэу, тхуигъэузыншэ! Ахэр къытщхьэщытмэ, абыхэм дагъэ-гушхуэмэ, нэгъуэщI зыри хуейкъым. НэхъыщIэ узыншэ куэд Тхьэм куэд ди лъэпкъым кърит! Щалэгъуалэр куэду спортым хрехьэ, ди республикэм и цIэр, адыгэм ди цIэр нэхъыбэрэ щреIу дунейм. Ди спортсменхэм защIэзыгъэкъуэн лIыщхьэ, хьэрычэтщIакIуэ куэд Тхьэм къыдит! «Псынэм» и псыпэ мыгъущыжу куэдрэ Тхьэм игъажэ!

105№9 ПСЫНЭ

Жаншэрхъ

Page 108: Psyna no.9, 2010

106 ПСЫНЭ №9

Адыгэ Iэнэ

Page 109: Psyna no.9, 2010

Мо блахыр IэшрыI ?!Бжьэдыгъу Iэксанэ

IэшрыIыр япэ дыдэу къыщежьам щыгъуэ адыгэхэр дин имысыу, мэзытхьэхэм, псыхъуэгуащэхэм адрей тхьэбэ динхэм пщIэ хуащIт. А зэманым IэшрыIыр хьэнтхъупс нэхъ лъапIэ дыдэу щыIахэм ящыщщ. Дэтхэнэ гъавэ щыIэми ар халъхьэти, абыкIэ къагъэлъагъуэрт берычэтыр. ИужькIэ нарты-хури джэшри халъхьэу щIадзащ. АдэкIэ муслъымэн диным дихьа нэужь, абы щыщи къыхэтхащ: псалъэм папщIэ - къурмэнылым щыщ халъхьэ, къурмэн нэужьщ щащIыри, Ашурэ жыхуаIэ махуэм ирагъэхьэлIэ.Нартыхури джэшри куэдрэ вэхэм ящыщщи, Iэмал гуэрхэр къэдгъэсэбэпынщ нэхъ псынщIэу дгъэвэн щхьэкIэ.

Япэрауэ, нартыхур фIыуэ псы пщтыркIэ дотхьэщIыр, псы къэкъуэлъа щIыдокIэри нэху къыдогъэкI. Апхуэ-дэу тщIымэ, нартыхур езыр бэгынущ, итIанэ и пэм деж фIыцIэ цIыкIу илъыр фIыуэ къытхуихынущ.Абы иужькIэ псы къэкъуалъэм хыдолъхьэри догъавэ,

хъэзыр хъуху. Джэшыр псы щIыIэкIэ дотхьэщIри, псы щIыIэ щIыдокIэ. Ауэ а псыр япэ къэбгъэкъуалъэу бгъэупщIыIужын хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, джэ-шым псы цIынэ щIэпкIа иужькIэ быдэ мэхъур икIи IэфIкъым. Аращи, джэшыр ттхьэщIа нэужь, псыр щIы-докIэри, щIыIапIэм деж догъэув нэху къедгъэкIыну. Нэху къекIа иужькIэ джэшыр а псым хэлъу мафIэ цIы-кIум тыдогъувэ дгъэвэну. Джэшыр ва нэужкIэ, псыр занщIэу щIэвмыгъэж, езым щIэту тIэкIу щывгъэти нэхъ IэфI хъунущ.Нартыху вам джэшыр ва иужькIэ хыдолъхьэ, шэ хыдо-кIэ, къыдогъэкъуалъэри къурмэныл цIыкIу-цIыкIу зэпыгъэжауэ хыдолъхьэж.

Щхьэхуэу бжьын догъэлыбжьэ, шыбжийплърэ шкIэплърэ и гъусэу.

IэшрыIыр фалъэм идокIэ, кхъуей цIынэрэ бжьын гъэлыбжьарэ хыдолъхэ.

Зы лIы гуэрым апхуэдизкIэ IэшрыI ифIэфIти, ишхым ишхыурэ зэгуэудащ жаIэ. Арати, сыт ящIэн – лIар щIэлъхьэн хуейкъэ? Мо тхьэмыщкIэр кхъэм щыдахым щыгъуэ, нэгъуэщI уэрамымкIэ зыгуэрым IэшрыI игуэшыу блихырт. Абы и мэр мо кхъаблэм телъым къищIихьэри: «Мо блахыр IэшрыI?» – жиIэри къыщылъэтыжат жаIэ.

IэшрыIым хэтлъхьэнур:нартыху зытеуда: 1лджэш: 1/3л,шэ: 3л,лы гъэгъуа къурмэнылым щыщу: 300гр. кхъуей цIынэ: 200гр.

бжьын: 2 шкIэплъ (морена красильная), абы нэмыщI: хугу, прунж, хэгулывэ IэмыщIэ зырызи хэлъхьэн хуейщ.

Нартыхур сэбэпщ зи жьэжьей узхэм, е зи гур узым, нерв уз уиIэм, эпилепсие жыхуаIэр къоузу щытмэ.

ШкIэплъым жьэжьейм, зэзым илъ мывэр егъэткIу икIи къыхеш, жейри нэхъыфI ещI.

Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэ цIыхубзхэр нэкIу хужьу, нэкIу дахэу щытащ. Абыхэм яIэт нартыхум къыхэщIы-кIа псы, я напэм щахуэуэ.

Ар зэращIыр: нартыху хужьым и хьэдзэхэр къащтэри банкIым иралъхьэ, абы спирт щIакIэ. Нартыху хьэдзэр тIукIэ нэхъыбэу щытын хуейщ спиртым нэхърэ. Бан-кIым и щхьэр трапIэри апхуэдэу щагъэт, махуэм тIэу и щхьэр трахыурэ ф1ыуэ зэIащIэу. Нартыхур фIэIуу щIедзэ. ИужькIэ фIэIурымэр хэмытыжу, спиртым и мэр къыпщIихьэу хъуамэ – ар хьэзыру аращ. Мис а псыр щхьэщыбогъэжри , абыкIэ пщыхьэщхьэ къэс уи напэр болъэщIыр.

107№9 ПСЫНЭ

Page 110: Psyna no.9, 2010

Iэ тебдзэнумэ

1 Квитанцэм итхэн хуейхэр итхи, уасэу хуэзэр банкым щет.

2 Уасэр зэрептар къритщIэну квитанцэм и копие къытхуегъэхь:ХэщIапIэр: 360000, КъБР, Налщыч къ., Къулийм и цIэкIэ уэрам, 12, 28-нэ пэшТелефон/факс: +7 (88662) 47-70-04Email: [email protected]

Абы иужькIэ уэ журналыр къыпIэрыхьэнущ къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэм щыщIэдзауэ.ДынолъэIу квитанцэр пхъумэну!Урысейм Iэ щытебдзэным и уасэр:Номерищым — сом 345 Номерихым — сом 690

УпщIэ уиIэмэ, «ПСЫНЭ» журналым и редакцэм зыкъыхуэгъазэ:E-mail: [email protected]

Подписка на журнал

1 Заполните и оплатите квитанцию.

2 Подтвердите оплату подписки, отправив копию квитанции с отметкой банка:Адрес: 360000, КБР, пр. Кулиева, д.12, оф. 28Телефон/факс: +7 (88662) 47-70-04E-mail: [email protected]

В этом случае вы начнете получать журнал со следующего номера.Пожалуйста, сохраняйте квитанцию с отметкой об оплате!Стоимость подписки на территории России:3 номера — 345 рублей6 номеров — 690 рублей

For aboard subscription please address [email protected] Our index is 0027. Psyne (Rodnik) (Adyg language)

ПСЫНЭКВИТАНЦИЯ

АДЫГЭ ГЪАЩIЭМРЭЩIЭНХАБЗЭМРЭХУЭГЪЭПСА ЖУРНАЛ

Получатель платежа ООО «Синержи-Арт»Расчетный счет 4070 2810 7002 9000 0234в Филиале ОАО Банк «Петровский» в г. Нальчик БИК 048327722Корреспондентский счет № 3010 1810 8000 0000 0722ИНН 0701110121 / КПП 072201001ФИО и адрес плательщика

Вид платежа Дата Сумма

ПлательщикКассир

Подписка на журналПСЫНЭ на____номеров

ПСЫНЭКВИТАНЦИЯ

АДЫГЭ ГЪАЩIЭМРЭЩIЭНХАБЗЭМРЭХУЭГЪЭПСА ЖУРНАЛ

Получатель платежа ООО «Синержи-Арт»Расчетный счет 4070 2810 7002 9000 0234в Филиале ОАО Банк «Петровский» в г. Нальчик БИК 048327722Корреспондентский счет № 3010 1810 8000 0000 0722ИНН 0701110121 / КПП 072201001ФИО и адрес плательщика

Вид платежа Дата Сумма

ПлательщикКассир

Подписка на журналПСЫНЭ на____номеров

108 ПСЫНЭ №9

Page 111: Psyna no.9, 2010
Page 112: Psyna no.9, 2010